Зи ныбжьыр илъэсищэ ирикъуа Бетыгъуэн Назир
2016-06-17
- Балъкъ и псыхъуащхьэхэм къыщыунэху къущхьэхъу хъупIэхэм я куэбжэIух жылэу къалъытэ Къармэхьэблэ къуажэм и Iэхэлъахэм а махуэм тыншу гуп цIыкIур дынэсащ.
-
ТIуащIэ абрагъуэм зыщыIуигъэузэщIыкIым зы-щызыуфэбгъуа къуажэжьыр абдежым щызэхэлъэдэж пситIым, Балъкърэ Чыщбалъкърэ, хьэблэ зыбжанэу зэхагуэшыкI. Абыхэм ящыщ зыр, Хьэгъундыкъуейр, Бетыгъуэнхэ я хэщIапIэщ.
- Хуэегъэзыхыгъуэ-дэгъэзеигъуэу къуэладжэм адрыщIкIи мыдрыщIкIи щызэкIэлъыкIуэ щIапIэхэм даблэзыш гъуэгу нашэ- къашэм «дытегъуэщыхь нэхърэ» жытIэри, дыкъыщIежьа, зи ныбжьыр илъэсищэ ирикъуа Бетыгъуэн Назир здыщыпсэумкIэ дызыхуэзэ цIыхухэм деупщIын щIэддзащ. Абыхэм я пэгъуэкIыр ди гъуазэу, лъэмыж цIыкIу гуэрым дызэпрыжащ. Псыр здежэх лъэныкъуэмкIэ деплъыхри, куэбжэ зэIугъэузэщIыкIа гуэрым деж Iуву щызэхэт автомашинэхэм гу ялъыттащ.
- Макъ зэщIэужьыуэгъуэбэр къызыдэIукI пщIантIэм нысашэ джэгу щызэхаша фIэкIа пщIэнтэкъым, абы къыдэкI-дыхьэжхэм апхуэдиз нэжэгужагъэ зэрахьэрти. Куэбжэм гъунэгъуу дыщыбгъэдыхьэм, «къытпэплъа мыхэр?!» жыдагъэIэу, зым иужь адрейр иту цIыхуитI-щы къызэкIэлъыдэкIащ. Абыхэм пщIантIэм дыщыдашэм, зэуэ гу лъыттащ ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ гуэщ кIыхьым цIыху Iув зэрыщызэхэтми, абыхэм я кум щигъэувыкIа шэнтхэм зи ныбжь хэкIуэта лIыхэр зэрыщызэхэсми.
- Микрофоным къиIукI ма- къамэмрэ псалъэмакъымкIэ дэ къыдгурыIуащ тхьэлъэIум иращIылIа зэIущIэм зэрыщIрагъадзэри, махуэр щхьэусыгъуэ зыхуэхъуам ехъуэхъуну хуей цIыхухэр утыкум зэрихьэхэри. Ахэр къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ Дунейпсо Арткомитетым и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм и унафэщI Бетыгъуэн Iэуес.
- ТхьэлъэIум кърихьэлIахэр Назир и гъащIэм щыщ напэкIуэцIхэм щыгъуазэ хуищIащ тхыдэдж, тхакIуэ Бетыгъуэн Сэфарбий.
- ИужькIэ Дзэлыкъуэ район администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Бей Iэуес я IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу нэхъыжьыфIым хуэгъэза хъуэхъу тхылъым къеджащ.
- Абы кIэлъыкIуэу, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм и институтхэм заужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI, КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис Назир хъуэхъу псалъэ хужиIа иужькIэ, республикэм и Парламентым и ЩIыхь тхылъымрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 зэрырикъуам теухуа юбилей медалымрэ иритащ.
- АдэкIэ партым и Дзэлыкъуэ район къудамэм и секретарь ТишкIэ Iэдэм нэхъыжьыфIым коммунисту ноби зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъ IэщIилъхьащ.
- Къармэхьэблэ къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Ахьмэдрэ ветеран зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Мырзэкъан Сэлимрэ я къэпсэлъэныгъэр теухуат Назир лэжьакIуэфIу зэрыщытам, ар щыпсэу жылэм ноби пщIэ къызэрыщыхуащIым.
- Белгород къалэм коопе-рацэм, экономикэмрэ правэмкIэ дэт университетым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Щоджэн Ахьмэд тыгъэ папщIэу адыгэ пыIэ екIу къызыкъуихащ. Ар зылъэгъуа Бетыгъуэн Iэуес алъандэрэ шэнтым зэгъэтIылъэкIауэ тригъэлъа щIакIуэ хужьышхуэр къиIэтащ. А щIалитIым Назир яхуэпащ: зым пыIэр щхьэритIэгъащ, адрейм щIакIуэр ириубгъуэкIащ. Теплъэгъуэр къызэхуэсахэм апхуэдизкIэ ягу ирихьати, Iэгуауэшхуэ яIэтащ.
- ТIэкIу нэхъ гувауэ пщIантIэм дыхьахэми псалъэ къытлъагъэсащ.
- — Сэ Къэрэшей-Шэрджэсым сыкъыщыхъуащ, илъэс куэдкIи сыщылэжьащ, Къэбэрдейм нобэ сыщыпсэуми, — къыхигъэщащ гупым ди нэхъыжь, щIэныгъэлI, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэ БакIуу Хъанджэрий. — Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэ Iус Алий-Бэрдыкъуэ къуажэм Бетыгъуэнхэ куэду дэсщ. Хьэлэмэтыракъэ, абы ноби ХьэгъундыкъуейкIэ йоджэ, фи хьэблэм хуэдабзэу. Назир, илъэсищэ къэбгъэщIами, Тхьэм къыпхупищэ! Уэ пхуэдэхэр дызэриIэм дрогушхуэ! ЛIакъуэ дахэ, лъэпкъ узыншэ укъыхэкIащ. Уи бынхэм я быныжхэм я хъер куэдрэ иджыри Тхьэм уигъэлъагъу!
- Жьыщхьэ махуэ хъуа лIыжьым псалъэ гуапэ хужаIащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетэм и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фIы- щIэ фондым и зэхэшакIуэ ЩоджэнцIыкIу Леонид сымэ, нэгъуэщIхэми.
- — Си къуажэгъу лъапIэхэ! — захуигъэзащ тхьэлъэIум къекIуэлIахэм Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэ, журналист МахуэлI (Лыхь) Хъаджэт. — Бетыгъуэнхэ я фIыгъэкIэ, нобэрей гуфIэгъуэм си къуажэгъу, си унэкъуэщ куэд щыслъэгъуащ. Лыхьхэрэ Бетыгъуэнхэрэ игъащIэми зэшым хуэдэу дыкъызэдогъуэгурыкIуэ. Си Iыхьлы, си дэлъху Лыхь Абдулчэрим тхьэмадэм ху-жиIа псалъэхэм къахэзубыдыкIауэ, «вым и пIэкIэ бжьым щIэувэу, вэуэ слъэгъуащ!» жыхуиIар телъыджэ сщыхъуащ. Абы сыту лэжьыгъэшхуэIуэ къикIрэ, куэдыIуэ къигъэхъейрэ! Нобэ дызыгъэгуфIэр На-зирщи, абы къигъэщIам хуэдиз къызэзынэкIыфын куэд адыгэ лъэпкъым Тхьэм къыдит!
- ХьэщIэхэр Iэнэм ягъэтIыса иужькIэ, дэ, журналистхэм, Назир и бынхэмрэ и благъэхэмрэ захуэдгъэ-защ.
- Iэминат
- Назир бгъэдэс ипхъу нэхъыщIэщ.
- — И ныбжь здынэсам, ноби ди адэм сыт хуэдэ упщIэкIэ зыхуэбгъазэми и пэгъуэкI къуитыжыфыну апхуэдэщ, — жиIащ Iэминат. — Зи гугъу пщIыр щекIуэкIа илъэсри, мазэри, махуэ нэгъунэ къыбжиIэжыфынущ. Хэт дапщэщ къыдэлэ- жьауэ щытами къыхуэгубзыгъыжынущ. Адэм сыкъызэрыбгъэдэтIысхьэжрэ мы гъэм илъэс 11 ирикъуащ. Абырэ ди анэмрэ илъэс 55-кIэ зэрызэдэпсэуар IэфIу сигу къахуинахэм ящыщщ. Ди анэр 1999 гъэм и дыгъэгъазэм дунейм ехыжащ. ЗэшыпхъуитIрэ зэкъуэшитIрэ дыхъурти, шыпхъумрэ сэрэщ псэууэ къэнар. Риммэ нэхъыжьщ.
- Сэ илъэс 39-кIэ Налшык сыщылэжьащ. Инэхъыбэм егъэджакIуэу. Къэзгъэзэжащ, ди анэмрэ си дэлъхумрэ дунейм ехыжа иужь. Сигу ирихьу, къуажэдэсхэм ядэслъэгъуа гуапагъэхэм ящыщщ мыри. Мыбдежым тпэмыжыжьэу кхъэуэ тIу щытщ. Абы щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм щызэрихьэлIэ лIыжьхэр ди деж къыдэмыхьауэ, ди адэм къыщIэмыупщIауэ, и узыншагъэр зытетыр зрамыгъэщIауэ зэбгрыкIыжынухэкъым.
- Iэминат зэрыжиIэжымкIэ, Назир НКВД-ми щылэжьащ. КъаутIыпщыжын я щхьэ къимыхьэу, 1943 гъэм и адэм и псалъэкIэ къыхагъэкIыжауэ щытащ, «сыхуейкъым цIыхугъэкIуэду къыфхэтыну» яжриIэри.
- — Мы тхьэлъэIум къызэрыщыхагъэщауэ, ди адэм зыгуэрым и жагъуэ ищIауэ, лей ирихауэ игъащIэм зэхэсхакъым, — къыпещэ адэкIэ и псалъэм Iэминат. — СогъэщIагъуэ абы цIыхуу къыхуэкIуэм и куэдагъри. Я адэхэм я псэукIар зи нэгу къыщIэзыгъэхьэжыну хуейхэри къыдохьэ, «абыхэм ятеухуауэ Назир зыгуэр къытхуимыIуэтэжыфыну пIэрэ?» жаIэри. ЕгъэджакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр къызэрыкIуэри си гуапэ мэхъу. Ахэр Къэбэрдейм и тхыдэм щыщ напэкIуэцI зыхамыщIыкIхэм щIоупщIэ, къолъэIу «кхъыIэ, мыбы дытетхыхьын хуейщи, къыддэIэпыкъу!» жаIэри. Дызыдэс хьэблэм къыщыщIэдзауэ сабийуэ фызыхуэзэм феупщIи, а псоми къыбжаIэфынущ ди адэр фIыуэ зэралъагъур. Езыми щIэблэщIэ цIыкIухэр и щIасэщ.
- Лыхь Абдулчэрим
- Назир благъагъэкIэ къыбгъэдохьэ. Ар Къармэхьэблэ курыт еджапIэм илъэс 25-кIэ завхозу Iутащ.
- — Назир гуфIэгъуэ зиIэми нэщхъеягъуэ зиIэми ядэIэпыкъуу къекIуэкIащ. Абы хуэдэу хьэлэлу лэжьа бригадир срихьэлIакъым, сэ Iэджи слъэгъуащи. Зэманыр гугъут, унафэщIхэ- ри ткIийт, псалъэ пхъашэ къащыжьэдэкIи къэхъурт. Назир апхуэдакъым. ГущIэгъу хэлъу зэрыщытар и гуапэу езыми игу къегъэкIыж. Сыт щыгъуи диущийуэ, «мыпхуэдэу фыщытмэ, цIыхухэм фахэзэгъэнущ» къыджиIэу, зэпымыууэ дяужь итащ. Дэри абы и чэнджэщхэр зэрызыхэтпщэным дыхущIэкъуащ, — жиIащ Абдулчэрим.
- Риммэ
- Назир ипхъу нэхъыжьщ, Хьэмызхэ я нысэщ.
- — Адэм хуэтIэта тхьэлъэ- Iур къуажэми жылэми тхуэфIын Тхьэм ищI! Ду-нейм ущытеткIэ, Iеи плъагъунщ — и къуитIыр, и щхьэгъусэр, и малъхъэр щIилъхьэжащ — ауэ и къарури, и узыншагъэри, и акъылри пэлъэщу, къыхуэна и бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ къепщIэкIауэ ипIащ, иригъэджащ, иригъэшащ. ГъащIэр фIыуэ елъагъу. Иджыри къыздэсым лэжьыгъэм гукъыдэж хуиIэщи, «цIыхухэм сахыхьарэт, зыгуэр сщIарэт!» жеIэ.
- Бетыгъуэн Хьэсэнбий
- Назир и шынэхъыжь Нэхьмэн и къуэщ.
- — Ар, сэ нэхърэ илъэс 30-кIэ нэхъыжьщи, щыпсалъэкIэ соукIытэ. «КъыджиIэжхэм щыщ гуэрхэр сщыгъупщэжу пIэрэ?» жызоIэри, сигу зызогъэбгъэж. И цIыху щIыкIэм укIэлъыплъыжмэ, «лIыжьщ» хужумыIэну апхуэдэщ. «Насып» жыхуаIэр нэгъуэщI щIыпIэ щыщыIэу аракъым. Насыпкъэ мы тхьэлъэIур, фыкъызэрыкIуар?! Назир хуэдэ зырыз унагъуэ къэс исатэмэ, жылагъуэр, фIылъагъуныгъэр щебэкIыу, нэхъ зэпIэзэрыту дыкъекIуэкIынут. Си адэ къуэшым срогушхуэ. Зы махуэ тетIысхьэпIэм дытесу, метр щитI хуэдизкIэ иджыри тпэжыжьэу уэрамым цIыхуищ кърикIуэрти, «мо ижьымкIэ щытыр къысхуэцIыхужыркъым» жиIэри Назир зыкъысхуигъэзащ. ЗгъэщIэгъуащ: «илъэсищэ хъуа лIыжьым гупым щыщу а зыращ хузэхэмыгъэкIар! Гугъуехь минрэ хьэзабищэрэ пшэча иужькIэ, апхуэдэ акъыл бзыгъэрэ нэ жанрэ уиIэныр насыпкъэ?! жиIэри къыддэгуэшащ Хьэсэнбий.
- Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.