Бзур щыплъагъур уэгурщ, артистыр утыкурщ
2018-10-23
- Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солисткэ ДзыхьмыщI Джульеттэ.
- Къафэм и псэр макъамэрауэ къэзылъыти щыIэщ, ауэ нэхъыбэж елъытащ къэфакIуэм, абы макъамэр зэрызыхищIэм, и гупсысэм. Джульеттэ ящыщщ зи утыку итыкIэм уеплъкIэ зызыщумыгъэнщIхэм. Апхуэдэ зырызхэр арагъэнущ зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа жыхуаIэхэр.
- — ИлъэсипщI сызэрыхъурэ къафэм сыхэтщ, — къыщIидзащ Джульеттэ, и IэщIагъэр къызэрыхихам теухуауэ дыщеупщIым. — Си адэ Тхьэмокъуэ Мартин къызэригъэпэща «Къуршхэм я бынхэр» къэфакIуэ гупым щыщIэздзат. Сигу, си псэ хыхьэу, жэуаплыныгъэр тIэунейуэ зыхэсщIэу, си зэфIэкIыр зэрезгъэфIэкIуэным яужь ситт. Курыт еджапIэр къэзухыу КъБКъУ-м сыщIэтIысхьа иужь, КъБР-м и цIыхубэ артист Думэн Мурадин и унафэщIу университетым щылажьэ ансамблым сыхыхьащ. ИужькIэ Атэбий Игорь «Кавказ» ансамблыр къызэрызэригъэпэщар къыщысщIэм, абы сыхэтыфын хуэдэу, заочнэу седжащ.
- — Утыкум и IэфIыр зэ зыхэзыщIам ар хуэмыутIыпщыну жаIэ. ИлъэсипщI ныбжьым уиту япэу сценэм ущихьам зыхэпщIа гурыщIэмрэ иджы зыхэпщIэмрэ я гугъу уэзгъэщIынут.
- — Пэжщ, утыкум узыщIешэ, абы къуит къарур зэ зыхэпщIамэ, ирисымэджэн щIыбодзэ. «Кабардинка» ансамблым 2000 гъэ лъандэрэ сыкъыщофэ. Псори зэхэту илъэс 25-м нэблэгъауэ утыку ситщи, цIыхухэм я пащхьэ сыщихьэкIэ, сыт щыгъуи мащIэу согузавэ.
- — Уи IэщIагъэр къызэрыхэпхам ущыхущIегъуэжа къэхъуа?
- — Къэхъуну къыщIэкIынт, си унагъуэр симыIамэ, абыхэм сакъыгурымыIуамэ, си Iуэхур къыздамыгъэпсынщIамэ. Ауэ къафэр сэ зэрысхуэхъуэжын щыIэкъым. ЩIыбагъ быдэу сиIахэм я фIыгъэкIэ унагъуэ сыщихьами, сабийхэр цIыкIуу щыщытами, зэи «гугъу сохь» жысIакъым. Си адэ-анэм къищынэмыщIа, сызыхыхьахэри творчествэм пыщIа цIыхущ, абы и гъурри цIынэри ящIэри, аращ тыншу дыкъыщIызэдекIуэкIар.
- — Университетым инджылызыбзэмкIэ и къудамэр къызэрыбухам сыщыгъуазэщ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэтын щхьэкIэ ущIэтIысхьауэ арат абы?
- — Курыт еджапIэм сызэрыщIэсрэ бзэхэр тыншу схузэгъащIэрт. ИнджылызыбзэмкIэ дезыгъаджэм, а унэтIыныгъэмкIэ сыкIуэну къысхуэхъуапсэрти, зэпыу имыIэу ар къызжиIэрт. Сэри бзэхэр джыныр, абыхэм я щэхухэр къэхутэныр сфIэфI дыдэт. Уеблэмэ, къафэмрэ бзэхэмрэ къахэсхынур сымыщIэу, тIури фIыуэ слъагъурт. Арати, сытегушхуэри, тIури зэзгъэхъулIэну мурад сщIащ. СызэригугъэмкIи, къызэхъулIащ. Бзэхэр зэрысщIэр иужькIэ Iэджэрэ къысхуэсэбэпыжащ.
- — «Кабардинка»-р дэнэ щIыпIи фIыуэ къыщалъагъу икIи ирагъэблагъэ. ФыздэщыIа щIыпIэхэм ящыщу уигу нэхъ къинэжахэм я гугъу къытхуэщIыт.
- — Къапщтэмэ, гуапэу къытпемыжьарэ, дыщамыIэта къэралрэ щыIэкъым, абы ди лъэпкъэгъу щыпсэуми щымыпсэуми. Къафэр — бзэкъым, зэхэщIыкIщ зыхуейр. Сэ ар хамэ щIыпIэхэм куэдрэ хьэкъ щысщыхъуащ. Ди щэнхабзэм пэIэщIэхэми я нэпсыр щIалъэщIыкIыу ди концертхэм мащIэрэ щыслъэгъуакъым. Нэхъыбэрэ дыздрагъэблагъэр ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу Тыркуращ. Италием мазэкIэ дыщыIэу дыкъэкIуэжа къудейуэ, къыдэлъэIуу етIуанэу щытедгъэзэжаи къытхуихуащ. Мыбдеж къыхэгъэщын хуейщ а къэралым ди диаспорэ зэрыщымыIэр. Ауэ щыхъукIи, зыкъыщыдгъэлъагъуэ пэшым тIысыпIэ нэщI имыIэу цIыхухэр къекIуалIэрт.
- — Фи ансамблым игъэзащIэ къафэхэм ящыщу дапщэм ухэт? Уи псэм нэхъ фIэфIыр къэдбгъэщIамэ арат.
- — Ансамблым игъэзащIэ къафэ псоми сыхэтщ, ауэ сэ нэхъ куууэ зыхэсщIэр «Къафэжьырщ». Япэрауэ, ар бгъэзэщIэнуи нэхъ гугъущ, нэхъ купщIэшхуи езым иIэу къызолъытэ. Абы и макъамэр къеуэн зэрыщIидзэу, къару гуэрым сызэщIеубыдэри, иухыху сиIыгъщ. Ар псалъэкIэ къыпхуэIуэтэныр фIэщщIыгъуейщ, зыхэпщIэн хуейуэ аращ. Сэ сызэреплъымкIэ, къафэ къэскIэ апхуэдэу къыппкърымыхьэмэ, ар къохъулIэнукъым. Уи плъэкIэ, зыIыгъыкIэ, гум илъ нэгъунэ мыхьэнэ щаIэщ абы. Сэ къызэрысщыхъумкIэ, ар зыхимыщIэу зыри ди ансамблым хэткъым.
- — Уи дежкIэ къафэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэр?
- — Си гъащIэм и Iыхьэ нэхъыбэм къафэм сыхэтщи, схужыIэнущ къафэр си гъащIэу. Хуабжьу сыщогуфIыкI ди щIалэгъуалэм къафэ фIыуэ зылъагъу куэд зэрахэтым. ХьэгъуэлIыгъуэ укIуамэ, утыкум итхэр ансамблым хэт фIэкIа умыщIэну, дахэу къофэ.
- — Лъэпкъыр дуней псом къезыгъэцIыхуа «Кабардинка» ансамблым хэтхэм сыт хуэдэ хьэл-щэн яхэлъын хуейуэ къэплъытэрэ?
- — «Къаплъэ нэхърэ — къиплъ», — жеIэ псалъэжьым. КъэфакIуэхэм я мызакъуэу, дэтхэнэ зы цIыхуми хэлъыпхъэ хьэл-щэн дахэращ нэхъыщхьэр. Хабзэм къигъэувыр ди мардэщ. Дэнэ ущымыIэми узыкIэлъыплъыжыпхъэщ, иужькIэ ущIэукIытэжын Iуэху къэбгъэхъу хъунукъым.
- — Сыт хуэдэ псалъэкIэ «Кабардинка»-р къыдбгъэцIыхунт.
- — Хуабжьу фIыуэ солъагъу ансамблым хэт дэтхэнэри. Гуп зэрыIыгъщ, зэрылъытэщ. Гъуэгу ущытетым хуэдэу, цIыхур къыщыпцIыху щыIэу къыщIэкIынкъым. Сэ ди гупым хэтхэр абыкIэ згъэунэхуащи, аращ фIыуэ щIэслъагъур. Зы унагъуэм хуэдэщ ди гупыр жысIэмэ, сыщыуэнукъым.
- — Къафэм хэтхэм нэхъ пасэу пенсэ зэрыхуагъэувым дыщыгъуазэщ. Зыбгъэпсэхуну утIысыжмэ, Iуэху гуэр пщIэну тебухуа?
- — Сэ къафэм сыхэтыху си хъыджэбз нэхъыжьитIыр къыдэкIуэтеящ, абыхэм дахэ-дахэу сабгъэдэсыну Iэмал симыIэурэ. Иджы пенсэм сытIысыжмэ, си мурадщ си унагъуэм, си бынхэм я деж а щIыхуэр щызытезгъэкIыжыну. Си хъыджэбз нэхъыжьым университетыр къиухауэ Москва къалэ щылажьэ «Адыги» ансамблым сабийхэр къафэм щыхуегъасэ. ЕтIуанэр 11-нэ класс хъуащ, щIалэ нэхъыщIэр илъэситхурэ ныкъуэм нэсауэ аращ. Тхьэм жиIэмэ, сщIэн згъуэтынущ.
- — ЦIыху насыпыфIэу зыкъэплъытэж-рэ?
- — СынасыпыфIэщ. Си унагъуэрщ си насыпым и япэ Iыхьэр, си адэ-анэр схуэузыншэу къысщхьэщытщ. Адрей псори гъащIэм щызэбгъэхъулIэфынущ, гугъу зебгъэхьмэ.
- Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.