Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яух
2018-12-22
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм 2018 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм и кIэух зэIущIэр.
- Абы депутатхэр арэзы щытехъуащ Прохладнэ суд IуэхущIапIэ №5-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъур Кулеш Еленэ, Налшык суд IуэхущIапIэ №10-м — Чипчиковэ ФатIимэ, КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и аудитор IэнатIэр — Мишковэ Иринэ къызэрыхуагъэлъэгъуам.
- Депутатхэм етIуанэ еджэгъуэм къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2019 гъэм, 2020 — 2021 гъэхэм ятещIыхьауэ», «КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2018 гъэм, 2019 — 2020 гъэхэм ятещIыхьауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэр.
- КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ 2018, 2019, 2020 гъэхэм республикэ бюджетым и проектым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, дэфтэрыр ягъэхьэзыращ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэр зэрагъэзэхуэн папщIэ яхухих ахъшэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 83,3-рэ къызэрыратам, апхуэдэуи федеральнэ субсидие хэхауэ сом мелуан 37-рэ къызэрыхуаутIып-щам къыхэкIыу. Лисун Еленэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэ гъуэгу фондым къигъэсэбэпыну зыхуей бжыгъэм сом мелуани 184,9-рэ къызэрыхэхъуар. Ар къэплъытэмэ, 2018 гъэм республикэм къигъэсэбэпар сом мелард 30-рэ мелуан 272,4-рэ мэхъу.
- КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм бгы-лыжэ туризмэм зыщегъэужьыным теухуауэ» КъБР-м и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым. Министрым зэрыжиIамкIэ, ар хуэгъэзащ спорт туризмэм зегъэужьынымрэ бгым къыщызыжыхьхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ теухуауэ хабзэр ирагъэфIэкIуэным.
- «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ къулыкъур Болэт Арсен щхьэщахащ, езым закъызэрыхуигъэзам, нэгъуэщI лэжьыгъэ IэнатIэ зэрыпэрыхьэм къыхэкIыу.
- Депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ республикэм и хабзэ щхьэхуэхэм, арэзы техъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм фэтэр куэду зэхэт и унэхэр зэрызэрагъэпэщыжым теухуауэ» КъБР-м и законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и законым и проектым, нэгъуэщIхэми.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентыр 2019 гъэм и гъатхэ сессием нэхъыщхьэу зэлэжьынухэми.
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Муратрэ Егоровэ Татьянэрэ депутатхэм фIыщIэ хуащIащ 2018 гъэм лэжьыгъэ купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIам папщIэ икIи илъэсыщIэм нэхъыбэж яхузэфIэкIыну ехъуэхъуащ. ЗэIущIэр Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я гимнхэмкIэ зэхуащIыжащ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.