ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыпIэ дахэм и зыгъэпсэхупIэхэр иджырей мардэм къезэгъыжыркъым

2017-11-14

  • ЩэкIуэгъуэм и 10-м екIуэкIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и зи чэзу зэхуэс. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм зыщагъэпсэхуу, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэу иIэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ зегъэужьынымрэ.
  •  КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ къыщыпсэлъам игъэбелджылащ, республикэр мыин дыдэми, мыхьэнэшхуэ зиIэ курорт зыбжанэ дызэриIэр икIи ахэр зыхуей зэрыхуэгъэзапхъэр.
  • — Федеральнэ мыхьэнэ яIэщ «Налшык» курортым, Джилы-Су, Аушыджэр щIыпIэхэм. 2008 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ди щIыналъэм санаторэ-курорт IуэхущIапIэу 36-рэ щыIэщ. Абыхэм ящыщу лажьэр 22-рэщ. 2017 гъэр къызэрихьэрэ абыхэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуащ цIыху 37494-м. Ауэ ахэр зыхуей хуагъэзэным трагъэкIуадэр  нэрылъагъущ. Ди щIыуэпсым и дахагъэмрэ и фIагъымрэ къытхуэгъэсэбэпу, а Iуэхур тхузэтеухуатэмэ, республикэр ефIэкIуэнут, — жиIащ Федченкэ.
  • КъулыкъущIэм къызэрыхигъэщамкIэ, санаторэхэм я нэхъыбэр 30-60 гъэхэм яухуащ, абы лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэ щIагъуи ягъуэтакъым.
  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат, КъБР-м и Парламентым Спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен, «Курорт Нальчик» ОАО-м и унафэщIым и къуэдзэ Жаным Руслан, КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт, Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Ащхъуэт Ислъам сымэ.
  • Абыхэм жаIар, къызэщIэпкъуэжмэ, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ курортхэмрэ санаторэхэмрэ республикэм къетыжауэ фонд къахузэгъэпэщыпхъэщ.
  • — Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхуэхьэса хъуну мылъкумкIэ ди санаторэхэмрэ курортхэмрэ зыхуей хуэдгъэзэжыфынут. КъищынэмыщIауэ, КъБКъУ-м сервисымрэ туризмэмкIэ и къудамэм къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэм лэжьапIэ ягъуэтынут, я щIэныгъэм хагъэхъуэну IэмалыфI яIэнут, — къыхигъэщащ Жаным Руслан къыщыпсэлъам.
  • ЗэIущIэм щIапхъэу къыщагъэлъэгъуар иджыри зэ ягъэбелджылыжу, а Iуэхухэр зи къалэнхэм Iэрагъэхьэну зэгурыIуащ.
  • Фырэ  Анфисэ.