Нартхэм я шхыныгъуэ
2019-02-09
- Урысей, голланд археологхэм къалъытэ илъэс мини 6 — 6,5-рэ ипэкIэ Китайм и щIыналъэм къыщагъэхъуауэ щыта хур Кавказым икIыу урыс тафэхэмкIэ Европэм нэсауэ.
- УФ-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Материальнэ щэнхабзэмкIэ и институтым и еджагъэшхуэхэм а къэкIыгъэм зэрызиубгъуа щIыкIэр къаIуэтащ, Адыгэ Республикэм щежэх Кхъужьыпс и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ хэлъадэ Мэзмей псы цIыкIум щхьэщыт Гъуам (Гуам, Гъуамэ) шытхыр зыгъэдахэ бгъуэнщIагъхэм ящыщ зым къыщагъуэта хьэдзэ ныкъуэсхэм я фIыгъэкIэ.
- — Хуэбгъэфащэ хъунущ КъухьэпIэ Кавказым и ищхъэрэ лъэныкъуэм хур пасэ дыдэу гъэкIын щыщIадзауэ, — жеIэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIа экспедицэм и унафэщI Трифонов Виктор.
- Зи гугъу тщIы хьэдзэхэр мысакъыныгъэкIэ ныкъуэс хъуат, щагъэгъум щыгъуэ. Езы хур 1986 гъэм а щIыпIэм къыщагъуэтауэ щытащ, арщхьэкIэ абы егъэщIылIа къэхутэныгъэхэм щыпащэжар 2017 илъэсырщ.
- ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, къагъуэта хьэдзэхэм лIэщIыгъуэ 30-м нэблагъэ я ныбжьщ.
- Илъэс миних ипэкIэ Китайм къыщыунэхуауэ хуагъэфащэми, а къэкIыгъэм адыгэхэм я щIыналъэм зэрызыщиубгъуам шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ «Нарт» эпосым и лIыхъужьхэм ар я шхыныгъуэ нэхъыщхьэу щытауэ ди лъэпкъым и IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжри.
- ХЬЭТЫКЪУЭ ХьэуапцIэ.