Лъэпкъхэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ зочэнджэщ
2019-12-03
- Ди газетым зэрытетащи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Налшык къалэ щригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр. Абы щыхэплъащ Урысей Федерацэм и къэрал лъэпкъ политикэм къигъэув къалэнхэмрэ Iуэхухэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.
- ЗэIущIэм хэтащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александр, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек сымэ.
- ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Путин Владимир тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу Урысей къэралыгъуэм дежкIэ Кавказ Ищхъэрэм иIэ мыхьэнэм, урысей хэгъэгухэм я зыужьыныгъэр нэхъри щIэзыгъэбыдэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр езыгъэфIакIуэ Iуэхугъуэхэм, лъэпкъ зэхущытыкIэм гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэм, абы ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIаи зэрегъэкIуэкIыпхъэм.
- Советым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсым къыщагъэнэIуа Iуэхугъуэхэм ящыщт лъэпкъ псори зэгурызыгъаIуэ щэнхабзэ IэнатIэм и Iуэху зыIутыр. Абы теухуауэ къыщыпсалъэм, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Мединский Владимир и гугъу ищIащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым къызэщIиубыдэм, абы ипкъ иткIэ нобэкIэ зэфIагъэкIахэм. Гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIхэм ящыщщ къуажэхэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы цIыхубэр щызэхуос, зэмылъэпкъэгъухэр щызэроцIыху, лъэпкъ щэнхабзэр щахъумэ, жылэдэсхэм сэбэпынагъ пылъу я зэманыр щагъакIуэ. Ар дэни щынэрылъагъущ, унэщIэ зыдащIыхьа къуажэхэм е зи бжэхэр щIэрыщIэу къызэIуахыжа уардэунэхэм цIыхубэр жыджэру щызэхуос, щхьэж дэзыхьэхым елъытауэ заужьыну Iэмал ягъуэт.
- Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъуным щытепсэлъыхьым, Мединский Владимир къыхигъэщащ программэ щхьэхуэхэмкIэ музейхэр, библиотекэхэр иджырей зэманым декIуу къызэрагъэщIэращIэр, абы Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ зэрыхиубыдэр.
- — Нобэ зы Iуэхугъуэм гу лъозгъэтэну сыхуейт, Владимир Владимирович, ар мы дыздэщыIэ Налшык къалэм зи ухуэныгъэр куэд щIауэ къыщрагъэжьа щэнхабзэ уардэунэрщ. Иджыпсту а проектыр тIэкIу зыдогъэзэхуэж, абы хэтыну дыхуейщ иджырей мардэм изагъэ концерт гъэлъэгъуапIэ, сурэт гъэлъэгъуэныгъэ щебгъэкIуэкI хъун пэш, кинотеатр, шхапIэ, нэгъуэщIхэри. Зи гугъу сщIы ухуэныгъэр инщ, дахэщ, къалэкум итщ. ЛъэIукIэ зыпхузогъазэ, ди жэрдэмхэр къыддэпIыгъыу, а уардэунэр и кIэм нэдгъэсынымкIэ дэIэпыкъуэгъу укъытхуэхъуну, — жиIащ щэнхабзэмкIэ министрым.
- Сабий театрхэм я гугъу щищIым Мединскэр къытеувыIащ зытепсэлъыхь лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ сабий театр 40 къызэрызэIуахым, Ставрополь къалэм сабий театрым лэжьэн зэрыщыщIидзам, Урысейм щыяпэу гъуазджэмкIэ, макъамэмкIэ сабий школхэм макъамэ Iэмэпсымэхэр къызэрыхуащэхум, абы лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэри хэтщ. Министрым къыхигъэщащ иужьрей илъэсхэм сабий куэд зэпеуэхэм, фестивалхэм хэтыну хамэ къэралхэм зэрагъакIуэр, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Сыбырым, Кавказ Ищхъэрэм щыщ ныбжьыщIэ куэд абыхэм зэрыхагъэхьэр.
- — Документальнэ кинопроектхэмкIэ сэбэп дызэрыхъуным иужь дитщ, — жиIащ Мединскэм. — Ахэр нэхъыбэу зытеухуар лъэпкъ щэхабзэмрэ хабзэмрэщ. Иужьрей илъэс зыбжанэр къапщтэмэ, апхуэдэ документальнэ фильм 65-рэ къыдэдгъэкIащ, ахэр щIыналъэ телевиденэмкIи федеральнэ телеканалхэмкIи къагъэлъэгъуащ.
- Мединскэм IуэхугъуэщIэу къыхигъэщахэм ящыщщ творческэ гупхэм (самодеятельностхэм) иджы япэу гулъытэ зэрыхуащIынур, лэжьыгъэм къахудэхуэ зэманыр фIыуэ ялъагъу IэщIагъэм тезыгъэкIуадэ цIыхухэм, гупхэм мы гъэм грантхэр иратынущ, апхуэдэу 20 къыхахынурэ мелуан тIурытI иратынущ, къэралым зыкъыщагъэлъэгъуэныр къыхузэрагъэпэщынущ.
- — Иджыпсту дэни интернет щыIэщи, щIыпIэкIэ зэпэжыжьэ куэд зэпещIэф. Лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ виртуальнэ концерт зал 400 къызэIутхащ, иджыри апхуэдиз къызэдгъэпэщынущ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр абы цIыхухэр къекIуэлIэнырщ, концертхэр, кинофильмхэр, лекцэхэр щегъэкIуэкIынырщ. Апхуэдэ концерт тыпIэхэр цIыхухэм я зэпсэлъапIэ, щэнхабзэм и хъумапIэ лъэщ хъун хуейщ, — дыщIигъуащ министрым.
- 2022 гъэр Лъэпкъ творчествэм и илъэсу зэрагъэувыным теухуауэ Мединскэм жиIащ абы цIыху мелуанхэр зэрыщыгуфIыкIынур, Урысейм и хэгъэгу куэдым, абыхэм щыIэ къуажэ цIыкIу нэгъунэ, цIыху зэчиифIэхэр зэрыдэсыр, абыхэм защIэгъэкъуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Дэ тлъэгъуащ Щэнхабзэм и илъэсым (2014), Литературэм, Кином, Театрым я илъэсхэм IуэхугъуэфI куэдрэ зыужьыныгъэ инрэ къазэрыпэкIуар, апхуэдабзэу си фIэщ мэхъу Лъэпкъ творчествэм и илъэсми лъэпкъ щэнхабзэм куууэ зэрызыдиужьынур», — игъэбелджылащ Мединский Владимир.
- Къэрал лъэпкъ политикэр Урысейм гъэзэщIа зэрыщыхъум и зы Iыхьэщ «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэр, абы хохьэ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектри. Абы и зэхэлъыкIэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэ.
- — Лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ нэмыщI, урысыбзэмрэ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэмрэ зегъэужьынымкIэ ведомственнэ программэ диIэщ, ар 2025 гъэ пщIондэ телэжьэнущ лъэпкъ политикэм, — жиIащ Васильевэм. — Гугъуехьхэм я гугъу пщIымэ, лъэпкъыбзэхэр езыгъэджын хуабжьу дыхуэныкъуэщ. Министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэмкIэ къыдгурыIуащ анэдэлъхубзэхэмкIэ егъэджакIуэ-хэр дызэримащIэр. Абы ди ягъэ хэмылъу схужыIэнукъым, ауэ лъэпкъыбзэхэмкIэ егъэджакIуэхэр гъэхьэзырыным щIыналъэхэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм куэд елъытащ. Урысей Федерацэм и хэгъэгу 15-м лъэпкъыбзэ 29-мкIэ егъэджакIуэхэр ягъэхьэзыр. Ар мащIэщ.
- — Уэ уи унафэкIэ, Владимир Владимирович, Министерствэмрэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэнымрэ джынымкIэ фонд, — къыпищащ министрым. — Абы и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр учебникхэр зэхэгъэувэнырщ, зэрырагъаджэ-методикэ комплектхэр гъэхьэзырынырщ, щэнхабзэ проектхэр гъэзэщIэнырщ. Гу лъывэзгъэтэну сыхуейщ: къэралым зэрыщрагъаджэ тхылъхэр 222-рэ мэхъури, абыхэм щыщу 10-р лъэпкъыбзэщ. Мы гъэм дэ къызэдгъэпэщащ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьынымкIэ институт. Сыт абы и къалэну щытынур? Дэ дыхуейщ абы УФ-м ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэм я щытыкIэр къихутэну, зэрырагъаджэ программэхэр къипщытэну.
- Си къэпсэлъэныгъэм и кIэухыу фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым и къалэн нэхъыщхьэу, мыхьэнэшхуэ зиIэу тIу: школым щедгъэкIуэкI егъэджэныгъэмкIэ дуней псом щынэхъыфIу пщIым дыхыхьэнырщ; етIуанэрауэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, жэуаплыныгъэ зыхэлъ щIэблэ къэдгъэхъунырщ — а псор щытхузэфIэкIынур ди жылагъуэ лъэпкъыбэр дызэкъуэтмэщ, дызэдэлажьэмэщ.
- Лъэпкъхэм я унэу Москва дэтым и Жылагъуэ советым и унафэщI Зорин Владимир жиIащ къэрал лъэпкъ политикэм лъэпкъ-щэнхабзэ, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытыр, ахэр къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьэгъуу, къэралым зэхущытыкIэфI илъынымкIэ ахэр граждан жылагъуэ институт лъэщу зэрыщытыр. Дызэрыт зэманым Урысей Федерацэм лъэпкъ-щэнхабзэ автономиеу 1210-рэ щолажьэ, абыхэм ящыщу 20-м федеральнэ статус яIэщ, 288-р щIыналъэхэм яйщ, 92-р щIыпIэ зэгухьэныгъэщ, статистикэм къыщымыгъэлъэгъуа нэгъуэщIхэри щыIэщ.
- — Сэ мащIэу сыкъытеувыIэну сыхуейт 2020 гъэм екIуэкIыну къыхэтхыкIыныгъэм. Сыту жыпIэмэ, аращ ди къэралым ис лъэпкъхэмрэ абыхэм я бзэхэмрэ я хъыбар къыдэзытынур, — жиIащ Зориным. — Дэтхэнэри хуитщ Конституцэм и 26-нэ статьям къызэригъэувым тету зыщыщ лъэпкъыр къигъэлъэгъуэну. Адрей къэралхэм апхуэдэ Iэмал яIэкъым. Ди къэралым ис цIыхухэм я процент 15-р лъэпкъитIым щыщ адэ-анэхэм къалъхуащ, абы къыхэкIыу цIыху зыкъомым лъэпкъ зэмыщхьхэр къагъэлъэгъуэнущ, бзэ зыбжанэ я анэдэлъхубзэу ятхынущ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, унагъуэ куэдым я анэдэлъхубзэ етIуанэу къалъытэ урысыбзэр. Апхуэдэ щапхъи щыIэщ. Уеблэмэ, ар цIыху мелуан бжыгъэ мэхъу. ИкIи 2002, 2010 гъэхэм екIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэхэм деплъыжмэ, языныкъуэ щIыналъэхэм ис лъэпкъхэм я бжыгъэр мыпэжу къыщагъэлъэгъуа щыIэщ.
- Иджырей къыхэтхыкIыныгъэр Урысейм щыяпэу интернетым и IэмалхэмкIэ екIуэкIыну аращ, ар Iэмал гъуэзэджэщ, ауэ быдэу зыкIэлъыплъыпхъэщ. Жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зыпылъыр электроннэ къыхэтхыкIыныгъэм елэжьынухэри цIыхубэри хуэгъэхьэзырынырщ.
- Зорин Владимир къыхигъэщащ къэрал лъэпкъ политикэ гъэпсыкIэр лъэпкъ зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэнымкIэ сэбэп зэрыхъур, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щымыIэнымкIи къалэн зэригъэзащIэр. Урысейм исхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм я рейтингым 17-нэ увыпIэ щиубыду аращ нобэкIэ терроризмэм. АбыкIэ арэзы хъууэ тIысыж зэрымыхъунур, лъэпкъ шынагъуэншагъэр сытым дежи я нэIэ зэрыщIэтыпхъэр дыщIигъуащ къэпсэлъам.
- Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Баринов Игорь жи- Iащ ди къэралым и лъэпкъ политикэм гупсэхуу, псори зэпэлъытауэ бгъэдыхьэн зэрыхуейр, лъэпкъ зэхущытыкIэхэм куууэ хащIыкIыу зэрыщытыпхъэр, иужьрей илъэсхэм абы и лъэныкъуэкIэ IуэхуфI куэд къэралым зэрыщызэфIагъэкIыр.
- — Зы бзэ закъуэ нэхъ мыхъуми кIуэдыжыныр зэи из пхуэмыщIыжын хэщIыныгъэу зэрыщытыр дощIэ дэ, абы къыхэкIыу дызыхущIегъуэжын зы лъэбакъуи тчы хъунукъым, — жиIащ Бариновым. — ООН-м къыхилъхьэу 2019 гъэр Лъэпкъыбзэхэм я дунейпсо илъэсу зэрыщытар хуаб- жьу сэбэп хъуащ. Дэ тлъэгъуащ, зэи къэмыхъуауэ, лъэпкъыбзэхэр джыным гулъытэшхуэ хуащI зэры-хъуар. Мис ар щыдгъэт хъунукъым, адэкIи къыпытщэн хуейщ. Ди къэралми хамэ къэралхэми лъэпкъыбзэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэу 750-рэ ще-кIуэкIащ мы гъэм, абы Урысейм и цIыхуу мелуан ныкъуэ хэтащ, хамэ къэрал 70-м щыщ цIыху щхьэхуэхэри, зэгухьэныгъэхэри къыхыхьащ. Нэхъ ин дыдэу екIуэкIауэ къэплъытэ хъунущ «Этнографие диктант иныр», абы хэта упщIэхэм я нэхъыбэр зытеухуар Урысейм ис лъэпкъ мащIэхэм я бзэрат. Диктантым, ди къэралым ис цIыхухэм нэмыщIу, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъахэгъу куэди къыхыхьащ.
- Бзэм ехьэлIами, лъэпкъ политикэм епхами блэкIа илъэсым Iуэхугъуэ куэд убзыхуа зэрыхъуар, цIыхухэм я гупсысэхэр къызэрырахьэлIар жиIащ Бариновым. Абы ипкъ иткIэ, къалъытэ лъэпкъыбзэхэр хъумэнымкIэ стратегие дэфтэр нэхъыщхьэ зэхэгъэувэн хуейуэ. Абы хохьэ сабий гъэсапIэхэм, пэщIэдзэ еджапIэхэм анэдэлъхубзэхэр щегъэджын, анэдэлъхубзэхэмкIэ егъэджакIуэхэр гъэхьэзырын зэрыхуейр.
- — Къыхэгъэщын хуейуэ къызолъытэ, 2020 гъэм щегъэжьауэ иджыпсту дызэрылажьэ къэрал программэм хухэха мылъкум зэрыхэхъуэнур, ар сом мелуан 900-кIэ нэхъыбэ хъунущ, — къыпищащ Бариновым. — Абы къыхэкIыу, дяпэкIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри тхузэфIэхынущ, абыхэм ящыщщ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэри дэIыгъыныр. Сыбырым, Урысейм и Ищхъэрэ щIыналъэм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэу лъэпкъ мащIэхэм хухах субсидиеми хэхъуащ. Ахъшэр дапщэ мыхъуми, федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм къыхэкIыр зэхэтлъхьэми, щыхуримыкъу щыIэщ проект инхэм. ФIыщIэ яхуэ-щIыпхъэщ зи мылъку лъэпкъ Iуэхум хэзылъхьэ хьэрычэтыщIэхэм. Щапхъэу къэсхьынщ «Лукойл»-р ди дэIэпыкъуэгъуу едгъэкIуэкI «Таланты Арктики. Дети» лъэпкъ проектыр, нэгъуэщIхэри. Щхьэхуэу я гугъу щIыпхъэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ федеральнэ лъэпкъ-щэнхабзэ автономиехэмрэ. Ахэращ сыт хуэдэ Iуэхури къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъур. Къэрал лъэпкъ политикэр гъэкIуэтэнымкIэ къалэн нэхъыбэ зыгъэзащIэр, дауи, федеральнэ, щIыналъэ, щIыпIэ унафэщIхэрщ.
- Къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм ящыщу жэуаплыныгъэшхуэ тхэлъу дызыбгъэдыхьэн хуейр 2020 гъэм екIуэкIыну КъыхэтхыкIыныгъэращ. 2010 гъэм цIыху куэдым къагъэлъэгъуауэ щытакъым зыщыщ лъэпкъыр. Иджы, Iэмал зэриIэкIэ, абы цIыху псори къетшэлIэн, дэфтэрхэм щыуагъэншэу итыпхъэр иратхэн хуейщ. Абы кърикIуэнур хуабжьу сэбэп къытхуэхъунущ къытпэщылъ Iуэхухэр игъуэм зыхуей хуэзэу зэфIэтхынымкIэ.
- «Кавказым ис лъэпкъхэм я урысей конгресс» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и Совет нэхъыщхьэм и унафэщI Паскачев Аслъэмбэч УФ-м и Президентым фIыщIэ хуищIащ Советыр иджы япэу Кавказым зэрыщригъэкIуэ-кIым папщIэ. «Кавказыр игъащIэми Урысейм и тIасхъапIэр къэзыгъэлъагъуэ икIи лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и щапхъэ хъу щIыпIэщ. Къэралым и унафэщIыр къызэрыкIуар щыхьэт тохъуэ абы Урысейм щиубыд увыпIэм, — жиIащ Паскачевым. — Сэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ къэрал лъэпкъ политикэм и стратегиер ди-Iэ зэрыхъурэ лъэпкъ зэхущытыкIэр Урысейм зэрыщефIэкIуар дэнэ щIыпIи зэрыщытлъагъур. Ауэ сыкъытеувыIэнут Кавказ Ищхъэрэм щыщыIэ гугъу- ехьхэм. Ар щIалэгъуалэ мелуан ныкъуэ хуэдиз лэжьапIэншэу зэрыдэтырщ. Абы кърикIуэм фэри фыщыгъуазэщ, ахъшэншэу, Iуэхуншэу дэт щIалэгъуалэр Iуэху мыхъумыщIэхэм дахьэх, гуп дзыхьщIыгъуэджэхэм зыхашэ. Ахэр къэмыхъун папщIэ, КИФЩI-м лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къыщызэIухын хуейщ, корпорацэ инхэр къыхэшауэ федеральнэ мыхьэнэ зиIэ IэнатIэхэр ухуэн е къэгъэщIэрэщIэжын хуейщ. Псалъэм къыдэкIуэу жы-пIэмэ, Шэшэн Республикэм щIыдагъэ къыщыщIаш и комплексыр, япэм хуэмыдэми, зэфIэгъэувэжамэ, къиин куэд зэфIигъэкIынут. Апхуэдэ гулъытэ яхуэщIын хуейщ Сыбырми КъуэкIыпIэ Жыжьэми.
- ЩIалэгъуалэр зы утыку щызэIущIэрэ щызэпсалъэу, щызэчэнджэщу къызэгъэпэщыпхъэщ, абыкIэ щIыпIэ телъыджэщ Кавказыр. КъищынэмыщIауэ, Владимир Владимирович, уэ иджы- благъэ жыпIауэ щытащ 2030 гъэм ирихьэлIэу IэщIагъэлI мелуани 3-м нэблагъэ щытхуримыкъу зэман къэхъуну шынагъуэ зэрыщыIэр. Абы иджы щыщIэдзауэ иужь димыхьэмэ, тхузэфIэмыкIыжынкIэ хъунущ. Правительствэр абы зэрелэжьынур къызгуроIуэ, ауэ дэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэри, дыхэлIыфIыхьыныр игъуэу къысщохъу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, иджыпсту Кавказ Ищхъэ-рэм апхуэдэ унэтIыныгъэмкIэ лэжьэн щыщIэддзэмэ, зи гугъу пщIа бжыгъэм и Iыхьэ щанэр игъэхьэзырыфынущ. Абы хохьэ, си япэкIэ къэпсэлъахэм зи гугъу ящIа урысыбзэмрэ литературэмрэ, лъэпкъыбзэхэмрэ литературэхэмкIэ егъэджакIуэхэр гъэхьэзырыныр, нэгъуэщI куэди».
- Урысей Федерацэм ис лъэпкъ мащIэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ зыбжанэ зэIущIэм къыщиIэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президентСэхъурокъуэ Хьэутий. Абы жиIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Урысейм и нэгъуэщI хэгъэгухэми лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр, иджыри зэфIэгъэкIыпхъэу щыIэр зэрымымащIэр.
- — Сэ япэу зи гугъу сщIынур зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ пособиехэмрэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, анэдэлъхубзэхэр зэрырагъэдж тхылъу 92-рэ, пособие 50 къыщагъэсэбэп. Ауэ абыхэм ящыщ зыи къэралым щагъэбелджылахэм хэткъым. Ар абы хэдгъэхуэн папщIэ Москва идогъэхь, ар зыхуей хуэзэу къапщытэн папщIэ щIыналъэхэм щыIэ IэщIагъэлI- хэм я деж кърагъэхьыж, зэрыгурыIуэгъуэщи, дэ ди бюджетымкIэ а тхылъхэр къытхудэгъэкIыркъым, — жиIащ Сэхъурокъуэм.
- А Iуэхур нэхъ тыншу зэрызэфIахын Iэмал гуэр къагупсысыну зыхуигъэзащ Сэхъурокъуэм УФ-м щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымкIэ и министрым икIи жиIащ дэ зэредгъэджэну тхылъхэр зэхэзыгъэувэфын е къэзыпщытэн IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэ центрхэр, университет, гуманитар институт дызэриIэр, абыхэм уи дзыхь ебгъэз зэрыхъунур. Адыгэ литературэм и классик, иджыблагъэ «Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къызыхуагъэфэща МэшбащIэ Исхьэкъ, балъкъэр цIыхубэ усакIуэ Зумакуловэ Танзиля сымэ хуэдэхэр комиссэм и тхьэмадэу лэжьэфынущ.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ лъэпкъ мащIэхэм я бзэр зэраджын тхылъхэм ехьэлIауэ Президент фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэри, ауэ ахэри хабзэм игъэзэгъэн зэрыхуейр, абы хухахын ахъшэ щIыналъэ бюджетхэм зэрамыIэр дыщIигъуащ.
- — А псом къадэкIуэу, анэдэлъхубзэхэр езыгъэджын IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынми гулъытэ хэха хуэщIыпхъэу къызолъытэ, Ольгэ Юрьевнэ къызэрыхигъэщащи, — къыпищащ адэкIэ Хьэутий. — Урысыбзэр яджын папщIэ дэIэпыкъуныгъэрэ шэсыпIэрэ хуэныкъуэмэ, Владимир Владимирович, дэ ди анэдэлъхубзэхэм нэхъыбэжу гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр дэIэпыкъуныгъэщ, ар къызэрызэрагъэпэщын унафэщ.
- Сэхъурокъуэм жиIащ лъэпкъ литературэм дэIэпыкъуным, зыхуей бюджет ахъшэр хухэхыным, форумхэр, съездхэр мыхъуу, лъэпкъхэм я тхакIуэхэм защIэгъэкъуэным гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр, арыншамэ, пщэдей анэдэлъхубзэмкIэ литературэм идгъэувэн тхыгъэ дызэримыIэжынур.
- — Владимир Владимирович, дэ диIэ дунейпсо зэгурыIэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъэгъухэр щыхэхэс къэралхэм далъэIэсын, я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ яхъумэжын папщIэ дадэIэпыкъун хуейщ. Абы къыдэкIуэу, ди зэманым хэхэс адыгэхэм урысыбзэри зрагъэщIэну жэрдэм яIэ хъуащ. Иджыри къэс адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ щIэлъэIуамэ, иджы адыгэбзэри урысыбзэри езыгъэджыфын IэщIагъэлIщ къызыщIэупщIэр, ар Израилым (Кфар-Камэ), Тыркум, Иорданием ис-хэрщ. Ар къэрал политикэ-ми елъытащ, Урысейр Сирием зэрыкъуэувам, нэгъуэщI къэралхэм зэрахущытым теухуауэ къилэжьа пщIэщ, — зыхуигъэзащ Сэхъурокъуэм къэрал унафэщIым.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий УФ-м и Президент Путин Владимир фIыщIэ хуищIащ ди жылэм дзыхь зрагъэз щIалэщIэр ди республикэм и Iэтащхьэу къызэригъэкIуэжам папщIэ, КIуэкIуэ Казбек щхьэкIэ депутат 72-м зэдэарэзыуэ Iэ зэраIэтар, езыр зыдэлэжьа, пщIэшхуэ зиIэу псэуа, лэжьа, ди республикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэрэ Путин Владимиррэ къэрал IуэхукIэ къызэрызэдэгъуэгурыкIуар жиIащ икIи абы и фэеплъым ноби пщIэ къызэрыхуищIым щхьэкIэ фIыщIэ хуищIащ.
- Сэхъурокъуэм къыхигъэща гугъуехьхэм я Iуэху зыIутыр къызэхуэсахэм я пащ-хьэ кърилъхьэну Путин Владимир псалъэ иритащ Васильевэ Ольгэ:
- — Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ узытепсэлъы-хьар, Хьэутий Хьэзрит и къуэ. Абы дэнэ хэгъэгу щыпсэу лъэпкъ мащIэри егъэпIейтей, — жиIащ Васильевэм. — Ныбжьэгъухэ, къэралым игъэбелджыла зэрырагъаджэ тхылъхэр федеральнэ бюджетым тхухих сом мелуани 10-мкIэ къэтщэхуурэ щIыналъэхэм пщIэншэу зэбгредгъэххэращ, фызэрыщыгъуазэщи. Къэрал тхылъ тедзапIэ дызэримыIэм къыхэкIыу, езы тхылъ тедзапIэхэм жылагъуэ, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ экспертизэхэр къызэрагъэпэщри, къыдэгъэкIыным пыщIа Iуэху псори зэфIэкIа нэужь, традза тхылъыр зэрырагъаджэм я бжыгъэм хыдогъэхьэ. Мы Iуэхум куэдрэ дытепсэлъыхьащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ абыхэм я фIагъымрэ къэралым дежкIэ мыхьэнэш-хуэ иIэщ. Ди министерствэм унафэ ищIри, тхылъхэм я фIагъыр къыщапщытэ къэрал центр ЕгъэджэныгъэмкIэ академием къыщызэIутхащ. Иджы тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIа тхылъхэр эксперт центрым къагъэхьа нэужь, а центрым Къэбэрдей-Балъкъэрым, Санкт-Петербург, псалъэм папщIэ, я щIэныгъэлIхэм зыхуагъазэ, щIэныгъэ, щIэныгъэ-методическэ экспертизэ ирагъэкIуэкIын щхьэкIэ. Мис ар къэрал заказ мэхъу. Абы къыхэкIыу, Хьэутий Хьэзрит и къуэ, дяпэкIэ фи щIэныгъэлIхэри Iуэхум къыхэтшэнущ, ахэр арэзы зытехъуахэр зэрырагъаджэ тхылъхэм хэдгъэхьэнурэ къэралым и ахъшэкIэ къыдэдгъэкIынущ.
- Ар дяпэкIэ апхуэдэу дгъэпсыну ди мурадщ, Владимир Владимирович.
- УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI, Тэтэрхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ федеральнэ автономием и советым и IэтащхьэГильмутдинов Ильдар къызэхуэсахэм я пащхьэ кърихьащ икIи къыдаIыгъыну лъэIуащ Урысейм ис лъэпкъ мащIэхэм Iэлыфбейр, пэжырытхэр, нагъыщэ гъэувыкIэхэр къахузэгъэпэщынымкIэ законым и проек-тыр. «НобэкIэ къапщтэмэ, лъэпкъ 30-м Iэлыфбей яIэкъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхыбзэншэщ. Мы законыр Правительствэр къыддэIэпыкъурэ къыдэкIамэ, хуабжьу Iэмэпсымэ лъэщ хъунут лъэпкъ тхыбзэ дунейм къытехьэнымкIэ», — жиIащ Гильмутдиновым.
- Сенаторым зи гугъу ищIахэм ящыщщ ОТР телеканалым иджыблагъэ хэгъэгухэм ярита эфир зэманыр. Иджы пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ щIыпIэ программэр къыдагъэувэну хуитщ хэгъэгухэр, ауэ ОТР-м лъэпкъыбзэхэмкIэ нэтын ягъэхьэзырыну зэрыхуимытым къыхэкIыу, урысыбзэкIэщ зэрылэжьэнур. Абы къыхэкIыу Гильмутдиновым къэрал Iэтащхьэм и деж нихьэсащ апхуэдэ лицензэ ОТР-м къыхузэгъэпэщыным щIыналъэхэр зэрыщIэлъэIур.
- УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов Ильяс жиIащ:
- — Кавказыр Iэпкълъэпкъыр зэпызыщIэ псантхуэхэм изогъэщхь сэ, мыбы псори зэщIыгъуу гуфIэгъуэхэр щаIэт, гугъуехьхэм щапэщIэтщ. ЩэнхабзэмкIэ министрым Налшык щаухуэ Щэнхабзэ уардэунэр и кIэм нэгъэсынымкIэ сэбэп хъун хуейуэ зэрыжиIар си гуапэ хъуащ. Дэ дыхуэныкъуэщ щIалэгъуалэр щызэхуэтшэсын апхуэдэ IуэхущIапIэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу, Япэ каналымкIэ екIуэкI «Голос» шоум хуэдэ Кавказ Ищхъэрэм къыщызэдгъэпэщ щхьэ мыхъурэ, урысыбзэкIи лъэпкъыбзэхэмкIи уэрэд щыжаIэу?! Е Къэзан щекIэкIа WorldSkills чемпионатым хуэдэ, ArtSkills фIэтщу, лъэпкъхэм я IэпщIэлъап-щIэхэм я зэфIэкI щагъэлъагъуэ зэпеуэ къызэдгъэпэщ-мэ, ехъулIэныгъэ иIэнукъэ?!
- ЕтIуанэу къыхэзгъэщыну сыхуейт лъэпкъыбзэкIэ тхэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ гулъытэ хэха яхуэтщIын зэрыхуейр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэдзэкIакIуэхэр диIэжкъым, абы къыхэкIыу ди тхакIуэ ныбжьыщIэхэр яцIыхуркъым, гулъытэкIэ, саугъэткIэ дгъафIэркъым.
- «Урысейм ис полякхэм я конгресс» федеральнэ лъэпкъ щэнхабзэ автономием и унафэщIРомановэ Галинэ лъэIукIэ захуигъэзащ Путин Владимиррэ Васильевэ Ольгэрэ. Урысей Федерацэм къэралыгъуэ щызимыIэу ис лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр яджыжынымкIэ Iэмалхэр къызэрагъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну. Лъэпкъ-щэнхабзэ автономиехэм ирагъэкIуэкI а лэжьыгъэр, ауэ абыкIэ сэбэп хъун къудамэ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм хэмытмэ, Iуэхухэм пэлъэщынукъым. КъищынэмыщIауэ, Романовэм къелъытэ, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэхэмкIэ программэм и лей егъэджэныгъэ сыхьэтхэр къыщызэрагъэпэщын хуейуэ, абыкIэ министерствэм школхэр хуит имыщIауэ сабийхэр щрагъэджэнукъым.
- Путин Владимир зэIущIэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи къапсэлъам Iуэху пыухыкIа кърикIуэн зэрыхуейр жиIащ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.