|
Январь, 2021
2021-01-26
- «Ди къуэш Дагъыстэным щыпсэухэм, абы и унафэщI Меликов Сергей Алим и къуэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу я махуэшхуэмкIэ — Дагъыстэн Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъумкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2021-01-26
- «Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фи гуфIэгъуэмкIэ – Урысей студентхэм я махуэмкIэ!
- Студентхэр жылагъуэм щIэуэ къыхыхьэ псори нэхъ псынщIэу къэзыщтэ, сыт хуэдэ Iуэхуми хуэжыджэр цIыхухэщ, абыхэм ирапх гугъапIэшхуэхэр, сыту жыпIэмэ IуэхуфIхэр гъащIэм хэзыпщэфыну къару лъэщу ахэр къалъытэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
2021-01-26
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кузьмин Валентин, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис, усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Гуртуев Берт сымэ я творчествэхэм теухуа зэIущIэ-хэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ
2021-01-26
- Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыщу иджыри къэс цIыхубэр зыщымыгъуазэ напэкIуэцIхэм ятеухуа «Жизни и судьбы: ученики Кабардино-Горского реального училища. 1909 — 1920» тхылъыр. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Опрышкэ Олег.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Шыбзыхъуэ Азэмэт-Джэрий Iэюб и къуэр
2021-01-26
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэм 2021 гъэм щIышылэм и 18-м хэщIыныгъэ ин игъуэтащ. Дунейм ехыжащ КъБКъУ-м егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректору щыта (1991 — 2012), кафедрэм и унафэщI, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Шыбзыхъуэ Азэмэт-Джэрий Iэюб и къуэр. IэщIагъэлI щыпкъэр УФ-м, КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ, цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэт, Къэбэрдей-Балъкэр Республикэм щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтым, Кавказ Ищхъэрэм и школ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэ центрым и саугъэтым я лауреатт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Я къару еблэжыркъым
2021-01-26
- Прохладнэ къалэм дэт район сымаджэщым епхауэ лажьэ узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэм щеIэзэ госпиталь №3-м и лэжьакIуэхэрщ си тхыгъэ зытезухуар. Дуней псор зыгъэгулэз коронавирусым ехьэлIауэ хъыбар куэд цIыхухэм кърахьэкI, уи гур фIы къыпхузыщIынуи мащIэщ абыхэм яхэтыр. Зэхыбох я къару емыблэжу а узыфэ шынагъуэм пэ-щIэт дохутырхэм теухуауэ псалъэмакъ мыщхьэпэхэри кърахьэкIыу. «ИримыхьэлIэр лIыфIщ», — жыхуаIэращи, а псор зымыгъэунэхуам ар зищIысри къыгурыIуэркъым. Узыр зыжыхэмыуахэр Тхьэм адэкIи абы щихъумэ!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу
2021-01-26
Илъэс куэдкIэ зэдэлэжьащ, зэныбжьэгъуфIу щытащ этнограф цIэрыIуэхэу Мусукаев Ахъмэтрэ Махъсидэ Анатолэрэ. Сурэтыр Щомахуэ Владимир трихащ. 2007 гъэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
Лъэпкъым и фIыщIэ ин къэзылэжьа щIэныгъэлI
2021-01-26
- ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ гъуэзэджэ Тау Хьэзешэ Талий и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу
- Фэеплъ
- Лъэужь нэху къэзыгъэна
- Тау Хьэзешэ Талий и къуэр жылагъуэм къыщацIыху щIэныгъэлI щыпкъэу, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу, щIалэгъуалэм я ущиякIуэ, унэтIакIуэ Iэзэу. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и академик, КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым и адыгэбзэ кафедрэм и унафэщIу щыта Таур куэд щIакъым дунейм зэрехыжрэ. Псэужамэ, нобэ, щIышылэм и 26-м, ар илъэс 85-рэ ирикъунут. ЩIэныгъэлI щыпкъэм къигъэщIа дэтхэнэ зы махуэри къызыхэкIа лъэпкъым, абы и анэдэлъхубзэр джыным тыхь хуищIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Юбилей
ЛIы иримыкъу
2021-01-26
- Чэрим Марианнэ
- Роман. ЕтIуанэ Iыхьэ
-
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр 2020 гъэм и
-
№№ 125 — 130-хэм, 2021 гъэм и №№2 — 4, 6-хэм итщ).
-
- — Уэ плъэгъуатэкъэ ар, Щыхьым? — дохутырым деж къоIэпхъукIри, иджы сымаджэм зыхуегъазэ Бэч. — Ухуеймэ, псэууэ къыпхуздэсшэнщ пщэдей. Сытым хуэдэу адакъэ къабзэ ар, ицри зыIурыплъэфэну. Адакъэцрэ дзэлъэщI пIастэрэ жаIэу зэхэпхакъэ? Дахэзилэ и салоным щIэсшэу и сыджыр хуезгъэлэн? КIэригъэхуну схуелъэIу, Iейуэ къыпщышынэу жаIэ. Си гуэныхьым игъэкIуэнукъым а Iуэрейр, и лэпсыр дыдж хъуауэ плъагъунщ. Нэху щыуэ фи нэгу къыщIэвгъэхьэт! Жей IэфIым и курыкупсэм сыкъыхешри… Сыкъоуш дыди схужыIэнкъым абдеж, ауэ… сыкъызэщоу, нтIэ! Жейми укъимыдэжу, щхьэнтэ щабэри уигу пымыкIыу — дауэ абы узэреджэнур? АдыгэбзэмкIэ «плIыщ» сэ сиIар, сымыщIэкIэ емыкIукъым. Сытми, сыхьэнцэранцэу сызэрыхэлъыр къилъэгъуам ещхьу, и дамэхэр зэтрегъауэ си адакъэу пщIэми: «IуIуу Iуууу!» Уэ пIэм хэзагъэ абы иужькIэ! Майкъалэ къызэрырашрэ мазищ фIэкIа хъуакъым, итIани адыгэбзэкIэ уэрсэрщ апхуэдэу, акцентыншэу маIуэ. БзитI зыщIэ адакъэ пIухуа игъащIэм, Щыхьым? НэгъуэщIыбзэкIэ тхылъ уеджэу уищIмэ, сыкъэпщIэнщ!
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд
2021-01-26
- ЗэвгъэцIыху, «Мисс Кабардино-Балкария-2020» тхьэIухуд зэпеуэм щытекIуа адыгэ пщащэ зэкIуж — Къалэбатэ Марианнэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Зэпеуэхэр
2021-01-26
- КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Горянка», «Советская молодёжь» газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, ВГТРК-м и «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ хъыбарегъащIэ агентствэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм я лэжьакIуэхэр Казиханов Алий Магомед и къуэм и Iыхьлыхэмрэ и благъэхэмрэ яхуогузавэ ар дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.
Зыхыхьэхэр: Хэха
|