Адыгэ жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэр къаIэт
2018-07-19
- Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я редакцэхэм зэгъусэу къызэрагъэпэщ зэIущIэм и зи чэзу зэхыхьэр мызыгъуэгум Черкесск къалэм щекIуэкIащ. «Черкес хэкум» и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ зэхуишэсащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, бзэм, литературэм хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр.
- Зэхуэсахэр, газет Iуэхум и мызакъуэу, лъэпкъыр мы зэманым зыIууэ гугъуехьхэм, абыхэм я хэкIыпIэу къалъытэхэм, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум, литературэм и зыужьыкIэм, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъуным, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ. Апхуэдэуи ахэр газет напэкIуэцIхэм къызэрыщыгъэлъэгъуапхъэр къыхагъэщащ.
- Нэхъыщхьэрати, адыгэ газетищым зэгъусэу къыдагъэкI номерхэр зытеухуауэ щытыну Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ. Псом япэ ирагъэщащ зи хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр щагъэлъапIэ шыщхьэуIу мазэм ирихьэлIэу зы къыдэкIыгъуэ ягъэхьэзырыну, адэжь лъахэм изэгъэжа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ ди зэманым адыгэ жылагъуэр зыгъэпIейтейм, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым лъэпкъыбзэхэр зэраджыну жыпхъэм теухуауэ къыхалъхьа законопроектыр къащтэмэ, дызыхуишэнкIэ хъунум, ар къамыщтэн папщIэ ящIэм, адыгэшым, адыгэ Iэщэ-фащэм, адыгэ литературэм хухэха къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэр.
- «Адыгэ псалъэ«, «Адыгэ макъ« газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Дербэ Тимуррэ «Черкес хэкум« и редактору иджыблагъэ ягъэува Абидокъуэ Люсанэ ехъуэхъуащ и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ирихьэлIэу адыгэ газетым куэдрэ хуэлэжьэну.
- НэщIэпыджэ Замирэ.