ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТекIуэныгъэ Иным имахуэр догъэлъапIэ

2019-05-09

  • АдыгэлI уардэ
  • ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьахэм ящыщщ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу Хэку зауэшхуэм пхыкIа, мамыр гъащIэм хэзэгъэжу лэжьыгъэ купщIафэ езыхьэкIа, лъэужьыфIэ, зи цIэр тхыдэм къыхэна, Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм щыщ адыгэлI нэс Уэрдокъуэ Мухьэмэд Азрэт и къуэр.

  • Уэрдокъуэ Мухьэмэд кърата дамыгъэхэр, Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, IуэхущIапIэ, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIы- щIэ тхылъхэр къыпхуемыбжэкIыну куэдщ. Зауэм Iуту къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр. Медаль зэмылIэужьыгъуэу 20 къратащ. Абыхэм ящыщщ «За оборону Кавказа», «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалхэр, Жуковым и медалыр, юбилей медалхэр. 1966 гъэм къыфIащащ «Отличник народного просвещения РСФСР» цIэ лъапIэр.
  • ЩIэныгъэм, IэщIагъэм хуэпабгъэ щIалэм дзэм пIыщIа еджапIэрт нэхъ зытригъащIэр. Мухьэмэд Прохладнэ къалэм дэт Тэрч мэкъумэш техникумыр къиухауэ, 1940 гъэм Дзэ Плъыжьым ираджащ. Ар ягъэкIуат Алма-Ата къалэм щыIэ НКВД-м и къэрал кIуэцIыдзэм. Саратов дэт НКВД-м и гъунапкъэхъумэ еджапIэм щIэсхэм ящыщт Уэрдокъуэри, зэгуэр кхъухьлъатэзехуэ хъуну хуеями, ар иригушхуэрт дзэм пыщIа и хъуэпсапIэ IэщIагъэм хуеджэну къызэрехъулIам.
  • 1941 гъэм Германием и фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуам, и пIалъэр къэмысу офицер ящIу училищэм къыщIагъэкIа адыгэ щIалэр хэхуат НКВД-м и фочауэ полкым.
  • 1942 гъэм Уэрдокъуэ Мухьэмэд лейтенант нэхъыщIэ цIэр иIэу Калинин фронтым Iухьащ. Абы щекIуэкIа зауэ гущIэгъуншэм мызэ-мытIэу и щапхъэмкIэ къыщыхэжаныкIащ адыгэ щIалэр. Армэм и унафэщIхэм я приказхэм абы и цIэр куэдрэ къыщраIуащ.
  • Взводым и командир, ротэм и унафэщIым и къуэдзэ, иужьым ротэм и командир, лейтенант нэхъыщIэ Уэрдокъуэ Мухьэмэд сыт щыгъуи япэ иту фашистхэм езауэрт. Абы далъагъу лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ иригушхуэрт армэхэмрэ дивизэхэмрэ я унафэщIхэр. Зэман кIэщIым къриубыдэу ротэм пашэныгъэр къыщызыхьа Уэрдокъуэ Мухьэмэд зауэ Iуэхухэм фIыуэ зэрыхуэхьэзырым папщIэ ЩIыхь тхылъ къратат.
  • 1943 гъэм и гъатхэт. Калинин фронтым Iут зауэлIхэм загъэхьэзырырт Май махуэшхуэр ягъэлъэпIэну, абы хуэфащэу IущIэну. Уэрдокъуэр зыхэт подразделенэм унафэ къыIэрыхьащ майм и 1-м Кърым станицэр нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжыну. Бийм и кхъухьлъатэхэм щысхьырабгъу ямыIэу лагъымхэр кърадзыхырти, станицэм бгъэдыхьэпIи бгъэдэкIыпIи иIэтэкъым. Ауэ абы щхьэкIэ къимыгъанэу, унафэр игъэзэщIэну ротэр ежьащ. Станицэ дыхьэпIэм деж щызэхаубла зауэ гуащIэм командирыр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Ротэм и унафэр Уэрдокъуэм и пщэ дилъхьэжащ. Иджы абы и лIыгъэмрэ и унафэ щIыкIэмрэ куэд елъытат. ЗауэлIхэр станицэм зэрыдэгуэри, фашистхэр къызыщIэукI унэхэм гранатэхэр щIаутIыпщхьэу щIадзащ, щхьэгъубжэмкIэ къыдэлъахэри жыжьэ ягъэкIуакъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Май махуэшхуэм ирихьэлIэу Уэрдокъуэ Мухьэмэд зи унафэщI ротэм иджыри зы станицэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжауэ щытащ.
  • Мухьэмэд и дежкIэ зауэр щиухат Кърым станицэм. ЗауэлIым и гъунэгъуу къыщыуа топышэм и зэранкIэ фэбжьышхуэ игъуэтат. «Зэуэныр къэзухауэ ара?» — егупсысырт лейтенант Уэрдокъуэр. АрщхьэкIэ, абы къыпэплъэр нэхъ гугъужт. Мухьэмэд къыщеIэзащ Краснодар, Минводы, Нартсанэ, Налшык (1943 — 1944 гъгъ.), ауэ сыт хуэдэу дохутырхэр къегугъуами, Уэрдокъуэм игъэзэжыфакъым и ныбжьэгъу зауэлIхэм я деж. ЛIыгъэ зыхэлъ зауэлIым къыхуагъэфэщат Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэшхуэм и орденым и 1-нэ нагъыщэр. ТекIуэныгъэр къэсыным къэнэжар мащIэт, ар ныкъуэдыкъуагъэкIэ дзэм къыщыхагъэкIыжам.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, Уэрдокъуэ Мухьэмэд щылэжьащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм (абы щыгъуэ НКВД-т). И узыншагъэр абыи щыпэмылъэщым, лэжьапIэм къыIукIыж-ри, ар Iэпхъуэжащ къыщалъхуа Ислъэмей къуажэм. Ауэ Мухьэмэд и гум техуакъым апхуэдэу пасэу зитыну. ЛIыгъэ зыхилъхьэри, Сталинград дэт Физкультурэмрэ спортымкIэ институтым щеджащ.
  •  КъызэрыкIуэжу Уэрдокъуэ Мухьэмэд Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №1-м физкультурэмрэ дзэ IуэхухэмкIэ егъэджакIуэу ягъэуващ икIи илъэс 37-м щIигъукIэ (1950 — 1977 гъгъ.) абы щылэжьащ. Мухьэмэд ерыщагъ ин къыкъуэкIащ. Спорт лIэужьыгъуэ зыхыблымкIэ япэ разряд къихьащ, нэщанэ еуэнымкIэ спортым и мастер хъуащ. Абы и гъэсэнхэм ящыщщ спортым и мастерхэу Хьэххэ Нажмудинрэ Хьэсэнрэ, Улымбащ МутIэлиф, Гузий Мухьэмэд, ТIэхьир Валерэ, Шыбзыхъуэ Iэсият, Елдар Мухьэдин, нэгъуэщIхэри. И лэжьыгъэфIым папщIэ абы къыхуагъэфэщащ ДОСААФ-м и ЦК-м и дамыгъэ зыбжанэ.
  • Уэрдокъуэр ткIийми, зи къалэным хуэпэж, ныбжьэгъухэм хуэхьэлэл, хабзэшхуэ зыхэлъ цIыхут, икIи зы махуэ щысакъым лэжьыгъэншэу. Ар илъэс куэдкIэ и тхьэмадэу щытащ Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я къуажэ советым.
  • Ислъэмей къуажэм иIэщ Уэрдокъуэ Мухьэмэд къызэригъэпэща, ТекIуэныгъэ инкIэ иуха Хэку зауэшхуэм, адыгэ тхыдэм щыгъуазэ узыщI, хьэпшыпхэр щызэхуэхьэса школ музей. ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным теухуауэ ныбжьыщIэхэм абы ядригъэкIуэкIырт лэжьыгъэшхуэ.
  • Уэрдокъуэ Мухьэмэд и сурэтыр зылъагъухэм ящыщ куэд щIэупщIэнкIэ хъунущ: «Дэнэ пащIэ ин дахэ зытет мы лIы екIур щыслъэгъуар?» — жаIэу. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Лавина с гор» фильмыр тезыхахэм, и ныбжьэгъуитI щIыгъуу ирагъэблагъэри, Мухьэмэд абы щигъэзэщIауэ щытащ абрэджхэм я Iэтащхьэм и ролыр.
  • 1957 гъэм Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIауэ щытащ Мэзкуу Кремлым и Уардэунэм. Ди республикэм икIыу абы щыIахэм ящыщщ Уэрдокъуэ Мухьэмэд икIи гупым хэту, абы къамэ иIыгъыу къыщыфауэ щытащ (сурэтыр унагъуэ архивым хэлъщ). Апхуэдэуи ар хэтащ Къэралым и щыхьэрым и Ут Плъыжьым щекIуэкIа ТекIуэныгъэм Иным и парадым.
  • 2010 гъэм щIышылэм и 2-м Уэрдокъуэ Мухьэмэд игъэлъэпIащ и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъур. А гъэм ТекIуэныгъэр илъэс 65-рэ ирикъурти, абы нэхъ пэплъэу къыпщыхъурт.
  • Зыпэплъэ махуэшхуэм ирихьэлIэу Уэрдокъуэ Мухьэмэд къыIэрыхьащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 65-рэ зэрырикъум-кIэ къехъуэхъуу къыхуигъэхьа телеграммэр, ар абы щыгуфIыкIат икIи дамыгъэу иIэм я нэхъ лъапIэу къилъытат. Махуэшхуэр дгъэлъэпIэным махуэ бжыгъэ къэнэжауэ, Уэрдокъуэ Мухьэмэд гъатхэпэм и 30-м дунейм ехыжащ.
  • ЦIыхур псэущ абы и цIэр къизыIуэн дунейм тетыху. IэщIагъэ, щIэныгъэ яригъэгъуэту, гъащIэм лъэ быдэкIэ щигъэува ипхъухэм — Хьэлимэт, ФатIимэт (дунейм ехыжащ), ХьэIишэт, Рае, и къуитIым — Заурбэчрэ Уэзырмэсрэ, абыхэм я бынхэмрэ къатепщIыкIыжахэмрэ адэр, адэшхуэр зыпащI щымыIэу къекIуэкIащ, адэкIи абы иригушхуэу я гум илъынущ.
  • Ящыгъупщэркъым адыгэлI уардэр щыпсэуа къуажэм, Бахъсэн районым. Абы и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэхэр щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI Ислъэмей жылэжьым, Бахъсэн щIыналъэм. Хэку зауэшхуэм и ветеран Уэрдокъуэ Мухьэмэд и фэеплъыр ипэжыпIэкIэ мыкIуэдыжынщ, абы и цIэр зэрехьэ щалъхуа, щыпсэуа Ислъэмей къуажэм и зы уэрамым.
  •  УЭРДОКЪУЭ Женя.
  • Апхуэдэт Бэрау зэшхэр
  • Совет Союзу щытам зы унагъуи идгъуэтэну къыщIэкIынкъым 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и нэпкъыжьэ зыжьэхэмыуа. Иджы мы махуэхэм, ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 74-рэ щрикъум ирихьэлIэу, а лъэхъэнэ хьэлъэм яфIэкIуэда нэхъыжьыфIхэр я Iыхьлыхэм ягу къагъэкIыж, абыхэм я фэеплъ нэхум пщIэ хуащI.
  • Къэралыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зэщIэтаджэри, зылI и щIэблэу, бий ерум пэщIэуващ. Ди щхьэхуитыныгъэр ихъумэу, зэрыпхъуакIуэхэм къэмыланджэжу япэщIэтахэм яхэтащ ди анэш Бэраухэ я бын пажэхэу Къэралбий Хьэжумар и къуэмрэ Аслъэнджэрий ХьэкIашэ и къуэмрэ.
  • Къэралбий
  • Къэралбий Псыхуабэ дэт мэкъумэш институтым щIэтIысхьащ, Хьэтуей дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь. 1937 гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэу къуажэм къигъэзэжащ. А илъэс дыдэм дзэм дашащ. Адыгэ щIалэм абы зэфIэкI къыщигъэлъэгъуащ, зауэ хуэIухуэщIэхэм куууэ зыщыхигъэгъуэзащ, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу и къулыкъур щрихьэкIащ.
  • Зыхэхуар гъунапкъэхъумэ дзэхэрати, жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэпэжырт. Абы и щыхьэтщ къулыкъум зэрыщы- Iа илъэсищым къриубыдэу щIыхь тхылъхэр къызэрыратар, фэеплъ тыгъэхэр къызэрыхуащIар, коммунист партым зэрыщыхагъэхьар.
  • Дзэм къыхэкIыжа иужь, Къэралбий Урыху МТС-м и унафэщIым политикэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу лэжьащ. 1941 гъэм Лэскэн райвоенкоматым инструктору ягъэкIуащ икIи зи армэ кIуэгъуэхэр абы щыхуигъэхьэзыращ.
  • ЗэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къыщытеуэм, нэгъуэщIхэми хуэдэу, фронтым ягъэкIуэну куэдрэ щIэлъэIуами, занщIэу яутIыпщакъым, сыту жыпIэмэ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэр къызэзыгъэпэщын хуейхэм ар ящыщти. А Iуэхум езы Къэралбий и зэфIэкI хилъхьащ. Шуудзэр хьэзыр щыхъум, абы хэту 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм фронтым кIуащ. Ар ящыщщ Ростов областым и щIыналъэм, Сталинград и Iэшэлъашэм, Новороссийск деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм хэтахэм.
  • Керчь къалэм щебгъэрыкIуэм, Бэраур уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. И узыншагъэр зэтеувэжа нэужь, Мэзкуу пIалъэ кIэщIкIэ щеджэну ягъэкIуащ икIи лейтенант нэхъыжь хъуауэ абы къикIыжри 194-нэ Речицкэ Бэракъплъыжьзехьэ фочауэ дивизэм и 616-нэ полкым хагъэхьащ.
  • Командир Iэзэм и мызакъуэу, Къэралбий икIи шыщхьэмыгъазэт, зыри япэ иригъэщынутэкъым, зауэлIхэр зэрихъумэным хущIэкъу зэпытт. Абы папщIэ командованэм фIыщIэ къыхуащIырт. Бий ерум дызэрытекIуэнум зы дакъикъи шэч къытрихьэртэкъым. И Iыхьлыхэм къахуитх письмохэм ар быдэу къыщыхигъэщырт.
  • Зауэм и IэнатIэ куэдым лIыгъэм и щапхъэ къыщигъэлъэгъуащ зауэлI хахуэ Бэрау Къэралбий. Абы къыпэкIуэу, командованэм кърита фIыщIэ тхылъхэм ящыщ зым итт езы Къэралбий къылъысу фашист зауэлIу 23-рэ офицеритIрэ зэриукIар.
  • Абы иужьрей письмохэр и адэ-анэм къащыхуитхыжар 1945 гъэм щIышылэм и 21-рщ. Абы итт Вагъуэ Плъыжь орден къызэрыратар, зи чэзу званием зэрыпэплъэр, Германием и щIыналъэм зэрихьар, зэрыпхъуакIуэхэм я гъуэм гъунэгъу зэрахуэхъуар, зауэр иухыным куэд къызэрымынэжар.
  • ТекIуэныгъэм и махуэм IущIэну Къэралбий къыхуиухатэкъым — лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу, ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым щыхэкIуэдащ. Зи псэр зыта щIалэм Хэку зауэ орденым и япэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
  • Бэрау Къэралбий хьэтуейдэсхэм ящыгъупщакъым — 1965 гъэ лъандэрэ къуажэм и зы уэрамым абы и цIэр зэрехьэ.
  •  Аслъэнджэрий
  • Бэрау Аслъэнджэрий Хьэтуейм и щIалэщIэ нэхъ жанхэм ящыщт. Къуажэ школым фIыуэ щеджат, Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакыр къиухат, къигъэзэжа нэужь, зыщIэса еджапIэм и комсомол организацэм и секретару хахати, жэрдэм узыншэхэр къыбгъэдэкIырт, Iуэху щхьэпэхэм я зэхэублакIуэт.
  • Егъэджэныгъэри жылагъуэ лэжьыгъэри зэщIигъэхьэу, унафэщIхэри нэхъыжьхэри къыхуэарэ- зыуэ, гъащIэм хэбакъуэ къудейуэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыдащIылIа зауэм и мурадхэр къызэпиудащ. Езыр щIалэ дыдэрэ щхьэгъуси къимышауэ, гъащIэм гу зэрыщихуа щIагъуи щымыIэу, 1941 гъэм дзэм ираджащ. Зауэ хуэIухуэщIэхэм хурагъаджэри, офицер хъуауэ фронтым ар яшащ.
  • Аслъэнджэрий жэуаплыныгъэ зыпылъ пщэрылъхэр къыщащIырт, и командирхэм дзыхь къыхуащIырт, езыми ар игъэпэжырт, и ныбжьэгъухэм закъыкIэригъэхуртэкъым, нэхъ пашэхэм щапхъэ ятрихырт, и командирхэм я щытхъу къихьырт, и зэфIэкIми, и зэхэщIыкIми зэпымыууэ хигъахъуэрт.
  • Къитх тхыгъэ мащIэхэм щыжиIэрт пэжыр зэрытекIуэнур, зэрыпхъуакIуэхэм ерыщу зэрапэщIэ-тыр, зыхэт частым и зауэлIхэр зэрызэкъуэтым къару къызэрыхилъхьэр, ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ и псэр итыну зэрыхьэзырыр. ИкIи и псалъэхэр игъэпэжащ, къызыхэкIа лъэпкъым и пщIэмрэ нэмысымрэ хуэфащэу фронтым Iутащ.
  • Аслъэнджэрий и иужьрей письмор и Iыхьлыхэм къащыIэрыхьар 1943 гъэм шыщхьэуIум и 8-рщ. Абы къитхырт: «Нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэр къызэмыплъэкIыу Хэкум идохуж, Харьков къалэм дынэсащ, адэкIэ дызэрыкIуэтэнум дыхуопащIэ. Фымыгузавэ, псори тэмэм хъунщ, си тхыгъэм фыпэплъэ».
  • Бэраухэ мыгувэу гуауэшхуэ къалъэIэсащ — Харьков хуит къыщащIыжым Аслъэнджэрий хэкIуэдащ. Зауэ гущIэгъуншэм ди анэшым яIэщIихащ унагъуэ зыухуэну хунэмыса, зи насып къэкIуэгъуэ щIалэ хахуэр.
  • Илъэс 74-рэ хъуауэ ТекIуэныгъэм и махуэр ди къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ. Ар къэблэгъэным щхьэмыгъазэу щIэзэуа ди адэжьхэм, шынэхъыжьхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэщ нобэрей мамыр гъащIэр къытхуэзыхьар, Хэкум къыщхьэщыжынымкIэ, ар хъумэнымкIэ къытщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэщ ахэр.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.
  •  
  • Жыласэ Хьэжджэрий Сталинград ихъумащ
  • Дунейр къызэригъэщIрэ екIуэкIа зауэхэм я нэхъ лъыгъажэ ин дыдэхэм ящхьэщыкIыжащ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ 1943 гъэм мазаем и 2-м пщIондэ Сталинград и деж щекIуэкIар. ЛъэныкъуитIми зэпэщIагъэуват сэлэтрэ офицеру мелуан зырызым щIигъу. Танкыу, топу, кхъухьлъатэу, нэгъуэщI техникэрэ Iэщэу кърашэлIам щIэи-гъуни яIэтэкъым. ЛIэн-къэнэну илъэсрэ ныкъуэкIэ щызэзэуащ ди сэлэтхэмрэ фашистхэмрэ Индыл (Волгэ) псым и Iуфэм. Абы кърикIуащ Европэ псор лъэгущIэт зыщIа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыхэгъэщIэныгъэм и дыджагъыр зыхащIэныр икIи, хэкIуэдахэм къищынэмыщIауэ, цIыху мин 90-м щIигъу, я дзэзешэ фельдмаршал Паулюс я пашэу, гъэру яубыныр. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм къриубыдэу Германиер зэрыщыту япэу зыгъэщыгъуа Iуэхугъуэ иным псэемыблэжу хэтащ си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрии.
  •  
  • ЦIыху гъащIэ хуэдиз мэхъур бэлыхьрэ хьэзабу куэд дыдэ къытхуэзыхьа Хэку зауэшхуэр зэриухрэ. Дауи, жагъуэ зэрыхъущи, абы и мафIэ лыгъейм хэту ди щхьэхуитыныгъэр бий хьэщхьэрыIуэм щызыхъумахэу нобэ къытхэтыжыр зырызщ — дунейм ехыжахэм ахърэт нэхур Алыхьым къарит! Сэри зи гугъу фхуэсщIыну си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрий зэрымыпсэужрэ илъэс 60-м щIигъуащ, ауэ щIэх-щIэхыурэ, ди унэкъуэщхэм къищынэмыщIауэ, зыцIыхуу щыта къэхъундэс куэд фIыкIэ тепсэлъыхьу зэхыдохри гуапэ къытщохъу.
  • Жыласэ Машэ и мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1903 гъэм иралъхуа щIалэ цIыкIур куэд щIауэ зыпэплъэт. Абы Хьэжджэрий фIащащ икIи и жыджэрагъкIэ, акъылкIэ и ныбжьхэм къахэжаныкIыу къэхъуащ. Къэжэпхъын зэрыщIидзэу, Iуэхур сытым дежи щыкуэд унагъуэм щIэгъэкъуэн хуэхъуащ. Псом хуэмыдэу ар хуэгумащIэт и анэкъилъху закъуэ Гуащэгъагъ.
  • И щIалэгъуэр зыхиубыда революцэ нэужь лъэхъэнэ гугъум Хьэжджэрий Iэмал къритакъым еджапIэ щIэтIысхьэу щIэныгъэ зригъэгъуэтыну. Ауэ апхуэдизу абы и нэ къыхуикIырти, езыр-езыруэ алыфбейр зригъэщIащ икIи тхэфу, еджэфу зригъэсащ. Хуабжьу дихьэхырт щэкIуэнми. А зэманым Къэхъуным ихъуреягъкIэ мэзхэр щыкуэдт икIи унагъуэр зыхуеину лыхэкIыр, щIагъуэ къэмынэу, абыхэм къыщищэкIурт.
  • Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям Хьэжджэрий лIыкут, и ныбжьыр илъэс плIыщIым нэблэгъауэ. Унагъуэ хъуэпсэгъуэ зригъэпэщат, щIалитI къыщIэхъуэрт. ЗанщIэу дзэм ираджакъым, и ныбжьымрэ бынитI зэриIэмрэ къалъытэри. АрщхьэкIэ, 1942 гъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу фашист зэрыпхъуакIуэхэр Кавказым гъунэгъу дыдэ къыхуэхъуащ. Iэщэ зыIыгъыфыну псори фронтым ираджэу щIадзащ.
  • …Гъатхэ пасэт. Махуэ псом щхьэкъэIэт имыIэу, цIыхубзхэм, сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм фIэкIа тегъэщIапIэ имыIэу губгъуэм илэжьыхьа Хьэжджэрий пшапэр фIыуэ зэхэуауэщ унэм къыщекIуалIэжар. Ар тIэкIу едзэкъэну етIысэха къудейуэ арат, щIалэ гуэр куэбжэм къыщытеуIуам — фронтым кIуэн хуейуэ повесткэ къыхуахьауэ арат.
  • — Дакъикъэ бжыгъэм хьэблэр къызэхуэсащ, — игу къигъэкIыжырт си адэ Щэлэуат. — Си ныбжьыр илъэситхут зэрыхъур, ауэ нобэми нэгум щIэтщ ар. Къызэхуэсахэм яхэтт зи бын, щхьэгъусэ, дэлъху зауэ губгъуэм итхэр икIи куэдым къащыхъурт мыгувэу ди адэр абыхэм яхуэзэну, я хъыбар яхуиIуэтэфыну.
  • Жэщым кIасэу дыгъуэлъыжами, нэху кIапэ къищIа къудейуэ пщэдджыжьым дыкъызэщIэтэджащ. Ди анэ Лилэ и нэпситIыр къелъэлъэхыу гуэщымкIэ щIэст, зэрымыжеяр наIуэу плъагъуу. Ди адэм щIалитIыр дызэбгъэдишэри, быдэу дызрикъузылIащ икIи си къуэш нэхъыжь Жыраслъэн, зи ныбжьыр илъэс пщыкIущым итым, зыхуигъазэри жриIащ: «Унагъуэм цIыхухъу нэхъыжьу укъыдонэ. Уи шынэхъыщIэмрэ фи анэмрэ яхуэсакъ, сэ бийр зэтедукIэмэ, къэзгъэзэжынщ».
  • Зауэм и гуащIэгъуэ дыдэти, Хьэжджэрий занщIэу фронтым яшащ. Ар яхыхьащ Сталинград псэемыблэжу зыхъумахэм. Абы хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ щакIуэ Iэзэу зэрыщытар икIи зэман кIэщIым къриубыдэу отделенэм и командиру ягъэуващ.
  • Мамыр гъащIэр къытезыкъута фашистыдзэм Жыласэ Хьэжджэрий щысхь имыщIэу хэщIыныгъэ яритырт. Абы и щыхьэтщ «И хахуагъэм папщIэ», «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалхэр къызэрыхуагъэфэщар.
  • Сталинград иужькIи Воронеж, Куйбышев, нэгъуэщI щIыпIэхэми щызэуащ си адэшхуэр. 1944 гъэм уIэгъэ хьэлъэ хъуащ ар. Дзэ госпиталым зыкъомрэ къыщеIэзэри, ныкъуэдыкъуагъ иIэу унэм къигъэзэжащ. Ауэ и Iэ ижьыр щIагъуэу къызэрыдэмыбзыжри, контузием иджыри зэриIыгъри къызыхыхьэжахэм къафIэIуэхущэтэкъым — гуфIэгъуэшхуэт, псэууэ къигъэзэжати.
  • — А махуэр зэи сигу икIыжынкъым, — жиIэрт си адэм. – Ди адэр щыдэкIам хуэдэу пщIантIэ хуитым цIыхур зэуэ дэз хъуат. Хэти гуфIэрт, хэти гъырт. ГуфIэхэт, зауэм псэууэ къикIыжа си адэм щхьэкIэ. Гъыхэрт, хэкIуэда е хъыбарыншэ хъуа я Iыхлыхэр ягу илъти.
  • Хьэжджэрий къэсыжри, зы махуи зрамыгъэгъэпсэхужу, лIыжьхэр къелъэIури, Къэхъун къуажэ Советым и тхьэмадэу ягъэуващ. Ар жэуаплыныгъэ ин зыпылъ дзыхьышхуэт. И уIэгъэхэм иджыри къамыутIыпщами, лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыувэжащ. Зэман хьэлъэмрэ гугъуехьымрэ ираудыха цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэтырт, ахэр зэгуригъаIуэрт, адрейхэми хуэдэу, жэщи махуи губгъуэм итт, фронтым Iутхэр зыхуеину ерыскъыхэкIхэр къилэжьу.
  • ПщIэрэ щIыхьрэ иIэу Хьэжджэрий а IэнатIэр ныкъусаныгъэншэу ирихьэкIащ зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэ нэхъ гугъу дыдэхэм (1945 — 1947 гъэхэм). Абы къыхэкIыу «Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм иIа гуащIэдэкI лэжьыгъэм папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ.
  • ИужькIи щIыпIэ колхозым и бжьэхэр игъэхъуу, хузэфIэкI жылэм дищIыхьыу, чэнджэщ хуэныкъуэхэр къыхуэкIуэрейуэ псэуащ. АрщхьэкIэ зауэм къыхиха фэбжьым куэд иригъэхьакъым — и ныбжьыр илъэс 55-ми нэмысауэ дунейм ехыжащ.
  •  И хъыбарыфI зэхэсхыжа фIэкIа си адэшхуэ Жыласэ Хьэжджэрий сэ зэи слъэгъуакъым — сыкъыщалъхуар ар дунейм ехыжри илъэсищ дэкIа иужькIэщ. Абы лъандэрэ куэд щIами, нэхъыжьыфIым и фэеплъ нэхур нобэми къытщхьэщытщ. Ар зэрыдмыгъэпудыным, хуэфащэу дунейм дызэрытетыным и щIэблэри дыхущокъу.
  • Жыласэ Заурбэч,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист.
  •  
  • Хэкум папщIэ зи псэр зытахэр
  • Зы унагъуи щыIакъым зауэр Iэ щIыIэкIэ зыхэмыIэба, уеблэмэ цIыхухъуу исыр щыхэкIуэдар куэдщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Истэпан лъэпкъым щыщу «Фэеплъ тхылъым» ит цIыхухъуибгъур унагъуищым я щIалэхэт: Истэпан Мэрем и бынищ — Мухьэмэд, Сэхьид, Iэмин, ПщыIэпщокъуэ и къуэхэу — Барэ, Нащхъуэ, Зэбит, Сафудин, Мухьэрбий и щIалитI — Хьэжсуфрэ МэчрэIилрэ хэкIуэдащ.
  • Истэпан Iэмин

    КъызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ унагъуэ дахэу псэурт Мэремрэ Гуазизэрэ. Я бынхэр ягъэсат лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу, цIыху хьэлэлу, къуажэми пщIэ къыщыхуащIырт. Зауэр къэмыхъей щIыкIэ я щIалищми къра-

  • гъэшэну хунэсат зэщхьэгъусэхэр, псори, а зэманым хабзэу зэрыщытам тету, зы пщIантIэм дэст зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу. Бын нэхъыжьым, Мухьэмэд, пхъуитI (Зулижан- рэ СэIихьэтрэ), Сэхьид пхъуищ (Сютэ, Риммэ, Женэ), Iэмин зы къуэ (ДжэбрэIил) яIащ. Iэмин си адэшхуэщ, си адэм и закъуэщ щIалэу зэкъуэшищми къащIэнар, нобэр къыздэсми и адэ къуэш бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэ пщIэ къы- хуащIу, я гулъытэ ща- мыгъащIэу къогъуэгурыкIуэ.
  • Мухьэмэд зы зэманкIэ къуажэ Советым и унафэщIу щытат, сыт хуэдэ Iуэху жылэм къыщаIэтми жыджэру хэтт. Зауэм дашакъым ар, партым и райкомым унафэ ищIащ коммунист щIалэр къуажэм къыдэнэу тIасхъэщIэх гуп къызэригъэпэщыну. ХьэщIэлI Мухьэмэдрэ абырэ яхузэфIэкIат нэмыцэхэр къыдэмыхьэ щIыкIэ апхуэдэ гуп зэщIагъэуIуэну. Зы махуэ гуэрым шхын яхуихьыну къуажэм къэкIуэжауэ, бзэгу яхьри нэмыцэхэм ирагъэ-убыдащ Мухьэмэд. Налшык яшэри цIыху 600-м яхэту яукIауэ щытащ. И шырыкъуитIымкIэ хьэдэр зейр къищIэри, Старэ Лэскэн щыщ ХьэщIэ ХьэзрэIил ар и унагъуэм къахуишэжат, къуажэкхъэми щыщIалъхьэжащ. 1965 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Истэпан Мухьэмэд зэрылIам хуэдэу къыхуагъэфэщащ «И хахуагъэм папщIэ» медалыр.
  • Истэпан Мухьэмэдрэ ХьэщIэлI Мухьэмэдрэ

    ЩIалэ нэхъыжьыр зэраукIрэ мазищ нэхъ дэмыкIыу, Мэрем и унагъуэм къыIэрыхьащ Iэмин и щхьэкIуэ тхылъыр, ар хъыбарыншэу кIуэдат. Сытыт ящIэжынур зи ныбжьыр хэкIуэта зэщхьэгъусэхэм — я бгыр щIакъузэу зеиншэу къэна сабиищыр япIынырт, къахуэна щIалэ закъуэм пэплъэнырт. АрщхьэкIэ иухатэкъым Сэхьиди къигъэзэжыну. «Фэеплъ тхылъым» абы теухуауэ итыр сатыритIщ: «Лэскэн район военкоматым 1941 гъэм советыдзэм ириджащ. Сэлэтщ. 1945 гъэм яукIащ». И кхъащхьэр здэщыIэр наIуэкъым.

  • Си анэшхуэмрэ Iэминрэ мазиплI фIэкIа зэдэпсэуакъым, абыхэм я унагъуэ насыпыр зауэм къызэпиудащ. Арат иухар: щIалэ цIыкIум зэи и адэр илъагъунутэкъым, и къуэ закъуэр и гурыфIыгъуэрэ абы теубгъуауэ си анэшхуэм и гъащIэр ихьы- нут.
  • 1941-1945 гъэхэм лIыгъэ зезыхьар зэуапIэм Iута-хэм я закъуэкъым. И анэм и закъуэ пэтми, си анэшхуэр илъэс зыбжанэкIэ дэсащ Истэпанхэ я пщIантIэм. И анэм деж къыщигъэзэжами, папэ къыздишэжакъым зи къуищ зауэм хэкIуэда и гуащэм и гуа-уэр тIуащIэ-щащIэ щимыщIын щхьэкIэ. Ин къэхъуу къыгурыIуэ хъуа иужьщ папэ и анэм деж къыщыкIуэжар.
  • Истэпан Сэхьид

    Сэ зэи сщыгъупщэркъым си анэшхуэм жиIэу щытар икIи согупсыс: «Ярэби, Нало Ахьмэдхъан и «Псыхьэ нанэ» Iуэтэжым лъабжьэ хуэхъуар мы нанэр армырауэ пIэрэт?» Зы жэщ гъуэлъыжыртэкъым, жиIэрт, си гуащэр щIакхъуэ имыгъэжьауэ. «ЗыгуэркIэ щIалэхэр къэкIуэжрэ щIакхъуэ щIэмылъмэ-щэ?» — жиIэрти. Мис апхуэдэу псэуху ежьащ «хъыбарыншэу кIуэдащ» псалъэ жагъуэхэр къыщIыхуагъэхьа Iэмини, щыщIалъхьэжар ямыщIэ Сэхьиди.

  • Зауэм игъэгуIа унагъуэ мин бжыгъэхэм ящыщ зыуэ аращ Истэпан Мэремрэ Гуазизэрэ я унагъуэр. Зи бын зыфIэмыкIуэдарэ зи сабий зеин-шэу къэмынарэ мащIэт. Апхуэдэ гузэвэгъуэм пэIэщIэ Тхьэм дищI.
  •  
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  • ЗауэлI хахуэ Бицу ТIатI
  •  1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр ди къэралым и тхыдэм зэи хэмыгъуэщэжын напэкIуэцIу къыхэнащ. Совет цIыху мелуан 27-м щIигъу зыхэкIуэда зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэ Иныр дэ дапщэщи дгъэлъэпIэнущ, а мафIае лъэхъэнэм хиубыдахэм, фронтым Iутахэм, къэрал щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм я цIэхэр дигу къэдгъэкIыжу, зэрахьа лIыгъэмрэ я фэеплъ нэхухэмрэ тщымыгъупщэу.
  • Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр адыгэ жылэм и мащIэкъым яхэлъа хахуагъэрэ лIыгъэкIэ зи цIэхэр жыжьэ Iуа цIыхухэр. Абыхэм ящыщщ Бицу ТIатI Андулыхь и къуэр. Ар 1900 гъэм къалъхуащ. Совет властыр щIыпIэм щагъэува нэужь, ТIатI жылэм дэт школым щIэсащ. Ар ящыщащ къуажэм щызэхэт комсомол ячейкэм жыджэру хэта щIалэгъуалэм. Аушыджэр щызэхыхьа колхозым папщIэ къэралым трактор къаритыну щыжаIэм, а IэщIагъэм хуегъэджэн хуейуэ къалъытар Бицуращ. Трактористхэр щагъэхьэзыр курсхэр Ленин и цIэр зезыхьэу Налшык дэта еджапIэ къалэ цIыкIум ехъулIэныгъэкIэ къыщиухри, Бицу ТIатI — Аушыджэрым и япэ тракторист щIалэм — 1926 гъэм жылэм къигъэзэжат «Фордзон» «гъущIышым» тесу. Ар къуажэпсо гуфIэгъуэшхуэт.
  • Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям щыгъуэ, коммунист Бицу ТIатI, зэрихабзэу, яхыхьащ лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу бийм япэщIэувахэм. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и 316-нэ шу полкым хэту ТIатI щызэуащ Тэн Iус Ростов и Iэшэлъашэхэм. БжыгъэкIэ нэхъыбэ хъу, я Iэщэ-фащэкIи нэхъ лъэщ бийм щхьэмыгъазэу пэщIэтащ 115-нэ шу дивизэр.
  • 1942 гъэм и гъэмахуэр екIуэкIырт. Бадзэуэгъуэм и кIэм ирихьэлIэу нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яубыдакIэт Несмеянкэ, Новосёловкэ, Лысый Курган щIыпIэхэр, Крепянкэ къутырыр. Сержант нэхъыжь Бицур зыхэт шу гупым зэгуэрым къа- лэн къыщащIат жэщу Большая Мартыновкэ нэсу Малая Орловкэ деж бийм щызэхуишэса фочауэ моторотэхэр зэхакъутэу, дивизэм иригъэкIуэкI ебгъэрыкIуэныгъэм иужькIэ хыхьэжыну. Бийри набдзэгубдзаплъэти, шухэм пасэу гу къалъитащ икIи шэ «пщтырыр» къатригъэлъалъэу хуежьащ.
  • Бадзэуэгъуэм и 26 — 28- хэм щIыпIэм щекIуэкIащ зэзауэ гуащIэхэр. Батлаевскэ станицэри къэзыщта 24-нэ нэмыцэ танк дивизэр адэкIэ кIуэцIрыкIащ икIи Сал псым зэпрыкIри, Большая Мартыновкэ удын хьэлъэ иридзащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэри нэхъ хьэлэчыжт а щIыпIэм щызауэ ди шууейхэмкIэ. Абыхэм зыщагъэбыда Большая Мартыновкэ ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхуэкIуэрт танк 20-м щIигъу, ипщэ-къухьэпIэмкIэ «къипщырт» нэмыцэ танкыу 10-м щIигъу. Абыхэм я щIыбагъ къыдэт бий зауэлIхэр ерыщу къыхуэ-кIуэрт километритIкIэ фIэкIа япэмыжыжьэж 316-нэ шу полкым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, ди сэлэтхэр ирахулIащ псым, кIуапIи жапIи ямыIэжу, арщхьэкIэ хахуагъэрэ лIыгъэкIэ зыми хуэмыдэж а зауэлIхэр къикIуэтакъым икIи я псэр пытыху бийм пэщIэтащ.
  • Большая Мартыновкэ деж зи гъащIэр щызытахэм яхэтащ сержант нэхъыжь коммунист Бицу ТIатIи. Хэ-ту пIэрэ ар зэгупсысар иужьрей дакъикъэм? Дунейм къытезыгъэхьа и адэ-анэра, хьэмэрэ гу зыщимыхуа и щхьэгъусэ цIыкIура, е и щIалэ закъуэрауэ пIэрэ?
  • ЗауэлI хахуэм и фэеплъ нэхур яхъумэ абы къыщIэ-на и унагъуэм. Абы и щхьэгъусэ Гуащэуэс цIыху нэсу къигъэхъуащ я къуэ закъуэ Мухьэмэд. Адэшхуэм теухуа лIыхъужь хъыбархэм фIыуэ щыгъуазэщ Мухьэмэд и бынхэу ФатIимэ, Жаннэ, Iэхьед сымэ. ТекIуэныгъэм и махуэм къызэрагъэпэщ хабзэ фэеплъ пэкIум — Уахътыншэ полкым — хэтщ Iэхьед и бынхэу Каринэ, Заур, Iэдэм сымэ, я адэшхуэм и адэ Бицу ТIатI и сурэтышхуэр лъагэу Iэтауэ яIыгъыу. Апхуэдэ лIыхъужьхэр, хэкупсэхэр зи щапхъэ щIэблэр Хэкум, лъэпкъым яхуэфащэу къызэрытэджым шэч хэлъкъым.
  •  

    Большая Мартыновка. Сыбдеж щIэлъщ Бицу ТIатI и хьэдэр

  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  •  
  • Адэшхуэм и щапхъэ
  • ТекIуэныгъэр мы гъэм илъэс 74-рэ ирокъу, ауэ а зауэм лъэпкъым къытридза дыркъуэр нобэми кIыжакъым. Дэтхэнэ зыми и гум щехъумэ и адэшхуэм, и адэшхуэм и адэм а зауэм щызэрихьа лIыгъэм теухуауэ хъыбархэр.
  • Ди адэшхуэ Жыращ Михаил зауэм и кIыхьагъкIэ хэтащ. Дадэ псэуху, Накъыгъэм и 9-р махуэшхуэу щыIэм я нэхъ лъа-пIэ дыдэу къилъытэрти, зэрыунагъуэу дызэхуэсыжырти дызэбгъэдэст. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адэшхуэр къытхэтыжкъым, ауэ унагъуэм хабзэ дахэу къытхуэ- на махуэшхуэр, зэи блэдмыгъэкIыу, догъэлъапIэ.
  • И ныбжьэгъухэм зэрахьа лIыгъэм, хахуагъэм е дыхьэшхэну къащыщIахэм я гугъу ищIырт, ауэ езым и нэгу щIэкIам тепсэлъыхьыртэкъым ар зэи. Дадэ и къуэхэм ящыщ зы еупщIат абы зэгуэр, зауэм нэмыцэ дапщэ щыбукIами щхьэ зэи и гугъу умыщIрэ, жиIэри. «ПщIэрэ, — жиIащ дадэ. — Сы сэлэтт, си хэкур схъумэн хуейуэ си къалэнти, схъумащ. Дэтхэнэ зы сэлэт-ми хуэдэу, нэмыцэ сукIащ. ЦIыху сукIащ. Абы сытепсэлъыхьыну гукъыдэж хузиIэкъым».
  • Зауэм хэтахэр псэлъэгъуей мэхъу, кIуэцIкIэ ягъэвыр, я нэгум къищми. Абыхэм лIыгъэу зэрахьам щыхьэт тохъуэ я щIы-фэм телъ дыркъуэхэр, медалхэр, орденхэр. Псэлъэн зи фIэмыфI ди дадэ «и лъагъуэм» дэ дрикIуэну яужь дихьэри, тIэкIу-тIэкIуурэ дэфтэр хъумапIэхэм къыщыдгъуэтыжа тхыгъэхэр щызэIутщэм, мыр къэтхутащ…
  • Ди адэшхуэ Жыращ Михаил Ерокъуэ къуажэм щыщ мэкъумэшыщIэ унагъуэшхуэм къыщалъхуащ. Зэрыбыным я нэхъыжьт Михаили, нэхъыщIэхэм якIэлъыплъу, адэ-анэм ядэIэпыкъуу къэтэджати, пасэу гъащIэм балигъ ищIат.
  • Ерокъуэ дэт курыт еджапIэм 1939 гъэм щригъаджэу, езыри Налшык пединститутым и 4-нэ курсым щIэсу, Михаил советыдзэм къулыкъу щищIэну ираджащ. Лъэсыдзэм хэту Хэку зауэшхуэр къэхъейри, илъэс 21-рэ фIэкIа мыхъу ди адэшхуэр фронтым ягъэкIуащ 194-нэ фочауэ дивизэм и 808-нэ пулемёт ротэм и унафэщIу. Абы къыгурыIуэрт къалэнышхуэ и пщэ къызэрыдэхуар икIи, и ныбжькIэ щIалэ дыдэми, унафэщI Iущу, хахуэу, ныбжьэгъу пэжу зыкъигъэлъэгъуащ. 1941 гъэм шыщхьэуIу мазэу дадэ уIэгъэ хъуат. Сымаджэщым къыщIэкIыжа нэужь ар 47-нэ дзэм и 18-нэ лъэсыдзэм и пулемёт ротэм и унафэщIу ягъакIуэ. Илъэс нэхъ дэмыкIыу, Ермэлыхьэблэ (Армавир) деж Михаил и лъакъуэр уIэгъэ хьэлъэ мэхъу. Зэрызигъэхъужу пулемёт батальоным и унафэщIу егъэзэж. Иджыри зы илъэс дэкIри, 1943 гъэм, накъыгъэ мазэу, дадэ фэбжьышхуэ игъуэтащ.
  • Дэфтэрхэм итщ мыпхуэдэу: «Краснодар крайм щыIэ Кавказ-Ищхъэрэ фронтым и 56-нэ дзэм капитан Жыращ Михаил зи унафэщI 3-нэ батальоныр 1943 гъэм накъыгъэм и 15-м бийм ебгъэрыкIуэри, советыдзэм и гъуэгур игъэкъэбзауэ щытащ. Бийм и хэщIапIэм епщылIэри, Жыращым и гупым къигъэуащ танкым зэреуэ пулемёти 9-рэ автоматгъауэ 18-рэ. А зэхэуэм Жыращым фэбжь хьэлъэ щигъуэтри, зимыщIэжу Орджоникидзе щыIэ дзэ сымаджэщым икIэщIыпIэкIэ нагъэсауэ щытащ».
  • КъызэрыщIэкIамкIэ, лагъым къэуам щIыр къриудри, дадэ щIиIубауэ арат. И лъэтхьэмпэм щыщ мащIэ тIэкIу щIым къыхэщу сэлэтхэм къалъагъури, я командирыр къыщIатIыкIыжащ. Фэбжь хэзыха ди адэшхуэр зауэ губгъуэм ирагъэхьэжакъым абы иужькIэ, ауэ и акъылыр жанти, Днепропетровск дзэ комиссариатым и Красногвардейскэ къудамэхэм ящыщ зым и унафэщIу ягъэкIуащ 1943 гъэм фокIадэ мазэм. 1944 гъэм щIышылэ мазэм щыщIэдзауэ 1945 гъэм и гъатхэпэ хъуху Жыращыр и унафэщIу щытащ Ворошилов областым и Успенскэ дзэ комиссариатым и 1-нэ частым, иужькIэ 1946 гъэм и мазае мазэ хъуху Сумскэ областым и Мирополь-скэ дзэ комиссариатым и 1-нэ частым и унафэщIу щытащ. И ныбжьыр нэсри, дадэ запасым ягъэкIуащ икIи 2000 гъэм, УФ-м и Дзэ судым и унафэкIэ майор цIэр къыфIащащ.
  • Жыращ Михаил зауэ нэужьым и IэнатIэ пэрыувэжри, егъэджакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэу лэжьащ. ЩIалэщIэр физикэмкIэ егъэджакIуэу, Старэ Шэрэдж дэт курыт еджапIэм егъэджэныгъэмкIэ унафэщIу къащтащ, къуажэм къызэригъэзэжу. ГъащIэм пызыщэжа Жыращым и фэбжьым зыкърагъащIэ щыхъум, дохутырхэм я чэнджэщкIэ Азие Курытым кIуащ, Iэпкълъэпкъыр хуабэ хуэныкъуэти. Абы Жыращыр илъэс 20-кIэ щыпсэуащ, щылэжьащ. ЕгъэджакIуэ — курыт еджапIэм и унафэщI — РайОНО-м и лэжьакIуэ гъуэгуанэм щрикIуари а щIыналъэращ.
  • Щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжа нэужь «Ерокъуэ» совхозым бригадиру щылэ-жьащ, пщIэ зыхуащI, чэнджэщакIуэ къызыхуэкIуэ цIыхуу псэуащ.
  • УнагъуэлI щыпкъэм и щапхъэт ди дадэ. Ди анэшхуэ Хуэмейрэ абырэ гъащIэ кIыхь, дахэ къызэдагъэщIащ, быныфI ягъэсащ.
  • Дадэ и фэеплъу дыхэтынущ мы гъэм зэхашэну «Полк уахътыншэм». Дропагэ ди адэшхуэм зэрихьа лIыгъэм, хэлъа цIыхугъэм, къызэринэкIа цIэ лъапIэм. Ди япэ ита, зи гъащIэр нобэрей махуэм тыхь хуэзыщIахэр дигу идгъэху хъунукъым, абыхэм дахуэфащэмэ, ялэжьари пщIэншэу кIуэдынукъым.
  • Жыращ Михаил и къуэрылъху-пхъурылъхухэр.
  •  
  • КIыщокъуэ Алим
  • Бгы уардэ
  • Сыт хуэдэ гуауэ дыхуэзами,
  • Техуащ ар ди гум, ар тшэчащ.
  • ДищIакъым гухэ дэ гугъуехьым,
  • Дыщымыгугъыуи тпэщылъ фIыгъуэм
  • Щытчакъым лъапэ ди гъуэгу кIыхьым,
  • Ди пщIантIэм шууэ щепсыхауэ
  • ТекIуэныгъэшхуэм дрогуфIэ —
  • Ар хьэщIэу икIи дымыцIыхуу,
  • Дэ дыпэмыплъэу къытхуэкIуакъым.
  • Пщыхьэщхьэм дежми е жэщ кIыфIми
  • А дыгъэ ину къыщIэкIынум
  • ДыпэкIуэрт, тлъагъуу пшэплъ къищIар.
  • Дэгъэзеигъуэу, гъуэгу мывалъэу
  • А дыгъэм хуэкIуэм дэ дытетт,
  • Борэн къэхъуами, увыIэпIэ
  • ДимыIэу дыкIуэрт, демызэшт.
  • Абдеж дэ гъусэ къытхуэхъуахэм
  • «Ди къуэшкIэ» деджэрт, зыхэтшау.
  • Гъуэжькуийм уэсыбгыр къигъэщащэу,
  • Дэ тщыщ щыхупIэм ехуэхами,
  • Къэнар мыувыIэу адкIэ кIуэрт.
  • Бгы лъагъуэм мафIэр къыщIэнау,
  • КъэткIуам и бжыгъэр лъыкIэ дбжырт,
  • ТкIун хуейм и мардэу дэ хуэтщIар
  • Бгы щыгу дихьэнырт, мынэгъуэщIт.
  • ТкIуащ гъуэгури. Зауэр дэ духащ.
  • Ди анэжьхэм, цIыкIухэм, дэ ди шыпхъухэм
  • Гуауаем гущтэ ныхахами,
  • Дэ насыпышхуэр къахуэтхьащи,
  • Егъагъыр нобэ а гуфIэгъуэм —
  • Ар текIуэныгъэм и нур лъапIэр,
  • ГуфIэгъуэ нэпсым ныхопщIыпщIэ.
  • Дэ тщыщу псэууэ хэт къэнами,
  • ДэкIахэр и фэм еIуэтэж.
  • ТекIуэныгъэшхуэр зылъэгъуами
  • И гъащIэр кIыхькъэ, щIалэу щытми.
  • Дэ гъуэгу къэткIуахэр къигъэлъагъуэу
  • Зи кхъащхьэ щыгум къытеднам
  • И щIыхь ди щIэблэм илъытэнщ.
  • Бгы лъагэ уардэм дитщ и щыгум,
  • Фоч плъа тIэщIэлъыр мэупщIыIужыр.
  • Ди пьедесталу а лъагапIэр
  • КъэкIуэн лIэщIыгъуэм щытхуэфащэщ.