ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Жьыубгъу (Джубгэ)

2019-03-06

  • Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) фIэщыгъэри. Абы и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

  • Адыгэ Республикэм щыщ щIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым къызэрилъытэмкIэ, «жьыубгъу» псалъэм къикIыр езым къеIуэтэж: «жьым зыщиубгъу щIыпIэ» жыхуиIэщ.
  • Лъахэхутэ цIэрыIуэ Ковешников Владимир и IэдакъэщIэкI «Очерки по топонимике Кубани» тхылъым зэритымкIэ, щIыпIэцIэр къытехъукIагъэнкIэ хъунущ «губгъу» — «губгъуэ» псалъэми. Сыту жыпIэмэ, Джубгэ псы цIыкIур тенджызым щыхэхуэжым деж къыщыунэху ныджэр, губгъуафэ епплъыну, къызэрымыкIуэу бгъуфIэщ, абы къыхэкIыуи, хым къыхиху жьым хуиту зыщиубгъуащ.
  • Гу лъытапхъэщ, фIэщыгъэр «пшагъуэм зыщригуашэ» жыIэгъуэм хуэзыгъакIуэхэри зэрыщыIэм.
  • Iэгъуэблагъэм пэмыжыжьэу щыс шапсыгъ къуажэхэм дэс нэхъыжьыфI-хэм зэрыжаIэм тетщIыхь-мэ, щIыпIэцIэм и лъабжьэр хуэбгъакIуэ хъунущ «Устьджегутинск» фIэщыгъэр къызытехъукIауэ къалъытэ «жьэгъуп» — «жьэгъум и пэ» псалъэ зэхэтми. Иужьрей Iуэху еплъыкIэм «дызылъэIэса» Устьджегутинск щIыпIэцIэм (ар Къэрэшей-Шэрджэсым узыщрихьэлIэ щIыпIэщ) и къэунэхукIэм, тхузэфIэкIмэ, иужькIи дытепсэлъыхьынщ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, профессор Лопатинскэм лIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу мы фIэщыгъэм и гугъу щищIым, «жьэгъуп» — «жегуп» псалъэхэр къи-гъэсэбэпауэ зэрыщыта- ри.
  • Мыдрейуэ, дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIыркъым, фIэщыгъэр урысыбзэм хуэзышэну зыфIэкъабылхэри зэрыщыIэр, къикIыр «жэщ тхьэIухуд» е «дахагъэм и тIуащIэ» мыхьэнэхэм хуагъакIуэу. Апхуэдэ егупсысыкIэр къызыхахари нобэрей гъащIэрщ: жэщым кхъуафэкIэ хым утесу, зи гугъу тщIы ныджэм укъыщыхуэплъэкIэ, нэм къыIуидзэ теплъэм хуабжьу узэрызыIэпишэрщ, узэритхьэкъурщ. АрщхьэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ гуэри имыIэу къалъытэ тхыдэджхэм я нэхъыбапIэм. Ар нэрылъагъущ адыгэхэм ди псэукIэу щытамрэ ди бзэм щыщу, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр хэзыщIыкIхэм я дежкIи.
  • Джубгэ посёлкэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы цIы- кIур хы ФIыцIэм щыхэхуэжым деж Iусщ, ТIуапсы къалэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 70-кIэ пэжыжьэщ.
  • Джубгэ зи фIэщыгъэ псым километр 27-рэ и кIыхьагъщ, и Iуфэхэм мывэ пхъэбгъу абрагъуэхэмкIэ щызэтрагъэувауэ щыта испы унэхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыр Кавказым щынэхъ ин дыдэхэм хабжэ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.