Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ школакIуэ псори пщэдджыжьышхэкIэ къызэзыгъэпэщыфыр
2019-06-27
- «Урысей Федерацэм зэрыщрагъаджэм егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ» Къэрал Думэм щекIуэкIа парламент едэIуэныгъэм къыщыщыпсалъэм Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Васильевэ Ольгэ къыхигъэщхьэхукIащ школакIуэхэр шхын хуабэкIэ къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэр.
- «Гъатхэпэ мазэм дэ едгъэжьащ школхэм щIэс сабийхэр ерыскъы хуабэкIэ къызэрызэрагъэпэщыр къэпщытэныр. Сэ фIыщIэ яхузощI еджакIуэхэр гъэшхэным, ахэр гъэшкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ хэха хуэзыщI депутатхэм. Нэрылъагъу къэхъуа Iуэхухэм дыщыхэплъэжкIэ дэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэдгъэкIыну къызэрытпэщытыр къыдгуроIуэ», -жиIащ министрым.
- ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм ипкъ иткIэ иджы тэмэму къабжыфынущ пщэдджыжьышхэр зрагъэщI сабийхэм я бжыгъэр, шхыным и уасэр, апхуэдэу хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм я сабийхэм, сабий зеиншэхэм ирикъуу пщэдджыжьышхэ езымыгъэщIыф щIыналъэхэр.
- «Иджыпсту еджакIуэ псоми пщэдджыжьышхэ зэрырагъэщIыфым иригушхуэну щыIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Васильевэ Ольгэ.