ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Узыгъэгушхуэмрэ узыгъэпIейтеймрэ

2017-05-06

  • ГъащIэм нэхъ шынагъуэ дыдэу къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ящыщщ зауэр. Ар щыIащ, щыIэщ, икIи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щыIэнущ. Къапщтэмэ, цIыхур къызэригъэщIрэ къыдогъуэгурыкIуэ а Iуэхугъуэхэр — иужьрей илъэс мини 5,5-м къриубыдэу цIыху меларди 3,5-м я гъащIэр зыхьа зауэ мин 15 екIуэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, абыхэм я нэхъыбэр зи къару илъыгъуэ, зи псэугъуэ цIыху узыншэхэт. Тхыдэм нэхъ зауэ гуащIэ дыдэу къыхэщыжри ЕтIуанэ дунейпсо зауэращ.
  • ДэркIэ щыIар зы зауэшхуэщ — лъэпкъ псор зэкъуэту ди хэкур щытхъумэжаращ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр зэхэткъутэу. А зэманым дуней псом къыщащIат Совет Союзым щыпсэу цIыхухэр зэрыхахуэр, зэрыхэкупсэр, лIыгъэ зэрахэлъыр.
  • Совет Союзым щыщ дэтхэ-      нэ лъэпкъри и къару къызэ-  рихькIэ бийм пэщIэтащ. Абы теухуауэ тхылъ куэд ятхыжри, кинофильм бжыгъэншэхэри трахыжащ. КъытщIэхъуэ щIэблэми ящыгъупщэ хъунукъым а зауэ гуащIэм ди адэжьхэм лIыгъэу щызэрахьар.
  • Гу лъытапхъэщ, 1939 — 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм цIыху мелуан 60 хэкIуэдамэ, абыхэм ящыщу мелуан 27-р Совет Союзым зэрейр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, фронтым кIуахэм я зэхуэдитIым къагъэзэжакъым. Ди республикэр Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр цIыху минным хуэзэу зыхуагъэфэщахэм я бжыгъэмкIэ адрей щIыналъэхэм япэ ищат. Сыщалъхуа къуажэжьыр, Зеикъуэ, къапщтэмэ, зауэлI хахуэ куэд къыдэкIащ. Я цIэ къисIуэну сыхуейт Щомахуэ Мэхьмуд, Шэфий Хьэчим, Дыкъынэ Зураб, Маршэнкъул Лэбий, Унэж Наурыз сымэ. Си щхьэкIэ сропагэ Хэкур зыхъумахэм си унэкъуэщ куэд зэрыхэтам. Си адэр — Унэж Хьэждаут — снайперу щыIащ зауэм. Ди къуажэм дэс Унэжхэм ящыщу            10-м къагъэзэжакъым.
  • Ди нобэм щхьэкIэ зи псэр зытахэр дощIэж, ди гум илъщ, дропагэ. Ауэ а псоми нэгъуэщIынэкIэ сыкъеплъыну сыхуейт, зауэм хэтахэмрэ абыхэм я щIэблэмрэ зрихьэлIа гугъуехьхэм нобэрей гупсысэкIэкIэ сриплъэу.
  • Япэрауэ, Хрущёв и зэман лъандэрэ, куэдым Сталиныр ягъэнэхъыкIэну хэтщ, абы Хэку зауэшхуэм текIуэныгъэр къыщытхьын папщIэ илэжьамрэ къэралыр зэрызэрихьамрэ пщIэ лъэпкъи хуамыщIу. Сэ сызэрегупсысымкIэ, Сталиным утепсэлъыхьми, лъэныкъуитIкIэщ и гугъу зэрыпщIын хуейр: политикэ IуэхукIэ цIыхухэм лей къазэрытехьамкIэ къуаншэу зэрыщытамрэ  20-нэ лIэщIыгъуэм и узэщIакIуэ, унафэщI, дзэзешэ телъыджэу зэрызыкъигъэлъэгъуамрэ.  Пэжщ, куэдым залымыгъэ ярихащ, абы и унафэкIэ цIыху минкъым икIи минитIкъым кIуэдар, ауэ абыкIэ къуаншэр Сталин и закъуэкъым, «бийрэ» «социализмэм хуэпэж-рэ» жаIэу лъэпкъыр зыхэзыдзу щыта щIыпIэ унафэщIхэми я Iыхьэ хэлъщ къекIуэкIа залымыгъэм. Дэтхэнэ зыми и Iуэхум хэплъэу, и къуаншагъэр зригъащIэу щысыну Сталиным хузэфIэкIынутэкъым. Пэжыр пэжщ, фашизмыр зыгъэкIуэдар, дуней псор зэрыпхъуакIуэхэм щызыхъумар Сталинщ. Абы и закъуэкъым, къэрал зэхэзэрыхьам и тет щыхъум, илъэс 20-м къриубыдэу СССР-м къыхищIыкIат дуней псор зэхъуапсэ щIыналъэ зызыужьа. ИужькIи, зауэм зэхикъута щыIэкIэ-псэукIэмрэ гъащIэмрэ зэтригъэувэжыну хузэфIэкIащ. Куэдым я гугъат СССР-м щIэх зы-   къыхуэмыужьыжыну, ауэ Сталиным илъэс зыбжанэм къриубы-дэу заводхэри, фабрикэхэри, еджапIэхэри, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэри къиIэтыжащ, егъэджакIуэхэм, щIэныгъэрылажьэхэм улахуэфI къахьыу, пенсэ кIуахэр къратымкIэ арэзыуэ гъащIэр зэтриухуэжыфащ. Дауи, ныкъусаныгъэхэри мащIэтэкъым — Сталиным идэртэкъым цIыхур и щхьэ хуэлэжьэжу, атIэ зы экономическэ-социалистическэ Iуэху щIэкIэ яшэщIам псори тетын хуейуэ арат, демократием зыри тепсэлъыхьыххэтэкъым. Апхуэдэ жыпхъэм иубыда къулыкъущIэхэм быдэу къагурыIуэрт къэралымрэ цIыхубэмрэ ехьэлIауэ я пщэ къыдэ-хуа къалэныр зыхуэдизыр, пщэрылъ щащIам пэмылъэщмэ, абы кърикIуэнур. ЦIыху къызэрыгуэкIым зыхищIэрт къэралыр къызэрытеубгъуар, къызэрыхуэлажьэр: ерыскъыпхъэхэм я уасэм кIэрагъэху зэпытт, еджапIэмрэ лэжьапIэмрэ пэрыхьэтт, улахуэр инт. Зауэшхуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа къэралым зиужьы-жырт.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Сталиныр дунейм ехыжа нэужь,            гугъу ехьу зэрагъэпэщыжа къэралыр Хрущёв Никитэ зэхигъэзэрыхьыжащ: цIыхухэр зэгурымыIуэж хъуащ, экономикэр къызэтеувыIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зауэм хэтахэри, фызабэу къэнахэри, зеиншэхэри мелуан бжыгъэкIэ утыку къинат.
  • Абы лъандэрэ къэралым хуэфэщэну зыкъыхуэIэтыжкъым, фашистхэм текIуа лъэпкъыр фэншэ хъуащ,  и пщIэр ираудыхащ, зыми щымыщу къэнащ.
  • А псори зэуэ къэхъуакъым, нобэрей-ныжэбэрей Iуэхукъым. Ауэ сэ быдэу си фIэщ мэхъу Президент Путин Владимир къэралыр щыхупIэм къыщхьэщишыну. Ди цIыхухэм къызэралъытэмкIэ, Iулъхьэращ къэралым зезымыгъэужьыр. Ар къэгъэувыIэным нэхъ къалэнышхуэ щыIэкъыми, дыщыгугъынщ Президентым и псалъэр къулыкъущIэ псоми зэхахыну. Путиныр унафэщI губзыгъэщ, щыпкъэщ, цIыхугъэ зыхэлъщ. Псалъэм папщIэ, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ сымаджэ хьэлъэ  щыхъуам, и къэрал Iуэхухэр иригъэкIуэтэкIри, щIэупщIакIуэ къыхуэкIуат. Ар ди цIыхухэм хуабжьу я гуапэ хъуауэ щытащ.
  • Сэ революцэхэм, лей зезыхьэхэм, залымыгъэм срителъхьэкъым. Ауэ сыхуейт ди цIыхухэм лей къазэрытехьэм гу лъатэну. Хэку зауэшхуэм хэтауэ, нобэ къытхуэнэжа ветеран закъуэтIакъуэхэр тхьэмыщкIэу, гъэсыныпхъэм щIатыну сомым егупсысу,   я пенсэ мащIэр яхуримыкъуу щытын хуейтэкъым.  ЖыпIэнуракъэ, ТекIуэныгъэ Иныр зи фIыгъэхэм  апхуэдэ псэукIэ яхуэфащэкъым. Псоми сынывохъуэхъу ТекIуэныгъэмкIэ!
  •  
  • Унэж  Кашиф,
  • КъБКъУ-м  и  профессор, философие  щIэныгъэхэм я доктор,  КъБР-м  щIэныгъэмкIэ щIыхь  зиIэ и лэжьакIуэ.