ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛъэпкъылI, дирижёр Iэзэ, цIыху IэужьыфIэ

2019-04-04

  • Вагъуэ мыужьых
  • Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирикъунут Урысей Федерацэм, КъалмыкъРеспубликэм я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис
  • Художественнэ зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ, лъэпкъ макъамэм и гъукIэ Iэзэ, цIыху телъыджэ… ГъащIэм и пщэ къыщыдэхуэ къалэн псори узыфIэмыкIыжыну телъыджэу зыгъэзэщIэфа зырызхэм ящыщщ Борис.

  • 1937 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м Зэрэгъыж адыгэ къуажэм Темыркъан Борис къыщалъхуащ. Зэкъуэшхэу Борисрэ Юрэрэ музыкэм япэ лъэбакъуэхэр щыхуачауэ къэплъытэ хъунущ Налшык къалэ къэIэпхъуа иужькIэ зыщIэса сабий гъэсапIэм пэмыжыжьэу духовой оркестрым и репетицэ щищI пэшым щалъэгъуахэмрэ щызэхахахэмрэ. Музыкэ школым и егъэджакIуэ, а оркестрым хэт Дашков Валерий щIалитIым гу къалъитэри, къакIэлъыплъащ икIи аращ къадэIэпыкъуар 1946 гъэм ахэр Налшык дэт музыкэ школым щIэгъэтIысхьэнымкIэ. Ар я псыпэт къэралыр, музыкэ дунейр къэзыхьэхуну Темыркъанхэм макъамэм щыпхаша гъуэгум. Борис виолончелым зыщыхуигъэсар Лобач-Жученкэ Николай и дежщ.
  • Зэкъуэшхэм я макъамэ зэфIэкIыр япэу щагъэлъэгъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэс 30 щрикъурщ, 1951 гъэ, фокIадэм и 1-м. Абыхэм телъыджэу ягъэзэщIат «Нэкъуэлэн» макъамэ пьесэр. Музыкэ школ нэужьым Борис и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Орджоникидзе (Владикавказ), иужькIэ Саратов дэт консерваторэм, абы къыкIэлъыкIуэу Ленинград (Санкт-Петербург).
  • ЕджапIэр къиухыу Налшык къигъэзэжа иужь щIыналъэм и оркестрым хэту виолончель еуэу Борис щIидзащ. А лъэхъэнэм абы дирижёр IэщIагъэми хуэмурэ зыхуигъасэрт. 70 гъэхэм икухэм Ленинград къалэм оперэмрэ балетымкIэ и театрым зы илъэскIэ дирижёр-стажёру щыIащ. А зэманым абы щагъэува Адан Адольф Шарль и «Жизель», Шостакович Дмитрий и «Барышня и хулиган» балетхэр, Глюк Кристоф и «Ифигения» оперэм и дирижёру щытащ. А лэжьыгъэхэр хъарзынэу къызэрехъулIам и щыхьэту абы къыхуагъэ-фэщат американ композитор Митчелли и «Человек из Ламанчи» мюзиклыр. Ари гъэщIэгъуэну зыгъэзэщIа Темыркъаным и стажировкэр щиухым, Ленинград оперэмрэ балетымкIэ и Театр ЦIыкIум дирижёру щылэжьэну къыхуагъэлъэгъуат. АрщхьэкIэ, бланэ щалъху йокIуэж…
  • Борис Налшык къигъэзэжри, Музыкэ театрым щигъэуващ Верди Джузеппе и «Травиата», Кальман Имре и «Сильва» опереттэхэр, Асафьев Борис и «Бахчисарайский фонтан» балетыр, нэгъуэщIхэри.
  • 1975 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м Борис и япэ дирижёр лэжьыгъэр екIуу утыку кърихьат. Абы игъэзэщIат Чайковсий Пётр и 5-нэ симфониер, Рахманинов Сергей фортепианэм папщIэ итха 2-нэ концертыр.
  • Ди къэралым и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэми, нэгъуэщI къэралыгъуэхэми я симфоние оркестрхэм я концертхэми ирагъэблагъэурэ Темыркъан Борис ядэлэжьат.
  • Арат зэхэзылъхьар езым и унафэ щIэт симфоние оркестрым телъыджащэу пшынэкIэ игъэзэщIауэ щыта япэ лэжьыгъэр.
  • Дирижёр, композитор Iэзэ Темыркъан Борис и репертуарым хэтащ европей, урыс классикхэм я IэдакъэщIэкI куэд. Абы игъэзащIэт Шостаковичрэ Бетховенрэ я симфониехэр. Прокофьев Сергей и 1,5,7-нэ симфониехэр фIы дыдэу илъа- гъурт. Дуней псом щыцIэрыIуэ Верди Джузеппе и «Реквием», Моцарт Вольфганг и «Реквием» макъамэ лэжьыгъэхэр япэу ди республикэм щызыгъэIуар Борисщ. Апхуэдэу, адыгэхэм ди композитор цIэрыIуэ- хэу Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Молэ Владимир, Даур Аслъэн сымэ я IэдакъэщIэкIхэри утыку ирихьащ абы. Ар зи унафэщI оркестрым и гуимыхуж концертхэм куэдым я гугъу ящIу зэхыбох. Абы и IэдакъэщIэкI макъамэхэмкIэ музыкэ еджапIэхэм щрагъаджэ, концерт зэмылIэужьыгъуэ-
  • хэм щагъэзащIэу ахэр зэхыбох. Борис и унафэм щIэту Кавказ Ищхъэрэм и макъамэ фестиваль зыбжанэ гъэщIэгъуэну екIуэкIат. Къыхэгъэщыпхъэщ а зэхыхьэхэм Темыркъаныр зи унафэщI оркестрым Кавказ Ищхъэрэм и композиторхэм я лэжьыгъэ 40-м щIигъу зэрыщагъэзэщIар. Апхуэдэу ехъулIэу абы ирихьэкIащ КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ къалэнри.
  • Макъамэ гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ дамыгъэ лъапIэ куэдкIэ и цIэ ираIуащ ди лъэпкъэгъум. Абы лъэпкъ макъамэм къыхина лъагъуэр куэд дыдэрэ зэрыхэмыгъуэщэжынур хьэкъщ, ауэ псом хуэмыдэу узэрегъэхъуапсэ ар зыцIыхуу щытахэмрэ зыдэлэжьахэмрэ я гум IэфIу къызэринам. А Iуэтэжхэм ар къызэрыхэщыр, псом япэрауэ, и цIыхугъэ инырщ, Борис хэлъа гъэсэныгъэрщ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым мыри: абы хэлъа адыгэ хабзэ дахэм димылъэпкъэгъу куэдым гу лъа-там и мызакъуэу, хуигъэсэфаи яхэтщ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • КъБР-м и Композиторхэм я Союзым хэтхэр ( ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ): ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Борис, Молэ Владимир, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Къардэн Хьэсэн, Къэзан Аслъэнджэрий сымэ. 2000 гъэ

  • Уасэ хуэбгъэувыну тыншкъым
  • Астрахань дэт консерваторэр къэзухыу ди республикэм и симфоние оркестрым къыщызгъэзэжам щыщIэдзауэ Темыркъан Борисрэ сэрэ дызэдэлэжьащ. Еджэн сыуха си гугъэу, сылэжьэну сипкI-силъу сыкъэкIуэжат. КъызэрыщIэкIамкIэ, Борис дэлэжьэн щIэздза иужькIэт сэ пэжу еджапIэ нэхъыщхьэм сыщыщIэтIысхьар. Махуэ къэс абы и нэIэ къыстету автомашинэм сызэрыдэ-сым деж щегъэжьауэ, цIыху хэтыкIэм деж щиухыжу ткIийуэ къыскIэлъыплъырт. Игу иримыхьын злэжьмэ, жиIэрт, нэхъыфI сыхъуну хуейти. Си адэ-анэри, си анэкъилъхухэри, си унагъуэри ицIыхурт.
  • Куэдым къащохъу Борис цIыху бзаджэу, ткIийуэ щытауэ. Ар пэжкъым. Сэ Борис зэрысцIыхуа лъэхъэнэм зэпIэзэрыту, зы хьэл-щэным тету псэуащ. Темыркъаным и цIэр иджыри апхуэдэу сымыцIыхуу и сюитэхэм ящыщ зы игъэзэщIауэ сыщедэIуам: «Мы цIыхум гу къабзэрэ псэ дахэ дыдэрэ иIэщ», — жысIауэ щытащ. Абы лъандэрэ илъэс 30-м нэблагъэ дэкIащ икIи а псалъэхэм гъащIэр щыхьэт техъуа фIэкIа, сыщIыхущIегъуэжын зэи дэслъэгъуакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Борис цIыхум и профессиональнэ зэфIэ- кIыр, и IэнатIэм хуищI пщIэр, и гъэсэныгъэр къилъытэрт.
  • Дирижёрым оркестрыр и Iэмэпсымэщ. Ар дэтхэнэ зыми нэгъэсауэ къыхуэгъэсэбэпынукъым. Макъамэр гъуазджэм и Iэмэпсымэ телъыджэхэм ящыщщ, абыкIэ цIыхум и гукъыдэжыр къыпхуэIэтынущ е пхуеудыхынущ, гушхуэныгъи, гугъи ептыфынущ. Ар зыIэщIэлъ дирижёрым куэд дыдэ елъытащ. А лъэжьыгъэм и гугъуагъри, ар зыхуэныкъуэ Iэзагъ псори зыщIэр абы ирилажьэм и за- къуэщ. Партитурэр гукIэ зэрагъащIэрэ оперэ псор тхылъымпIэ кIапэ ямыIыгъыу езыгъэкIуэкIхэри бгъуэтынущ, ауэ дирижёрыр симфоние оркестрым и пащхьэ иува иужь псо- ри зримыгъэдэIуэфмэ, мыхьэнэ иIэкъым. Ар сценэм ихьамэ, оркестрым елъагъу абы унафэ щызыщIынур хэтми. Псори зэлъытэжар езы дирижёрым иIэ зэфIэкIырщ. Пэжщ, Борис къыщыгубжьи, и макъ зыщригъэIэтын хуеи къэхъурт. Ауэ и гуапа-гъэм а псори пщигъэгъупщэжырт. Абы и шыгъупIастэ зыIумыхуа и хъуреягъым хэтауэ фIэщщIыгъуейщ.
  • Къызэрыхэзгъэщащи, сэ Темыркъаным куэдрэ сыкъыдэгъуэгурыкIуащи, а зэманым дызыхэхьа гупхэми дыздэкIуа къуажэхэми ар къыщамыцIыхурэ пщIэ къыщыхуамыщIрэ срихьэлIакъым. Зыхыхьэ гупыр игъэдахэт, зыпэрыхьэ Iуэхур къызыхуэтыншэу зэфIихырт. А псом Борис къызэфIагъэщIыжатэкъым, ауэ езым хуэфащэ пщIэр ищIэжу дунейм тетт. Iуэху куэдкIэ сэри сигъэунэхуащ, езыри згъэунэхуащ икIи си пщIэр зыгъэлъэхъшэн псалъэ къыжьэдэкIыу игъащIэм зэхэсхакъым. Сэ абы сызэрыхущытар псалъэншэуи гурыIуэгъуэу къысщохъу.
  • Борис и ныбжьыр илъэс 55-рэ щрикъум, оркестрым щыщ зыбжанэ си гъусэу дыкъагъэпсэлъэну радиом драгъэблэгъат. Абы щыгъуэ жысIат Темыркъан Борис и творческэ зэфIэкIым и инагъыр къэзгъэлъэгъуэ-ну си щхьэ зэрысхутемылъхьэнур, ауэ ар зи унафэщI гупыр тыншу дызэрыдэлажьэр. Абы къищтэ макъамэр зэригъэIуну щIыкIэр ищIэжу Iуэхум бгъэдыхьэт. ЦIыху 60 щызэдэлажьэ гуп зэбгъэдэIуэну, хьэл зырыз зиIэ творческэ цIыхухэр зэгурыбгъэIуэну икъукIэ Iуэху гугъущ. Ныкъусэныгъэншэ щыIэкъым. Гупым хэтхэм диIэ щыщIэныгъэхэр езым и акъылымрэ гъэсэныгъэмрэ я фIыгъэкIэ абы игъэпщкIуфырт, ауэ щыхъукIи, ар зэрызэхэднын хуейри къыдгуригъэIуэжырт.
  • Темыркъаным и зэфIэкIыр абрагъуэт. Ди республикэм и адрыщIкIи абы и щIэупщIэр щыинт, ауэ езыр мыбы щыпсэумэ, щылажьэмэ фIэкъабылти, яхуикIакъым. Сэ къызэрызгурыIуэмкIэ, абы и анэр, унагъуэр зыхуей хуигъэзэн папщIэ, езым яужь зыкъригъанэри и къуэшым гъуэгу иритауэ аращ.
  • Борис и фIыгъэкIэ сэ Темыркъан Юри къэсцIыхуат, ари апхуэдэ ды- дэу цIыху гуапэу зэрыщытыр абы зэ нэхъ мыхъуми ирихьэлIа дэтхэнэми ещIэ. А зэкъуэшхэм яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэм уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэкъым — игъащIэм слъэгъуатэкъым апхуэдэ гумащIагъ. Борисрэ сэрэ тхьэмахуэкIэ Юрэ деж дыщыщыхьэщIам згъэщIагъуэу сакIэ- лъыплъырт абыхэм. Борис къабыл имыщIауэ Юрэ Iуэху инхэм тегушхуэр-
  • тэкъым.
  • Борис къызыхэкIа лъэпкъыр къызэрымыкIуэу фIыуэ илъагъурт, абы и адыгэбзэмрэ хабзэмрэ къытекIуэн къэгъуэтыгъуейт, ауэ щыхъукIи, нэгъуэщI лъэпкъхэми пщIэ лей яхуищIырт. ЛъэпкъкIэ, къулыкъукIэ, мылъкукIэ цIыхухэр зэхидзу щытакъым. Ди къэралым и япэ Президенту щыта Ельцин Борис деж щегъэжьауэ лIыщхьэ куэд дыдэ къыбгъэдэту слъэгъуащ. Ар цIыху къызэрыгуэкIыу зэрыщытам и щыхьэтхэм языхэзщ и унэ хузэрахьэу пщIэкIэ игъэлажьэхэм, езым къахутригъэувэурэ игъашхэу зэрыщытар. «Сэ сыцIыхубэ артистщ, сыцIыху цIэрыIуэщ, талант ин сиIэщ», — жиIэу зэи зыхиIэтыкIакъым, ар лIыгъэшхуэщ. Арагъэнт зыпащI щымыIэу куэдым фIыуэ къыщIалъагъури. Пасэм щыIа ди адыгэпщхэм зыхуейр жраIэфу щытакъым япэ къэсым. Ар сигу къэкIыжырт Борис слъагъухукIэ. Ар зыхыхьэ гупым фIы и лъэныкъуэ-кIэ зыкъызэрагъэлъэгъунум хэтт. Япэ къэсми занщIэу зыхуейр кърикуфыртэкъым.
  • Темыркъаным и лэжьыгъэм бгъэ-дыхьэкIэ щхьэхуэ хуиIэт икIи Борис программэ щызэхилъхьэм деж къызэрымыкIуэу къаруушхуэ тригъэкIуадэрт. Езым сыт щыгъуи жиIэрт: «Симфоническэ оркестрым и концертым къэкIуа цIыхум игъащIэм и тхьэ- кIумэм къимыIуа макъамэ защIэ зэхебгъэхыу игурэ и щхьэрэ зэбгъэбгъэж хъунукъым. Сыхьэтым щIигъукIэ имыцIыху макъамэ едаIуэмэ, екIуэкI Iуэхум щымыщу, лейуэ зыкъыщыхъужынкIэ хъунущ». Абы къыхэкIыу, Борис программэхэм дуней псом щыцIэрыIуэ макъамэхэр, лъэпкъ щхьэхуэхэм я увертюрэ тынш цIыкIухэр хигъэхьэрт. Ар цIыхум и тхьэкIумэм зэриIуэу «мыр сэ сощIэ, сэри мы Iуэхум хызощIыкI» — жиIэу нэхъыбэжу концертым дихьэхын, и щхьэр лъагэу илъагъужын хуэдэу. КъищынэмыщIауэ, программэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я макъамэ хэтмэ, ахэр зэхимытхъуэу зэкIуу зэхигъэувэрт. Макъамэм хэзымыщIыкI куэдым жаIэу зэхызох: «Сыт абы хэлъыр, оркестрым я пащхьэ дирижёру уитыным, а цIыху 60-м ящыщу я напIэ къаIэту зыри дирижёрым еплъыркъым», — жаIэу. ЗымыщIэхэм яхуэгъэзауэ: музыкантыр нотэхэм зэреплъым хуэдэу, нэбгъузкIэ дирижёрым хукъуэплъ зэ-пытщ. ГурыIуэгъуафIэу, зэхэщIыкIыгъуэу псалъэ-мыпсалъи зэрыщыIэм хуэдэу, дирижёрхэми яхэтщ и IэмкIэ игъэлъагъуэр гурыIуэгъуафIи гурыIуэгъуеи. Борис узыфIэмыкIыжыну гурыIуэгъуэу оркестрым и пащхьэм итт. Абы и IэщIагъэр и псэм щыщ Iыхьэт жыпIэныр зыми щыщтэкъым.
  • ЦIыхум и IэщIагъэм пщIэ хуимыщIыныр егъэлеиныгъэ гуэру къыщыхъурт. «Сэ репетицэм сыкъэкIуэн ипэ, зыбжанэрэ зызохуапэ, нэхъ езэгъынур къыхэсхыу, апхуэдиз пщIэ си лэжьыгъэм хузощIри, фэ репетицэм щIидзэн ипэ дакъикъитхукIэ фыкъокIуэри, фыкъотIысэх. Сыхьэт ныкъуэкIэ ипэ иту фыкъакIуэу фи Iэпэр зэщIэвгъэкIын хуейщ», — яжриIэрт.
  • Мыри дэслъэгъуащ ди нэхъыжьыфIым. Абы игу иримыхьын гуэр пхэ-лъу илъэгъуамэ, япэу къыщыбдилъэгъуам зыри жиIэнутэкъым, ауэ гу къызэрыплъитар гурыIуэгъуэ пщищIырт. ЕтIуанэу къыбдилъэгъуамэ, и нэхэр къыптриубыдэу къоплъырт, зыри жимыIэу. Ещанэм деж къыбжиIэнут, ауэ абы зыгуэр къызжиIэ нэхърэ, сыкIуэцIырыхумэ нэхъ къэсщтэнут.
  • И ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм мащIэ дыдэщ Борис Iуэхутхьэбзэ зыхуимыщIарэ лъэIукIэ зыкъыхуэзымыгъэзарэ. Езыми Iулыджышхуэ иIэти, хэт зыхуигъазэми жиIар къыхуащIэрт.
  • Совет Союзыр щыкъутэжам ди оркестрыр уэрамым къыдэнэну къыщIэкIынт, Борис мыхъуамэ. Абы а зэман Iейм гупыр ихъумащ, нэгъуэщI зыгуэрым ар хузэфIэкIыну къыщIэкIынтэкъым, шэч хэмылъу. Радиомрэ телевиденэмрэ программэ хэха ди- Iэу дадэлажьэрт. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэу къысщохъу Борис щIэблэм гулъытэ яхуищIу зэрыщы-тар. КъыхэжаныкI студентхэм я гъусэу программэ ягъэхьэзырурэ утыку ирашэу щытащ. МузыкэмкIэ школым сабийхэм зыкъагъэлъэгъуэну зыщIыпIэ ирагъэблэгъамэ, мыкIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, уеблэмэ, сыт щыгъуи и кIэм нэс щIэсти, псоми гулъытэ дахэ яригъэгъуэтырт, егъэджакIуэхэм фIыщIэ лей яхуищIырт.
  • Борис дэнэ къикIыу езыгъэблагъэ тхылъ къыхуахьами, абы Iэмал имы-Iэу кIуэн хуейуэ къилъытэрт. «ЦIыхум ягу укъэкIыу къыщоджакIэ, бгъэщIэхъу хъунукъым», — жиIэрт. Ар абы и гъэсэныгъэм, хэлъа адыгагъэм, и лэжьыгъэм хуиIа бгъэдыхьэкIэм я фIыгъэщ. ЗэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу Борис адыгэ хабзэхуш- хуэ хэлът, и адыгэбзэри пылъ-
  • хьэншэт. Абы и гъусэу Iэнэ упэрытIысхьамэ, къуумылэжьауэ щытхъу псалъэ дахэ куэд къыпхужиIэрт. Сэ иужькIэ сегупсысри къызгурыIуащ абы а псалъэхэмкIэ жиIэну зы- хуеяр: «Сэ апхуэдэу услъагъуну сыхуейщ».
  • Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: унагъуэкIи цIыху насыпыфIэт Бо- рис. И щхьэгъусэм, и хъыджэбзитIым хуэдэ узэрылъыхъуэнт. И пхъурылъхухэр и нэт, и псэт. Жэщыбг хъуами унэм кIуэжынутэкъым абыхэм я деж Iухьэу, дакъикъитху нэхъ мыхъуми, имылъэгъуауэ. Апхуэдэхэм деж сэ фIыуэ къызгурыIуэрт абы къару мыкIуэщI къезытыр. И хъыджэбз нэхъыжьым и цIыкIур иджыри сабий цIынэу къаIихырти, матэм илъу, я унэ ишэурэ жэщ щигъэIэу щытащ.
  • Темыркъан Борис гъащIэм, гъуазджэм, лъэпкъым щиубыда увыпIэмрэ щигъэзэщIа къалэнымрэ уасэ хуэбгъэувыну тыншкъым. Дэ ар зэи тщыгъупщэнукъым!..
  • ЗэшэкIуу ТIэхьир,
  • КъБР-м и Къэрал филармонием и унафэщI.
  •  
  • Музыкант телъыджэ
  • Сэ Борис щызэзыгъэцIыхуар абы и къуэш нэхъыщIэ Темыркъан Юрий и юбилейр щигъэлъа- пIэ пшыхьырщ. СызэреплъымкIэ, Борисщ республикэм и щэнхабзэ-филармоние гъащIэр зэтезыIыгъэри егугъуу зыхъумэри. ИкъукIэ сигу ирихьат а музыкант телъыджэр, цIыху гъэщIэгъуэныр. Сэ ар цIыху зэIухауэ, интеллигент нэсу къысщыхъуащ, къапщтэмэ, Кавказым щапIа псоми хуэдэу.
  • Ар дунейм зэрехыжар хуабжьу хэщIыныгъэшхуэщ.
  • Мацуев Денис,
  • УФ-м и цIыхубэ артист, пианист.
  • Къару мыкIуэщI
  • Темыркъан Борис блэкIа зэманым иту сытепсэлъыхьыфыркъым.
  • Ар къызэрымыкIуэу гъащIэр, и лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыхут. МахуэщIэр и гурыфIыгъуэу лэжьапIэм къакIуэрт, абы хэлъ къару мыкIуэщIымкIэ и хъуреягъым ядэгуэшэфырт. Сыт хуэдэ гуп хыхьэми, игъэдэхэфырт. Хуабжьу гъэщIэгъуэнт абы удэлэжьэну, тIэунейуэ гъэщIэгъуэнт Iэнэм щызэрихьэ хабзэхэм укIэлъыплъыну. Адыгэ хабзэм и фIыпIэм и щапхъэ нэст ар, узримыгъэхъуэпсэнкIэ Iэмал имыIэу а хабзэр зэрихьэрт, дэнэ щIыпIи абы щытетт. Музыкэ дунейм и мызакъуэу, дуней тетыкIэм, хабзэ нэхъыщхьэу цIыхухэм хэлъыпхъэхэм теухуауэ куэд дыдэм дыхуигъэсащ. Сыт хуэдэ упщIэкIэ зыхуэдгъазэми, Борис и деж жэуап щыдгъуэтырт, дэтхэнэми гулъытэ къызэрыт- хуищIыным хущIэкъурт, гугъуехь яIэу къыбгъэдыхьауэ зыри игъэщIэхъуакъым. Абы и лъэныкъуэкIэ хуабжьу сыхуэарэзыщ, мызэ-мытIэу сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ. Абы музыкэм и дунейм щиIэ зэфIэкIым зыкIи пумыдзыхын цIыхугъэ ин бгъэдэлът. Темыркъан Борис зыфIэкIуэда лъэпкъми, республикэми, макъамэ гъуазджэми, унагъуэми, и лэжьэгъу гупми абы и гъусэу зы дуней псо тIэщIэкIащ.
  • Моттаев Тимур,
  • филармоние оркестрым и кларнет гупым я концертмейстер.
  • Iулыджышхуэ
  • Гъэ кIуари дызытет гъэри республикэм и гъуазджэм хуэфIакъым. А илъэс зэкIэлъыкIуэм дэ тфIэкIуэдащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мыд Майе, Музыкэ театрым и дирижёр Щэбэтыкъуэ Натбий, УФ-м и цIыхубэ артист Темыркъан Борис, РСФСР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къардэн Хьэсэн сымэ. «ПхузэмыхъуэкIын дунейм теткъым»,- жаIэ. Ауэ а зи цIэ къисIуа цIыхухэр пхузэмыхъуэкIынухэм ящыщщ. Дэ тхузэфIэкIынур гукъинэращи, ахэр дигу зэримыхуным, ди щIалэгъуа- лэм зэредгъэцIыхуным яужь дитыпхъэщ.
  • Адыгэм «лъэпкъылI» жыхуаIэм хуэдэт Темыркъан Борис. Абы лъэпкъым хуищIа IуэхущIафэхэмкIэ, ирита зыужьыныгъэмкIэ а цIэр къилэжьащ.
  • Тымыркъан Юрэ хуэдэ къуэш нэхъыщIэ уи щIыб къыдэту оркестрым и дирижёру уувын папщIэ лIыгъэ, талант ин пхэлъын хуейщ.
  • Борис екIуу утыку ирихьащ ди адыгэ композиторхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа псори. Абы хузэфIэкIырт композиторхэм я лэжьыгъэм и IэфIыр цIыхухэм ябгъэдилъхьэн. Борис и «Лирическэ уэрэдым» фIэкIа мыхъуами и цIэр жыжьэ игъэIуну ирикъунт.
  • Темыркъаным икъукIэ цIыхугъэ дахэ хэлът, абы гу зылъимытэ зыри щыIэтэкъым. Куэдрэ срихьэлIащ къулыкъу зиIэхэр Борис деж къакIуэрэ къелъэIуу. Ар нэгъуэщIхэм яхуелъэIумэ къызэрыхуащIэнур, Iулыдж ин зэриIэр ящIэрти.
  • Хуабжьу си гуапэ хъуащ Борис зи унафэщIу щыта симфоние оркестрым езым и цIэр зэрыфIащыжар.
  • Борис и пIэкIэ иджы лажьэр абы и шыпхъум и къуэ Темыркъан Пётрщ. Тхьэм иригъэфIакIуэ!
  • Темыркъанхэ я лъэпкъ жыгыр дахэщ, къудамэбэщ, а жыгыр дяпэкIи зэрытIэпIыкIыу, лъэпкъыр абы и жьауэм щIэту псэуну Тхьэм жиIэ.
  • ХьэIупэ ДжэбрэIил.
  •  
  • Си гъащIэм лъагъуэ нэху щыпхызыша
  • Оперэ-симфоние дирижированиемкIэ Темыркъан Борис сригъэджащ. СэркIэ ар зи зэфIэкIым унэмыплъыс музыкант инщ. Абы сыщригъэджа лъэхъэнэм езым зригъэпэща дирижёр Iэзагъэм хэлъ щэхухэмрэ щIагъыбзэмкIэ щымысхьыжу къыздэгуэшащ. Дерс къэскIэ абы къысхуигъэув къалэнхэр зэрызэгъэзэщIэным, сигъэлъэгъуахэр зэрызэхэслъхьэным сыхуэпIащIэу сыщIэкIыжырт. ЖыпIэнуракъэ, къыхэпха IэщIагъэр нэхъыфIыжу уигъэлъагъурт, и мыхьэнэр зэрыиныр хьэкъ пщищIыфырт. Борис IэщIагъэм ехьэлIауэ къызжиIэ чэнджэщхэм я мызакъуэу, гъащIэми сыхуиущий зэпытт. А чэнджэщхэр къуиубыдылIэртэкъым, гъэщIэгъуэну къригъэзэгъыурэ къыббгъэдилъхьэрт ар- мыхъумэ. А лIы ахъырзэманым ехьэлIауэ гукъэкIыж дахэ куэд сиIэщ, ауэ шэч зыхэмылъращи, а цIыху телъыджэм си гъащIэм зэи щыхэмыгъуэщэжын лъагъуэ нэху щыпхишащ.
  • Лэкъун Азэмэт,
  • ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым
  • и егъэджакIуэ нэхъыжь,
  • Музыкэ театрым и дирижёр.
  •  
  • Зэи сщыгъупщэнукъым
  • 1984 гъэм концертмейстерым и дэIэпыкъуэгъуу Темыркъан Борис дэлэжьэн щIэздзат.
  • Абыщегъэжьауэ дэ щIыпIэ куэдым дыщыIащ. Къалмыкъым, Абхъазым, Москва къалэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм дыщыхьэщIащ. ЩIалэгъуалэм, сабийхэм я деж ущииныгъэ лэжьыгъэ ин щедгъэкIуэкIащ. Республикэм и зыгъэпсэхупIэхэм папщIэ концерт гъэщIэгъуэнхэр щыттырт. Борис теухуащ а си гукъэкIыж нэхухэр, нэгъуэщI куэди дэщIыгъуу. Си щхьэкIэ схужыIэнуращ, си творческэ гъащIэм абы икъукIэ увыпIэшхуэ щеубыд, ар мыхъуатэмэ, нобэ сиIэм и ныкъуэри къызэмыхъулIэнри Iуэхум хэлът. Абы и жэрдэмкIэ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр къысхуагъэфэщат. Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм сыхэзыгъэхьари арат. Лэжьыгъэ IуэхукIи IуэхутхьэбзэкIи зэи къимыкIуэтыну цIыхут. Республикэм дежкIэ а зы лIым и мыхьэнэр, и лъапIагъыр къэлъытэгъуейщ.
  • Растеряев Игорь,
  • оркестрым и концертмейстер, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист.
  •  
  • Ноби къытхэту къысщохъу
  • Борис сэрэ Саратов дэт консерваторэм зэгъусэу дыщеджащ. Шэч хэмылъу, абы и ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм псалъэ дахэ куэд хужаIауэ къыщIэкIынщ, сэ нэхъыбэу Борис и цIыхугъэ иным сытепсэлъыхьыну сыхуейт.
  • Япэ дыдэу Борис консерваторэм щыщыслъэгъуам и дахагъэм хьэщыкъ сищIат. Ар зыкIэ цIыху дахэти!.. Зэман куэд дэкIащ абы лъандэрэ, зи щIалэгъуэу щытахэр жьы дыхъуащ, ауэ нобэми Бо-рис си дежкIэ а япэу щыслъэгъуам хуэ- дэу цIыху дахэт псэкIи теплъэкIи. Абы хэлъ адыгэ хабзэм уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. ЦIыху зэщIэкъуат, жиIам тетыжт. Пэжт, пцIыр и хьэрэмт, ауэ псори занщIэу и гум ежалIэрт. Оркестрым цIыхуу хэтым я гукъеуи, нэщхъеягъуи ихъумэрт, псоми хэкIыпIэ къахуигъуэ-
  • тырт. Чэнджэщ къудейкIэ мыхъуу, сомкIэ зыдэIэпыкъуари мащIэкъым. Си дежкIэ ар лIакъым, и сурэтым соплъ, оркестрым сыхоплъэжри, къытхэту къысщохъу. Абы и фэеплъу къытхуигъэна зэхущытыкIэ дахэр, оркестрым и пщIэр тхъумэныр ди къалэнщ.
  • Лафыщ Ларисэ,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ.
  •  

    Дунейпсо Адыгэ Хасэм щохьэщIэ Темыркъанхэ Борисрэ Юрэрэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. 2016 гъэ

  • Филармонием и оркестрым долажьэ. 2008 гъэ