Зыри зыщхьэщамытыкI щIыхуэ
2019-08-01
- Швейцарием и банкхэм ахъшэ ират унэ къищэхун щхьэкIэ ипотекэ щIыхуэ къеIызыхым. Апхуэдэ лэжьэкIэм хуокIуэ нэгъуэщI европей банкхэри.
- ЩIыхуэм мащIэ дыдэ (зы процент иримыкъу) фIэкIа щыщхьэщатыкIыркъым къэрал нэхъ зызыужьахэм: Бельгие, Канадэ, Франджы, Германие, Италие, США, Японие, Нидерландхэр, Швецие, Швейцарие, Инджылыз.
- Ауэ ипотекэ щIыхуэ къэзыщтэм ахъшэ иратыныр иджыщ къыщежьар. Ар щаубла Швейцарием и банк зыбжанэм я лэжьэкIэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абы щхьэкIэ я хэхъуэр нэхъ мащIэ хъуркъым, уеблэмэ йофIакIуэ. Хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ ахъшэ лейр хъумэным, абы зыгуэр къегъэлэжьыным гугъуехь куэд зэрыпыщIар. Езы ахъшэм «зешхыж», ар къыпхуэмыгъэсэбэпмэ. Псалъэм папщIэ, ахъшэ лейр Центробанкым зэрыщахъумэм мащIэкъым текIуадэр. А ахъшэ лейр Iуэху гуэрхэм халъхьэу зыщыгугъа фейдэ къыщыхамыхыжыфи куэдрэ къохъу. Къапщтэмэ, унэ яухуэным нэхъ зэрызратам къыпэкIуаращи, унэщIэхэр щытщ, зыщэхун ямыгъуэту. Апхуэдэ унэ, фэтэр къэзыщэхуну хуейуэ ипотекэ щIыхуэ банкхэм къеIызыххэм абы процент щхьэщамытыкIым и мызакъуэу, банкым ахъшэ ярет. Швейцарием и банкхэм я зэгухьэныгъэм и экономист нэхъыщхьэ Хесс Мартин жеIэ: «Ахъшэ пхъумэныр нэхъ лъапIэщ, унэ пщIыуэ процентыншэу щIыхуэ пты нэхърэ?»