ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЛIэщIыгъуэ ипэкIэ Ислъэмей щаухуа мэжджыт

2016-07-05

  • Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэтщ илъэси 106-рэ зи ныбжь мэжджыт. КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим зэрыжиIамкIэ, япэ дыдэу къызэрежьам хуэдэу къызэтенэжауэ республикэм ит тхьэелъэIупIэ нэхъыжь дыдэхэм ар ящыщщ.
  •  
  • Ислъэмей дэт мэжджытыр 1910 гъэм иухуауэ щытащ а къуажэм дэс Бещтокъуэ Iэсхьэд. Илъэсищ дэкIри, абы япэ нэмэзыр щащIащ. Диным ехьэлIа мы ухуэныгъэр зэфIэгъэкIа хъуащ Киев къраша проектым тету икIи абы къыхэкIыу иджырей мэжджытхэм ар зэрещхь щыIэтэкъым, уеблэмэ чристэн члисэхэм нэхъ хуэкIуэрт. Зэман дэкIри, азэн джапIэ щхьэщагъэуващ и пщIантIэр нэхъ ин ящIащ.
  • Ислъэмейдэс, социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ республикэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къаздэхъу Олег зэрыжиIэжымкIэ, дин IуэхущIапIэхэр щызэтракъутэу щыта совет властым и лъэхъэнэм мэжджытыр телъыджэу къызэтенащ.
  • ЛIэщIыгъуэм щIигъу зи ныбжь мэжджытым нэщI мазэ лъапIэм цIыху куэд къекIуэлIащ.
  • Абазэ Лерэ.