Гъатхэ пасэм и нэщэнэхэр
2019-04-04
- IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дунейм и щытыкIэм зэрызихъуэжыр кIуэ пэтми щIыналъэ нэхъыбэм щызыхащIэ.
- Дунейм зэрызихъуэжым фIыи Iеи хэлъщ. Псалъэм папщIэ, зэи гуэдз щамыгъэкIа щIыналъэхэм ар щыхасэ хъунущ икIи Урысейм апхуэдэхэр щымащIэкъым. Iейр — хуабэм и зэранкIэ, кIуэ пэтми нэхъыбэу псыдзэхэр, мафIэсхэр къызэрыхъурщ. Къапщтэмэ, гъатхэпэм и кIэм ирихьэлIэу ди къэралым мэз гектар мини 106,7-м мафIэсу 450-рэ къыщыхъуащ. Абы къикIыр цIыхухэр сакъын хуейуэ аращ, мэзри ар зи гъунэгъу къуажэхэри мафIэм щыхъума хъун папщIэ.