ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2013-07-17

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр
  • Республикэм и Парламентым и
  • Унафэ
  •    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
  • 1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
  • 2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьэн, Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
  • 3. Мы Унафэм къару егъуэт Iэ щытрадза махуэм ще­гъэ­жьауэ.
  •  
  •             Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •             Парламентым и УнафэщI        Чеченов Ануар
  • Налшык къалэ
  • 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м
  • №1598-П-П
  •  
  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр
  • Республикэм и
  • Закон
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м
  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъхэм я бзэхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №1-РЗ-уэ 1995 гъэм щIышылэм и 16-м къащтам (правовой информацэмкIэ официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru) и 3-1 статьям мыхэр щIыгъужауэ мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн:
  • «3-1 статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лъэпкъ­хэм я бзэхэр хъумэнымкIэ икIи абыхэм зегъэу­жьынымкIэ шэсыпIэхэр
  • 1. Къэбэрдей, балъкъэр лъэпкъхэр къызэтенэнымкIэ Iэмалу, дунейпсо бзэ щэнхабзэм и фIыгъуэу, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыбзэу щыт адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хъумэныр икIи абыхэм заужьыныр къызэригъэпэщын мурадкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм зэтреухуэ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ хъумэным икIи абыхэм зе­гъэу­жьыным зэгъусэу елэжьыну эксперт-консультативнэ органхэр.
  • 2. Къэдгъэлъэгъуа органхэм хагъэхьэ еджагъэшхуэхэр, адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ IэщIагъэлIхэр, эт­но­графхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм я лингвист IуэхущIапIэхэм я Iэ­щIа­гъэлIхэр, Iуэхум хэзыщIыкI нэгъуэщI IэщIагъэлI­хэр.
  • 3. Мы статьям и япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа органхэм я лэжьыгъэр зытетыну хабзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм еубзыху».
  •  
  •                         Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •                         Iэтащхьэ                       Къанокъуэ Арсен
  • Налшык къалэ
  • 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м
  • №54-РЗ