Нобэ
2017-11-22
- Къуэхэм я дунейпсо махуэщ
- Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр
- Азербайджаным юстицэм и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ
- Армением и банк лэжьакIуэм и махуэщ
- Ливаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1943 гъэм Ливан Республикэр Франджым и тепщэныгъэм къызэрыщIэкIым теухуа унафэ къащтащ. Ар я махуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщу къалъытэ Ливаным щыпсэухэм.
- 1717 гъэм Пётр Езанэм къыдигъэкIащ Астрахань губернэ щхьэхуэ къызэ-рызэрагъэпэщым теухуа унафэ.
- 1917 гъэм Канадэм къыщызэрагъэпэщащ иджыпсту дунейм пщIэ нэхъ щызиIэхэм ящыщ спорт зэгухьэныгъэр — Лъэпкъ хоккей лигэр — НХЛ-р.
- 1941 гъэм Ладогэ гуэлым пхыкI мыл гъуэгур («ГъащIэм и гъуэгу» зыфIащауэ щытар) къызэIуахащ.
- 1956 гъэм Мельбурн (Австралие) къыщызэIуахащ ХVI Гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 22 — дыгъэгъазэм и 8-хэм. Шы спортымкIэ зэхьэзэхуэхэр Стокгольм (Швецие) щызэхэтащ 1956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10 — 17-хэм.
- 1960 гъэм СССР-м къыщыдагъэкIащ «Запорожец» автомобилыщIэр.
- 1963 гъэм Даллас къалэм щаукIащ США-м и 35-нэ президенту щыта Кеннеди Джон.
- 1982 гъэм Набережные Челны къалэм зэреджэр Брежнев жиIэу зэрахъуэкIащ. 1988 гъэм щIышылэм и 6-м къалэм нэхъапэм иIа цIэр иратыжауэ щытащ.
- 1990 гъэм Инджылызым и премьер-министр Тэт-чер Маргарет хъыбар зэбгрыригъэхащ илъэс пщыкIузкIэ зытета а къулыкъум зэрытекIым теухуауэ.
- Урыс лексикограф, тхакIуэ, дохутыр, нобэми къагъэсэбэп псалъалъэ зэхэзылъхьа Даль Владимир къызэралъхурэ илъэс 216-рэ ирокъу.
- Къэрал, дзэ къулыкъущIэ, Франджым и 18-нэ президенту щыта Шарль де Голль къызэралъхурэ илъэси 127-рэ ирокъу.
- Совет усакIуэ-уэрэдус, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Добронравов Николай и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
- Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу.
- Совет фигуристкэ, цIэрыIуэ СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа Белоусовэ Людмилэ къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
- Журналист, политик цIэрыIуэ, УФ-м печатымкIэ и япэ министру щыта Полторанин Михаил и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
- Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата Шыбзыхъуэ Азэмэт и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Урысей щIэныгъэлI, политик, УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Хасбулатов Руслан и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
- КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен и ныбжьыр илъэс 69-рэ ирокъу.
- Журналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкIэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Сэралъп Мадинэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр градуси 2 — 1 щыхъунущ.