ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тхыдэм и къэхутакIуэ

2018-05-23

  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и ТхакIуэхэми Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ. Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм къехъулIа лэжьыгъэхэм, иджыпсту зи ужь итхэм я гугъу къытхуищIащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

  • Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, Къандур Мухьэдин, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

    — Мухьэдин, кином ехьэлIауэ иджыпсту зи ужь уит лэжьыгъэ-хэр сфIэгъэщIэгъуэнщ.

  • — Библиер зи лъабжьэ, нобэрей гъащIэм, дызэрыт щытыкIэм теухуа кино Иорданием зэрыщытетхынум и ужь дитщ. Абы сыхуигъэушащ Иисус Христос и зэманым теухуауэ инджылыз еджагъэшхуэм и Iэда-къэ къыщIэкIа диссертацэм. Библием зэритымкIэ, бегъымбар Мусэ журтхэр къыщыдишым илъэс 40-кIэ Синай къумым щыIащ. Еджагъэшхуэм и лэжьыгъэм зэрыщитхыжым тепщIыхьмэ, псы къалъыхъуэу абыхэм къыздакIухьым, Иорданием къакIуэри, псэупIэ ящIащ. А щIыпIэм псори зэреджэр Мусэ и къуэладжэщ. Тхыдэм ехьэлIа Iуэху зэIумыбзхэри еджагъэшхуэм къигъэлъэгъуащ. Сыдэзыхьэха а лэжьыгъэр зи лъабжьэ сценарий стхащ. Бадзэуэгъуэм кинор тетхыну ди мурадщ. Абы къызэщIедгъэубыдэнущ инджылыз, урыс, хьэрып, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ актёрхэр.
  • Испанием, Франджым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм нэгъабэ къыщыдагъэкIа си «Генералхэм я жэщ» тхыдэ романыр теухуащ Тыркум и президент Реджеп Тайип Эрдоган трахун мурадкIэ, 2016 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м Тырку къэралы-           гъуэм Гюлен Фейтуллах къыщигъэхъуну зыхэта къэрал къаугъэм ипкъ иткIэ тыркудзэм хэтхэм революцэ къызэраIэтам. Кином и сценарийр стхауэ хьэзырщ. Инджылызыбзэ- кIэ къыдэкIа романыр хьэрыпыбзэрэ тыркубзэкIэ зэрадзэкIащ. Абы Тыркум киносериал къыщытращIыкIыну зыкъысхуагъэзащ. Продюсерыр иджыпсту а Iуэхум йолэжь. Гъэ къакIуэ абы и ужь ихьэнущ. Тхылъым щIэупщIэшхуэ иIэщ. Япэрей тиражыр минипщI хъурти, ар къемэщIэкI щыхъум, мин тIощI аргуэру къыдагъэкIыжащ. ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуэжа лэжьыгъэр зэрыстхыжар куэдым ягъэщIагъуэ. Тыркум и ФСБ-м офицер адыгэ щIалэ куэд хэтщ. КъищынэмыщIауэ, министерствэхэм щылажьэ ди лъэпкъэгъу зыбжанэ си нэIуасэщ. Тхылъыр щыстхым ахэри къыздэIэпыкъуащ. А псом къыдэкIуэу, Тыркум къыщыхъуа революцэри си нэгу щIэкIащ. Абы ирихьэлIэу тхьэмахуитIкIэ Анкара сыдэсащ, цIыхухэм саIущIэу, икIи а лэжьыгъэм икIэщIыпIэкIэ иужь сихьащ, мыхьэнэ зиIэ а тхыдэ къэхъугъэр стхыжыну къалэн зыщысщIыжати.
  • — Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа Ещанэ дунейпсо кинофестивалымрэ SIFFA киносаугъэтымрэ къызэзыгъэпэщари абы и президент хъуари литературэмрэ кинематографиемкIэ дунейпсо саугъэтхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, продюсер, ЩIДАА-м и академик уи щхьэгъусэ Бэлагъы Любэщ. Дунейпсо кинофестивалхэм ар къазэрыщхьэщыкIымрэ зэрефIэкIымрэ теухуауэ къэпщытакIуэ гупым хэтхэм гу зылъыфтахэм я гугъу къытхуэщIыт.
  • — ЗэрыжыпIащи, кинофестивалым ехьэлIа лэжьыгъэшхуэ Бэлагъы Любэ иригъэкIуэкIащ. Сэри схузэфIэкIымкIэ сыдэIэпыкъуащ. 2017 гъэм ещанэ хъуа а зэхыхьэр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху дахэт. Япэ илъэсым лэжьыгъэ 12, къыкIэлъыкIуэм 34-рэ къагъэхьащ. Нэгъабэрей зэхыхьэм, Урысейм къищынэмыщIауэ, Китайм, Японием, Америкэм, Европэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм ящыщхэр къыхыхьэри, зиубгъуащ. КъэпщытакIуэ гупым сыхэтщи, къагъэхь фильмхэм псоми соплъ. Фестивалым хагъэхьэну лэжьыгъэхэр япэщIыкIэ къыхыдох. Къемызэгъыу къэтлъытэхэр пхыдгъэкIыркъым. Нобэ фильм 22-рэ сеплъащ. Абы щыщу 12-р къыхэтхащ. ГъэщIэгъуэну гу зылъыстахэм я гугъу пщIымэ, темэ и лъэныкъуэкIэ абыхэм егъэлеяуэ куэд къызэрызэщIаубыдэрщ. Лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу цIыхум и щIыналъэр зэрибгынэрщ, Iэпхъуэшапхъуэм зэрыхэмыкIырщ. А темэр кино зыбжанэм зэтехуэу къызэрыщагъэлъэгъуар щыхьэт тохъуэ ижь-ижьыж лъандэрэ дунейм а Iуэхугъуэр зэрыщекIуэкIым.
  • — Сочэ щекIуэкIа кинофестивалым къыпызыщэу Великобританием щыIам сыт и мыхьэнэр?
  • — Сочэ щекIуэкIа кинофестива-лым япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьа лэжьыгъэ нэхъыфIхэр Британием щыIэ кинофестивалым къыщыдогъэлъагъуэ. Апхуэдэу а фильмхэр утыку иным зэрыщалъагъур IэмалыфIщ Инджылызым, нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщащэхуну, къыщагъэлъэгъуэну. Къэбгъэлъагъуэмэ, Европэ псом я лIыкIуэхэри къокIуэ кино нэхъыфIхэм еплъыну. Урысейм щытраха фильмхэм я щIэупщIэм зэрыхэхъуэр къэплъытэмэ, фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Апхуэдэурэ кIуэмэ, урыс кинор дунейпсо утыку ихьэфынущ. Псом хуэмыдэу Испаниер абы нэхъ щIоупщIэ. Илъэс кIуам пашэ хъуа «Ресепшн» фильмыр къэрал куэдым къащэхуащ, Сочэ щекIуэкIа кинофестивалым и фIыгъэкIэ. КIэщIу жыпIэмэ, зэхыхьэм киногъуазджэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр ипэкIэ егъэкIуатэ.
  • — Уи илъэс 80, Бэлагъы Любэ и илъэс 50 юбилей пшыхьхэр щIыналъэ куэдым зэрыщывгъэлъэпIам дыщыгъуазэщ. Апхуэдэ пшыхь дахэхэм иджыри зэрыпыфщэнур гуапэщ…
  • — Любэрэ сэрэ мы махуэхэм Красногов Кирилл Москва дригъэблэгъащ, «Культура» каналым зэгъусэу интервью еттыну. Апхуэдэу мы гъэм щIыпIэ куэдым дыкIуэну ди мурадщ, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэр, Иорданиер, КъуэкIыпIэ Гъунэгъур, нэгъуэщIхэри къызэщIиубыдэу. Зи гугъу сщIы щIыналъэхэм мэкъуауэгъуэ мазэм ирихьэлIэу дыщыIэнущ. Бадзэуэгъуэм тетхыну фильмым Любэ и продюсеру тIури дызэдолажьэ.
  • — Адыгэшым къыдекIуэкI тхыдэ гъэщIэгъуэным теухуауэ иджыблагъэ къыдэкIа уи «Кабардин» тхылъым щIэупщIэ ин иIэщ. Тхыдэм и пэжыр къэбгъуэтыжу птхыжыным ехьэлIа лэжьыгъэ мытыншыр дауэ къохъулIа?
  • — Мы тхылъыр США-ми, Австралиеми, Англиеми инджылызыбзэкIэ къыщыдэкIащ. Иджыпсту испаныбзэкIэ, тыркубзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ зэрадзэкI. Мыгувэу урысыбзэкIэ къыдэкIынущ.
  • Адыгэшым къыдекIуэкI тхыдэ гъэщIэгъуэныр къыщызгъэлъэгъуэжа зи гугъу сщIы тхылъым хэзгъэхьащ зы илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэм къыддекIуэкIа пасэрей тхыдэ къулейм щыщ. Пасэрей синдхэм (адыгэхэм) шы куэд зэрахуэу щытащ. Урым зэманым Италием и Iэтащхьэр нэмыцэхэм япэщIыкIэ езэуащ. Урым тхьэмадэр щытекIуэм, абы иратын дыщэхэкI, хьэпшып лъапIэхэр яIэтэкъыми, шы минитхурэ щитхурэ хухахащ. Iэтащхьэм жиIащ шы къудейкIэ ар зэрымыарэзыр икIи абыхэм тесыну шухэри дыщIагъужыну яхуигъэуващ. Абы арэзы техъуэри шухэри щIагъужащ.
  • Адыгэхэм шыр ягъэхъурт нэгъуэщI лъэпкъым щыщ къызэрыхамыгъэхьэнум хуэсакъыу. Нобэр къыздэсым адыгэш лъэпкъыжьыр Англием щыхъума хъуащ. Си тхылъым къыщызгъэлъэгъуэжа тхыдэм зыри щыгъуазэкъым. Ар къызэрызгъуэтыжари гъэщIэгъуэнщ. Горбачёв Михаил и зэманым Англием къикIри зы щIалэ Урысейм къэкIуащ, урысышхэм еплъыну. Рязань щыIэ шы институтым ар щрагъэблагъэм, Польшэм е Германием яшхэр къызэрырашар яжриIащ. Апхуэдэу щыхъум, Кавказым кIуэну чэнджэщ къратащ. Арати, Налшык пэмыжыжьэу щыIэ шы заводым яшащ. Абы щыдыхьэм, гъунэгъуу щыс хакIуэр илъагъури игъэщIэгъуащ яшхэм сыт и лъэныкъуэкIи къыпачауэ зэрещхьыр. Ар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу, шым сурэтхэр трихащ икIи и лъым щыщ иратыну щIэлъэIуащ. АбыкIэ къахутащ проценти 100-кIэ ялъхэр зэрызэтехуэр. Англием шууэ езыхэр къызэримыкIар и тегъэщIапIэу ар егупсысащ зэлъэпкъэгъу шыхэр апхуэдэу зэпэжыжьэ щIыналъитIым къызэрыщыхутам. НапэкIуэцIиплI итхри, КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къигъэхьащ. Илъэс зытхухкIэ узэIэбэкIыжмэ, адыгэшым ехьэлIауэ къыдагъэкIа тхылъым иращIэкI конференцым сыхэтыну Налшык сыкъэкIуат. ИнджылызыбзэкIэ къыдэкIа тхылъыр къыщызатым, къызгурыIуащ шыхэр щызэлъэпкъэгъукIэ, езыхэр Англием къикIыу къыщымыкIуакIэ дэ дыкIуа мыхъумэ, нэгъуэщI еплъыкIэ зэрыщымыIэр. ИужькIэ тхыдэм сриплъэжурэ, Урым  зэманым щыгъуэ къэхъуа зауэм ирихьэлIэу дызэрыкIуар къэзгъуэтащ. Апхуэдэу адыгэшым и тхыдэм и къекIуэкIыкIар къэзгъэлъэгъуэжащ.
  • — Зэщхьэгъусэхэр фызэрыгушхуэ фи щIалитIыр — Алимрэ Къазбэчрэ — сытхэм нэхъ дахьэхрэ?
  • — Алим илъэсищ ныбжьым иту скрипкэм дихьэхащ. Илъэсий щрикъум абы Евросоюзым и камернэ оркестрым и солисту зыкъыщигъэлъэгъуащ Амман и быдапIэ цIэрыIуэм и утыкум. Паваротти Лучанэ и фэеплъ пшыхьым артист цIэрыIуэхэу Каррерас Хосе, Домингэ Пласидэ, Стинг сымэ ныбжьыщIэр илъэс пщыкIущ щыхъум ядыхэтащ икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэ-тащ президентхэмрэ пащтыхьхэм-рэ. Алим Бах и концертыр дитащ «дуней псом и дыщэ флейтэу» къалъытэ Гриминелли Андреа. А концертым и дискыр къыдагъэкIыжащ икIи абы и видеонэтыным еплъыжащ макъамэр фIыуэ зылъагъу цIыху мелуани 150-рэ. НыбжькIэ щIалэми, Алим дунейпсо зэпеуэ-хэм я лауреат, скрипач цIэрыIуэ хъуащ. Языныкъуэхэр абы зэре-джэр адыгэ Паганинищ. Абы къызэригъэпэщащ «Къандур» скрипкэ квартетыр. Оперэр абы зыпищI щыIэкъым. Ди щIалэ нэхъыщIэ Къазбэч щоджэ Черчилль Уинстон, Байрон Джордж, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэ куэдым къауха Лондон дэт Харроу школ нэхъыфIым. Мы гъэм школыр къиухмэ, экономикэм хуеджэну и мурадщ. ТIуми я зэфIэкIхэм дрогушхуэ.
  • — Тхьэм уигъэпсэу, Мухьэдин! Лъэпкъ тхыдэм ехьэлIа лэжьыгъэфI къызэбнэкIащи, иджыри апхуэдэу дыбгъэгуфIэну, уи унагъуэ дахэм и жьантIэр илъэс куэдкIэ бгъэбжьыфIэну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.