ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабий 500-м  нэблагъэ хэту

2018-07-03

  • «Динамо» физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэр илъэс 95-рэ щрикъумрэ Урысейм и махуэмрэ ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ художественнэ гимнастикэмкIэ чемпионат зэIухарэ «Динамо»-м и зэхьэзэхуэрэ. Мыпхуэдэ зэпеуэхэр илъэс епщIанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI.

  • Нэхъапэм къэмыхъуауэ, Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым спортсмен хъыджэбз цIыкIу куэд щы зэхуэсат. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм хэтащ гимнаст 300-м щIигъу. Псори зэгъусэу чемпионатымрэ зэхьэзэхуэмрэ кърихьэлIащ Ипщэ, Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм, Осетие Ипщэм хыхьэ къалэ 17-м къикIа спортсмен 500-м нэблагъэ.
  • «Художественнэ гимнастикэр спорт лIэужьыгъуэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Ар гъуазджэ пэлъытэщ. Алэрыбгъум щынэхъапэр къарум, Iэрыхуагъым, бэшэчагъым я закъуэкъым. Куэд елъытащ ритмыр зыхэщIэным, Iэпкълъэпкъым и лантIагъым. Спортсменуи артистуи ущытыныр, шэч хэмылъу, тыншкъым. Мис а псом къыхэкIыущ мы спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ щIалъагъури щIафIэгъэщIэгъуэнри», — къыхигъэщащ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
  • Илъэс куэд щIауэ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр мэкъуауэгъуэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкI, гъэ еджэгъуэ блэкIар къапщы-тэж щIыкIэу. КъищынэмыщIауэ, абы хэтхэм ягъэзэщIэну Iэмал яIэщ разряд лIэужьыгъуэхэм, спортым и мастерым и кандидатым я мардэхэр.
  • Юбилей чемпионатымрэ «Динамо»-м и зэхьэзэхуэмрэ я ныбжь елъытауэ гуэшауэ щыта гуп 11-м нэхъыфIхэр къыщапщытащ.
  • ЖЫЛАСЭ Замир.