Мамырыгъэм зи гъащIэр щIэзытахэр ящыгъупщэркъым
2019-11-12
- Налшык къалэ Хабзэхъумэхэм я щIыхь аллеем деж щекIуэкIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ пэкIу.
- Республикэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзыта лIыхъужьхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу къызэхуэсат Налшык къалэмкIэ УМВД-м и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ, ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэр.
- — Дэ ди къалэнщ республикэм и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ зи псэр щIэзытахэр тщымыгъупщэну, абыхэм я унагъуэхэм ди нэIэ ятедгъэтыну, — жиIащ Налшык къалэмкIэ УМВД-м и унафэщI полицэм и полковник Геграев Марат.
- Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
- КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.