Топ куэд щыдагъэкIа джэгугъуэ
2017-09-06
- КъБР-м футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм ще-кIуэкI зэхьэзэхуэм и 23-нэ джэгугъуэм хыхьэ зэIущIи 8-м топ 42-рэ щыдагъэкIащ. Апхуэдизрэ зэуэ гъуащхьауэхэр къыщыхэжаныкI куэдрэ къэхъуркъым.
- Дызэресэжащи, зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыIыгъ «Автозапчасть»-мрэ «Тэрчымрэ» зи чэзу текIуэны- гъэхэр тыншу зыIэрагъэхьащ. Я унэм щыджэгуу мыбыхэм хагъэщIащ ХьэтIохъущыкъуейрэ Псыгуэнсурэ икIахэр. Хьэлэмэтращи, Бахъсэнрэ Тэрчрэщ мы джэгугъуэм нэхъ мащIэ дыдэрэ гъуащхьауэхэр къы-щыхэжаныкIар. Абы щыгъуэми «Автозапчасть»-м и закъуэщ джэгугъуэ блэкIам зи гъуэр «гъущэу» къэзыгъэнэфар.
- Дэтхэнэми топий щыдагъэкIащ Псынэдахэрэ Хьэсэнейрэ. Гуп нэхъыщхьэм къыхэнэн папщIэ а зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэт икIи лъэныкъуэхэм ебгъэрыкIуэныгъэр япэ ирагъэщащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэх хъуащ балъкъэр къуажэ- хэм я командитIым я зэпэщIэтыныгъэр. «ЛогоВАЗ»-м и дежкIэ абы мыхьэнэ лъэпкъ имыIами, «Жулдуз»-р щытыкIэ гугъум къикIын хуейт. Арати, нэхъ хуэныкъуэм очкоищыр Iэрыхьащ.
- Блырыблрэ къыхэжаныкIащ Шэджэмрэ Къэхъун- рэ щызэIущIахэр. Зым хэгъэрейхэр, адрейм хьэщIэхэр щытекIуащ.
- АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэ-хьэзэхуэм и зи чэзу зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм: «Автозапчасть» (Бахъсэн) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — 2:0, «Тэрч» (Тэрч) — «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) — 3:1, «Союз» (Сэрмакъ) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 4:1, «Къундетей» (Шэджэм) — «Налшык» (Налшык) — 4:3, «Псыкуэд» (Псыкуэд) — «Прохладнэ» (Прохладнэ) — 3:2, «Родник» (Псынэдахэ) — «Бахъсэн» (Бахъсэн) — 5:3, «Керт» (Къэхъун) — «Бедик» (Арщыдан) — 3:4, «Жулдуз» (Хьэсэней) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 5:3.
- Жыласэ Заурбэч.