ЗэрыщIэн, зэрылъытэн папщIэ
2019-12-10
- РАНХиГС-м и институтым, Псыхуабэ дэтым «Диалог культур» фIэщыгъэм щIэт фестиваль гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ.
- Фащэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, Урысейм и хэгъэгухэм я ныпхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр екIуу щызэпэджэжырт абы.
- — Псыхуабэ къалэр Урысейм и щIыпIэ телъыджэхэм ящыщщ, ар хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэфIэкI зиIэ цIыхухэмрэ я хэщIапIэщ. Мы фестивалыр институтым щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэ нэхъ инхэм зэращыщым дрогушхуэ, — жиIащ Академием и унафэщI, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Лъыс Азэмэт.
- Урысей Федерацэм лъэпкъи 180-м щIигъу щопсэу. Дэтхэнэми езым и хабзэ, щэнхабзэ, бзэ, шыфэлIыфэ иIэжщ. Къэралым и беягъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ дызэрызэмыщхьыр. А псори наIуэ щыхъурт фестивалым, абы лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ берычэту гъэнщIауэ къыщагъэува Iэнэ екIухэм.
- «Егъэлеяуэ сфIэфIщ мы фестивалым сыхэтыну. ЕкIуу утыку дыкъихьэн папщIэ, куэд дыдэрэ зыдгъэхьэзыращ. Ди Iэнэм ерыскъыр техуэртэкъым. Дыхуейт мыбы къекIуэлIа дэтхэнэми ар гукъинэж ящыхъуну»,- жеIэ адыгэхэм я гупым хэт, «Экономика» IэщIагъэм хуеджэ АфIэунэ Миланэ.
- — Урыс шхыныгъуэу дымыпщэфIар укIуэдыж! Ерыскъым фэ тету къытхуэмышэсынкIэ дыгузэващ, — жеIэ урысхэм я гупым и лIыкIуэ, экономикэ IэщIагъэм хуеджэ Мединцевэ Елизаветэ.
- Зэхыхьэр «Венок дружбы» зыфIаща концерт телъыджэмкIэ зэхуащIыжащ. Къызэхуэсахэм ирагъэлъэгъуащ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я хьэгъуэлIыгъуэ дауэдапщэхэр. Псом хуэмыдэу лъэпкъ къафэхэр щагъэзащIэм Iэгуауэ ин яIэтащ абы еплъхэм. КВН джэгухэм яхэт «Арт-Хаус» гупым фестивалым щхьэкIэ ягъэхьэзыра гушыIэ теплъэгъуэхэм къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр нэхъри къаIэтащ.
- Инэрокъуэ Данэ.