Чэнджэщхэр
2016-09-03
- Хьэцыбанэр къыщащыпыр
- Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ, абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм — къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж веществохэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
- * * *
- ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
- * * *
- Лыр нарзаныпскIэ бгъа-вэмэ, нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
- * * *
- Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
- * * *
- Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI.
- * * *
- Мэжаджэр щагъажьэкIэ къэмычэн щхьэкIэ и щIыIум шху щахуэ.
- * * *
- Хьэцыбанэр къыщащыпыр жэп теха иужькIэщ.
- Къубатий Борис.