ДзыхьмыщI Анзор: Къуажэдэсхэм ди зэгурыIуэныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм я фIыгъэщ ди ехъулIэныгъэхэр
2019-07-04
- Тхыдэ къулей зиIэ, зэманым декIуу псэу, дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэ куэд къызыдэкIа жылэжьщ сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэр. Генерал-майор Анзор Хьэту и жылэр илъэси 170-рэ хъуауэ Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм къыщысщ. ЖыпIэнурамэ, зыужьыныгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ икIи сытым дежи нэхъыфIым хущIэкъуу къогъуэгурыкIуэ. «Урыхупс ефахэр тхьэIухуду гуащэщ, Урыхупс ефахэр нарту лIы щэджащэщ», — щитхыгъащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и усэхэм ящыщ зым. Хэт ищIэн, урыхупсым и Iубыгъуэр, абы и акъужьрагъэнщ къуажэдэсхэм я зэфIэкIым, я гуащIэм лъабжьэ хуэхъури. Нэхъыщхьэращи, я нэхъыжьыфIхэм я щапхъэр я гъуазэу жылэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къуажэм къыщрахьэжьэ Iуэхур псори зылI и быну зэкъуэувэрэ зэфIахыу мэпсэу. Пэжщ, апхуэдэ зэхэтыкIэр куэдкIэ елъытащ къуажэ тхьэмадэм. Абы и лъэныкъуэкIи ди насып къикIащ, а къалэныр зыгъэзащIэ ДзыхьмыщI Анзор и жылэм и нобэмрэ и пщэдеймрэ езэш имыIэу хуэлажьэ, абы и къэкIуэнум дахагъэрэ фIыкIэ хуэхъуапсэ, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, къызэгъэпэщакIуэ жыджэру щыт унафэщIу къытхущIэкIащ. Къулыкъум зэрыпэрыт илъэситIрэ ныкъуэм къриубыдэу икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ, зыхущIэкъухэр нэхъыбэжщ. И IуэхущIафэхэр хуэбгъэщIагъуэу псалъэмакъыр къыщIэбдзэмэ, Анзор занщIэу узэпеудри, жеIэ: «Си закъуэ къарукIэ сэ зыри схуэщIэнутэкъым, сытым дежи къуажэдэсхэр къыс- къуэуващ, адэкIи зыхуэдгъэувыж къалэнхэр зэгъусэу зэфIэтхынущ. Ахэр си щIыб къызэрыдэтыр зэрызыхызагъащIэрщ къару къызэзытри Iуэхушхуэхэм сытезыгъэгушхуэри».
-
— Анзор, IэнатIэм ущыпэрыувэм нэхъыщхьэу сыт хуэдэ къалэнхэр зыхуэбгъэувыжат?
- — Къуажэдэсхэр зэдэарэзыуэ а къулыкъур къыщысхуагъэфащэм, абы сызэрыпэрытыну пIалъэм, дауэ сщIыми, къызагъэза дзыхьыр гъэпэжыныр, псом япэрауэ, си щхьэм хуэзгъэувыжа къалэн пэрытщ. АдэкIэ къуажэм дэлъ лэжьыгъэм зыщызгъэгъуазэщ, Iуэху щыIэхэр нэхъапэ игъэщыпхъэкIэ дубзыхури, и ужь дихьащ.
- — Сэ зэрысщIэмкIэ, илъэситIрэ ныкъуэм къриубыдэу Iуэхум хъарзынэу фехъулIащ…
- — Япэ идгъэщащ къуажэм и къабзэлъабзагъэр. 2016 гъэм и жэпуэгъуэ мазэрат къулыкъум сыщыпэрыхьари, а илъэсым и кIэ хъуху хабзэм къемызэгъыу щыIэ пхъэнкIий идзыпIэхэр дгъэсеижащ, зэрыжаIэу, къуажэ гупи щIыби, абы и уэрамхэми удзыжьхэр, жыгыжьхэр идгъэкъэбзыкIащ, адэ-мыдэкIэ щымылъыпхъэхэр лъэныкъуэ едгъэзащ. ИлъэсыщIэр, 2017 гъэр къихьэри, къуажэм хьэщIэ къыхуеблагъэмэ, япэу здекIуалIэ администрацэм и унэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щедгъажьэри, и щIыбкIи, и кIуэцIкIи, щIэтыну хьэпшыпхэмкIи мазихым къриубыдэу зыхуей хуэдгъэзащ. А илъэсым республикэ инвестицэ программэмкIэ сом мелуан 12,2-рэ къытхуаутIыпщати, къуажэм и уэрам нэхъыщхьэм и гъуэгумрэ и лъэс лъагъуэмрэ телъ асфальтыр (метр зэбгъузэнатIэу 3700-рэ) тхъуэжащ.
- Къуажэм дэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр зэхуэсшэсри, щхьэж и гукъеуэр къезгъэIуэтащ, иужькIэ сэри абыхэм сыкIуэри я щытыкIэр зэзгъэлъэгъуащ.
- Фельдшер-акушер IуэхущIапIэмкIэ къыщIэддзащ. «Къуажэхэм я социальнэ зыужьыныгъэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, ар зэраухуэрэ куэд щIатэкъыми, абы тыншу дыфIэкIащ: мащIэу къэдгъэщIэрэщIэжащ, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр къахуэтщэхуащ, интернеткIэ къызэдгъэпэщащ.
- ЩэнхабзэмкIэ унэр илъэс зыбжанэ хъуауэ лажьэртэкъым, мыхьэнэншэ дыдэ хъуауэ, ущIыхьэнкIэ шынагъуэу апхуэдэт. Ди къуажэ къарукIэ дыпэлъэщынутэкъыми, районым и унафэщIхэри ди чэнджэщэгъуу, 2013 — 2020 гъэхэм «Щэнхабзэмрэ туризмэмрэ зегъэужьын» къэрал программэм зыхэдгъэхуэну мурад тщIащ. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къикIа къэпщытакIуэ гупым: «Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэм етхьэлIэнухэр къызыщIэкIыну ахъшэр къыдэфтмэ, мыдрейр къуажэм ди пщэ дыдолъхьэж», — щажесIэм, апхуэдэ иджыри къэс зыщIыпIи зэрыщызэхамыхар ягъэщIагъуэу, къытпэщIэкIуэтащ. Апхуэдэу а программэмкIэ сом мелуани 7-м нэблагъэ къытIэрыхьащ. Мыб-деж, пэжыр жысIэнщи, къалэнышхуэ жылэм и пщэм дэслъхьат, ауэ сыкъагъэщIэхъуакъым. Iуэхур нэхъ тынш къытщызыщIахэм ящыщщ лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIыну подрядичыкыр си цIыхугъэу къызэрыщIэкIар. «Ахъшэ къытIэрыхьар мащIэщ, зэгъэпэщыжыныгъэм ефхьэлIэнур къыщIэкIыну аращ. Япэрауэ, мылъкур нэгъуэщIыпIэкIэ мыкIуэу псори Iуэхум текIуэдэну сыхуейт, етIуанэрауэ, уэ уи цIыху къыумышэу, ди къуажэдэсхэм сытри яхуэщIэнущи, абыхэм сом къыщегъэлэжь», — жысIэу сыщыбгъэдыхьэм, си лъэIур зэхахащ. Мазищым къриубыдэу IуэхущIапIэр дагъуэншэу хьэзыр ящIащ. Адрей текIуэда ахъшэр дэнэ къыздикIар жыпIэмэ, къуажэдэсхэми си ныбжьэгъухэми зэрахузэфIэкIкIэ зыкъысщIагъэкъуащ. Республикэм и район къэс зы IуэхущIапIэ а программэм хэхуащ. Ди щIыналъэм ар зылъысар ди къуажэращ. Иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зи пашэ къэпщытакIуэ гупым абыхэм я щытыкIэхэр зрагъэлъэгъуати, ди ЩэнхабзэмкIэ унэр нэхъыфI дыдэ хъуахэм хабжащ. Iуэхур зи пщэ дэлъа подрядчикхэм гугъу зыкъыддрагъэхьащ. Ауэ абы я лэжьыгъэр абдеж щызэфIэкIакъым. «Хабзэшхуэ зыдэлъ, зэгурыIуэу псэу жылэм иджыри зыгуэркIэ сэбэп дыфхуэхъуну дыхуейт», — жаIэри, къуажэм нэхъ бынунагъуэшхуэу дэс Къэжэр Алътир къригъэжьа унэр, блынджабэр дращIеяуэ арат, и кIэм хунагъэсащ, зыхуеину хьэпшыпхэри хущIагъэувэжащ. Къуажэм къытхуащIа Iуэхутхьэбзэм иужькIэ, а унагъуэми апхуэдэ тыгъэкIэ хуэупсэфащ а щIалэхэр. Фи газетыр къэзгъэсэбэпу «Стройуниверсал» ООО-м и унафэщI Хьэтыкъуэ Рустам, абы и дэIэпыкъуэгъухэу Бисер Робертрэ Хьэтыкъуэ Русланрэ фIыщIэ яхуэсщIынут. Псапэ ящIэфрэ, абы къыпэкIуэ фIыгъуэм щыгуфIыкIыу Тхьэм куэдрэ игъэпсэу!
- Унагъуэм къыдэкIуэу цIыкIухэм я къэухьым зиужьын щыщIидзэр сабий гъэсапIэрщ. IуэхущIапIэм и унащ- хьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр зэтхъуэкIащ, пщIантIэм асфальт тетлъхьащ, бордюрэхэр щIэуэ дгъэуващ, унэщIыбыр щхъуэкIэплъыкIэу, сурэтхэр тету зетхьащ. Сыт гукъеуэр жыпIэмэ, гъэсапIэм къекIуэлIэн ныбжьым ит псори къытхуэщтэркъым. Сабий 50-м нэблагъэ зыщIэхуэн унэм къыгуэтщIыхьыжын хуейщ. Ар ди закъуэкIэ тхузэфIэкIынукъым, къэралыр дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуну дыщогугъ. Апхуэдэу сабий джэгупIэхэр иджырей жыпхъэм иту къэдгъэщIэрэщIэжыну, сэрейр тхъуэжыну мурад диIэщ. Ар къуажэдэсхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ къыздаIыгъыу, мы гъэм и кIэ хъуху зэфIэдгъэкIыну согугъэ.
- Техник ныбжьыщIэхэм я станцыр (СЮТ) ди къуажэм дэтми, район IуэхущIапIэщ, абы гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхэтщ, цIыхуи 100-м щIигъу къокIуалIэ. Сабийхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ и джэгупIэ губгъуэр къэдгъэщIэрэщIэжащ, зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIкIэ зыщIэсын гуэщ пщIан- тIэм яхудэтщIыхьащ, асфальт зыхуей щIыпIэхэм тетлъхьащ, адэкIи зэрызыкъытхуагъазэ елъытакIэ тхузэфIэкIыр яхудощIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, «2018 — 2024 гъэхэм къалэм тыншыпIэр къыщызэгъэпэщын» къэрал программэм дыхэхуэри, мелуан ныкъуэм щIигъу къытIэрыхьащ. А ахъ-шэр IуэхущIапIэм тедгъэкIуадэмэ, ар сыт и лъэныкъуэкIи и пIэ изэгъауэ щытынущ.
- НэгъуэщI республикэхэм, къуажэхэм щыщхэр мыбыкIэ щыблэжкIэ, къыдыхьэу мэжджытым къыщекIуалIэ куэд-рэ къохъу. «Муслъымэн жэмыхьэтщ, абы я мэжджыт зехьэкIэр сытым ещхь» къытхужаIэнщ жытIэу и щытыкIэм дытеукIытыхьырти, дызэримыгугъауэ Iуэхур фIы дыдэ хъуащ. Ди къуажэм щыщ, хьэрычэтыщIэ Таз Руслан и жэрдэмкIэ, и мылъкукIэ ар зэфIыхьащ. Къуажэдэсхэми, зэрахузэфIэкIкIэ, я гуащIи я къаруи къыхалъхьащ. Псалъэм папщIэ, Зрум Хьид асфальт машинитI къытхуригъэшащ, ар телъхьэныр Нот зэкъуэшхэм къызэрагъэпэщащ, мэжджытым щIэтыну унэлъащIэр Таз МэчрэIил щIигъэуващ. ЛэжьапщIэу зы сом дгъэкIуэдакъым, Iуэхур зэфIэзыгъэкIа щIалэхэм: «Мыр ахъшэ щхьэкIэ тщIакъым», — жаIэри дызэхагъэзэгъакъым.
- ДЮСШ-м и хэщIапIэр къуажэм дэт ухуэныгъэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ. Район унафэщIхэм сом ми-ни 100 къыдатащ, спорт школым зи сабий екIуалIэ адэ-анэхэми ахъшэ зэхуахьэсащ, дэри мылъку гуэр яхэтлъхьэ-ри, унэм и кIуэцIри и щIыбри зыхуей хуэдгъэзащ. ЩIыбым дэту боксёр ринг яIэну я хъуэпсапIэти, мазэм къриубыдэу ари хьэзыр тщIащ. Ар махуэшхуэ етщIэкIыу къызэIутхащ, республикэм и цIыху цIэрыIуэ куэди къытхуеблэгъауэ. ЗэIущIэм хэтат абы щыгъуэм КъБР-м спортымкIэ и министр Хъущт Аслъэнбэч. Ар къыщыпсалъэм къыхигъэщат республикэм нэгъуэщI и зы щIыналъи мыпхуэдэ боксёр ринг зэIуха зэрыщымыIэр. ИужькIэ мазэ нэхъ дэмыкIыу КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм тыгъэ къытхуищIащ утыкум ирагъэувэ ринг (дыдейр IэрыщIт), сабий 15-м папщIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ спорт фащэ.
- Турнир щебгъэкIуэкI хъууэ футбол щыджэгу губгъуэ диIакъым. IуэхущIапIэм ибгъумкIэ къыщыт, нэхъапэм школу щыта унэр кхъахэ дыдэ хъуати, ар идгъэкъэбзыкIри, абы и пIэм сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзауэ футбол губгъуэр къыщызэдгъэпэщащ. Ар къыщызэIутхым илъэс 50-м щIигъукIэ курыт школым щылэжьа, физкультурэмкIэ егъэджакIуэ Нало Леонид и щIыхькIэ турнир зэхэтшащ, а джэгупIэм абы и цIэри фIэтщащ. Абдеж иджыри щедгъэкIуэкIыну лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, къуажэхэм зэпIэзэры-ту зегъэужьынымкIэ федеральнэ программэмкIэ нэхъ цIыкIуу футбол джэгупIэ къыщызэIутхыну ди му-радщ. АбыкIэ ди тхылъхэр зэфIыхьащ, текIуэдэну мелуанитIым щIигъур етIанэгъэ къытIэрыхьэнущ. Иджыпсту спорт школым дигу хуэзэгъащ. Абы ныбжьыщIи 112-рэ йокIуалIэ, алыдж-урым, бгырпх бэнэкIэхэм, Iэпщэрызауэм, боксым, футбол, волейбол джэгуным зыщыхуагъасэ.
- Къуажэм дэт IуэхущIапIэ нэхъ иныр курыт школыращ. Абы сабий 387-рэ йокIуалIэ, цIыху 57-рэ щолажьэ. Ди закъуэ къарукIэ мыбы щызэфIэхын хуей лэжьыгъэм зэуэ и ужь дихьэкIэ дыпэлъэщынутэкъыми, тIэкIу-тIэкIуурэ Iуэхум хэдгъэщIыу къыщIэддзащ. Япэ илъэсым пщIантIэмкIэ щедгъажьэри, жыгыжьхэр щIэкIэ зэтхъуэкIащ, удз гъэгъахэр щыхэтсащ, школ щIыхьэпIэ-IуплъапIэр къэдгъэщIэрэщIэжащ, япэ къатым и бжэ-щхьэгъубжэхэр зэтхъуэкIащ. ЕтIуанэ илъэсым къыщызэдэжэ лъагъуэу метр зэбгъузэнатIэу 630-м асфальт тетлъхьащ. Сабийхэр щыджэгун щIыпIэ дгъэхьэзырри, абы «Доступная среда» къэрал программэм зи узыншагъэм къимыхьхэм папщIэ иIэ Iыхьэ хэхамкIэ сом мелуанрэ мин 38-м щIигъу и уасэ спорт Iэмэпсымэхэр щыдгъэуващ. 2017 гъэм «Школ автобус» федеральнэ программэмкIэ сабийхэр къызэретшэкIын, сом мелуанитIрэ мин 260-рэ и уасэ Ford Tranzit автобусыр къытIэрыхьащ. А илъэс дыдэм «Къуажэхэм щыIэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и дерсхэр щегъэкIуэкIынымкIэ щытыкIэхэр къахузэгъэпэщын» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ сом 1265400-рэ къытхуаутIыпщри, еджапIэм и спорт пэшыр зэдгъэпэщыжащ. Иджы школ щIыбыр зехьэныр, къатитIым и бжэ-щхьэгъубжэхэр зэхъуэкIыныр къытпэщылъщ.
- Къапщтэмэ, зыхуэдгъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу нэхъыбэр зэфIэтхащ, адрей къэнар мы гъэм и кIэм тхунэмыгъэсми, етIанэгъэ псори зэфIэкIауэ щытынущ.
- — ЩIыпIэ бюджетым и мылъку хэхъуапIэр сыт?
- — ЩIым телэжьыхьхэм, ар зезыхьэхэм ят бэджэндыпщIэрщ. Нэхъапэм абы къыпэкIуэ ахъшэр псори къуажэм къыхуэнэжу щытащ. 2017 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ щIы Iуэхухэр зегъэкIуэныр район администрацэхэм я пщэ далъхьэжащ: бэджэндыралажьэхэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэ, аукционхэр ирагъэкIуэкI. БэджэндыпщIэу ят ахъшэм и процент бжыгъэ гуэр къуажэ администрацэм къытхуеутIыпщыжри, мылъку дбгъэдэлъыр къызыхэкIыр аращ.
- — Анзор, дэтхэнэ зы къуажэми и къулеягъэ нэхъыщхьэр щIыращ. Шэч хэмылъуи, жылэдэсхэм я нэхъыбэм я лэжьыгъэр зэпхар аращ. ЩIыр зэрагуэшым теухуауэ псалъэмакъ куэд республикэм зэрыщекIуэкIым дыщыгъуазэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ фи Iуэхур дауэ хъурэ?
- — Къуажэм къегъэбыдылIауэ щIы гектар 2402-рэ диIэщ. Абы щыщу гектар 1000-м — нартыху, гектар 300-м — сое, гектар 40-м хадэхэкI трасэ, гектар 600-р — жыг гъэкIыным хухэхащ. Псом хуэмыдэу зиужьащ иужьрей Iуэхум, районым ит къуажибгъум абыкIэ Хьэтуейр ипэ итщ жысIэми, сыщыуэну къыщIэкIынкъым.
- ЩIыр къуажэдэсхэм зэхуагуэшыжауэ яIыгъщ, абыкIэ зэгурыIуэныгъэ администрацэм дащIауэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псоми къалъысакъым. Нэхъапэм иджы хуэдэу щIым щIэуп-щIэ иIакъым, зыхузэфIэкIхэм, нэхъ хэлъэт зиIэхэм нэхъыбэу зыIэрагъэхьэ хъуащ. Абыхэм ар зыхуей хуагъазэу зэрахьэмэ, и чэзум администрацэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIэжмэ, къэрал хабзэм тетщи, къыпхутехынукъым. Нобэ къуажэм щIы ямыIэу цIыху 200-м нэблагъэ дэсщ. ЩIы зезыхьэну хуейуэ зыкъытхуэзыгъэзахэми хэкIыпIэ гуэрхэр къахуэдгъуэтащ. Псалъэм папщIэ, гектар куэд зыIыгъхэм делъэIури, субарендэу абыхэм иредгъэтащ. КъищынэмыщIауэ, пабжьэу зэщIэкIэжауэ къуажэм къедзылIа щIыпIэхэр дгъэкъабзэри, ахэри яхуэдгуэшащ.
- — Апхуэдэу щыщыткIэ къуажэдэсхэр лэжьыгъэкIэ хъарзынэу къызэгъэпэщауэ жыпIэ хъунущ.
- — Ар дызыгъэгузавэ Iуэхуу щыткъым. Жыг хадэхэр къызэрыунэхурэ, ар зейхэм цIыху куэд лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщ. Пэжщ, лъэхъэнэ лэжьыгъэщ, ауэ гъатхэ пасэм щыщIэдзауэ бжьыхьэ кIасэ хъуху абы щащIэн щагъуэт. Уеблэмэ къуажэдэсхэм я къару закъуэкIэ хунэмысу, республикэм и нэгъуэщI районхэм лэжьакIуэхэр кърашурэ зэщIагъэхьэфу аращ. IуэхущIапIэ зэхуэмыдэу къуажэм 10 дэтщи, абыхэм цIыху 200-м нэблагъэ щолажьэ. КъищынэмыщIауэ, уней тыкуэн, Iэщ, джэд фермэхэр, хадэхэкIхэр пасэу къыщагъэкI хуабэщхэр ди цIыхухэм яIэщ. Зэман гъунэгъум ухуэныгъэ зыбжанэ ди жылэм дащIыхьынущ. Апхуэдэхэщ пхъэщхьэмыщхьэхэр щагъэувыну щIыIалъэ-хъумапIэр, консерв заводыр, мывэкIэщхъым щелэжьэну IуэхущIапIэр. Ахэр къыдэхъулIэмэ, цIыхуи 100-м нэс IэнатIэкIэ къызэгъэпэща хъунущ. Аращи, лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ жылэм гужьеигъуэ дэлъкъым. Нэхъыщхьэращи, щIалэгъуалэр къалэм кIуэну щIэхъуэпсыркъым. Зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъыкIуэм дефIакIуэурэ докIуэри, иджыпсту къуажэм дэлъ зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ адэкIи диIэмэ, «сыт мы дунейм ди жылэр зыхуэныкъуэр?» жытIэу дыхъуну догугъэ (къыпогуфIыкI).
- — «Псыр — псэ хэлъхьэжщ» жаIэ. Ар хуиту цIыхухэм зэраIэрымыхьэм теухуа тхьэусыхафэхэр жылагъуэ куэдым яIэщ. Хьэтуейм, илъэс ещанэм нэблэгъауэ псымкIэ зэраIуэтэжам сэ щыхьэт сытехъуэфынущ. Дауэ фехъулIа а Iуэхум?
- — ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ газкIэ, токкIэ, псыкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыныр, пхъэнкIий дэшыныр. Абыхэм ящыщу къуажэ администрацэм жэуап зэрихьыр псыращ. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сыхуейщ адрей Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр и чэзум тынымкIэ районым ди жылэр нэхъыфIхэм зэрыхабжэр. ПсымкIэ къэдгъэзэжынщи, и фIагъкIэ, и къабзагъкIэ къапщытати, мардэ къагъэлъэгъуахэм сыт и лъэныкъуэкIи хуокIуэ. Псы къыщIэшыпIэу тIу диIэщ, ар къыдэзыхуей насосри бжьамийхэри щIэуэ зэтхъуэкIащ. Къуажэр псыкIэ къызэгъэпэщын Iуэ-хур «Идеал» ООО-м зэгурыIуэныгъэ етщIылIэри, абы и пщэ дэтлъхьащи, хъарзэнэу полъэщ. Жылэр псыкIэ зэщIэгъэхьэныр гугъуехьу дэри диIащ. Къуажэдэсхэр зэхуэтшэсри, щытыкIэр яжетIащ, ар нэхъыфI зэрыхъуным и хэкIыпIэр зэгъусэу къэдгъуэтащ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, псыр жэщ-махуэ имыIэу цIыхухэм яIэрыхьэн хуейщ. Ауэ ар хуиту диIэныр дэ езым дэлъытыжащ. Абы папщIэ ди къалэнщ псыр къыщIэхуным текIуадэ электрокъарум и уасэр еттыныр. Апхуэдэу пэрыхьэту къидгъэжмэ, мазэм цIыху къэс сом 250-рэ хуозэ. Пэжыр жысIэнщи, си дежкIэ нэхъ фейдэщ ар, абы щыгъуэм бжьамийхэр нэхъ мылажьэу къызэтенэнущ. Апхуэдэ уасэм пэлъэщынутэкъым. Зы цIыхум хуэзэу соми 100 нэхъыбэ тхуэтынукъым щыжаIэм, есэпыр тетщIыхьри, пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щегъэжьауэ пщыхьэщ-хьэм сыхьэти 9 хъухукIэ къидгъэжыну дызэгурыIуащ. НэщI мазэм, гуфIэгъуэм, нэщхъеягъуэм жэщми махуэ-ми зэпыдгъэуркъым. Гъэмахуэ мазищым щытыкIэр нэхъ хьэлъэщ, псыр хадэхэм щIагъэлъэдэн зэрыщIадзэм къыхэкIыу. Абдежым жылэр псыкIэ зэщIэгъэхьа хъуртэкъыми, зы махуэм къуажэпщэм, адрейм къуажэкIэм яхуэдутIыпщу тщIащ. ЗэкIэ псалъэмакъыншэу йокIуэкI Iуэхур. Апхуэдэу дызэгурыIуами, зы ныкъусаныгъэ хэлъщ абыи: псы уасэр тэмэму къыхэкIыркъым. Мазэм къуажэм псыуэ къидгъэжым сом мин 200-м нэблагъэ ехьри, абы и ныкъуэрщ къахухэхыр. ЩIыхуэ зэтредмыгъэхьэн щхьэкIэ адрейр дэ еттын хуей мэхъу. Иджыри къэс сыт хуэдэ Iуэху диIами, ар тэмэму тхузэфIэгъэкIауэ къызолъытэ, ауэ псым пэкIуэ уасэр къыхэхыныр тхузэтеублэркъым. Сэ ди цIыхухэм къагурызгъэIуэну сызыхуейр зыщ: абыхэм ятыр псым и уасэракъым, атIэ ар къыщIэзыху электрокъарум и пщIэрщ. Пэжщ, иджыпстукIэ ди Iуэхухэр Iейкъым, ауэ нэхъыфIыж тхуэщIынут. КъищынэмыщIауэ, ди республикэм къуажэ куэд иIэу къыщIэкIынукъым уэрам къэс псыIэрышэ ежэхыу. ЩIымахуэр зэрикIыу, псышхуэм къыхыдошри, ар зрижэну кIэнауэхэр хьэзырыххэщи, уэрамхэм, дыдоутIыпщхьэ. Ахэр бжьыхьэм и кIэ хъуху йожэх.
- — Анзор, Iуэху къепхьэжьэр къыбдамыIыгъмэ, ипэкIэ кIуэтэнукъым. Уи щIыбагъ къыдэт гупыр зыхуэдэм, ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и депутатхэмрэ уэрэ фызэрызэдэлажьэм и гугъу уэзгъэщIынут.
- — Сыт хуэдиз мылъку збгъэдэлъами, дэ нобэ дыздынэсамрэ тхузэфIэкIамрэ си закъуэкIэ схузэгъэхъулIэнутэкъым. НэхъапэкIи псалъэмакъым къыхэзгъэщащ икIи сытым щыгъуи жызоIэ къуажэр си щIыбагъым къыдэтщ, ди зэгурыIуэныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм я фIыгъэщ нобэ диIэ ехъулIэныгъэхэр. Iуэху къетхьэжьэхэр район унафэщIхэми къыддаIыгъщ. ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ депутатхэр 13 мэхъу, псори жылэм щекIуэкI Iуэхум жыджэру хэтщ. КъищынэмыщIауэ, нэхъыжьхэм, щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэхэр диIэщ. Дызэмычэнджэщауэ зы Iуэху къетхьэжьэркъым. Хабзэу зыхуэзгъэувыжауэ, щIымахуэм и кIэм къуажэ зэхыхьэ къызэдогъэпэщри, а илъэсым сщIэну субзыхуар я пащхьэ изолъхьэ. Жылэм ягу иримыхь къесхьэжьэнукъым. Мы гъэр псапэ IуэхукIэ къедгъэжьащ. КъуажэкIэм щыIэ кхъэм ныбжьышхуэ иIэщ, абы и щытыкIэм сигу хуэныкъуэт. Гъатхэр къызэрихьэу абы и кIуэцIыр дгъэкъэбзащ, жылэм ахъшэ зэхалъхьэри, къызэрыхухьа сэрейр зэтхъуэкIащ. Си щхьэр лъагэу сигъэлъагъужащ а Iуэхум папщIэ тхьэмахуитIым и кIуэцIым цIыхухэм сом мин 800 зэрызэхуахьэсам. Псапэу Тхьэм къаритыж!
- Апхуэдэу къуажэм щекIуэкI гъащIэм къыхэтшэну дыхуейт жылэм къыдэкIауэ къалэм щыпсэухэри. Иджыблагъэ ахэр хэту Налшык зэхыхьэшхуэ, цIыхуи 100-м нэс кърихьэлIэу, щедгъэкIуэкIащ. ТхузэфIэкIахэмрэ ди мурадхэмрэ щыдгъэгъуэзащ, езыхэри Iуэхум къыхыхьэну дызэригуапэр яжетIащ. Сэ мылъкукIэ селъэIуркъым, ауэ щхьэж зыпэрыт лэжьыгъэ елъытакIэ зыгуэркIэ сэбэп къытхуэхъуфмэ, си гуапэщ. Абы лъандэрэ жэрдэм гъэщIэгъуэнхэр яIэу цIыху зыбжанэ къызэпсэлъащ.
- — АдэкIэ зэман гъунэгъум зэфIэвгъэкIыну сыт хуэдэ Iуэхухэр къыфпэщылъ?
- — Зыхуэдгъэувыжа лэжьыгъэхэм ящыщщ къуажэ музей къызэгъэпэщыныр. Ар щыдухуэну щIыпIэр дубзыхуащ, музей зыдэт къуажэхэм сыкIуэурэ абыхэм я щытыкIэр зэзгъэлъэгъуащ, хэлъ щхьэхуэныгъэхэм зыщызгъэгъуэзащ. Нэхъыщхьэращи, абы щIэтлъхьэну хьэпшыпхэр диIэщ. Къуажэм и блэкIар, лъэпкъым и тхыдэр ящIэу щIэблэр къэтэджынымкIэ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Жылэм дэт IуэхущIапIэхэр псори зытет, Бэрау Къэралбий и цIэр зезыхьэ уэрамыр, Налшык и Къэбэрдей уэрамым хуэдэу, щхъуантIагъэр ебэкIыу дгъэдэхэнущ икIи лъэс зекIуапIэу тщIынущ. Къуажэ дыхьэпIэм Триумфальнэ аркэ щыдгъэувынущ. Апхуэ-дэу Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм и кIыхьагъкIэ ехыу зы жыг лIэужьыгъуэ хэтсэнущ, ар зыгъэнэху уэздыгъэхэр лъэныкъуитIымкIи щыблэу зэтхъуэкIынущ. Мис ахэр къыдэхъулIэмэ, къуажэм и теплъэм зэуэ зихъуэжынущ.
- — УнагъуэщIэхэм, бынунэшхуэхэм, хуэмыщIахэм сыткIэ дэIэпыкъуэгъу фахуэхъуфрэ?
- — Унагъуэ хуэмыщIахэм щIэгъэкъуэн дазэрыхуэхъун мылъку администрацэм къыIэрыхьэу щытакъым. Мы гъэм япэу сом мин 50 къытхуаутIыпщащ. Апхуэдэ унагъуэхэр къыхэтхыкIауэ диIэти, зэрахуэхъукIэ ятедгуэшащ. Ауэ а ахъшэми дыщыгугъыу дыщысакъым, ди бюджетым а Iуэхум хуэунэтIауэ сом мин 500 къыхэдгъэкIащи, сыт хуэдэ лъэIури къуажэм дэмыкIыу зэрызэфIэтхынум иужь дитщ. МафIэсым и зэран зэкIа зы унагъуэ диIэти, и тхылъхэр хузэдгъэпэщри, къэралым сом мин 200-кIэ зыкъыщIигъэкъуащ. «УнагъуэщIэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщын» къэрал программэмкIэ цIыхуи 3-м унэ къащэхуащ.
- — Жылэм дэлъ хабзэфIхэр хъумэнымкIэ, щIэблэ узыншэ гъэсэнымкIэ IуэхуфI куэд ивогъэкIуэкI. А псом къахэзгъэщыну сыхуейт накъыгъэм и 9-р, ТекIуэныгъэм и махуэр, къуажэм Iэтауэ зэрыщывгъэлъапIэр.
- — Ар нобэрей ди мамыр псэукIэр къытхуэзыхьахэм яхуэтщI пщIэщ. Хэку зауэшхуэм хэтахэм я лIыхъужьыгъэр, хахуагъэр, лIыгъэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым. Ди Лэскэн районым зауэм и ветерану исыжыр цIыхуиплI къудейщ. Абы щыщу щыр ди къуажэщ. Ахэр дызэрыгушхуэ ди нэхъыжьыфIхэу МэшылI Хьэбас, Нало МутIэ, Бетрожь СулътIан сымэщ. Мы гъэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ зэрырикъум хуэгъэпсауэ Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь, лейтенант нэхъыжь Бэрау Къэралбий и уэрамым «ТекIуэныгъэмрэ ЩIыхьымрэ я лъэс лъагъуэ» къыщызэIутхащ. Абы жыгей плъыжь цIыкIуу 100 щыдгъэтIысащ. Зауэм хэкIуэда ди къуажэгъухэм я цIэ-унэцIэхэр къыщыгъэлъэгъуа фэеплъ стелэ кхъэм и дыхьэпIэм деж щыдгъэуващ. ЩIалэгъуалэм я блэкIар ящIэу, ар ялъытэу къэхъунымкIэ, хэкупсэ гъэсэныгъэ яхэлъынымкIэ ар лэжьыгъэ щхьэпэу къызолъытэ.
- — Анзор, ипэкIэ уплъэмэ, Хьэтуейм и къэкIуэнур дауэ уи нэгу къыщIэбгъэхьэрэ?
- — Сыт и лъэныкъуэкIи къуажэ зэпэщу, и цIыхухэм я псэукIэкIи жылэм и зыужьыныгъэкIи. Аращ ди къарур зыхуэунэтIар. Хьэтуейм и социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр, зэгурыIуэныгъэ жылэм дэлъыныр къуажэ унафэщIым и пщэрылъ нэхъыщхьэщи, абыкIэ схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым. Зыхуэдгъэувыжа лъагапIэм дынэсынымкIэ иджыри лэжьы-гъэ куэд къытпэщылъщ. МурадыфIхэр диIэщ, зэредгъэжьам хуэдэу къуажэдэсхэр къыскъуэтмэ, шэч къытесхьэркъым, сыт хуэдэ Iуэхуми гугъуехьми дызэрыпэлъэщынум.
- — Упсэу! ГукIи псэкIи узыпэрыт уи IэнатIэм и хъер плъагъуну, къепхьэжьэ лэжьыгъэхэм узэрыпэлъэщын къарурэ гуащIэрэ уиIэну ди гуапэщ.
- Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.