«Налмэсым» и щIэблэ насыпыфIэр
2019-03-06
- Сабийхэр бгъэсэныр, абыхэм я псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи школ кIуэгъуэм къызыхуэтыншэу хуэбгъэхьэзырыныр икъукIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ, абы къыщинэмыщIауи, гугъущ. А къалэнхэм тэмэму йохъулIэ Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и лэжьакIуэхэр.
- IуэхущIапIэм и унафэщI Семэн Iэсият зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыхущ. Зи IэнатIэр жэуаплыныгъэр зыхищIэу езы-хьэкI унафэщIым и нэIэм щIэтщ апхуэдэ дыдэу гурэ псэкIэ зи къалэнхэр зыгъэзащIэ гъэсакIуэхэри. Дэ, зи бын а садым екIуалIэ-хэм, махуэ къэс жыхуиIэм хуэдэу ди нэгу щIокI Семэныр зи пашэ гупыр зы унагъуэм хуэдэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу зэрызэдэлажьэр.
- Сабийхэр гъэсэным, а цIыкIухэм я къэухьым зегъэужьыным гулъытэшхуэ щыхуащI садым икIи IуэхущIапIэм къыщызэригъэпэщауэ хъарзынэу щолажьэ гупжьейхэр. Абыхэм цIыкIухэр щыхуагъасэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, къэзыухъуреихь щIыуэпсым, дунейм я зэхэлъыкIэ хьэлэ-мэтхэм щыгъуазэ щыхуащI. Сабий садым щекIуэкI махуэшхуэ зэхыхьэхэм щIэх-щIэхыурэ адэ-анэхэри ирагъэблагъэ. Абыхэм къыхузэрагъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, нэрылъагъу щащI я бынхэм ябгъэдэлъ гъэсэныгъэр, щIэныгъэр, зэфIэкIыр.
- ФIыуэ тлъагъу «Адыгэ псалъэ» газетыр къэдгъэсэбэпу Бзылъхугъэхэм я махуэшхуэмкIэ дехъуэхъуну дыхуейт Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и гъэсакIуэхэмрэ абы и унафэщI, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэ Семэн Iэсиятрэ. Ди сабийхэм гъуэгу езыт, ахэр фIым, дахэм хуэзыгъасэ, езыгъаджэ, зыгъэджэгу гъэсакIуэ гупым, абыхэм я унафэщI бзылъхугъэ щыпкъэхэм гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу фи Iуэхухэр ефIакIуэ зэпыту, фи мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къывэхъулIэу, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ фыщымыщIэу фыпсэуну. Псори дахэ зыдэхъу гъатхэм фи псэри дэрэщIащIэу Тхьэм куэдрэ фигъэлажьэ, фигъэпсэу!
- «Налмэс» сабий садым зи бын екIуалIэхэм
- я адэ-анэхэм къабгъэдэкIыу
- МЭШКIУАЩЭ Анетэ.
- Нарткъалэ