2017-07-04
- Мы мазэми бэлэрыгъ хъунукъым
- Мэкъуауэгъуэ кIуар иужьрей илъэс 14-м я апхуэдэ мазэхэм я нэхъ щIыIэу зэрыщытар жаIащ метеорологхэм.
- — Мэкъуауэгъуэр ди дежкIэ икъукIэ гугъуу екIуэкIащ, — щыжиIащ УФ-м и МЧС-м и унафэщI Пучков Влади- мир дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм. — Бадзэуэгъуэми дыбэлэрыгъ зэрымыхъунур наIуэ къащIащ дунейм и щытыкIэм кIэлъыплъхэм».
- ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, языныкъуэ щIыпIэхэм зэм хуабащэ щыхъунущ, зэми температурэр, иджы хуэдэ зэманым хуэмыфащэу, щехынущ, апхуэдэуи жьапщэшхуэхэри уэлбанэшхуэхэри мазэм къриубыдэнкIэ зэрыхъунум зыхуэщIыпхъэщ.
- Пучковым и унафэм щIэтхэр къыхуриджащ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным гулъытэшхуэ хуащIыну. Абыхэм ящыщу министрым къигъэлъэгъуащ туристхэр мы гъэм нэхъыбэу зыплъыхьакIуэ здэкIуэ щIыпIэхэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэмрэ Байкал гуэлым и Iуфэмрэ щыIэхэр.
- Хэт и гугъэнт?!
- «АвтоВАЗ» компанием уэгум къыщызылъэтыхь автомобилхэри къыщIигъэкIыным зрипщытыну и мурадщ. Апхуэдэу жиIащ компанием и президент Мор Николя.
- «Ростех» IуэхущIапIэр тщIыгъуу дэ апхуэдэ проектхэм дыхэплъэфынущ. Ауэ апхуэдэ автомобиль щытхузэпкърылъхьэнур илъэс тIощI хуэдэ дэкIмэу къыщIэкIынщ», — къыхигъэщащ Мор.
- Къэзылъэтыхь автомобиль щIынымкIэ урысей проектхэм я зэпеуэ ирагъэкIуэкIати, абы бжьыпэр щиубыдащ «ПромСервис» компанием къыхилъхьам икIи а IуэхущIапIэм илъэс гъунэгъухэм ядэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ. Абыхэм къыхалъхьа проектым цIыхурэ хьэлъэу зы тонным нэс уэгукIэ хуэгъэIэпхъуэнущ. Апхуэдэ автомобилхэр псом хуэмыдэу къыщысэбэпыну къалъы-тэр щытыкIэ къызэрымы-кIуэ къыщыхъуахэм, гузэвэгъуэ хэхуа цIыхухэр щIы- пIэм къигъэIэпхъукIын хуей щыхъухэм дежщ.
- А IэнатIэм щылажьэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Монакэ иджыблагъэ щызэхэта выставкэм щагъэлъэгъуа къэзылъэтыхь автомобилри. «AeroMobil» компанием ищIа а автомобилым уэгум километр 500-м нэс щикIуфынущ, гъэсыныпхъэ иригъэхъуэн щхьэкIэ къемытIысэхыу.