Къэжэр Хъусен: ЩIыналъэм и жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэпIэзэрыт хъуным гулъытэ хэха худощI
2019-04-04
- Къэжэр Хъусен Хьэмид и къуэр «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу КъБР-м и Парламентым и депутатщ, Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIщ.
- Къэжэрыр Тэрч районым хыхьэ Борыкъуей къуажэм къыщалъхуащ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и дохутырщ.
- 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ ар Тэрч район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм поликлиникэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу щытащ, 1996 гъэм ягъэуващ Тэрч районым и сымаджэщ нэхъыщхьэм и дохутыр нэхъыщхьэу. 2012 гъэм къыщыщIэдзауэ Республикэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэщ, 2015 — 2016 гъэхэм КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщIым и къуэдзэщ.
- Къэжэр Хъусен КъБР-м и Парламентым и ещанэ хэхыгъуэм (2003 — 2009 гъэ-хэм) и депутату щытащ, мы зэманми етхуанэ хэхыгъуэм хэтщ.
- — Хъусен, КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ ирикъуащ. А пIалъэм къриубыдэу абы сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэтауэ къэплъытэрэ?
- — 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм — КъБР-м и Парламентым — и япэ хэхыныгъэхэр екIуэкIащ. А илъэсхэм жылагъуэ-политикэ, экономикэ Iуэхухэр гугъуу щытами, къэралым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэщIэхэм — Хабзэр и тегъэщIапIэу жылагъуэр ухуэным — Къэбэрдей-Балъкъэрри зэрыдекIуным хуэхьэзырт.
- КъБР-м и Парламентым и япэ, етIуанэ хэхыгъуэхэр палатитIу гуэшауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щIынырт, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я еплъыкIэр абдеж нэхъ наIуэу къыщагъэлъэгъуэну Iэмал яIэн хуэдэу. Къапщтэмэ, япэ, етIуанэ хэхыгъуэхэм хэта депутатхэм икъукIэ гулъытэшхуэ хуащIащ республикэм и закон нэхъыщхьэхэр гъэбелджылыным.
- Зы палатэ хъу ещанэ хэхыгъуэр (2003-2009 гъгъ.) яубзыхуащ 2003 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м. Хэхыныгъэхэм пхыкIа партхэр 3 хъурт. Къэбгъэлъагъуэмэ, КъБР-м и Парламентым и ещанэ хэхыгъуэр депутати 110-рэ хъууэ щытащ, 22-р — зэпымыууэ лажьэу.
- АдэкIэ 2009 гъэм къыщыщIэдзауэ 2014 гъэ пщIондэ щыIащ КъБР-м и Парламентым и еплIанэ хэхыгъуэр.
- Мы зэманым КъБР-м и Парламентым и етхуанэ хэхыгъуэр мэлажьэри, абы хэтщ «Урысей зэкъуэт», «КПРФ», «Захуагъэ здэщыIэ Урысей», «ЛДПР» политикэ партхэр, «ЩхъуантIэхэр» гупри къахэхъуащ.
- Си гугъэмкIэ, иужьрей хэхыгъуищым депутатхэр нэхъыбэу дызыхущIэкъуар республикэм къару щызиIэ законхэм я фIагъым хэгъэхъуэнымрэ ахэр федеральнэ законодательствэм къыщхьэщымыкIынымрэщ.
- — УзиунафэщI комитетым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат. Социальнэ Iуэхумрэ узыншагъэр хъумэнымрэ ехьэлIауэ КъБР-м и Парламентым иужьрейуэ сыт хуэдэ законхэр къищта?
- — КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым хэт депутатхэр нэхъыбэ мэхъу, адрей комитетхэм епплъытмэ. Ахэр республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щолажьэ. Яхэтщ дохутырхэри, егъэджакIуэхэри, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ IэщIагъэлIхэри, нэгъуэщIхэри. ЖысIэнуращи, зыхэт Iуэхум фIыуэ хащIыкI. Дауи, зы сыхьэтым гугъуехь псори къытхузэнэкIынукъым, ауэ абы дыхущIокъу.
- Ди комитетыр нэхъыбэу зэлэжьыр ныкъуэдыкъуэхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм, сабий зеиншэхэм я хуитыныгъэхэр зэрытхъумэнырщ, ахэр зыхуэныкъуэхэм щIыналъэ унафэщIхэм гу лъедгъэтэнырщ. Къапщтэмэ, а Iуэхухэм ехьэлIауэ КъБР-м и Парламентым иужьрей зэманым хузэфIэкIар мащIэкъым.
- 2018 гъэм депутатхэм зэдэарэзыуэ къащтащ «Пенсэм социальнэ ахъшэ дыщIыгъун папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм пенсэм щыс и цIыхур 2018 гъэм ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум хэгъэхъуэным теухуауэ» КъБР-м и Законыр. АбыкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы япэу щIигъэбыдащ пенсэм щыс цIыхур ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр УФ-м и федеральнэ законым щагъэбелджылам хуэдизу ягъэувыныр. Федеральнэ бюджетым и проектым а бжыгъэр къыщыгъэлъэгъуащ 2018 гъэм — сом 8703-уэ, 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ — сом 8846-рэ. Абы къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу, пенсэм щыс и цIыхуми ирипсэун щхьэкIэ апхуэдиз къихьынущ.
- Лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэм я гугъу пщIымэ, Iэмал имыIэу къыхэгъэщын хуейуэ къызолъытэ 2018 гъэм къэтщта нэгъуэщI законитIыр: «Республикэ къэрал IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IэнатIэм епхауэ щыIэн хуей социальнэ зэдэIэпыкъукIэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и Iыхьэ 13, 17-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» жыхуиIэхэр.
- КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэным ехьэлIауэ мардэхэр щигъэуву КъБР-м и Парламентым къищтащ «ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр къызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законыр.
- КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр ди гъусэу, гулъытэ хэха худощI «IэнатIэ зимыIэ цIыху щхьэхуэхэм лэжьыгъэ къахуэгъуэтыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэрым и Хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектми. Абы ипкъ иткIэ дыхущIокъу ныкъуэдыкъуэхэр лэжьапIэ къызэращтэ квотэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэредгъэщIыным.
- Иджыблагъэ, гъатхэпэм и 29-м, ди комитетым и жэрдэмкIэ едгъэкIуэкIа «стIол хъурейм» дыщытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым бын зыпI унагъуэхэм зэрыщызыщIагъакъуэ Iэмалхэм. А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым, КъБКъАУ-м и студент самоуправленэм я лIыкIуэхэр. Къызэхуэсахэм къаIэтащ унагъуэщIэхэм къэралыр зэрадэIэпыкъум, сабий зиIэ унагъуэхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщым, студентхэм ахъшэкIэ зэрызыщIагъакъуэм епха Iуэхухэр.
- — Хъусен, уи IэщIагъэкIэ езыр удохутырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и щытыкIэм арэзы укъищIрэ? Депутатхэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIрэ ар ефIэкIуэным теухуауэ?
- — Иужьрей илъэсхэм республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм фIагъ лъагэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэ нэхъыбэ яхуэщIэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, си гугъэмкIэ, щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и зэфIэкIхэм хигъэхъуащ. Нэхъ и пэкIэ апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтын щхьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр нэгъуэщI щIыналъэхэм кIуэн хуей хъууэ щытамэ, нобэ операцэ нэхъ хьэлъэхэм ящыщ куэд ехъулIэныгъэ яIэу мыбдеж щызэфIагъэкI.
- Лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI ди медицинэ IуэхущIапIэхэр Iэмэпсымэ нэхъыфI дыдэхэмкIэ, нэхъ лъапIэхэмкIэ къызэрагъэпэщын и лъэныкъуэкIи. Псалъэм папщIэ, абыкIэ щапхъэу къызолъытэ Налшык къалэм къыщыщызэIуаха Перинатальнэ центрыр. Абы и ухуэныгъэр пIалъэкIэ къызэтеувыIэу зы зэман гугъуехьхэм хэтами, республикэ унафэщIхэм яхузэфIэкIащ ар ди щIыналъэм къыщызэIуахыну.
- КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ зэIущIэ зэIухахэр щIэх-щIэхыурэ идогъэкIуэкI, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэрызиужьа хъуну щIыкIэм, IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм зэрыхагъэхъуэнум, нэгъуэщI куэдми дыщытепсэлъыхьу. Депутатхэр йоблагъэ КъБКъУ-м и медицинэ колледжым, «Призвание» еджапIэм, КъБКъУ-м симуляционнэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ еджапIэхэмрэ. «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, КъБР-м и Парламентым дыщытопсэлъыхь Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм анэмрэ сабиймрэ я узыншагъэр хъума зэрыщыхъум. Апхуэдэ зэIущIэхэм гулъытэ щахудощI уэндэгъухэмрэ балигъ ныбжьым нэмысахэмрэ медицинэ хуэIухуэщIэ зэрагъуэтым, «Анэмрэ сабиймрэ я узыншагъэр хъумэным и IуэхукIэ» программэ гуэдзэн къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэм текIуэдэну ахъшэр зэрыхухахым, медицинэ лэжьакIуэхэм я Iэзагъым зэрыхагъахъуэм, поликлиникэхэмрэ сабий сымаджэщхэмрэ зыхуейкIэ къызэрызэрагъэпэщым, нэгъуэщIхэми.
- ВИЧ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыщыпэщIэтыну лэжьыгъэм ахъшэ нэхъыбэ хухэхын хуейуэ депутатхэм къэтIэта IуэхумкIэ арэзы дыкъищIащ КъБР-м и Правительствэм.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетыр ди гъусэу делэжьащ курыт еджапIэхэм щIэсхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуа Iуэхухэм.
- Къыхэгъэщын хуейуэ къыщIэкIынщ, КъБР-м и Парламентым УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм зэрызыхуигъэзари. Ар теухуат федеральнэ бюджетым къыхэкIыу хущхъуэхэр зыхухах узыфэ щхьэхуэхэм куэдрэ узримыхьэлIэ (орфан) узыфэхэри зэрыхагъэхьэным. Апхуэдэу, 2019 гъэм къару игъуэтащ къэралым сымаджэхэм хущхъуэ уасэншэу щIарит узыфэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэращIым. Абы ипкъ иткIэ, куэдрэ узыхуэмызэ узыфэ лIэужьыгъуитхум ящыщ зиIэхэр иджы пщIэншэу хущхъуэкIэ къызэрагъэпэщынущ.
- — ХэхакIуэхэм дауэ фадэлажьэрэ? Сыт хуэдэ гукъеуэкIэ зыкъыфхуагъазэрэ?
- — Сэ сызэреплъымкIэ, депутатым и лэжьыгъэм нэхъ гугъур, абы щыгъуэми, мыхьэнэ нэхъ ин зиIэр цIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэ Iуэхур зэхигъэкIынырщ. Дэтхэнэми и дзыхь къуигъэзу къыббгъэдохьэ икIи къызэрыпщыгугъ Iуэхур жэуаплыныгъэ пхэлъу зэфIэпхын хуейщ. Ди комитетым и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытеухуар социальнэ Iуэхухэращи, цIыхухэр щIоупщIэ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыIэ медицинэ центрхэм зэрыкIуэн квотэ къызэрыдахынум, пщIэншэу хущхъуэ зратым хэхуэн щхьэкIэ ищIэн хуейм, ныкъуэдыкъуэм и тхылъыр къызэрыдахынум, нэгъуэщI куэдми. Зыкъытхуагъазэ, гугъуехь зэрыхэхуам къыхэкIыу, республикэр ахъшэкIэ абыхэм зэрызащIигъэкъуэфыну щIыкIэм теухуауи.
- Дауи, дэтхэнэми и Iуэхум щхьэхуэу ухэплъэн хуейщ. Ар зи къалэным хыхьэ министерствэр е IуэхущIапIэр а лэжьыгъэм къыдошалIэ, къытщыгугъхэм тхузэфIэкIымкIэ защIыдогъакъуэ.
- Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.