Къулыкъу зыхуэфащэхэр къыхахыну загъэхьэзыр
2018-11-03
- КъБР-м и Правительствэм щэкIуэгъуэм и 1-м щекIуэкIа зэIущIэр теухуат лэжьакIуэфI хъунухэр къыхэхыным къыхузэрагъэпэщ «Новая высота» зэхьэзэхуэр ублэным. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек жиIащ республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыфыну, зэфIэкI зиIэ цIыхухэр абы къызэригъэлъэгъуэнур икIи пщэ-рылъ зэращищIам тету, зэпеуэр КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, «Россия — страна возможностей» IуэхущIапIэр и дэIэпыкъуэгъуу, зэрыригъэкIуэкIынур.
- — Сыщогугъ мы зэпеуэм текIуэныгъэ къыщызыхьынухэм ди щIыналъэр езыгъэфIэкIуэну гуп лъэщ къахэкIыну. Абыхэм зэхьэзэхуэм Iэмал ярет къулыкъу зыIэрагъэхьэну. Абы къикIыркъым зэхьэзэхуэм хэтхэмрэ абы щытекIуэхэмрэ пщэдей занщIэу къулыкъушхуэ яIэ хъуну, ауэ я зэфIэкIыр япэщIыкIэ щагъэлъэгъуэфынущ ухуэныгъэм, егъэджэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ, социальнэ IуэхущIапIэхэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми, — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- Абы дыщIигъуащ мы зэманым IэнатIэу 100-м нэблагъэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэм папщIэ зэрыщыIэр.
- «Новая высота» зэпеуэм хыхьэ Iуэхугъуэхэр къэпщытэнымкIэ и къудамэм и унафэщI, «Россия — страна возможностей» IуэхущIапIэм и лIыкIуэ Мантаевэ Калимат къыхигъэщащ лэжьэну хуей, зэфIэкIрэ мурад пыухыкIарэ зиIэ цIыху жыджэрхэм Iэмал етыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы жиIащ щIыналъэр нэхъыфI зыщIыну унафэщIхэр гъэхьэзырыным къэралым гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр.
- — Зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу гуэшауэ щытынущ, мазитIкIэ екIуэкIынущ. Тестхэр ящIа нэужь, бжыгъэ нэхъ лъагэ къэзыгъэлъэгъуахэр етIуанэ Iыхьэм къедгъэблэгъэнущ. Абы щыщу нэхъыфIу 50 хуэдиз къыхэтхыжынущ. Зэпеуэм хэтыну хуитщ зи ныбжьыр илъэс 22-рэ ирикъуа, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, илъэситI мынэхъ мащIэкIэ лэжьа дэтхэнэри, — жиIащ къэпсэлъам.
- Зэпеуэм кIэлъыплъакIуэ гуп иIэнущ, ахэращ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр зыгъэбелджылынур. Советым хагъэхьащ республикэм щыцIэрыIуэ цIыхухэр: щIэныгъэлIхэр, политикхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, н. Абы и унафэщIщ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ. Гупым хэтынухэм ящыщщ Къурш геофизическэ институтым и унафэщI Беккиев Мухътар, КъБКъУ-м Экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и унафэщI ГъукIэпщокъуэ Мурат, ITV компанием и унафэщI Алтуев Мурат, «Урысейм и пашэхэр» зэхьэзэхуэм щытекIуа Жданеев Олег, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Джэду Iэниуар, нэгъуэщIхэри.
- Гу зылъытапхъэ: Зэпеуэм хэтынухэм щэкIуэгъуэм и 20 пщIондэ «Новая высота» сайтым ихьэу зыщатхын хуейщ.
- Зэпеуэм и сайтыр мыращ: новаявысота2018.рф
- Колл-центрым и телефоныр: +7 (8662) 42-12-56
- Пресс-секретархэр: +7 (928) 079-06-18 — Апоев Асхьэд (СМИ-м ядолажьэ)
- +7 (963) 391-89-50 — Бекъул Саидэ
- БАГЪЭТЫР Луизэ.