ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къремыхъуж апхуэдэ зэи

2019-03-06

  • Жыжьэ-гъунэгъу
  • Нобэхуэдэу псорисощIэж
  • 1944 гъэм, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-м, Сталиным и унафэкIэ балъкъэрхэр КъБАССР-м ирашауэ щытащ. Сэ абы щыгъуэ сыкъалъхуатэкъым, ауэ, ди адэм жиIэжу зэрызэхэсхамкIэ, зэкIэлъхьэужьу къех машинэшхуэхэмкIэ Зеикъуэ сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу блашащ Бахъсэн аузым щыпсэу ди гъунэгъухэм я ини я цIыкIуи. Махуэр щIыIэт, цIыхухэр дахэ-дахэу хуэпатэкъым, я хьэпшыпхэм, унэлъащIэхэм ящыщуи IэкIэ къахуэщтэр здрашэжьауэ арат.

  • — Абы щыгъуэм, — игу къигъэкIыжырт си адэм, — машинэхэр ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм и къуажэкум къэсауэ, япэ ит «Студебеккер»-м зыгуэр къыщыщIри, псори зэкIэлъхьэужьу къэувыIащ. Зы балъкъэр лIыжь къэгуоуащ: «Уа, жэмыхьэт, уа, ди псэр зышхын адыгэхэ, дыздашэри, дыщIашэри тщIэркъым. Мы зымкIэ сыныволъэIу: фи колхоз тхьэмадэм мэл зыбгъупщI щIыхуэу сIихауэ щытащ, бжьыхьэм къызитыжыну. КхъыIэ, ар игу иригъэлъыну, дыкъэкIуэж хъумэ, къызитыжыну фысхуелъэIуж».
  • Зеикъуэ колхозым и унафэщIу а лъэхъэнэм лажьэр УФ-м и Къэзыбж палатэр илъэсихкIэ зезыхьа Къэрмэкъуэ Хьэчим и адэ Мухьэмэдти, щIэх дыдэу нагъэсащ абы и деж хъыбарыр. Мухьэмэд занщIэу унафэ ищIащ колхозым и хъумапIэм хьэзыру щIэлъ лы гъур, кхъуей, щIакхъуэ, хугу сыт хуэдэхэр гъуэмылапхъэу ягъэхьэзырыну. Ерыскъыр я хэкум ирагъэкI тхьэмыщкIэхэм кIэлъашэри, зэрыс машинэхэм трагуэшауэ щытащ.
  • Илъэс пщыкIущ дэкIыу балъкъэрхэм я адэжь щIыналъэм къагъэзэжа нэужь, си адэ Мусэбий къигъуэтыжауэ щытащ а лIыжьыр икIи я щхьэ кърикIуари, я фэм икIари, хамэ щIыпIэм зэрыщыпсэуари жригъэIэжащ. Гундэлэн щыщт ар, Махиевхэ ейт, и цIэр, сыщымыуэмэ, Зейтунт.
  • Ди адэшхуэр, къапщтэмэ, хуэкъулейуэ псэуащ. Бэлыхьлажьэ бгъэдэлъу аратэкъым, ауэ Iэщ куэд, выгухэр, шыгухэр, шхын щихъумэ щIыунэ зыбгъупщI иIэт. Абы и гъэтIылъыпIэхэм щыбгъуэтынут лы гъэгъуа, махъсымэ, джэдыкIэ, шху, кхъуей — щIыIалъэм далъхьэ хабзэ ерыскъыхэр. Бахъсэн аузым и щхьэмкIэ щыпсэу балъкъэрхэр къыщехым деж ХьэфIыцIэ Дэвей деж къыщымыувыIэу зэи къанэртэкъым. ИкIи и благъэт ахэр абы, щхьэгъуситI иIати, зыр къэзылъхуар балъкъэрт.
  • 1957 гъэм, балъкъэрхэр хуит ящIауэ къыщыкIуэжым, сэ илъэс 11 сыхъурти, сощIэж я хьэпшыпхэр лъагэу зэтелъхьауэ машинэшхуэхэм къищу блашыжу зэрыслъэгъуар. Машинэм къикIыжа нэужь, щIым зыхадзэрэ гъыуэ, илъэс 13-кIэ ямылъэгъуа я лъахэм къызэрихьэжам къарит гурыщIэр я нэгум иплъагъуэу апхуэдэт. Балъкъэр къуажэхэр — Гундэлэн, ЛашкIутэ, Бейдыдж, Былым — Зеикъуэ пэгъунэгъути, абыхэм дыкIуэрейуэ щытащ а лъэхъэнэм. Уеблэмэ, балъкъэрхэр щыдашам лей зрахахэм я унэхэр хуахъумэу ди благъи дэсауэ щытащ Гундэлэн. Лей зытехьахэм я лъапсэхэр хэкIуэдэжынущ жаIэри, ди къуажэм щыщу унагъуэ 500 хуэдиз дагъэтIысхьауэ щытащ абы. Къуэшым хуэдэу кърагъэблэгъэжащ адыгэхэм балъкъэрхэр. ИкIи а илъэсхэм къриубы-дэу, унэхэм нэгъуэщI пэшхэр гуащIыхьауэ, лъэгухэр иралъхьауэ, тэмэму зехьауэ иратыжащ.
  • Зеикъуэр а зэманым Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и центырти, балъкъэр куэд щылажьэрт ди къуажэм. Къыщагъэзэжами, яшхын, зыхэпсэукIын ямыIэу, щIэрыщIэу псэун щIэзыдзэжахэми ди колхозым адыгэш 250-рэ, Iэщышхуэу 500, мэлу мин бжыгъэ Гундэлэным иритауэ щытащ. КъищынэмыщIауэ, зи унэр чыжьпхъэжь хъуахэм ди къуажэ ухуакIуэхэр хуэлэжьащ, Гундэлэн дэт школри зэрагъэпэщыжащ.
  • Тхьэм и фIыщIэкIэ, балъкъэрхэм я щхьэ кърикIуа мыгъуагъэр зэманым блихри, лъэпкъ дахэу къэщIэрэщIэжащ, илъэс куэд щIауи зэхущытыкIэфIхэр ди зэхуаку дэлъу дыкъызэдокIуэкI.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.
  •  
  • Илъэс пщыкIущ гущIэгъуншэхэр
  • 1944 ГЪЭМ и гъатхэпэм и 8-р балъкъэр лъэпкъым и махуэ мыгъуэщ. А махуэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и унафэкIэ балъкъэрхэр залымыгъэкIэ хэкум ирашри, Къыргъызым, Къэзахъстаным яшауэ щытащ. Апхуэдэ Iуэху гуауэр зэфIэгъэкIыным къыхашат генералитху, къэрал шынагъуэншагъэм и комиссаритI, цIыху мин 21-рэ зыхэт НКВД — НКГБ-м и гупышхуэ. Ар зраутIыпщар ягъэIэпхъуэ цIыху мин 38-рт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, зы сэлэт е зы офицер цIыхубзитIым е сабиитIым хуэзэт. А сэлэтхэм я нэхъыбэр хэтат къэрэшейхэр, къалмыкъхэр, шэшэнхэр, ингушхэр щыдашми. Балъкъэрхэр я хэкум игъэкIын Iуэхур и пщэ далъхьат генерал-майор Пияшев И., абы и къуэдзэт генерал-майор Сладкевич М., щIыпIэ наркомхэу Бзиавэ К., Филатов С. сымэ, а псоми я щхьэ къытетыжыр СССР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и нарком Берие Лаврентийт.
  • Лъахэр ирагъэбгынэрт лъэпкъым щыщ псоми — Хэку зауэшхуэм хэтахэми, ныкъуэдыкъуэхэми, адэ-анэхэми, фронтым Iутхэм я щхьэгъусэхэми, сабийхэми, депутатхэми. Абыхэм къащтэну хуит ящIыр гъуэмылэ тIэкIурэ IэкIэ яхуэIыгъыну мылъкумрэт. Загъэхьэзырынуи дакъикъэ 20 — 30 ирату арат.
  • Гъатхэпэм и 9-м Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшат цIыху 37713-рэ, нэхъыбэр сабий, цIыхубз, лIыжьхэрт. Къэралым и европей лъэныкъуэмкIэ ирашахэри хэтмэ, балъкъэр 38053-рэ я хэкум ирагъэIэпхъукIащ.
  • Кавказымрэ Кърымымрэ я цIыхухэр залымыгъэкIэ хэкум щIрагъэIэпхъу-кIам щхьэусыгъуэ хуэхъуар СССР-м и ипщэ лъэныкъуэм зауэ щегъэкIуэкIыным властым зыхуигъэхьэзырынкIэ зэрыхъунурт. Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэ къыщихьмэ, Сталиным и мурадт тенджыз ФIыцIэ Iуфэм зэхъуэкIыныгъэхэр щригъэкIуэкIыну, 1921 гъэм Тыркум хуит хуищIа Армениемрэ Куржымрэ зыIэригъэхьэжыну. Абы ипкъ иткIэ, лъэпкъкIэ, динкIэ, бзэкIэ тыркухэм япэгъунэгъу лъэпкъхэр СССР-м и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щысыныр фейдэтэкъым.
  • Балъкъэрхэр я хэкум ирагъэIэпхъукIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ парт IуэхущIапIэхэм, КъБАССР-м и НКВД — НКГБ IэнатIэхэм бгылъэ щIыпIэхэм щIэпхъаджащIэхэр щыетауэ жаIэу ягъэхьэзыра тхылъымпIэ нэпцIхэр. Ауэ щыхъукIи, абыхэм ябзыщIащ балъкъэрхэр хахуэу Хэку зауэшхуэм зэрыхэтыр. Ахэр лъахэм игъэIэпхъукIыным теухуа унафэм лъабжьэ хуэхъуащ Шэрэдж аузым къыщыхъуа Iуэхугъуэр. 1942 гъэм щэкIуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 5 пщIондэ, щIэпхъаджащIэхэм ебэныныр я щхьэусыгъуэу, къэрал кIуэцI сэлэт 900 зыхэт отрядым зыкIи мыкъуаншэ жылэдэс 700 (абы хэтт зи ныбжьыр илъэс 16-м нэмыса сабии 155-рэ) яу-кIащ икIи унэ 519-рэ ягъэсащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэхэм къызэрыIэщIахыжу, НКВД-м и отрядым зэхищIыхьа хьэкIэкхъуэкIагъэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ абыхэм ядэIэпыкъуахэмрэ я IэрыкIыу къыщIрагъэдзащ.
  • ЦIыхухэм я хэкур егъэбгынэныр, лъэпкъ псор и щIыналъэм ихуныр Сталиным и Iизыншэу екIуэкIыртэкъым. Абы и санкцэ къудейм, къэрал унафэ къамыщтэ щIыкIэ, хуит ищIат балъкъэрхэр залымыгъэкIэ ирагъэIэпхъукIыну. Автономиехэр ягъэмэщIэн мурадкIэ, балъкъэрхэр Къыргъызымрэ Къэзахъстанымрэ гъэIэпхъуэным теухуауэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэр къыщыдэкIар 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 8-рщ, лъэпкъыр хэкум ирашу зы мазэ дэкIа нэужькIэщ. А къэхъугъэ гуауэр щекIуэкIар балъкъэр минипщIым щIигъу фронтым щыIута лъэхъэнэрщ, куэд Белоруссиемрэ Украинэмрэ я партизан отрядхэм щыхэтарщ, Европэ псор фашистхэм щапэщIэтарщ. Абыхэм ящыщ куэд Берлин нэсащ, зауэм хахуагъэ щызэрахьащ, тылым щыIахэми лIыгъэ яхэлъащ.
  • Хэку зауэшхуэм хэта зауэлI куэдым къыхуагъэфэщащ медалхэмрэ орденхэмрэ, Байсултанов А., Уммаев М. сымэ Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ. Лъэпкъым и ныкъуэр фронтым щыIу-тым деж а лъэпкъыр фашистхэм ядэIэпыкъуауэ жыпIэу бгъэкъуэншэныр акъылыншагъэт.
  • Хэкур зэрабгынэ гъуэгум балъкъэрхэм щафIэкIуэдащ мэжэщIалIагъэм, щIыIэм, уз зэрыцIалэхэм яхьа я Iыхьэ щанэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и райониплI — Шэрэдж, Хулам-Безенги, Шэджэм, Iуащхьэмахуэ — нэщI хъуащ. ПсэкIи, узыншагъэкIи, мылъкукIи хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ а лъэхъэнэм балъкъэр лъэпкъым. Унэхэр, лъапсэхэр, Iэщхэр, джэдкъазхэр, щыгъынхэр, унэлъащIэхэр — игъащIэ псокIэ зэхуахьэсахэр къэралым зэщIикъуащ. Жылэ 62-рэ ябгынащ абы щыгъуэ.
  • Зэрыщыту къапщтэмэ, лъэпкъым ираха лейм балъкъэрхэр къэралым и жылагъуэ-политикэ, щэнхабзэ гъащIэм хитхъыкIащ. НэгъуэщIыпIэ ягъэIэпхъуахэм я литературэр, тхыдэр, бзэр зэрахьэнымкIэ, зрагъэужьынымкIэ Iэмал яIэжтэкъым. Театрхэр, творческэ гупхэр лэжьэжыртэкъым, щIэныгъэ лэжьыгъэри къэувыIат, уеблэмэ я анэдэлъхубзэкIэ зы тхылъи къыдагъэкIыну хуитыныгъэ яIэтэкъым. ЖыпIэнуракъэ, балъкъэрхэм уащрихьэлIэртэкъым къэралым, дуней псом ис лъэпкъхэр зэрыт тхылъым, щIэнгъуазэхэм. Ар лъэпкъ зэхэщIыкIми удынышхуэ езыдза Iуэхугъуэщ.
  • Балъкъэрхэм я щIыналъэм пэIэщIэу щыпсэуа лъэхъэнэм яфIэкIуэдащ IуэрыIуатэри мылъку щэнхабзэри. КъищынэмыщIауэ, властым ахэр къыхуриджэрт къуаншагъэр я деж къыщалъыхъуэжыну, ямыщIа щIэпхъаджагъэхэм щхьэкIэ жэуап яхьыжыну.
  • Хэкум и пащхьэ щаIэ жэуаплыны- гъэр тэмэму зыгъэзащIэ балъкъэр сэлэтхэм, офицерхэм я дежкIэ ар Iуэху къызэрыгуэкIтэкъым, гупсысапIэшхуэт. Абыхэм цIэ лъаги я дамэтелъым хагъахъуэртэкъым, лIыгъэ гуэр зэрахьами, гулъытэ къыхуащIыну зыри епIэщIэкIыртэкъым. Лъэпкъ зэхэгъэж екIуэкIащ СССР-м и ЛIыхъужь цIэр зауэм хэтахэм щыфIащми. Зауэм къыIукIыжхэм я лъэпкъэгъухэр здэщыIэ щIыпIэм яунэтIырт, адрей псоми ещхьу сыт и лъэныкъуэкIи ебзыхьэкIауэ псэуну.
  • Хэкум зэрырашам кърикIуа мыгъуагъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъым и автономиер зэрыфIэкIуэдар — арат совет жылагъуэм, къэралым лъэпкъ статусыр дэзыгъэкIуэтейуэ иIэ пщалъэ нэхъыщхьэ дыдэр. 1944 гъэм мэлыжьыхьым и 8-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIауэ щытащ балъкъэр лъэпкъым и автономиер гъэкIуэдыным теухуауэ. 1944 гъэм накъыгъэм и 29-м абы къыкIэлъыкIуащ балъкъэрхэр зэрыса куейхэр гъэмэщIэным теухуа унафэри. АдэкIэ яхъуэжащ жылэхэм я цIэхэри. Апхуэдэу Яныкъуей — Ново-Каменкэ, Къэщкъэтау — Советскэ, Хьэсэней — Пригорнэ, ЛашкIутIэ — Заречнэ, Былым — Угольнэ хъуащ.
  • Балъкъэрхэр я хэкум зэрырахуар зэран хуэхъуащ республикэм и экономикэ зыужьыныгъэми, ахэр зытеса щIыхэр къэнахэм, хуей-хуэмейми, зэрахьэну къалэн щащIащ. Адыгэ, урыс жылагъуэхэм, гъунэгъу хэгъэгухэм щыпсэухэр балъкъэрхэр здэщыса щIыпIэхэм ирагъэтIысхьэрт.
  • Балъкъэрхэр зэрагъэIэпхъуам политикэ мыхъумыщIагъэ куэд къыкIэлъыкIуащ. Балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэ статусыр зэрагъэкIуэдам къыщымынэу, республикэм и щытыкIэми зэран хуэхъуащ а хьэкIэкхъуэкIагъэр. ЦIыхухэм властым дзыхь хуамыщIыж, нэгъуэщI шынагъуэ гуэрхэми пэплъэу псэу хъуащ. КъБАССР-м ис лъэпкъ нэхъыщхьэхэр тIууэ гуэша хъуат — зи щхьэ мыгъуагъэ кърикIуахэмрэ «зэрымыщIэкIэ къэнахэмрэ».
  • Лъэпкъым и егугъуныгъэмрэ къэрал политикэ убзыхуамрэ я фIыгъэкIэ илъэс бжыгъэ куэд дэкIа нэужь зэтеувэжащ зэгуэрым гущIэгъуншэу зэтракъутауэ щытар. Ауэ къуаншагъэ ябгъэдэмылъу кIуэдахэм къыпхуегъэгъэзэжынукъым.
  • САБАНЧИЕВ Хьэжы-Мурат,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор
  •  

    Мечиев Кязим

  • Кулиев Къайсын

  • Ульбашев Мутай

  • Зумакуловэ Танзиля

  • Къэмыгупсыса хъыбар 
  • Мурадинрэ Шэхьидэтрэ
  • Кино къагъэлъэгъуа нэужь, къуажэ клубым къыщIэкIыжахэм Шэхьидэт яхэту щилъагъум, Мурадин абы бгъэдыхьэри, «Унэзгъэсыжынщ, хъунумэ», — жриIащ. «ФIыщIэ пхузощI ар уигу къызэрыкIам щхьэкIэ», — къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр. Шэхьидэтхэ я унэр нэхъ къуажапщэт.
  • ФIыуэ зэрылъагъухэм зэжраIэн ягъуэтынтэкъэ?! Iэджэм топсэлъыхь, мыпхуэдэуи зэраухылIэ: «ЦIыхубзхэм я махуэшхуэм ирихьэлIэу къуажэ Советым докIуэри, ди нэчыхьыр идогъэтх».
  • АдэкIэ Iуэхухэр къызэрекIуэкIар Мурадин мыпхуэдэу къеIуэтэж: «Зэхуэдгъэува пIалъэр къыщысым, сыпIейтейуэ, ди къэкIуэнум сегупсысу жэщым сыздыхэлъым, хьэ банэ, цIыхубз, сабий гъы макъхэр, автомашинэ зэщIэвыуэхэр зэхызохри, уэрамым сыдохьэ. Солъагъу унагъуэ гуэрхэм я хьэпшыпхэр автомашинэхэм зэрыралъхьэр, сэлэт зыбжани, фочхэр яIыгъыу, гъунэгъуу зэрыщытыр.
  • Гузэвэгъуэм срехужьэри, Джапухэ я деж сынос. Абыхэм я пщIантIэми дэтт «Студебеккер» хьэлъэзешэр. Шэхьидэтрэ и адэ-анэмрэ я хьэпшыпхэр зэщыджэу гъуэгыу автомашинэм ирагъэзагъэрт. «Сыт къэхъуар?», — жысIэу сащыбгъэдыхьэм, Шэхьидэт и нэпсхэр къелъэлъэхыу къызбгъэдохьэри, зэкIэлъегъэпIащIэ:
  • — Балъкъэрхэр дыдаш мыгъуэ, Мурадин!
  • — Ар захуагъэкъым, — жызоIэ, си макъыр Iэтауэ. — Сэлихь Дзэ Плъыжьым офицеру къулыкъу щещIэ!
  • Сэлэтхэм захузогъазэри соупщI: «Зыгуэрхэр зэхэвмыгъэзэрыхьауэ пIэрэ?». Модрейхэм си псалъэр я тхьэкIумэм ихьэркъым, «Дэ ди къалэн догъэзащIэ, зэран умыхъуу, зыIуегъэх!» — къызжаIэ. Джэпу Мустэфа и бынунэр щыдашым, емыкIу сыкъэвмыщI, си нэпсхэр къысфIыщIэжащ».
  • Мыгувэу Джэпухэ я унагъуэм и цIэкIэ лъэIу тхылъ Сталиным хуагъэхьащ, Сэлихь лIыгъэ зэрихьэу зауэм зэрыщыIэр, орден лъапIэр къызэрыхуагъэфэщар, офицер цIэр зэригъэпэжыр, абы и унагъуэр щIыпIэ жыжьэм зэрагъэкIуар зэры къуаншагъэр иту. ЛъэIу тхылъыр жэуапыншэ хъуащ.
  • Балъкъэрхэр я хэкум зэрырашрэ мазитI нэхъ дэмыкIыу Мурадин къыIэрохьэ конвертышхуэ, пIейтейуэ къепхъуатэ, зэпеплъыхь. ГурыIуэгъуэт ар Шэхьидэт къызэриутIыпщар. Конвертыр зэтреудри, и цIыхугъэ хъэтI дахэкIэ тха тхылъымпIэ напэшхуэм щIоджыкI.
  • Шэхьидэт къитхырт Къыргъызым зэрашар, хъарзынэу зэрыпсэур, Фрунзе къалэм пэгъунэгъуу щыIэ совхозым, бжьэхуц щагъэкIым, зэрыщылажьэр. ЗэфIимыгъэIуэхущэ хуэдэурэ, щIалэм къриIуэкIырт агроном нэхъыщхьэ Огъуз къыкIэрыхъыжьэу зэрыщIидзар, ауэ псэлъыхъу зэриIэри жриIэн хуей зэрыхъуар.
  • Мурадин и гум ежэлIащ а псалъэхэр, хъыджэбзыр IэщIэкIыпэнкIэ зэрыхъунур къыщищIэм, куэдрэ мыгупсысэу, гъуэгуанэ жыжьэм теуващ. Совхозым зэрынэсу, Мурадин лэжьыгъэ къыхуагъуэтащ: шыгу зэщIэщIа къратри, совхозым и пщафIэхэм ирагъэбыдылIащ. Арат щIалэр зыхуеиххэр: щIэх-щIэхыурэ илъагъурт и Шэхьидэт.
  • Мазэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Мурадин егъэджакIуэу зэрылэжьар къащIэри, совхозым къыщызэIуаха интернатыщIэм и унафэщIу ягъэуващ. ПсынщIэ дыдэуи Шэхьидэт а интернатым гъэсакIуэу игъэуващ.
  • Хрущёв Никитэ и хьэмтетыгъуэ зэманыр къэсащ икIи залымыгъэкIэ зи лъахэр зрагъэбгынауэ щыта лъэпкъхэр хуит хъужащ. Зэгъусэу я адэжь щIыналъэм къихьэжащ Щоджэн Мурадинрэ Джэпу Шэхьидэтрэ. Я нэчыхьыр ирагъэтхри, бгырыс лъэпкъхэм зэрахабзэу, абыхэм хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуащIащ.
  • ЯХЭГУАУЭ Берд.
  •  

    Байсултанов Алим

  • Энеев Тимур

  • Отаров Омар

  • Беппаев Суфиян

  • Байчакуев Абидин

  • Кучуков Магомед

  • «Дыкъыщыдахум ди адэжьхэм я жьэгум»
  • Отаров Керим Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ хэкум ирагъэкIа балъкъэрхэм, шэшэнхэм, къэрэшейхэм, ингушхэм, къалмыкъхэм ятеухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр.
  • Лъэпкъыр хэкум зэрырахуам ехьэлIауэ и анэм къытригъэзэжурэ жиIэу щыта псалъэхэр абы и гум ириубыдащ икIи ижыхьащ: «Сэ Азием сыщылIэну хуитыныгъэ лъэпкъ сиIакъым… Сыту жыпIэмэ, си ужьым иту дунейм ехыжынут зэрыщыту ди унагъуэр, Iыхьлыхэр… — ИужькIэ, зэман тIэкIу дэ-кIа нэужь, мыпхуэдэуи щIигъужырт. — Иджы сэ ажалым сыщышынэжыр-къым, сыту жыпIэмэ, ахърэтым жэнэтыр къыщыспоплъэ. Жыхьэнмэр дэ мы щIым щыдгъэващ, Азиемрэ Къэзахъстанымрэ дыщахуам щыгъуэ»…
  • ЗалымыгъэкIэ здагъэкIуа щIыналъэм щитха тхыгъэхэм усакIуэр щыпсэлъалэкъым, ауэ кIэщIрэ гурыIуэгъуэу псори къыщеIуатэ. Усэхэр уIэгъэ бжьыбжьым хуэдэщ: мэкIий, хэкум ирахуахэм къулыкъущIэхэр зэрахуэгущIэгъуншамрэ икIагъэу ирапэсамрэ жьэнахуэу къиIуатэу. Отаровым и усэхэр, усэ къудейкъым, атIэ ахэр апхуэдэуи а лъэхъэнэ шынагъуэм властыр зыIэщIэлъахэм цIыхухэр, уеб-лэмэ лъэпкъ псохэр хьэм памыщIу зэрыщытам щыхьэт техъуэ тхылъхэуи щытщ.
  • Отаровым и тхыгъэхэм къыщиIэта Iуэхугъуэхэм хэкум ирагъэкIауэ щыта-хэм я нэпсхэр къыщIахуу я гурыщIэхэр ягъэпIейтей. Сыту жыпIэмэ, усакIуэм бгъэдэлъ IэзагъымкIэ хузэфIокI а зэман гугъум, лъэпкъ псохэм насыпыншагъэр натIэ щыхуащIа, лажьи хъати зимыIэхэр хэкуншэу къыщагъэна лъэхъэнэм укъыщегъэхутэ, абы щыгъуэ цIыхухэм ягъэва гурыщIэхэр зыхеугъащIэ. Хэкум залымыгъэкIэ ирагъэкIахэм я нэхъыбэр а здагъэкIуа щIыналъэхэм икIуэдахэщ.
  • Апхуэдэ лъэхъэнэ шынагъуэм, лъэпкъхэр щыпсэу щIыпIэхэм ирахуурэ Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ щракъухьа лъэхъэнэм теухуа тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ Отаровым. Хъы-бар гуэрым къыщамыгупсысауэ, атIэ нахуапIэ нэIурыту Сталинрэ Бериерэ мы щIыгум къыщызэрагъэпэща жыхьэнмэр зищIыс дыдэр къытхуеIуатэ балъкъэрхэм я усакIуэ цIэрыIуэ
  • Отаров Керим.
  •  
  • КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Отаров Керим
  • * * *
  • Сытету ажалым и бжэщхьэIум,
  • КъызэупщIым: «ЖыIэт иужь дыдэу узыхуейр?»
  • Мыращ сыщIэлъэIуэнур си тхьэлъэIуу,
  • «Зэ сыIувгъэплъэж си лъахэ хейм!»
  •  
  • И теплъэр зэи псэм хэзмых щIыналъэм
  • Зыдесхьэхынщ тхьэнапэу си кхъэ мащэм,
  • Ажалми хуэмыгъэдийуэ си лъыр,
  • СщIыгъуну сытым щыгъуи гъащIэм пысщэу!
  •  
  • * * *
  • Цыджан Iэгуиплъэм анэр къегъэуIэбжьыр:
  • Упсэунущ уи лъахэм упэжыжьэу!
  • А псалъэхэм яуIэ анэм и гур
  • Хахуа пфIэщIыну къамэр нэсу тIыгум!..
  •  
  • Цыджаным и пхъур анэм Iэгум хуоплъэ:
  • Бгъэзэжынщ пщэдей Кавказ щIыналъэм
  • Уи уахътым абы ущыIущIэну:
  • Анэм нэхъ насыпыфэ къигъэщIыну?!
  •  
  • А жэщым
  • Бжэм ину къытеуIуэм жэщым,
  • Къэлыдауэ жаIэу мафIэсыр,
  • Анэр занщIэу мажэ гущэм,
  • ТегужьеикIауэ быным и псэм.
  • Арат а жэщми. Сэлэтхэр икIауэ хъийм,
  • Яхэлъэдат мамыру жейм.
  • СогъэщIэгъуэж димыщIу делэ,
  • Дыкъызэрелари дэ а лейм.
  • Техьэгъуэм хуэдэу диудыныщIэрт гъуэгум,
  • ЩIы ныткIэлъыплъми пихузыкIырт и гур.
  • Дыздишэнур дэнэ мы гъуэгу кIыхьым,
  • Дызыхэт псори къытфIэщIыжырт пщIыхьу.
  • Эшелон жагъуэм щызэщIэплъэрт псалъэмакъыр:
  • «ФIэщщIыгъуейщ ягъэмысауэ зэрылъэпкъыу,
  • Ар дунейм щыщыпэлъагъу унафэщ,
  • Нэхъ зэбгъэщхьынур щIылъэм къехуэхынырщ уафэр!..»
  • А меданым нэхъ къезэгъынур
  • ЛIэн-къэнэну бийм пэщIэувэнырт,
  • Ауэ бийтэкъым дытезыхуар мы ажал лъагъуэм!
  • Ахэр я сэлэтт Хэку фIыуэ тлъагъум…
  • Армырамэ, дебгъэрыкIуэнт шу щхьэмыгъазэу,
  • ИгъащIэм къызэрекIуэкIыр аращ хабзэу.
  • Сыт тхуэщIэнур? Дагъэмысауэ уэчылыншэу
  • Къэгъэзэншэу ди хэкум драшым?
  • Ди фIэщ хъуами дызытрашэ гъуэгум
  • Куэдым ди вагъуэхэр щижыну уэгум,
  • КъыхэIукIт жыхьэнмэ мафIэсым:
  • «Хэкур къытхущIэкIа анэнэпIэсу?…»
  • КъагурыIуэрт: къритхар я натIэм
  • ЗэракIунур, кIэрымыхуу зы тIэкIунитIи,
  • ЖыIэмыдаIуэу къахущIэкIыр
  • ИгъащIэ мащIэм псынщIэу пыкIырт.
  • ЗэзыдзэкIар  Уэрэзей Афликсщ