ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ цей

2019-09-28

  • УэркIэ щIалэфIым и щхьэр лъагэщ,
  • Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужь,
  • И шы къарапцIэр иутIыпщмэ,
  • Шыгъажэм япэу ар къосыж.

  • Адыгэ пшынэм зиукъуэдиймэ,
  • Щауэм щыщ уохъури, укъоудж.
  • Жьым кърихьэкIым хуэдэу мафIэр,
  • Iэпкълъэпкъ узыншэр емылыджщ.
  •  
  • Уи бзыпхъэр пщащэм IэкIуэлъакIуэу
  • Нэхущ дыгъэпсым къыхихащ,
  • Биишэр къыплъэмыIэсыну,
  • Хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ.
  •  
  • Дахагъэу щыIэр бдалъагъуну,
  • Къуршым дэкI лъагъуэхэр
  • уи дыпIэщ.
  • Адыгэ шум уемыпцIыжыну,
  • Пэжыр уи гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ.
  •  
  • ЛIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыбгъакIуэу,
  • Уэ фIымрэ Iеймрэ бгъэунэхуащ.
  • Гынымэр жьым къыбдрихьэкIыу,
  • Лъы защIи куэдрэ ухъуащ.
  •  
  • Шэм къимыгъазэу уэ
  • ппхылъэтырт,
  • Гъуанэдэу Iэщи къыптехуащ.
  • Зигу фIыцIэм уэркIэ зыщIихъумэу,
  • Тхыдэ гъунэгъум къыщыхъуащ.
  •  
  • Уэ си лъэпкъышхуэм ухуэфIыбзэщ,
  • Шыщхьэмыгъазэр уогъэпэж.
  • Бащлъыкъыр дамэм хуэдэу пIэту,
  • Бийм и гурыгъыр ибогъэж.
  •  
  • Ауэ щIалэфIым и щхьэр лъагэ,
  • Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужькIэ?
  • И шы къарапцIэм зиукъуэдийуэ,
  • Шыгъажэм япэу къыщысыжкIэ?
  •  
  • Уэ лIыгъэм щауэр хубогъасэ,
  • Бгъэм хуэдэу уардэу шыбгым фисщ.
  • Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами,
  • Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ.
  • МэшбащIэ Исхьэкъ.