ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дохутыр  Iэзэ

2019-04-04

  • Налшык дэт Республикэ клиникэ сымаджэщым иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ операцэ телъыджэ. Дохутыр щIалэ, нейрохирург-вертебролог Муртазов Алим къызэфIигъэувэжащ сымаджэ хьэлъэ.

  • — ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ сымаджэщым и лэжьакIуэхэм. Мыбы щылажьэ дохутырхэр Iэщабэ-Iущабэщ, гу зыкIуэцIылъ цIыху телъыджэхэщ. Псом хуэмыдэу згъэщIэгъуар операцэ сызыщIа дохутыр щIалэрщ. Мазаем и 21-м сымаджэщым сыщIэхуат си тхыр щIыпIитIым деж щызэпыщIыкIауэ, къупщхьэхэр зэтекIауэ. Си гугъат зэи си лъэр къыщIэмыувэжыну, коляскэм сису сыкъэнэну. Операцэ сащIыну сыщыщIашэм, Муртазов Алим псалъэ къызитащ сыкъигъэувыжыну. Абы и псалъэр игъэпэжащ — си Iэ-си лъэр къызэрыздэбзыр зи фIыщIэр а щIалэщIэращ. Си гуапэт Алим и IэщIагъэм и хъер илъагъуу илъэс куэдкIэ лэжьэну, — жеIэ Къуэдзокъуэ З.
  • Иужьрей зэманым республикэм и медицинэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщокIуэкI. Абыхэм ящыщ зыщ я ныбжькIэ щIалэу зэфIэкI зиIэ дохутыр куэд диIэ зэрыхъуар. Ди гуапэ зэрыхъунщи, IэмэпсымэщIэхэм ирилэжьэфу, щIэныгъэлIхэм къахута Iэмалхэм фIыуэ щыгъуазэу дохутыр щIалэ Iэзэхэр щалъхуа щIыналъэм къокIуэлIэж, я еджэныр зэфIэкIа нэужь. КъищынэмыщIауэ, зэпымычу я щIэныгъэм хагъахъуэ. Иужьрей зэманым ди дохутырхэм ирагъэкIуэкI операцэ гугъухэр къазэрехъулIэр абы и щыхьэтщ.
  • Фырэ Анфисэ.