Шыбзыхъуэ Алинэ токIуэ
2017-10-04
- Къэбэрдй-Балъкъэрым шахматхэмкIэ щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм Аруан щIыналъэм щыщхэр нэхъапэм куэдрэ щытекIуакъым. Иджыблагъэ ар хузэфIэкIащ Шыбзыхъуэ Алинэ. Ар щынэхъыфIащ ныбжьыщIэхэм я республикэпсо чемпионатым.
- Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №3-м и еханэ классым щIэс Шыбзыхъуэ Алинэ нэгъабэ ещанэ увыпIэр щиубыдащ зи ныбжьыр илъэс пщыкIутху мыхъуахэм ирагъэкIуэкIа республикэ чемпионатым. Мы гъэм псоми ефIэкIыфащ.
- ЩIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт «Лэгъупыкъу» центрым Алинэ шахматхэм щыхуегъасэ тренер-егъэджакIуэ Бахъуэ Мухьэмэд. Абы и иужьрей текIуэныгъэм куэд дыдэ щыгуфIыкIащ. Къапщтэмэ, ар щеджэ школым и унафэщI Хьэмыз Суфян еджакIуэхэр линейкэм щызэхуишэсри, Шыбзыхъуэм и дыщэ медалымрэ грамотэмрэ гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Iэригъэхьэжащ икIи псоми къабгъэдэкIыу гуапэу ехъуэ-
- хъуащ.
- — Алинэ ебланэ классым щIэсщ икIи фIы дыдэу йоджэ, — къыджиIащ Хьэмызым. — Япэ иригъэщ предметыр, дауи, математикэращ — абы Iэмал къует куууэ угупсысэну. Ди хъыджэбзым и текIуэныгъэм зэрышколу дрогушхуэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым шахматхэмкIэ зэфIэкI зиIэ и ныбжьыщIэхэм иджыри зы къахэхъуащ. АдэкIэ псори зэлъытыжар езыращ. Шыбзыхъуэм и тренерым зэрыжиIэмкIэ, иджыпстукIэ абы и къалэн нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастерым и кандидатым и мардэхэр гъэзэщIэнырщ. Ар Iуэху тыншкъым икIи хуабжьу гугъу узыдехьыпхъэщ. АрщхьэкIэ Алинэ лъэпощхьэпохэм къапикIуэту есакъым икIи текIуэныгъэм сыт щыгъуи щIэбэныну и мурадщ. Апхуэдэ ерыщагъ къыхилъхьащ район военкоматым щылажьэ и адэ Шыбзыхъуэ Инал. Абыи шахматхэр зыхилъхьэ щыIэкъым, ауэ иджы Алинэ къыщыхигъащIэр нэхъыбэрэщ. Адрей ипхъу нэхъыщIэхэри и къуэри а спорт лIэужьыгъуэм дехьэх. Хэт ищIэн, абыхэми, Алинэ хуэдэу, чемпионхэр къахэкIынкIэ хъунщ.
- Темыр Дисанэ.