ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэфIэкIышхуэ зиIа Тхьэзэплъ Хьэсэн

2019-04-04

  • Бахъсэн районым и библиотекэ нэхъыщхьэм гъатхэпэм и 29-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Абы ягу къыщагъэкIыжащ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэу, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI-секретарь нэхъыщхьэу щыта, УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я союзхэм хэта, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ дыщэ медалыр, Урысейм и литературэ саугъэт иныр, щытхъу, щIыхь тхылъ куэд зыхуагъэфэща Тхьэзэплъ Хьэсэн.

  • Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ районым и библиотекэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэмрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхакIуэ, усакIуэ, Бахъсэн щIыналъэм и «Щэнхабзэ нэгузыужь центр» IуэхущIапIэм и методист Зэгъэщтокъуэ Людэрэ.
  • Тхьэзэплъ Хьэсэн теухуа гукъэкIыж гуапэхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшэну пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ «Нур» журналым и редактор Хьэту Пётр, «Минги Тау», «Литературная Кабардино-Балкария» журналхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Додуев АскэррэМамыщ Владимиррэ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и оператор Бит-Савэ Еленэ, продюсер, телевиденэм и лэжьакIуэ Тхьэгъэзит Руслан, усакIуэ Вындыжь Марие, Тхьэзэплъ Хьэсэн и щхьэгъусэр, я бынхэр, абыхэм къащIэхъуахэр.
  • Бахъсэн районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Iэхъуэбэч Анзор пшыхьым къекIуэлIахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ Тхьэзэплъ Хьэсэн усакIуэфIым и мызакъуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыху пэжу зэрыщытар икIи и фэеплъ нэхур къэзыцIыхуу щытахэм зэращымыгъупщэнур.
  • Тхьэзэплъ Хьэсэн и лэжьэгъуу щытахэм ягу къагъэкIыжащ усакIуэм и гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Къэпсэлъахэм жаIащ ар цIыху Iущу, гуапэу, жэуаплыныгъэ зыхэлъу, упщIэ куэдым я жэуапхэмрэ дэIэпыкъуныгъэрэ абы и деж щагъуэту зэрыщытар.
  • Фэеплъ пшыхьым хыхьэу районым и еджапIэхэм я еджакIуэхэр Тхьэзэплъ Хьэсэн и усэхэм къадэкIуэу, езы ныбжьыщIэхэм абы хуатхахэми къеджащ. Хьэсэн и щхьэгъусэ Тхьэзэплъ МариеБахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур фIыщIэ хуищIащ пшыхьыр къызэрызэрагъэпэщам, гулъытэ къызэрыхуащIам папщIэ. Апхуэдэу Марие гуапэ щыхъуащ еджакIуэхэм я усэ къеджэкIэр.
  • Библиотекэм и лэжьакIуэхэм Тхьэзэплъ Хьэсэн и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм я литературэ композицэ утыку кърахьащ, усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, абы къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэм къытеувыIащ.
  • ЧЫЛАР Аринэ.