ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-07-04

  • Зэхуэарэзыуэ  зэдолажьэ
  •  Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм  и Iэтащхьэ Темрезов Рашид яхуэзащ «Газпром межрегионгаз» ООО-м и уна-фэщIым и къуэдзэхэу Исаков Николайрэ Седов Романрэ.
  •  
  • Темрезов Рашид жиIащ «Газпром межрегионгаз» ООО-р Къэрэшей-Шэрджэсым тэмэму къызэрыдэлажьэр. Мы зэманым щIыналъэм и унафэщIхэм къапэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм и жылагъуэ псори газкIэ къызэгъэпэщыныр. Гулъытэ хэха хуащIу тепсэлъыхьащ КъШР-м дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ «Карачаевск — Учкулан», «Преградная — Курджиново» газ кIуапIэхэр ухуэным.
  • ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ     КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу Къэрэшей-Шэрджэсым и Iуэхухэр зэрынэхъыфIыр газымкIэ щIыхуэ зэтрамыгъэхьэным теухуауэ.
  •  
  • Унагъуэшхуэхэм  щIы  ират
  •  
  • Адыгей.Республикэм сабиищ, нэхъыбэ зиIэхэм лъапсэ щаухуэну иратыну ягъэбелджылащ щIы кIапэ мини 2-рэ  373-рэ.
  •  
  • ИджыкIэ унагъуэшхуэ 5407-м ящыщу щIыр къагъэсэбэпыну гупыж ящIащ     3854-м. Унагъуэ 1457-м хуагуэшащ гектари 160,2-рэ.
  • Абы и лъэныкъуэкIэ Iуэхур нэхъ щыгугъущ унэ хуейм я бжыгъэр щыкуэд Мейкъуапэ-         рэ щIыр щымащIэ Адыгейскрэ. Ар къилъытэри, Адыгейм и Iэтащхьэм и къалэн-хэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КъумпIыл Мурат я яужь ихьащ федеральнэ щIым щыщу республикэм гектар  75-рэ кърыригъэтыну.
  •  
  • УЭРДОКЪУЭ Женя.