ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пщэдджыжь дыгъэм и уэредадэ

2018-02-27

  • МузыкэмкIэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэгъуащ «Гимн восходящему солнцу» фIэщыгъэм щIэт балет гъэщIэгъуэныр. Ар зыгъэувар КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ПащIэ Рамедщ. Къафэм и бзэкIэ таурыхъ къэIуэтэныр мытыншми, ар Iэзэу къайхъулIащ МузыкэмкIэ театрым и артистхэм, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым хэтхэм, артист IэщIагъэм хуеджэ ныбжьыщIэхэм.
  •  
  • Щэнхабзэ къулей, къафэбзэ шэрыуэ зыIурылъ лъэпкъхэм гъэщIэгъуэн ящыхъун къафэкIэ, псом хуэмыдэу балеткIэ я пащхьэ уихьэныр тыншкъым. Ауэ абы кърихьэлIа куэд хуэпIащIэрт балетым лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр зэрыхагъэзэгъар я нэкIэ зрагъэлъагъуну.
  • Макъамэм и мэгъу къару иныр щызыхэпщIэу ком-позитор цIэрыIуэ Гъуэт Аслъэн и IэдакъэщIэкI уэрэдхэрат балетыр зэрагъэувар. ЛIыбзу Аслъэн куэдым фIыуэ ялъэгъуауэ и пшынэбзэм къригъэкI макъамэ щабэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар аращ.
  • Гъуэт Аслъэн Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Жьэкуэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Хъусин Урысейм и цIыхубэ артист, куэдым фIыуэ къацIыху уэрэджыIакIуэ Iэзэщ.
  • Рахманиновым и цIэр зэрихьэу Дон Iус Ростов дэт къэрал консерваторэр къиухащ Аслъэн. Щеджэ зэманым студент ансамблым и унафэщIу щытащ ар икIи а лъэхъэнэм зэпеуэ, фестиваль куэдым пэрыт щыхъуащ.
  • «Оштен» гуп цIэрыIуэр Адыгей къэрал филармонием къыщызэзыгъэпэщари арат. А гупым пасэрей уэрэдыжь куэд къагъэщIэрэщIэжын, композиторхэм я уэрэдыщIэ бжыгъэншэхэр ятхын яхузэфIэкIат. 2002 гъэм Гъуэт Аслъэн Москва Iэпхъуэри, Силантьевым и цIэр зезыхьэ Академическэ оркестр иным и унафэщIым и къуэдзэу, оранжировщикыу лэжьэн щIидзащ. 2006 гъэм щегъэжьауэ «Фирма Мелодия» ФГУП-м эстрадэ программэхэмкIэ редакцэм и унафэщIу лэжьащ, 2010 гъэ лъандэрэ Канадэм Iэпхъуауэ абы щопсэу икIи щолажьэ.
  • Пшыхьым и пэщIэдзэм Нартхэм я хасэ тхьэмадэм и шыфэлIыфэ зиIэ дадэ жьакIэху утыкум къихьэри, «Гимн восходящему солнцу» балетым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр къиIуэтэжащ.
  • ЦIыхум и щхьэ ихъумэжын папщIэ зытет дунейм хуэсакъын, абы и хабзэ нэхъыщхьэхэм тетын зэрыхуейм теухуат япэ теплъэгъуэр. Пасэ зэманым ар фIыуэ къагурыIуэрт. Пщэдджыжь нэмэзыр щащIкIэ нэхъыжьхэм Тхьэшхуэм зыхуагъазэрт. Гуауэри гуапэри зи Iэмырым зэрелъэIум и мызакъуэу, шыкур хуащIырт.
  • Псы Iуфэм Iужеихьа мэзылIыр псыхъуэгуащэхэм зэрагъэуджри а Iыхьэм гъэщIэгъуэну къыщагъэлъэгъуащ. МэзылIым псыхъуэгуащэхэр къиубыдыну яужь ит щхьэкIэ, адрейхэр абы и мыкIуэмытагъым щодыхьэшхри IэщIокIыж.
  • Ди нэхъыжьхэр тхьэ щелъэIуу щыта жыг гуащэри гулъытэншэ ящIакъым. Эпосым къыхэщыж дыщэ жыгым пщIэ ин хуащIырт, акъылышхуэ иIэу къалъытэрти. Жыг гуащэр къэзыгъэкIар Тхьэгъэлэджщ, зэрытри нартхэм я щIыналъэрщ. А жыгым и лъабжьэхэр куууэ щIым и купсэм хэкIащ, и щхьэкIэм бзылъхугъэ тхьэIухудым и теплъэ иIэщ, и щхьэц Iувыр жьым щIихурыхукIыу пшэхэм хэтщ. Езы жыгыр дыщэ- дыщэпсым къыхэщIыкIащ. Ар уафэмрэ щIылъэмрэ къыщыхъум щыгъуазэщ. Жыг гуащэ къилъхуа щIалэ дыгъэм къызэрымыкIуэу зэфIэкI инхэр бгъэдэлъу ягъэхъыбарырт, абы Шыхулъагъуэр и гъуазэти, гъуэгум я нэхъ пэжыр гъуэгурыкIуэхэм яригъэлъагъуфынут, къищынэмыщIауэ, щIым къыщыхъумрэ уафэм щащIа унафэхэмрэ зэпищIэфырт.
  • Пхъэ вакъэм тету, къудамэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ зи фащэр гъэщIэрэщIа жыг гуащэм, жьым дещIэ хуэдэ, игъэзащIэ къафэм къыхыхьэ мэз гуащэхэм таурыхъым и лъахэм укъыщыхутауэ къыпщагъэхъурт.
  • Балетым и етIуанэ Iыхьэр теплъэгъуэ нэщхъейкIэ къызэIуахащ. Пасэрей хъыбарыжьхэм къызэрыхэщымкIэ, унагъуэ факъырэм къыхэкIа щIалэ цIыкIур и адэм мысыр сулътIаным лIыщIэу ирещэ. Зи Iэпкълъэпкъыр зэмыпцIа сабийм и къэкIуэнур зэрымыщIагъуэр гурыIуэгъуэщ. Ар къызыгурыIуэ адэм къытехьэлъэми, и Iуэхур хэкIыпIэншэщи, къуэр къегъанэри къожьэж. ЩIалэ цIыкIур зэрылъаIуэм къикI щыIэкъым. ЗэрыхэкIыпIэншэр хьэкъыу пхыкIа иужь, абы Хэкум и щIы Iэбжьыб къещтэри, и IэмыщIэм ирикъузэу, йожьэж.
  • Гупсысэ куукIэ гъэнщIауэ Iэдииху теухуауэ эпосым къыхэщыж хъыбарым щыщ Iыхьэ къызэхуэсахэм я нэгу щIагъэкIащ. И щхьэгъусэр зекIуэ къикIыжу зэрыхэкIуадэрэ зэмани дэкIыжауэ Iэдииху Сосрыкъуэ щхьэгъусэу щыхуашэм, шым къехуэхри зэшэзэпIэу иукIат. Къытепсыха гуауэр зи гум щIыхьа Сосрыкъуэ гъыбзэ еус.
  • Бэдынокъуэ и адэ Бэдын жьыгъеибг иримыдзыхыжу къызэригъэнар, нартхэм я хабзэ мыхъумыщIэр абы зэрызахригъэнам теухуа теплъэгъуи щагъэлъэгъуащ а пщыхьэщхьэм утыкум.
  • Ещанэ Iыхьэр къафэ телъыджэкIэ къызэIуахат. Хъыбарыжьхэм къызэрыхэщыжымкIэ, къафэм къежьапIэ хуэхъуар тенджызымрэ псы Iуфэмрэ я зэIунщIыкIэрщ.
  • Гъэрэ щIырэ щызэхэкIым адыгэхэм иращIэкIыу щыта дауэдапщэмкIэ балет телъыджэр зэхуащIыжащ. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, ар нэхъ Iэтауэ, дахэу екIуэкIыху гъэр цIыхухэм нэхъ яхуэугъурлыну, гъавэр бэву къытрахыжыну къалъытэрт.
  • «Гимн восходящему солнцу» балетым еплъа дэтхэнэри IуэрыIуатэм и лъахэм щыхьэщIащ. Ар IыхьэкIэ зэпыудауэ зэрыщытар и гупсысэ нэхъыщхьэм зыкIи зэран хуэхъуртэкъым. Шэч хэмылъу, а балетыр лъэпкъ гъуазджэм и лъагапIэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.