КъБР-м и Парламентым и щIыхькIэ
2019-05-08
- Гъэмахуэ шыгъажэ лъэхъэнэр къыщызэIуахым республикэ ипподромым шыгъажэу блы щекIуэкIащ. Абыхэм ящыщ зым щызэпеуащ КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ ягъэува саугъэтыр къэхьыным теухуауэ.
- Метр 2000 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр япэу къызэпичащ Быф Анатолий и хакIуэ Голден Соул. Шыр игъэхьэзыращ гъэсакIуэ Iэзэ Алокъуэ А., ар къигъэжащ япэ категорие зиIэ шууей Шыкъ А.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ текIуахэм ехъуэхъуащ икIи республикэм законхэр къыдэзы-гъэкI и орган нэхъыщхьэм и саугъэтыр яритащ.
- — Псом япэу нобэрей махуэшхуэмкIэ — Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэмкIэ, апхуэдэу шыгъажэр къызэрызэIуахамкIэ сынывохъуэхъу. Кавказым исхэм ижь-ижьыж лъандэрэ шыр зыхалъхьэ щыIэкъым. Ар ди щэнхабзэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ. Аращ шыгъажэхэм ящыщ зыр КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам зэрытраухуар хуабжьу ди гуапэ щIэхъуар. Псоми зэрытлъэгъуащи, зэпеуэр гуащIэу екIуэкIащ.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, шэсу шыгъажэм хыхьэн ипэкIэ шууейхэм шыр илъэс зыбжанэкIэ ягъасэ. Абы папщIэ а псэущхьэр нэгъэсауэ фIыуэ плъагъун хуейщ. Апхуэ-дэ лъагъуныгъэрщ нобэрей текIуэныгъэр къызыпэкIуари.
- КъБР-м и Парламентым и
- пресс-IуэхущIапIэ.