ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Сэтэней» къыщыхах

2018-02-27

  • Бахъсэн районым Сабий творчествэмкIэ и центрым щекIуэкIащ «Сэтэней» зэпеуэ. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ щIыпIэм и курыт еджапIэхэм я 9 — 11-нэ классхэм щIэс пщащэхэм.
  •  
  • Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа хъыджэбзхэм я япэ къалэнт къызэхуэсахэм зыкърагъэцIыхуну. Зэпеуэм хэтхэр а Iуэхум щIэщыгъуэу бгъэдыхьауэ жыпIэ хъунущ, езыхэри я унагъуэхэри кърихьэлIахэм усэбзэкIэ къызэрырагъэцIыхуар къэплъытэмэ.
  • Абы къыкIэлъыкIуащ «Псэм и макъамэ», «Къафэ», «Хэкум и хабзэ», «Пщащэм и фащэ» зэхьэзэхуэхэр. Зи теплъэкIи зэкIуж икIи Iущыцэ хъыджэбз цIыкIухэм къапэщылът я хьэрхуэрэгъухэм зэрефIэкI я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ гупсысэкIэмрэ утыку кърахьэну, лъэпкъ фащэр зарекIур къагъэлъэгъуэну. А къалэнхэм пщащэхэр хъарзынэу пэлъэщащ, зэфIэкI, актёр Iэзагъэ зэрахэлъыр, удахьэхыу зэрыпсалъэр, зэрыщIыкIафIэр къагъэнаIуэу.
  • КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зэпеуэр къыщIыхалъхьам и мурад нэхъыщхьэр еджакIуэхэм Iэмал етынырщ лъэпкъ хабзэр, гъэсэныгъэр яхъумэну, я зэфIэкIхэр къагъэнэIуэну.
  • Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, гран-примрэ япэ увыпIэмрэ къахьащ Кыщпэк, Ислъэмей къуажэхэм я епщIанэ классхэм щеджэ хъыджэбзхэм.
  • Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.