Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум
2018-12-25
- Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуахэм къахэкIащ тхакIуэ, усакIуэ куэд. Абыхэм ящыщщ Къуныжь ХьэIишэт.
- Иджыри курыт еджапIэм щIэсу усэ тхын щIидзами, школ нэужьым ХьэIишэт япэщIыкIэ щIэтIысхьащ Москва дэт Технологическэ училищэм. ИлъэситIкIэ абы хъарзынэу щеджа пэтми, и гур зыщIэхъуэпсыр, пасэу и псэр зыхьэхуар усэ тхынрат. Арати, Горький Максим и цIэр зэрихьэу Москва дэт Литературэ институтым 1969 гъэм щIэтIысхьащ. Абы ипэкIи иужькIи Къуныжьым и IэдакъэщIэкIхэр ди республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытрадзащ.
- 1972 гъэм «Поэтессы Советского Союза» къыдэкIыгъуэм (Москва къалэ) Къуныжь ХьэIишэт и усэхэр къытехуащ. Абы и «Япэ уэс» усэ тхылъыр дунейм къытехьащ 1975 гъэм. А илъэс дыдэм и IэдакъэщIэкIхэр «Истоки» (Москва) альманахым къытрадзащ.
- Литератор IэщIагъэр зыIэригъэхьа иужькIэ ар Москва и издательствэ зыбжанэм, радиокомитетым щылэжьащ. ИтIанэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжри, республикэ радиом и литературэ нэтынхэм я редактору щытащ. 1984 гъэм «Къру гъуэгу» тхылъыр дунейм къытехьащ. А къыкIэлъыкIуащ «ГъащIэм и сурэт» (1991), «Горсть солнца» (1993), «Псэм и губгъуэ» (1998) тхылъхэр. Балигъхэм я мызакъуэу ХьэIишэт и къалэмыр сабийхэми зэрахуигъэбзэфыр щIэджыкIакIуэм я фIэщ ищIыфащ 1996 гъэм къыдигъэкIа «Хьэрхьуп» тхылъ цIыкIумкIэ.
- Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, «зыми емыщхь усакIуэщ» Къуныжь ХьэIишэт и гупсысэкIэкIи, и усэкIэкIи, и дуней тетыкIэкIи. Гупсысэм и бгъуэнщIагъ куухэр псалъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ щIэзыхыф зырызхэм ящыщщ ар.
- 70 гъэхэм я пэщIэдзэхэм лъэпкъ литературэм къыщыунэхуа усакIуэ бзылъхугъэм и щIэджыкIакIуэхэм я фIэщ ищIыфащ ар гупсысэ къабзэ зиIэ тхакIуэу зэрыщытыр. Къуныжьыр насыпыфIэ ещI фIыр текIуэу щилъагъукIэ, гуапагъэ цIыхухэм яку дэлъу щызыхищIэкIэ, сабий дыгъэм и нэкIум кърих гуфIэм, нэгъуэщI куэдми.
- ХьэIишэт и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ нэху, куу щыпхышащ. Абыхэм яхыболъагъуэ усакIуэ бзылъхугъэм акъыл жан, гудзакъэ зэриIэр. УсакIуэр и щIэджыкIакIуэм зэIухауэ йопсалъэ, абы зыри щибзыщIыркъым. И къалэмыр Хэкум, лъэпкъым, гуащIэрылажьэхэм, цIыху пэжхэм, мурадыфIыр зи бащэхэм яхуэгъэпсащ. Къуныжь ХьэIишэт ящыщщ лъэпкъ литературэм зи псалъэ щIэщыгъуэ хэзылъхьэфахэм.
- Щомахуэ Залинэ.
- Къуныжь ХьэIишэт и усэхэр
- Сымымазэ, сымыдыгъэ…
- Псынэ къабзэм хуэдэу, гъащIэр,
- КъибгъэхъуэхукIэ, из мыхъуж,
- Жыг баринэу гъатхэм гъагъэу,
- Бжьыхьэ къэскIэ зэ мыгъуж.
- Зы щIалэгъуэщ цIыхум иIэр…
- Илъэс къэскIэ уэсыр къос,
- ЩIымахуае щащыху щIыIэр
- ИгъэткIуну дыгъэр къопс.
- Сымымазэ, сымыдыгъэ,
- Уэс си лъэгум щIэкIутам,
- КъыслъэIэсмэ зэ ухыгъэр,
- Сыхэтаи, сыхэмытаи…
- Сымымазэ, сымыдыгъэ,
- Сэ цIыху псом сырамылей.
- И щIопщ гуащIэм лъагъуныгъэм,
- Чыным хуэдэу, сегъэлъей…
- ***
- МылIэжын къуршхэр си гум къихьэм,
- Абы си гъащIэр пызолъыт —
- Нэхущ бэмпIам и пшагъуэ Iыхьэщ,
- Псы уэрым ихь зы пшахъуэ цIыкIущ.
- Илъэс мин ипэ ункIыфIахэу
- Вагъуэ лъэужьу тхуэблэ минхэм
- Си гъащIэ тIэкIур сэ еслъытым —
- Сабийм хуагъаблэ хьэрэфинэщ.
- Ауэ зы гъатхэм щыщIэдзауэ
- Бжьыхьэм нэсыху псэу хьэндырабгъуэм
- Си гъащIэ мащIэр еплъытамэ, —
- СыцIыхущ, сыкъуршщ икIи сывагъуэщ.
- Сабий сурэтхэр
- Жэнэтбзу
- ТхылъымпIэщ уэсыр. Жэнэтбзу
- Сурэту тызощIыхь селIалIэу,
- Уэрэд къызжиIэу бзур мызу,
- Ар цIыхум хуэдэу къызопсалъэ:
- Мы дуней щымым сэ зэран
- Уэрэд мыухкIэ сыхуэхъунуи?
- Къихьэнщи гъатхэм си зэман,
- Тхьэм уигъэлъагъу сызэрыхъунур…
- Си бжьыхьэ гъуэгур пшабэщ, кIыхьщ.
- СолъаIуэ, къысхуэвмыщI гукъанэ,
- ЩIымахуэ щIыIэхэм фепщIыхь
- Уэрэд бзэрабзэу къыфхуэзгъанэм.
- Уэс нанэ
- Сыхэту жейм солъагъур пщIыхь:
- Сыхэту уэсым къызокIухь.
- УэсыщIэр щкъыщкъыурэ мэщэIу,
- Мыр жиIэу уэсыр къызолъэIу:
- — Сыщылъу щIым сыкъыумыгъанэ,
- НэгъуэщI пхуэмыщIэм, сыщI уэс нанэ.
- Iэгу пщтыркIэ уэсыр зэхуэсхьэсри,
- Хэслъхьэну псэ яужь ситащ.
- Пшэ хужьхэми псэ хужьу щесыр
- Уэс хужьым хэлъу къэсIэтащ.
- Къудамэхэр щхьэцыгъуэ хуэсщIри,
- СщIэрт и гур и фэу зэрыхужьри,
- Мывэ фIыцIитIыр, нэ фIыцIитIу,
- И набдзэ щIагъым щIэзгъэсащ…
- КъысхуамыщIынуи гукъанэ
- УэсыщIэ щкъыщкъыр сщIащ уэс нанэ,
- Уэс нанэ сщIащ уэс хужь къесар…
- Уэс нанэр ткIуащ, псэ пщтыр хэслъхьари,
- Уэ пщIэм, къызжеIэ здынэсар.
- ***
- Гупсысэ кIапэхэр соутхыпщI,
- А сыутхыпщIар тхылъымпIэм тохуэ.
- Зигу укъэмыкIхэм сащымыщ —
- УэркIэ гупсысэхэр къыстокIуэ.
- Къудамэ лантIэхэр мэщхъыщхъ,
- ТкIуэпсхэр щыгъэхуу щIым къытоткIуэ.
- Зигу укъэмыкIхэм сащымыщ —
- УэркIэ гупсысэхэр къыстокIуэ.
- Гуауэ къысхуэкIуэми сыщымщ,
- Зеслъафэу си псэр жыжьэ сокIуэ.
- Зигу укъэмыкIхэм сащымыщ —
- УэркIэ гупсысэхэр къыстокIуэ.
- ***
- Гъатхэ ныбжьым сикIащ,
- Бжьыхьэ ныбжьым сихьакъым.
- ГъэмахуэкIэу мэлыд мы дунейр.
- Си Iэжьэкъури ичащ.
- Спшыныжа стелъа хьэкъыр?
- СызэупщIыр уэ зырщ, Къэбэрдей.
- УхъуэнщIауэ си лъэпкъ,
- Хэт и деж ущыгъуащэр?
- УпщIэ Iэджэ гурыщIэм къыпокIэ,
- Iэджи икIыу уи бжэпкъ
- Дзэл къудамэу хамэщIым щыхокIэ…
- ГукъэкIыжкIэ гулэз
- Уэ зэгуэр къыплъысамэ,
- Уохъу гу пцIанэ, пфIокIуэдыр уи жейр,
- Сэри усэу согъэпс,
- Си гупсысэ Iэрамэ,
- ЗыхуэкIуэнур сымыщIэу дунейр.
- ***
- Уи закъуэ дыдэу уэ укъанэм,
- АнэдэлъхубзэкIэ уджэнщ:
- — Дэнэ ущыIэ уэ, си къаныр,
- Узмыгъуэтыжу сочэнджэщ.
- Жьы къыкъуэуар кърипщIэу здэкIуэр,
- КIэртIофуэздыгъэ бзийр мэсыс,
- Сыт си фэм дэхуэми зэзгъэкIуу,
- Езгъэщхьу фащэм сыщымыс.
- Си закъуэ дыдэу сыкъэнэхукIи,
- Сэ закъуэныгъэр къэзмыщIэн,
- Зы вагъуэ уэгум къыщыблэхукIи
- И нурыр уагъэу зэIусщэнщ.
- Хэзухуэнэнщ си закъуэныгъэр,
- Уэ пхэлъ пэжагъри къэсщIэжынщ —
- Зы лъагъуэ хуэкIуэуи кIыфIыгъэм
- Зыгуэр темыхьэу ежьэжынщ.
- Зы илъэс
- Лъагъуныгъэр хуэдэщ гъатхэм
- Жылэ жейхэр къыщыушым,
- Лъагъуныгъэм ущигъатхэм
- Уи псэр лыду мэхъур къуршу.
- Лъагъуныгъэр ещхьщ гъэмахуэм
- Уэгум вагъуэ къыщылыдым,
- Мазэ нурми сыт и махуэр,
- Гум и мафIэм ар еплъытым.
- Лъагъуныгъэм иIэщ бжьыхьэ,
- Къыдэушу жьы зыгъахъэр,
- Уи Iэгу нэщIу уи Iэгу пIыщIэр
- Гъунэгъу хуэпщIу уи Iу бахъэм.
- ***
- Си лъагъуныгъэр езгъэпщэнут
- Уэгу вагъуэм хуэдэ мыIэрысэм,
- АрщхьэкIэ бжьыхьэм жьы къепщэнум
- Ихьынущ игъуэ нимыгъэсу.
- Си лъагъуныгъэр езгъэпщэнут
- Ди жьэгум хъуаскIэ къыдэлъэтым
- ЩIымахуэр къэсу, жьым къимыхьу
- Щытам уэс щIыIэр, бзийр ипхъуатэу.
- Си лъагъуныгъэр ещхьу сфIощIыр
- Пщэдджыжьым уафэм къихьэ дыгъэм,
- Ауэ итIани си гур хощIыр —
- Дунейм имыхь сыт щыгъуи бзыгъэу…
- НэгъуэщI ар зэщхь темыт мы щIыгум —
- Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум.
- ***
- Къру дамэм уэс хужь къесыр
- Iэджэм ирагъапщэ.
- И ныбжь щIыIэм сэри сесыр,
- Сигури хегъащIэ.
- Ещхьми тхъугъэр къру дамэм,
- Iулъэтын мыпIащIэ.
- Данэ пIащIэу, жьым зэрехьэ,
- Ди псэр егъэпIащIэ.
- ГъащIэм сеплъым къру дамэр
- Си щхьэм кърешэкIыр.
- Уэсри къосыр — жеIэ мамэ,
- Унэм сыщыщIэкIым.
- Соплъ. Езым и гъащIэ гъуэгум
- Гъатхэ куэди хэткъым,
- Къру дахэу тхъугъэ хужьыр
- Бжьыхьэ къэс Iулъэткъым.
- ЩIыхуэ
- Сэ зы цIыхуми стелъыжкъым и щIыхуэ,
- Си псэм щIыхуэу телъар итыжащ.
- Мо щкъыщкъыжу жьыщIа уафэ щIыхум
- И зы нэз нэхущ пшэплъ щIигъэжащ.
- Сэ стелъыжкъым и щIыхуэ зы цIыхум,
- Гу IэфIагъэкIэ пшэплъыр иIащ.
- Мы си гущIэр мэушэ щэху дыдэу —
- Гупсэхугъуэ хъуэпсапIэхэр хъуащ.
- Сэ зы цIыхум и щIыхуэ стелъыжкъым.
- Стелъу ябжрэ — нэхъыби стыжынщ.
- Ауэ сыт иджы гъащIэ къыслъысым
- КъыщIысфIэщIыр нэхъ псынщIэу хэщIын?..
- Ныджэм тет жыг
- Ныджэм тет жыгым
- И лъабжьэр ятIагъуэм къыхощ.
- Жьыбгъэр къепсыхым
- Къудамэхэр уэсым къытощ.
- Ныджэм тет жыгым
- Си гъащIэри сэ изогъэщхь.
- КъеIэмэ жьыбгъэр —
- Хьэцыбанэм абы зрегъэщI.
- Джэду акъужьри
- Бгы къыгуэуам къыщыщIэпщам
- Быдэу жыг лъабжьэр
- ЯтIагъуэ бдзантхъэм хипщащ.
- Вагъуэ щхьэщытмэ,
- Жьыбгъэм ар хуэщIыркъым чэф,
- Ныджэм тет жыгыр
- Уафэм тетхами къоджэф.
- Гъатхэ ежьу
- КIыгуугур жыгым къепсыхамэ,
- Унагъуэр хуохъур хэгъэщIэн.
- Сэ си уэрэдыр уэ пхуэстхамэ,
- И гъуэгу сыт хъуну, хэт къищIэн?
- Сыхьэтым хуэдэу гъащIэр ибжу,
- КIыгуугур пщIантIэм къыщыджэнщ,
- Гъатхэ гуфIэгъуэр гъащIэм и бжэу,
- Ежьум си макъыр схухиджэнщ.
- Си гъащIэм телъым бгылъэм и пшэр,
- Сэ си уэрэдым къыхэщынщ,
- Илъэсхэуи кIыгуугум схуибжым
- СедаIуэу дауэ сыщысын?
- Псэр пхъэщхьэмыщхьэкIэ щыгугъыу
- Жыг къыхихамэ, къыпыкIэнщ.
- Схэлъ хьэлэлагъри, хадэ жыгыу,
- Уэ пхэлъ гуапагъэм ныпэджэнщ.
- ***
- Си гуауэр, си гуапэр — си тхыгъэр
- Хуэмурэ зы тхылъ ирокъу.
- Закъуэныгъэр гъащIэм и тыгъэ?
- Сэ акъылкIэ абы соныкъуэкъу.
- Бжьыхьэ жэпщ си щхьэцыр, Iэр теслъхьэмэ,
- ГумкIэ ткIыбжьщи — къытызохыж.
- Си ныбжьэгъухэр жагъуэгъу хъуа, хьэмэрэ
- Хъуа я IэфIыр зэхэзмыхыж?
- Iэ дызолъэ уэс щIыIэ гукъинэм,
- Гугъэу сиIэр сыту пщтыра?..
- Губгъуэ щIыIэм сэри сыкъинэм,
- Ар зи ягъэр уэ зыр ара?