КIахэм къикIа хьэщIэхэм пшыхьыр ягъэдахэ
2016-08-09
- 2005 гъэм щыщIэдзауэ Абхъазым и утыкум бэрэжьей къэс щекIуэкI адыгэ джэгум кIуэ пэтми зеубгъу. Хабзэ хъуауэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми пшыхьым зыкърагъэхьэлIэурэ ягъэдахэ.
- — Джэгужь апщий! КIахэм къикIа хьэщIэхэр ди гуапэу джэгум фыкъыдогъэблагъэ. Адыгэр дызэкъуэвгъэт, дыкъыздэвгъафэ, дыкъыздэвгъэудж, — жиIащ КъБР-м и цIыхубэ артист, балетмейстер Думэныщ Iэулэдин джэгур къыщызэIуихым.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, тхьэмахуитI ипэкIэ екIуэкIа джэгум хэтащ Иорданием къикIыу ди щIыналъэм щыхьэщIа ди лъэпкъэгъухэр. Иджырейм зыкърагъэхьэлIащ Тыркум, Сирием къикIауэ ди щIына- лъэм зыщызыгъэпсэхухэм, Адыгэ Республикэм щыщ щIалэгъуалэ щэ ныкъуэм щIигъум. КIахэ гупым я пашэт щIэныгъэлI, археолог цIэрыIуэ Тов Аслъэнрэ декоративно-прикладной гъуазджэм и мастер, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ НэгъущI Аскэррэ.
- Тов Аслъэн жиIащ джэгу дахэм я щIалэгъуалэр хэтыну къызэрырагъэблэгъар зэригуапэр икIи къызэхуэсахэр къыхуриджащ лъэпкъ тхыбзэм ипэкIэ къежьа адыгэ хабзэм тетыну, нэгъуэщIхэм я щапхъэгъэлъагъуэу адыгэхэр псэуну. Апхуэдэу пхъэцIыч макъамэ Iэмэпсымэм и мыхьэнэм, абы джэгур зэригъэдахэм къытеувыIащ.
- ХьэтиякIуэ ХьэхъупащIэ Астемыррэ абы и дэIэпыкъуэгъу пщащэхэу Лэжьэрей Динэрэ ХъуэкIуэн Аринэрэ джэгур хабзэм тету ирагъэкIуэкIащ, щIалэхэр зы лъэныкъуэкIэ, пщащэхэр абы яхуэзанщIэу щыту. Гу зылъыптэрати, утыкум ит щIалэгъуалэр я зыхуэпэкIэкIи зыIыгъыкIэкIи дагъуэншэт, щэныфIэт.
- ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ лъэпкъ къафэхэм щаIэ зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ. Зыр адрейм ефIэкIыу къафэхэм уащыкIэлъыплъкIэ къыпщыхъурт ахэр зэпеуэу, зэрытемыгъакIуэу. Пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху джэгур нэхъри зэщIэплъэурэ екIуэкIащ. Лъэпкъ щэнхабзэм и зы Iыхьэу щыт къафэм щIэблэр зэрыхуэмыхейр узэрыгушхуэ хъун Iуэхущ, гур хэзыгъахъуэщ.
- Адыгэ Республикэм къикIыу джэгум япэу къеблэгъа КIумпIыл ТIэхьиррэ Хьэдэпашэ Маринэрэ ди гуапэу зэдгъэцIыхуащ. ТIэхьир Мейкъуапэ къалэм и щIыпIэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэщ. Маринэ Шотландием и университетхэм ящыщ зым политикэмрэ дунейпсо зэхущытыкIэхэмкIэ и факультетыр къыщиухауэ иджыпсту журналистикэм хуоджэ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ хъыджэбзыр еджакIуэ Лондон щыкIуам, къызэIуихауэ щыта «Гу хуабэ» гупжьейм адыгэ къафэм ди лъэпкъэгъухэр щыхуигъэсащ. ТIэхьири Марини «Вконтакте» Интернет сайтым и «Типичная Адыгея» гупым и къызэгъэпэщакIуэ жыджэрхэм ящыщщ, Мейкъуапэ и Адыгэ Хасэм и щIалэгъуалэ клубми хэтхэщ. ХьэщIэхэр тедгъэпсэлъыхьащ джэгур къазэрыщыхъуам, я деж щекIуэкI апхуэдэ пшыхьхэм я щхьэхуэныгъэхэм ятеухуауэ.
- — ТIэхьиррэ сэрэ нэхъапэIуэкIи къытхуихуащ Налшык щекIуэкI мыпхуэдэ пщыхьэщхьэ дахэхэм дыхэтыну. Абы щыгъуэм Мейкъуапэ иджыри адыгэ джэгу щызэхэдублатэкъым, атIэ фи республикэм щыщекIуэкIкIэ зэныбжьэгъухэр дыкъакIуэрти, тфIэгъэщIэгъуэну дыхэтт, абы и хабзэхэм дакIэлъыплъырт икIи хуабжьу дигу ирихьырт. Налшык щытлъэгъуахэр ди щапхъэу, ди дежи махуэку къэс джэгу щыдогъэкIуэкI, — жеIэ Маринэ. — Налшык къалэм дэсхэр къызэрытпэплъэр, гуапэу къызэрытIущIэнур тщIэуэ гъуэгу дыкъытехьащ. Апхуэдэ дыдэуи, пщIэшхуэрэ гулъытэрэ къытхуащIу дыкърагъэблэгъащ. Джэгури щIэщыгъуэ, гукъинэж тщыхъуащ. ДяпэкIи дызэкIэ-
- лъыкIуэну ди мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм иджы Мейкъуапэ дащыпоплъэ.
- — Налшык никIыу щIалэгъуалэ гуп Мейкъуапэ нэгъабэ нызэрыкIуар гуапэ тщыхъуащ. Иджы чэзур къытлъысащ. Ауэ сэ къэслъытэркъым дыхьэщIэу. Адыгэхэр щыпсэу дэтхэнэ щIыпIэри ди зэдай щIыналъэщ, ди Хэкущ, зы бзэ щытIурылъкIэ, зы хабзэ дыщытеткIэ, зы лъэпкъыу дыщыщыткIэ. Налшык щекIуэкI джэгур дыдейм ебгъапщэмэ, гу лъыботэ фи щIалэгъуалэр нэхъыбэу къызэрекIуалIэм, хьэтиякIуэми пшыхьыр нэхъ ткIийуэ, хабзэр къызэпимыуду зэрыригъэкIуэкIым. КIэщIу жыпIэмэ, къэбэрдей джэгур, абы и хьэтиякIуэр дэркIэ щапхъэгъэлъагъуэщ. Адыгэ Республикэм и Правительствэм Налшык дыкъызэрыкIуэну автобус къыдитащ, Адыгэ Хасэри къыддэIэпыкъуащ. Къэрэшей-Шэрджэсым, Шапсыгъым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэхэми зегъэубгъуным ехьэлIа зэхыхьэхэри адэкIэ къызэдгъэпэщыну ди мурадщ, — къыпищащ ТIэхьир.
- Маринэ къызэрыджиIамкIэ, щIыналъитIым щекIуэкI джэгухэр зэбгъапщэмэ, ди деж щыкIуэдыжа къафэ лIэужьыгъуэхэм ящыщхэр Мейкъуапэ хъума щыхъуащ е къыщагъэщIэрэщIэж. Апхуэдэу зи гугъу ищIахэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэн тщыхъуащ «зыгъэгусэ» (нэгъуэщIу жыпIэмэ, «хьакIуляш») гушыIэ къафэр. Абы кIэщIу сыкъытеувыIэнщ. Зызыгъэгуса хъыджэбзыр къызыдэфэ щIалэр и нэгу щIигъаплъэркъым. ЩIалэри ерыщу хэтщ пщащэм къригъэгъэзэжыну, ар тригъэужыну. Ауэ ар щIалэм къызэремыхъулIэм зэгуегъэпри, хъыджэбзым и щIыб хуигъэзауэ къофэ. ИужькIэ ахэр зокIуж, я гупэ зэхуагъэзэжри къызэдофэ. Театр теплъэгъуэм ещхь мы къафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи зызыгъэгусэ дэтхэнэми Iэмал кърет зэгупсысыжу, ар зэрыемыкIур, зэрымыдахэр къыгурыIуэжыну.
- ХьэщIэхэм къыхагъэщащ джэгур щIидзэным ипэ къихуэу модельер, дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым адыгэ фащэм и щэхухэм ятеухуауэ щригъэкIуэкIа дерсыр гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ зэращыхъуар. Апхуэдэу ТIэхьиррэ Маринэрэ дыхагъэгъуэзащ «Типичная Адыгея» гупым псапащIэхэр, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ зэхыхьэхэр къызэрыщызэрагъэпэщым, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм ис щIалэгъуалэм зэдай щэнхабзэ Iуэхухэр дяпэкIэ къыхалъхьэу зы щIыналъэм щрагъэкIуэкIыну, ИнтернеткIэ мыхъуу, зэхуэсурэ зэпсэлъэну, Iуэху щхьэпэхэр зэдащIэну зэрамурадым.
- ПэщIэдзэ зиIэм кIэухи иIэщ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэр зыхэта, абыхэм ягъэдэха джэгур удж екIукIэ зэхуащIыжащ. Пшыхьым къыхэжаныкIа, къафэм зэфIэкI щызиIэ пщащэхэмрэ щауэхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Ахэр къыбгъэдэкIащ «Адыгэ унэ» тыкуэныр зей IутIыж Мэжид. «Тамерис» шхапIэр зыгъэлажьэ Едыдж Нихьаи хьэщIэхэр иригъэблэгъащ.
- ЗэрытщIэщи, джэгур къыхэзылъхьахэм я къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэр къагъафэу, ягъэуджу зэбграгъэкIыжыныркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ дэнэ щIыпIи щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрыцIыхунымкIэ, ныбжьэгъу зэхуэхъунымкIэ, зэрылъытэнымкIэ, я зэпыщIэныгъэр, зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ хъунымкIэ. А псом къадэкIуэу утыку ит щIэблэм я щэнхабзэр, я хабзэ дахэр къагъэлъагъуэ. КъыжыIапхъэщ абы и лъэныкъуэкIэ джэгум и къызэгъэпэщакIуэхэм я къалэныр къазэрехъулIар.
- Пщыхьэщхьэр хэкIуэтами, бысымхэмрэ хьэщIэхэмрэ ягу зэпымыкIыу куэдрэ зэпсэлъылIащ, уеблэмэ ежьэжын ипэ къихуэу, къэфэнкIэ зэрыримыкъуам и нэщэнэу, иджыри зы джэгу цIыкIу яублэжри, я лъэгу зэрыщIэгъэплъащ. Лъэныкъуэхэр дяпэкIи зэкIэлъыкIуэну зэгурыIуащ. Мейкъуапэ къикIахэм бысымхэм фIыщIэ къыхуащIащ гуапэу къазэрыIущIам, гулъытэ къызэрыхуащIам папщIэ.
- Я цIэ къиIуапхъэщ къызэхуэсахэр зыгъэджэгуа, къэзыгъэфа, зыгъэуджа «Бзэрабзэ», «Уэредадэ» гупхэм. Джэгур къызэрагъэпэщащ Ащхъуэт Анзор, Тау Аслъэн, ЦIыпIынэ Идар, Шыбзыхъуэ Астемыр сымэ, «Вконтакте» Интернет сайтым и «Черкесия», «Типичная Адыгея» гупхэм я унафэщIхэм.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.