ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТекIуэныгъэм и Генералиссимус

2017-05-23

  • ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 щрикъум и пэ къихуэу Урысей къэрал телевиденэм къагъэлъэгъуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и ветеран гуп Урысейм и Президент Путин Владимир зэрелъэIуар, Волгоград къалэм Сталинград фIащыжыну. Путыныр абы арэ-зы техъуащ, а Iуэхугъуэм теухуауи референдум зэрегъэкIуэкIын хуейр жиIащ. Сталин Иосиф мыхъумыщIагъэ фIэкIа имылэжьауэ либерал гуэрым щыжиIэм, Путиным абы жэуап иритыжыгъат мыпхуэдэу: «Индустриализацэр-щэ? Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къыщытхьар-щэ?»
  •  
  • А зэманым сэри лъэIу тхылъ езгъэхьат Президентым и Администрацэм деж, Сталинград и цIэр фIащыжмэ, псэууэ къэнэжа ветеранхэр абы нэхърэ нэхъ тыгъэ лъапIэ зэрыхуэмейр къыхэзгъэщу, си адэм и фэеплъ лъапIэуи ар зэрыщытыр. ЛъэIу тхылъыр Волгоград областым и администрацэм хуагъэхьащ, абы къалэ администрацэм иригъэхьыжат. Къратыжа жэуапыр псалъэ тафэтелэт…
  • Хуэфащэу пIэрэ Къалэ-ЛIыхъужьым япэм иIа цIэр игъуэтыжыну? Девгъэгупсысыт икIи тхыдэм и напэкIуэцIхэм  зэ   дривгъэплъэжыт…
  • Тхыдэм итщ: «Сталинград и деж Советыдзэм къыщихьа текIуэныгъэм дзэ политическэ мыхьэнэ иIащ. Ар лъабжьэ хуэхъуащ Хэку зауэшхуэми дунейпсо зауэми я екIуэкIыкIам зихъуэжыным. Советыдзэм бжьыпэр бийм къыIэщIитхъащ икIи зауэр иухыху ар иутIыпщакъым…
  • 1942 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм и мазае пщIондэ Индылрэ Тэнрэ я зэхуакум бийм щыфIэкIуэдащ сэлэтрэ офицеру зы мелуанрэ ныкъуэрэ, танкыу мини 4-м нэс, кхъухьлъатэу мини 4-м щIигъу, топрэ миномёту мин 11, автомашинэу мини 7-рэ щитхурэ. Совет Армэм зэхикъутащ бийм и армэу 5. Фашист блокым фIэкIуэдащ и къарум и Iыхьэ плIанэр».
  • И дзэр Сталинград деж зэрызэхакъутар Германием и дежкIэ нэщхъеягъуэшхуэу щытащ. Езы къалэдэсхэми хэлъхьэныгъэ ин мы текIуэныгъэм хуащIащ. Абыхэм ящыщу мин 50-р бийхэм япэщIэувахэм яхэту зэуащ, мин 225-р зыхъумэжыныгъэ IэнатIэм бгъэдэтащ». («Сталинградская битва» буклетыр, Москва, 1984 гъ.) Париж и утыкухэм ящыщ зым «Сталинград» цIэр ауэ сытми фIащакъым икIи зэрихьэркъым.
  • Сталиным и тетыгъуэ зэманым сыт хуэдиз завод, фабрикэ, комбинат, электростанц ящIа, Бахъсэн ГЭС-р, Тырныауз комбинатыр хэ-ту? ГъущI гъуэгу дапщэ яукъуэдия? Сыт хуэдиз кIэнауэ яухуа, кIыхь дыдэу? Кхъухь щызекIуэу, псыщIэгъэлъадэ гъуэгу хъууэ. Ухуэныгъэу ирагъэкIуэкIам гъуни нэзи иIэкъым.
  • Губгъуэхэр, хадэхэр явэн, зэрахьэн папщIэ, трактор, комбайн, къитхъ, мэкъумэш Iэмэпсымэ мащIэ къуажэхэм яхуиутIыпща?
  • КъыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ егъэджэныгъэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэри. ПэщIэдзэ, курыт еджапIэхэр, училищэ, институт, университет жыпIэми къыщызэIуихащ,  цIыху мелуанхэм щIэныгъэ, IэщIагъэ зрагъэгъуэтащ.
  • ИкъукIэ зиужьащ щэнхабзэми. Уардэунэхэр, клубхэр, библиотекэхэр, кинотеатрхэр, музейхэр, макъамэ еджапIэхэр,  IуэхущIапIэхэр, нэгъуэщI нэгузыужьыпIэхэри къуажэхэми къалэхэми къыщызэIуахащ.
  • Сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ къалэхэми къуажэхэми куэду щаухуащ. Я анэдэлъхубзэкIэ тхыгъэ лъэпкъ зимыIа лъэпкъ зыбжанэм (адыгэхэри балъкъэрхэри  яхэту)   Iэмал  ягъуэтащ я бзэкIэ тхылъ, газет, журнал къыдагъэкIыну, радиокIэ къэпсэлъэну.
  • ЦIыхубэм къагурыIуэрт Сталиным  и фIыщIэ абы зэрыхэлъыр икIи и цIэр дуней псом ину щыIуат. ДэнэкIи абы и цIэр фIыкIэ къыщраIуэрт, усэхэр, поэмэхэр, уэрэдхэр хуаусырт, зэIущIэхэм IэгуауэкIэ къыщыпежьэрт.
  • 1939 гъэм Н. С. Хрущевым екIуэкIа зэхуэсхэм Сталиным щытхъуу щыхужиIам гъуни нэзи иIэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, ажэгъафэ сурэтым ихьэу, ар «гопак» жыхуаIэ украин  къафэмкIэ Сталиным и пащхьэм мызэ-мытIэу къыщыфащ, вождыр щытригъэууэ. Илъэс 17 дэкIа нэужь, 1956 гъэм, Хрущевым, ихъуреягъкIэ зыкъриIуэнтIэкIыжри, илъэсищ и пэкIэ дунейм ехыжа Сталиныр пхъэнкIийм хилъхьэу щIидзат. Абы щхьэзакъуэ унафэр пхигъэкIыу щытауэ къилъытэу, «культ личностыр» фIищащ, репрессиемкIэ игъэкъуэншащ.
  • 1939 — 1945 гъэхэм Моссоветым и Iэтащхьэу щыта Пронин Василий къызэриIуэтэжымкIэ, Москва къалэм и унафэщIу щыткIэрэ, Хрущевыр репрессие Iуэхум жыджэ-        ру хэтащ. (Военно-исторический журнал, №10, 1991 гъ.) Хэбгъэзыхьмэ, яукIын хуейуэ, цIыху мин 18-м я цIэ-унэцIэм Iэ щIидзауэ щытащ.
  • Гужьгъэжь хуиIэу Хрущев КПСС-м и 20-нэ съездым (1956 гъэ) Сталиныр хэутэн зэрыщищIам и зэраныгъэшхуэ ди къэралым къекIащ. Сталиным и фэеплъхэр зэтракъутэу, цIыху мелуанхэр коммунист партым къыхэкIыжу щIадзащ. Хамэ къэрал щыпсэухэм я щIыб къытхуагъэзащ, Китай къэралыгъуэшхуэр жагъуэгъу къытхуэхъуат.
  • Балъкъэр, къэрэшей, шэшэн, ингуш, къалмыкъ, тырку-месхетинец жыпIэми сыт хуэдиз ирашат, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Узбекистаным яшэу? Сыт ялажьэт ку-лак зыфIащу даша жьыкIэфэкIэ-хэм, цIыхубз тхьэмыщкIэхэм, сабий ныкъуэпIхэм? ГъэпщылIакIуэу къалъытами, абыхэм Iэщ пIащэ зы-тIу, мэл зыбгъупщI, шы зы-тIущ нэхъыби яIэтэкъым, ари я къару, я пщIэнтIэпскIэ къалэжьыжауэ. Нобэр къыздэсым уи гур егъэуз адыгэ щIалэ гуэрым къиIуэтэжа хъыбарым: «1944 гъэм Къэзахъстаным дыщыдашам щыгъуэ ди гъунэгъу балъкъэр фызыжь лIат. АпхуэдизкIэ уаети, хьэдэр зыщIалъхьэну мащэр къахуэтIыртэкъым, уэс борэным исеижурэ. Махуий енкIэ фызыжьым и хьэдэр кIэлындор щIыIэм телъащ. Сыт илажьэр фызыжь тхьэмыщкIэм?» А къуаншагъэ псори Сталиным и закъуэ теплъхьэ хъунукъым, а зэманым щыIа Iэтащхьэхэм, къулыкъузехьэхэм псоми я зэран хэлъщ.
  • Къэрал Iуэхур сыт щыгъуи япэ иригъэщырт Сталиным, и уна-             гъуэм нэхърэ. ИкIи леишхуэ къытехьащ. И къуэ нэхъыжь Яков нэмыцэIуэм илIыхьащ, и къуэ нэхъыщIэ Василий Казань дашахэм яхэхуэри, 1962 гъэм абы илIыхьащ, и япэ щхьэгъусэ Сванидзе Ека-             теринэ дунейм ехыжащ, етIуа-            нэу къишэжа Аллилуевэ Надеждэ 1932 гъэм кIэрахъуэкIэ зиукIыжащ, Троцкэм и IупэфIэгъухэм          ар зэи ягъэтыншакъым.
  • Дунейм ехыжами, Сталиныр тыншу мащэм ирагъэлъыркъым. И шыпхъу Светланэ Ворошилов Климентрэ Микоян Анастасрэ лъэIукIэ захуигъэзат и дэлъхур я анэм пэгъунэгъуу Новодевичье кхъэм щыщIалъхьэжыну. ЛъэIур хуагъэзэщIакъым, тIури Хрущевым щышынауэ къыщIэкIынщ.
  • Кремлым полкым и командиру щыта Конев Иван етх: «Бэным дэлъ лIам щыгъ кителым ида дыщэ щIыIухэр кърагъэжри, гъуаплъэкIэ зэрахъуэкIауэ щытащ. Мавзолейм къыщIахыжу (1956 гъэ), Кремль пщIантIэм и хьэдэр щахьыжым, и бын дыдэхэр Сталиным кърагъэкIуэлIакъым. («Аргументы и факты», №1, 1990 гъэ).
  • ЩытыкIэ хьэлъэ дыдэхэм щихуахэм и деж Сталиныр гужьеигъуафIэу щытакъым, шыIэныгъэшхуэ хэлъу, Iэдэбу, губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьэрт. Псалъэм папщIэ, бийр гъунэгъу дыдэу къекIуэлIарэ, топышэхэр, бомбэхэр Москва къыдидзэу щыщыта, цIыху гужьеяхэмрэ щIэгъэстакIуэхэмрэ «Краснэ Армэр зэхакъутащ, фашистхэм Москва зэман кIэщIым яубыдынущ, Сталиныр щIэпхъуэжащ» жаIэу хъыбар гужьеигъуэхэр ягъэIурт. ИпэжыпIэкIэ 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м ЗыхъумэжынымкIэ къэрал комитетым унафэ къищтат, щытыкIэ гугъу зэрихуам къыхэкIыу, Москва щыпсэухэр, Правительствэри яхэту, Куйбышев (иджы  Самарэ) къалэм гъэIэпхъуэн хуейуэ. Ауэ Сталиныр Моск-ва дэкIакъым. ЩIэпхъуэжахэм ящыщщ  Микоян  Анастас.
  • Сыт хуэдэ акъыл уиIэн, лIыгъэ пхэлъын хуей, гъунэгъу дыдэу нэмыцэдзэр здэщыт Москва дзэм и парад щебгъэкIуэкIын папщIэ?!  Ауэ Сталиным ар 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м иригъэкIуэкIащ икIи абы къыщыпсэлъащ. КъэIуэтэгъуейщ абы мыхьэнэуэ иIар: москвадэсхэми, къэрал псом и цIыхухэми… псоми, псоми я гур къызэ-рыгъуэтыжащ,   Сталиныр  зэрыщIэмыпхъуэжар, Дзэ Плъыжьыр зэрызэхамыкъутар, Москва бийм зэримыубыдар къащIа нэужь.
  • И дзэзешэхэр и гъусэу Сталиным Iэзагъ ин хэлъу къызэригъэпэщащ операцэ зыкъом. Украинэм и щIыналъэ къудейм партизану мин 300, Белоруссием мини 153-рэ щызэуащ.
  • Къэралым егъэлеяуэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ Дзэ Плъыжьыр IэщэкIэ, фащэкIэ, IэмэпсымэкIэ, транспорткIэ къызэгъэпэща хъун папщIэ. 1941 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм къриубыдэу Урал адэкIэ Сыбырым, Поволжьем, Къэзахъстанымрэ Азие Курытымрэ промышленнэ  предприятэу 2593-рэ ягъэIэпхъуауэ щытащ, бийм Iэрамыгъэхьэн щхьэкIэ. Мазищым къриубыдэу Ипщэ Уралым заводышхуищ щаухуащ. Прониным къызэриIуэтэжымкIэ, и гуащIэ-      гъуэу зауэр щекIуэкI зэманым Метрополитеным и ещанэ, еплIа- нэ гъуэгухэр Москва щащIащ, унэ дэгъуэхэр щаухуащ, топрэ бомбэ-кIэ бийм зэхикъута унэхэр щызэрагъэпэщыжащ, Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театрыр ящIащ, Ленинград, Волоколамск, Серпухов зекIуапIэхэм гъущI гъуэгухэр щащIащ, Челябинск дащIыхьа металлургие комбинатышхуэм и япэ Iыхьэр щIын яухащ, Красноярск комбайн къыщыщIагъэкI завод щаухуащ, Астраханрэ Саратоврэ я зэхуакум щIыдагъэ зырикIуэ бжьамийр щаукъуэдиящ, къэрал псом щынэхъ лъэщ дыдэ ТЭЦ-р Красноярск дащIыхьащ, километр 1778-рэ зи кIыхьагъ гъущI гъуэгухэр  щIыпIэ-щIыпIэхэм щащIащ.
  • Мэкъумэш IэнатIэри гулъытэншэу къагъэнакъым. Къыхэгъэщыпхъэщ 1942 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м СНК-мрэ ВКП(б)-м и ЦК-мрэ къыдагъэкIа унафэм ипкъ иткIэ щIы Iыхьэхэр рабочэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ иратауэ зэрыщытар. 1944 гъэм гъавэ щIапIэу щыIэм гектар мелуаниблрэ ныкъуэкIэ къыхагъэхъуауэ щытащ, 1943 гъэм елъытауэ.
  • Адэ-анэ зимыIэж сабийхэм щхьэкIэ унэу 57-рэ къыщызэIуа-хащ, цIыкIу мин 13 щIэхуэу. Апхуэдэу сабий куэд зиIэ анэхэм, цIыхубз уэндэгъухэм, фызабэу къэна бзылъхугъэхэм ират къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр нэхъыбэ ящIауэ щытащ, «Анэ лIыхъужь», «Анэм и щIыхь», «Анэм и медаль» дамыгъэхэр къащтащ.
  • ЦIыхухэм щIэныгъэ, IэщIагъэ егъэгъуэтын Iуэхури къэралым зэпигъэуакъым. 1940 — 1943 гъэхэм къриубыдэу училищэхэм, ФЗО-м и еджапIэхэм къыщIагъэкIауэ щытащ IэщIагъэлI ныбжьыщIэу мелуанрэ мин 500-м щIигъурэ. Институт, университет, академие къимыухами, Сталиным щIэныгъэ ирикъу бгъэдэлъащ, политикэ икIи философие гупсысэкIэ иIащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, зы жэщ-махуэм абы тхылъ напэкIуэцI 500 щIиджыкIыфырт. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхыдэм, парт лэжьыгъэм, лъэпкъ политикэм, бзэщIэныгъэм теухуа тхылъ зыкъом.
  • Ди зэманым Жуков Георгий щхьэкIэ жаIэ: «ТекIуэныгъэм и Маршал». Абы пцIы хэлъкъым. Зауэ IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм абы текIуэныгъэ куэд къыщихьащ. Ауэ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа псори къэтлъытэу, Сталин И. В. щхьэкIэ «ТекIуэныгъэм и генералиссимус» жыпIэ мыхъуну пIэрэ?
  • Инджылызым я премьер-министру щыта, зауэ зэманым Сталиныр фIы дыдэу къэзыцIыхуа Черчилль Уинстон жиIэгъат мыпхуэдэу: «Урысейм и дежкIэ насыпышхуэу щытащ зэман хьэлъэ дыдэхэм лIы Iущ къызэфIэмы- щIэж полководец Сталиныр и Iэтащхьэу зэрыщытар. Ар зи акъы-лыр жану щIэлъыкIа, Iущагъышхуэ зыхэлъ цIыхут, Iуэху гугъусыгъухэм хэкIыпIэ тэмэм къахуэгъуэтыным хуэIэкIуэлъакIуэт. Сталин Иосиф Урысейр пхъэIэщэ фIэкIа имыIэу къищтащ, атом IэщэкIэ зэщIэузэдауэ ар итыжащ».
  • А псор къэлъытауэ, япэм зэрихьа Волгоград цIэр фIэпщыж мыхъуну пIэрэ, нэгъуэщIкIэ вождым и гугъу умыщIыжми? Ар Сталинми Къалэ-ЛIыхъужьми  къалэжь.
  •  
  • ЛIыгъур  Чэрим.