Къэшэж Иннэ и пшыхь
2019-03-06
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур.
- «Зы уэстын хьэмэ щэ и уасэу зы уэстын?!»,- псалъэжьыр зыхуагъэфащэ зырызхэм Къэшэж Иннэ зэращыщыр и гъащIэ гъуэгуанэм наIуэ ищIащ. Абы и зэфIэкI лъагэрщ нобэми, пщэдейми «щызыгъэпсэур». Иннэ и творчествэ купщIабэмкIэ адыгэ лъэпкъыр щIыпIэ куэдым къащригъэцIыхуащ. А цIыхубз IэмащIэ-лъэмащIэр зэрыпсэуа зэман кIэщIым литературэ дунейм лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ. Къэралым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Зыкинэ Людмилэ, Кобзон Иосиф, Хиль Эдуард, Пугачёвэ Аллэ сымэ, нэгъуэщIхэми ягъэзащIэу щытащ Къэшэж Иннэ и уэрэдхэр.
- Литературэрэ макъамэрэ щызэхэухуэна пшыхьыр къызэIуихащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и художественнэ унафэщI Фырэ Руслан.
- — Иджыри илъэсипщI ипэкIэ едгъэжьауэ щытащ мы проектыр. Ар зылъэгъуа-хэм ныщхьэбэ ягу къыдо-гъэкIыж, зымылъэгъуахэм яфIэгъэщIэгъуэн хъуну дыщогугъ. НэхъапэкIэ мыпхуэдэ пшыхь Литераторхэм я унэ нэхъыщхьэу (ЦДЛ) Москва дэтым, Абхъазым щыдгъэлъэгъуауэ щытащ. Москва щыIа пшыхьым ди лъэпкъэгъухэм я мызакъуэу Къэшэж Иннэ и творчествэр фIыуэ зылъагъу, ар зыцIыхуу щытахэри кърихьэлIат. Ныщхьэбэ мы утым абы и уэрэдхэм ящыщхэр щызэхэфхынущ. Мы проектым дыхуэкIуэн хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэхэм хохьэ Иннэ и адэжь лъахэм хуэмыфащэу ящыгъупщауэ къызэрытлъытэр, — жиIащ Фырэм.
- КъБР-м и ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаскъул Аулият къыщыпсалъэм Iуэхур жэрдэм зыщIу къезыхьэжьа Фырэ Руслан фIыщIэ псалъэкIэ зыхуигъэзащ:
- — Мы пшыхьым ди лъэпкъэгъу усакIуэм и гъащIэм IупщIу дыхагъаплъэ ди артистхэм, дызыщымыгъуазэ куэд къытхузэIуах, Иннэ и творчествэр, литературэр нэхъыфIыжу дагъэлъагъу, — жиIащ абы. — Ди щIыпIэхэм, щIыуэпсым, цIыхухэм, хабзэм Къэшэж Иннэ хуэдэу дахэу, екIуу тетхыхьа щыIэкъым. Абы и творчествэ бейр зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- Пшыхьыр Къэшэж Иннэ и дунейм ухэзыгъэгъуазэ Iыхьэ гъэщIэгъуэн хъуат. Абы и гупсысэ нэхъыщхьэр усакIуэ бзылъхугъэм и образыр нэгъэсауэ къэгъэлъэгъуэнырщ. Ар мыIейуэ къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ, Иннэ и ролыр ягъэзащIэу утыкум итахэу КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Тхьэщыгъуей Жаннэрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэд Къэшэжым и гъащIэм, творческэ гъуэгуанэм тепсэлъыхьурэ, езым зыхуигъазэ хуэдэ адыгэ псоми къабгъэдэкIыу, а цIыхубз налкъутналмэсыр и лъэпкъым къызэримыхъумэфар къыхуигъэгъуну елъэIурт.
- МузыкэмкIэ театрым и артистхэм Къэшэж Иннэ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэд зыбжанэ щагъэзэщIащ пшыхьым. Апхуэдэуи абы зыкъыщагъэлъэгъуащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, уэрэджыIакIуэхэу Бозий Зураб, Тхьэгъэлэдж Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.