Пасэрей адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэхэр
2019-06-27
- Унэж Кашиф, философие щIэныгъэхэм я доктор
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №№71 — 72, 74-хэм итщ).
- Иджыри зэ къыхэдгъэщынщи, адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я хабзэхэм сабийхэр гъэсэным теухуауэ зэщхь куэд хэлъщ. Пелей Ахиллес иригъэпIын папщIэ Кентавр Хирон иритауэ щытащ. Монпере Фредерик къызэригъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэ хабзэм ущрохьэлIэ шэрджэсхэм, абхъазхэм, куржыхэм я деж. ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищIыр быфыкъуэ хабзэрт.
-
Языныкъуэ лингвистхэм къахутащ пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я бзэхэм псалъэ зэщхьхэм уазэрыщрихьэлIэр. Шагъыр Iэмин къелъытэ «хъыдан» псалъэр алыдж «хитон»-м къытехъукIауэ. Ауэ абы арэзы утехъуащэ хъунукъым, а псалъэр алыджхэм семитхэм я деж къыщащтащи. АрщхьэкIэ, хуэдгъэфэщэфынущ семитхэм а псалъэхэр хьэтхэм е кашкэхэм, адыгэхэм лъыкIэ къапыщIа лъэпкъхэм я деж къыщащтауэ. «Хъыдан» псалъэр пычыгъуитIу зэхэтщ — «хъы»-рэ «дан»-рэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къикIыр хъы пщIынырщ. «хитон» псалъэм щэкI бзыхьэхуэ жиIэу къокI. ИпэжыпIэкIэ хитонкIэ щIауфэрт цIыхум и Iэпкълъэпкъыр. Апхуэдэ дыдэщ адыгэ щIакIуэр. Абы къыдэкIуэу, Шагъырым жиIэрт адыгэм «пIастэр» алыджхэм я деж къыщащтауэ, «паста» алыдж псалъэм къытехъукIауэ. АрщхьэкIэ, нэхъ куууэ упхрыплъмэ, гурыIуэгъуэ хъунущ хэт дэтхэнэм и деж къыщищтами. «УпIэ, упIэн», «убзытэн» адыгэ псалъэхэм пIастэр къызэрытехъукIам шэч хэлъкъым. ЗэрытщIэщи, адыгэхэм пIастэ щIыIэр упщIэтауэ фIэкIа Iэнэм къытрагъэувэркъым. Ауэ ар пщтырмэ, бэлагъкIэ тепщэчым иралъхьэ. Апхуэдэу къэгъэлъэгъуэн хуейщ адыгэхэм илъэс мин зыбжанэ ипэкIэ мэш гъэкIын зэрыщIадзар. Абы лъандэри я лъэпкъ шхыныгъуэу къызэрекIуэкIыр. Абы къыхащIыкIырт хьэлыуи, махъсыми, мэжаджи, хьэнтхъупси, пIасти. Адыгэхэм ху лIэужьыгъуибгъу ящIэу щытащ.
- Иджыблагъэ газетхэм къытехуащ къэхутакIуэхэм илъэс миних зи ныбжь ху гъэлыгъуахэр къызэрагъуэтам теухуа хъыбарыр, къыщагъуэтари адыгэ щIыналъэрщ. Алыджхэм мэшым, адыгэхэм хуэдэу, ерыскъыгъуэ куэд къыхащIыкIыркъым. Корейхэм, китайхэм, японхэм прунж цивилизацэр яухуамэ, адыгэхэми мэш цивилизацэ къагъэхъуащ, я ерыскъыгъуэ нэхъыщхьэу щытащ. Уеблэмэ ар шыхэми джэдхэми ирагъэшхырт.
- Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм апхуэдэу зэпащIэ алыдж «псюхе»-мрэ адыгэ «псэ»-мрэ. А тIуми я мыхьэнэр зыщ. Ауэ мыбдежми къыщылъытэн хуейщ адыгэ псалъэ куэд дыдэм «псэр» зэрыхэтыр. Псалъэм папщIэ, мажусий диным и зэманым щыIа Псатхьэр къызытехъукIар «псэщ». Апхуэдэ дыдэщ псалъэри.
- Алыджыбзэм псалъэ куэд хэтщ «Тха» — «Тхьэ» я лъабжьэу. Апхуэдэ дыдэу «Тхьэм» дыщрохьэлIэ дунейм и лъэпкъ куэдым я бзэхэм. «Тхьэ» псалъэр къежьауэ къыщIэкIынущ пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ зызэпащIэн ипэкIэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, ар къэзыгъэщIар иужьхэрщ. Гу лъыттэн хуейщ адыгэ псалъэ куэдым «тхьэ» пычыгъуэр зэрыхэтми.
-
жытIэмэ. Ар къытехъукIащ адыгэ «пэкIум». ПэкIур ноби зэхуэсщ, Iуэхухэм щытепсэлъыхь зэIущIэщ. Хьэтхэм я дежкIэ абы къикIыу щытар «зауэ Iуэхухэм щытепсэлъыхь зэIущIэт».
- Тхыдэм къеIуэтэж алыджхэр хьэтхэм я лъэныкъуэу бийм зэрезэуам теухуа хъыбар мымащIэ. Ди эрэм ипэкIэ XIV — XIII лIэщIыгъуэхэм Хьэт пащтыхьыгъуэм игъэныбжьэгъуу щытащ пасэрей алыджхэр. Дарданхэр хьэтхэм я гъусэу ди эрэм и пэкIэ 1286 — 1285 гъэхэм Къуэдэш и деж Мысырым зэрыщезэуари къыхощыж. Хьэтхэмрэ ахейхэмрэ апхуэдизу зэныбжьэгъути, Аххиявэ пащтыхьым и щIэблэр япэрейхэм я къэралым къигъакIуэрт, хьэкуэстэгухэр (колесницэхэр) зэрызэрагъэкIуэнум ирагъэсэн папщIэ. Зауэ Iуэхухэм къадэкIуэу, ахэр хабзэхэм куууэ хагъэзагъэрт. КIэщIу жыпIэмэ, щэнхабзэкIэ зэхъуажэрт. Языныкъуэхэм жаIэ адыгэхэр пасэрей Алыджым щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэтауэ.
- ЛъэпкъитIым я Iэнэ пэрысыкIэми зэщхь куэдым ущрохьэлIэ. Къапщтэмэ, адыгэхэми алыджхэми цIыхубзхэр ефэ-ешхэхэм хагъэхьэртэкъым, хьэщIэхэм я нэхъыжьыр унагъуэр зейм е тхьэмадэм и ижьырабгъумкIэ ягъэтIысырт. IэнэкIэм щысхэр нэхъыщIэхэрт. Пасэрей алыджым гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм унафэ щызыщIыр симпосиархырт (адыгэхэм я деж тхьэмадэрт). НаIуэу зэрыщытщи, мы псори адыгэ хабзэм IупщI дыдэу къыхэнащ, икIи дэ абы фIыуэ дыщыгъуазэщ. Тхьэмадэми симпосиархми къалэн хуагъэувхэр зэщхьт. ХъумакIуэхэм я унафэщIу щытын хуейр нэхъ узыщыгугъ хъунурамэ, ефэ-ешхэм унафэ щызыщIын хуейр ефэхэм ящыщу нэхъ узыщыгугъ хъуну дыдэрт. Апхуэдэу Плутарх симпосиархым хэлъын хуей хьэл-щэнхэр къребжэкI: «Ар гупсысэу псалъэу, гушыIэфу щытын хуейщ… Симпосиархым къимылъытэу хъунукъым Iэнэм пэрысхэр хьэлкIэ зэрызэхуэмыдэр. Абы къахуеблэгъа псоми задригъэкIун хуейщ». Апхуэдэ дыдэщ адыгэхэми ди хабзэр.
- Иджы а хабзэхэр къэзыщтахэмрэ ахэр зыхуэкIуахэмрэ ятеухуауэ. А упщIэ гугъум жэуап иратыну хущIэкъуащ еджагъэшхуэхэр икIи, дызэреплъымкIэ, ехъулIэныгъэхэр къахьащ. ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхь куэдым узэрыщрихьэлIэм. Ар IуэрыIуатэуи, динуи, къадекIуэкI хабзэуи ирырехъу. АрщхьэкIэ къыхэгъэщхьэхукIын хуейщ а зэщхьыныгъэхэр езыр-езыру къызэрымыхъуар. Ахэр зэуэ къежьакъым икIи къыщIежьари щхьэусыгъуэншэкъым. Осетин профессор Абаев Василий гу зэрылъитащи, нарт эпосым Кавказым ис лъэпкъхэм я деж зэщхь куэд узэрыщрихьэлIэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхокI. Еджагъэшхуэм зэрыжиIэмкIэ, а лъэпкъхэр зэблагъэмэ, а зэщхьыныгъэхэр къыщежьар ахэр зэгъусэу щыпсэуа зэманырщ икIи зы лъэпкъыу щыщытарщ. Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытам зыми шэч къытрихьэркъым. ЕтIуанэрауэ, зы лъэпкъым адрей лъэпкъым и бзэмрэ и IуэрыIуатэмрэ щыщ куэд къыщищтэ щыIэщ. Мыбдежым Абаевым къыщегъэлъагъуэ осетин лъэпкъыр зэкъуэувэным адыгэхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар. Ещанэ щхьэусыгъуэщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я IуэрыIуатэхэм зэщхь куэд зэрыхэтыр я лъабжьэу я псэукIэри жылагъуэ ухуэкIэри зэтехуэу зэрыщытар. Я псэукIэр зэрызэхуэдэм я IуэрыIуатэхэри зэщхь ещI, а лъэпкъхэр я къэхъукIэкIэ зыкIи зэбгъэдэмыхьэу щытми. ЕплIанэ щхьэусыгъуэу къэплъытэ хъунущ пIалъэ кIыхькIэ зэрызэгъунэгъум, зэрызэкIэлъыкIуэм къыхэкIыу зы лъэпкъым адрейм и IуэрыIуатэм щыщ къызэрищтэри.
- Ардыдэр яхужытIэ хъунущ пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я IуэрыIуатэхэм, къадекIуэкI хабзэхэм зэщхь куэд щIыхэлъым я щхьэусыгъуэхэм ятеухуауи.
- Псом япэу къэлъытэн хуейщ алыджхэр къызытехъукIа ахейхэр, данайхэр, нэгъуэщIхэр лIэщIыгъуэ куэдкIэ Азие ЦIыкIум хьэтхэм я гъунэгъу дыдэу зэрыщыпсэуар. ИужькIэ алыджхэр Кавказ Ищхъэрэм къащыпыщIауэ щытащ синдхэмрэ мэуэтхэмрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, языныкъуэхэр пасэрей адыгэхэм. Хуэбгъэфащэ хъунущ языныкъуэ пасэрей алыджхэр хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ благъагъэкIэ къапыщIауэ щытауэ. Дэ дызэригугъэмкIэ, псом япэу адыгэхэр нэхъ зыпыщIауэ щытар дорийхэрщ (спартэрщ), арыншамэ, дэнэ къыздикIар апхуэдэ зэщхьыныгъэ куэдыр?
- Я псэукIэкIэ къапщтэмэ, мыбдеж ахэр куэдкIэ щызэтохуэ. ЖыIэн хуейщ пасэрей алыджхэр лъэпкъ куэдым зэрагъунэгъуар, ауэ абыхэм я деж куэд къызэрыщамыщтар.
- Мы Iуэхум теухуауэ щхьэтечу пхужыIэнур мащIэщ. Ар куууэ джын хуейщ. ИкIи къэгъэлъэгъуапхъэщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм сыт хуэдэ зэпыщIэныгъэхэр ямыIами, ахэр зы лъэныкъуэм къикIыу адреймкIэ кIуэуэ зэрыщымытар. Я экономикэ псэукIэм, щэнхабзэ гъащIэм зыр зым зыщыщIагъакъуэурэ заужьырт. АрщхьэкIэ адрейм ейуэ хэт нэхъыбэ къищта? А упщIэм жэуап ептын папщIэ къэлъытэн хуейщ дэтхэнэ лъэпкъми зэрызиужьа щIыкIэр: хэт япэ тхыдэ утыку ихьами, сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ къихьами, къыщихьа зэманри. Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIахэм я гугъу щытщIкIэ, хьэтхэм, кашкэхэм, синдхэмрэ мэуэтхэмрэ я тхыдэм дриплъэжын хуейщ. Псоми зэрытщIэщи, хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ Азие ЦIыкIум пасэ дыдэу цивилизацэ къыщызэрагъэпэщащ, абыхэм япэ дыдэ яIэрыхьащ гъущIыр. ЕхъулIэныгъэшхуэхэр къыщахьащ щIыр зехьэным, Iэщ гъэхъуным, щэнхабзэм я IэнатIэхэм. Къапщтэмэ, ди эрэм и пэкIэ VI — V илъэс минхэм хьэтхэр зы щIыпIэм щыпсэууэ щIым телэжьыхьырт, хьэкъущыкъухэр ятIагъуэм къыхащIыкIыфырт. Ди эрэм илъэс минищ ипэкIэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэуа синдхэмрэ мэуэтхэмрэ абыхэм быдэу япыщIауэ щытащ. Ахэр щэнхабзэкIэ куэдкIэ нэхъ япэгъунэгъут КъухьэпIэ Европэм нэхърэ. Хьэтхэмрэ синд-мэуэтхэмрэ яку дэлъыр сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм я закъуэтэкъым, ахэр зэхэпшахъуэрт, псалъэм и хьэтыркIэ, ди эрэм и пэкIэ VI — V илъэс минхэм Азие ЦIыкIум къиIэпхъукIыурэ хьэтхэр Кавказ Ищхъэрэм къэIэпхъуэрт. АрщхьэкIэ неолитым и лъэхъэнэм хьэтхэр Азие ЦIыкIум къикIыу Кавказ Ищхъэрэм къызэрыкIуам къикIыркъым щIыналъэм хамэ лъэпкъ къихьауэ. Бзэ щIэныгъэлIхэм къыхагъэщхьэхукI хьэтхэм я бзэр Кавказ Ищхъэрэм щызекIуэ бзэхэм ящыщу зэрыщытар. Ар узримыплъэжыфыну зэман лъандэрэ Азие Пэрытми нэгъуэщI щIыпIэхэми щызекIуэрт. Абы къыхэкIыу, жыпIэ хъунущ мажусий диныр зыIыгъ адыгэхэмрэ хьэтхэмрэ зэкъуэшу щытауэ. Хеттолог цIэрыIуэ Маккуин Джон итхыгъащ Кавказ Ищхъэрэм щыщ адыгэ Iэщыхъуэхэмрэ гъавэ зыщIэ хьэтхэмрэ зэрызэкъуэшыр. Абхъаз профессор Ардзинбэ Владислав хьэтхэм я тхьэ нэхъыщхьэ Телепинэ адыгэхэм я тхьэ Лъэпщ иригъапщэрт.
- Азие ЦIыкIумрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуабжьу хэлIыфIыхьащ киммерийхэр, фракийхэр, синдхэр. Ахэр лъыкIэ зэрызэхыхьэр къагъэлъагъуэ еджагъэшхуэ куэдым. Ари, нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэри зэпэплъытмэ, жыпIэ хъунущ ахейхэр (алыджхэр) псом япэу Азие ЦIыкIум щыпсэухэм ялъэIэсауэ, абыхэм яхэзэрыхьауэ. Алыджхэр къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуэурэ, «щIым и гъунэм» нэсащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ я Iыхьлы синд-мэуэтхэм я деж къыщыхутащ. Мыбдеж апхуэдэу къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI хъыбарыжьхэм, IуэрыIуатэм зэщхь куэд узэрыщрихьэлIэр. Кавказыбгым кIэраIулIа цIыхухэм ятеухуа хъыбархэр яхъумэ ермэлыхэм, куржыхэм, абхъазхэм, адыгэхэм, осетинхэм. Еджагъэшхуэхэм къыхагъэщхьэхукI адыгэ Нэсрэн ЖьакIэ алыдж Прометей нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъыжьыр. Иужьрейр Кавказым и къуршхэм зэрыкIэраIулIар ауэ сытми къэхъуакъым. Алыджхэр Iуащхьэмахуэ зэреджэу щытагъэнур «Стабиос»-щ (е «Стробулщ»-щ). Абы къыбжеIэ адыгэхэм я деж икIыу а лIыхъужьыр алыджхэм зэрахуэкIуар.
- Дэ дызэреплъымкIэ, мыр блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм нэхъ щхьэтечу къигъэлъэгъуащ профессор Тресков Илья. Абы къыхигъэщхьэхукIырт Прометейрэ Кавказым щыщу Тхьэм пэщIэтахэмрэ я хьэл-щэнхэмкIэ куэдкIэ зэрызэтехуэр, Прометей гугъу щехьар Кавказыр зэрыарар. Аращи, а псори зэхэплъхьэжмэ, Кавказым къыщежьауэ жыпIэ хъунущ ар. Абы апхуэдэу итхащ бгыхэм кIэраIулIа лIыхъужьхэм ятеухуа хъыбархэр алыджхэм нэхърэ адыгэхэм я деж нэхъ пасэу къызэрыщежьар. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Тхьэхэм япэщIэувэу щыта Сосрыкъуэ, Батэрэз, Нэсрэн ЖьакIэ сымэ, нэгъуэщIхэри алыджхэм я апхуэдэ лIыхъужьхэм нэхърэ нэхъыжьщ.
- Аращи, пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ я щэнхабзэхэм дызыщрихьэлIэ зэщхьыныгъэхэм ныбжьышхуэ яIэщ, ахэр лIэщIыгъуэ куэдым яку дэлъа зэпыщIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэхъукIащ. Зым и деж адрейм куэд къыщищтащ. АрщхьэкIэ псори зыпэплъытмэ, пасэрей алыджхэм адыгэхэм я деж къыщащтар нэхъыбэщ.
- Къэплъытэн хуейщ: абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIа хьэтхэм, кашкэхэм, синдхэмрэ мэуэтхэмрэ куэдкIэ нэхъ пасэу езыхэм я цивилизацэ къызэрызэрагъэпэщар. Пасэрей алыджхэм абыхэм я деж куэд къыщащтащ.
- Хуэбгъэфащэ хъунущ пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэр къызытехъукIахэмрэ лIэщIыгъуэ куэдкIэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэм я Iэужьу лъэпкъитIри зэхэзэрыхьауэ зыщыпсэу жылагъуэхэр къызэрагъэпэщауэ щытауэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, я щэнхабзэхэри зэхыхьэрт. Абы щыхьэт тохъуэ а лъэпкъхэм я дин фIэщхъуныгъэхэр. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, алыджытхьэхэр Трое щыпсэухэм я телъхьэу щытащ абыхэм я къалэр щахъумэжым щыгъуэ (Лето, Арис, Феб, Артемидэ, Афродитэ, Аполлон сымэ, нэгъуэщIхэри). Дэ дощIэ хьэтхэри абыхэм лъыкIэ я благъэхэри Трое къызэрыдэщIар. Ар белджылыуэ хыдолъагъуэ Гомер и «Илиада», «Одиссея» поэмэхэм. Мыбдеж къыщыхэдгъэщын хуейщ алыджхэм тхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэм я деж къызэрыщащтар. Псалъэм и хьэтыркIэ, Дионисрэ Аресрэ фракийхэм я деж къикIащ. Адыгэхэм я деж япэр бэвагъымрэ щIыр зехьэнымрэ я тхьэ Тхьэгъэлэджщ, етIуанэр ЗекIуэтхьэщ. Апхуэдэу къэдгъэлъэгъуэнщ фракийхэмрэ адыгэхэмрэ благъагъэкIэ зэпыщIауэ зэрыщытар.
- Аполлон и гугъу пщIымэ, ахейхэм, данайхэм, алыджхэр къызытехъукIа нэгъуэщI лъэпкъхэм япэщIэта Троер диIыгъа къудейкъым: Зевс абыи Посейдони пщэрылъ ящищIат Троем и пащтыхь Лаомедонт — Приам и адэм — хуэпщылIыну. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Аполлон къыщалъхуар хьэт къэралыгъуэрщ. Аращи, Аполлоныр хьэтхэм я тхьэ Апуллунасщ (къалэм е унэм я хъумакIуэ къикIыу аращ). Апхуэдэу щыщыткIэ, Аполлон-Апуллунас зи тхьэр алыджхэркъым, атIэ хьэтхэрщ, мис а Дионисрэ Арисрэ, нэгъуэщIхэми хуэдэу.
- Аполлон алыджхэм я тхьэу зэрыщымытым щытепсэлъыхькIэ, Лосев А. Ф. етх: «Ар Алыджым къэкIуащ нэгъуэщI щIыпIэ къикIри икIи алыджхэм нэхъапэм яIа тхьэхэмрэ лIыхъужьхэмрэ ящхьэпрыкIыжащ, ауэ ахэр къанэ щымыIэу игъэкIуэдыжыфакъым».
- Алыдж эпосым хэт лIыхъужь куэд нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIащ: Ахиллес Меотидэм (Iузэв тенджызым) и Iуфэхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къызытехъукIа мэуэтхэр щыпсэуа щIыпIэм къыщалъхуащ. Ариан жиIэрт ар а лъахэм кърахуу, алыджхэм зэрахэтIысхьар. «Ахиллес» жиIэмэ «Алыджхэм яхэс» е «Алыджхэ я хэхэс» — абыхэм я деж щыпсэу мыхьэнэр иIэщ. Е «Ахейхэ яхэс» жыпIи хъунущ.
- Адыгэхэм я деж тезыр нэхъ ткIий дыдэу щызекIуахэм ящыщщ лей зезыхьахэр езыхэм зыхахуу зэрыщытар. Абы къыдежьащ псори дызыщыгъуазэ «хэхэс» псалъэр. ИпэжыпIэкIэ Ахиллес алыджхэм я деж хамэу щыщытащ. Абы къыхэкIыу, хуэбгъэфащэ хъунущ Ахиллес мэуэтхэм къахэхъукIауэ икIи ар адыгэцIэу.
- Хэбгъэзыхьмэ, Зевси хьэт лъабжьэ иIэщ, ар хьэтхэм я тхьэ Касиущ.
- Пасэрей алыджхэм, мысырхэм, шумерхэм, адыгэхэм я щэнхабзэхэм узыщрихьэлIэ хъыбар, лIыхъужь щхьэхуэхэм зэреджэхэм ятеухуауэ куэд къихутащ Тыркум щыщ адыгэ еджагъэшхуэ Балъкъэр Селджук. Адыгэ щIалэм етх «Олимп» псалъэр алыджыбзэу щымыту. Ар Алыджым кIуащ, Азие ЦIыкIум (Анадолэ) икIри. Тыркум щыIэщ «Олимп»-кIэ зэджэ Iуащхьэ. Селджук жеIэ Одиссеи алыджхэм зэращымыщыр. Ар абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIа хьэтхэм, синд-мэуэтхэм лъыкIэ къагухьэ фракийхэм, теракесхэм, касситхэм, нэгъуэщIхэм къахэкIауэ. Апхуэдэу Балъкъэр Селджук нарт эпосымрэ Гомер и IэдакъэщIэкIхэмрэ я деж зэщхьыныгъэхэр къыщегъуэт. «Илиада» поэмэм дэ дыкъыщоджэ Троем егъэщIылIа зауэм къалэдэсхэм я телъхьэхэу фракийхэр къызэрыщыувар. Гомер зэрыжиIэмкIэ, абыхэм я дзэм и Iэтащхьэ хъуащ фракийхэр ипэкIэ зыша Акамант. Тыркум щыщ адыгэ еджагъэшхуэм ди фIэщ ещI Акамантыр «Нарт» эпосым щыщ Ашэмэзу зэрыщытыр: Алыджхэм я бзэм «ш» хьэрфыр зэрыхэмытым къыхэкIыу, ар «к»-кIэ зэрахъуэкIащ икIи Ашэмэзыр Акамант хъуащ.
- Апхуэдэ щIыкIэкIэ, пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэр къызытехъукIахэмрэ я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр Азие ЦIыкIум къыщежьащ икIи абыхэм зыщаужьащ алыджхэр къыздэIэпхъуэу хуежьа Кавказ Ищхъэрэм. Мыбдеж ахэр япэу зыхуэзар синдхэмрэ мэуэтхэмрэщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, хьэтхэри я гъусэу. ИпэжыпIэкIэ ахэр зэпыщIауэ щытащ тыркухэм Византие империер зэхакъутэхукIэ. Аращ а лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм зэщхьу куэд щIыхэтым и щхьэусыгъуэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, пасэ зэманым алыджхэмрэ адыгэхэмрэ къызытехъукIахэр зы лъэпкъыу щытауэ къыпфIощI. Нэхъ тпэжыжьэ щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу адыгэхэм щэнхабзэкIэ нэхъ япэгъунэгъур пасэрей алыджхэрщ. Ар ауэ сытми къэхъуакъым. Абы къыхэкIыу IэщIагъэлIхэм дяпэкIэ къапоплъэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
- Тхыгъэр зейм теухуауэ
- Унэж Кашиф Хьэждаут и къуэр 1946 гъэм мазаем и 11-м Къэбэрдей АССР-м щыщ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыIэ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэжьым къыщалъхуащ. 1965 гъэм Налшык педагогикэ училищэр, 1969 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ. Ломоносов Михаил и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым и аспирантурэм щеджащ. 1974 гъэм тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. ИлъэсищкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щылэжьащ. Мы зэманым Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и профессорщ, философие щIэныгъэхэм я докторщ. КъБР-м и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ егъэщIылIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм ятеухуа лэжьыгъэ 200-м щIигъу иIэщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгэхэр я щIыналъэм щопсэу» (1992 гъэ), «Адыгэ (шэрджэс) щэнхабзэм и телъыджагъэр» (1977), «Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я щэнхабзэр» (2003), «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я тхыдэр» (2005), «Пасэрей зэманым къыщыщIэдзауэ иджыри къэс Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и тхыдэ» (2012 гъэм Германием и Мюнхен къалэм къыщыдэкIащ), нэгъуэщI куэдри. ЩIэныгъэхэм я адыгэ дунейпсо академием и академикщ. КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.