Куэтэншы ТIалэ и цIэр зэрехьэ
2019-09-26
- КъБР-м щыIэ ЮстицэмкIэ управленэм, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я Налшык къалэ Советым къыхалъхьащ Хэку зауэшхуэм хэта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и юрист, КъБАССР-м юстицэмкIэ и министру, КъБАССР-м и Суд Нэхъыщхьэм и тхьэмадэу щыта Куэтэншы ТIалэ Мем и къуэм и цIэр Налшык и уэрамхэм ящыщ зым фIащыну.
- Налшык къалэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советыр Iуэхум хэплъэри, унафэ къищтащ «Нарт» хьэблэм и епщыкIузанэ уэрамым Куэтэншы ТIалэ Мем и къуэм и цIэр фIэщынымкIэ.
- Къалэм и уэрамхэм ящыщ зым и цIэр зэрахъуэжар къалъытэу, IуэхущIапIэ зыбжанэм хэщIапIэ зэхъуэкIыныгъэхэр я лэжьыгъэм халъхьэжыным гулъытэ хуащIыну къыхураджащ. Унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Теймураз и пщэ иралъхьащ.