ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэрызэдэлажьэм зрагъэубгъу

2013-07-17

  •   Ди газетым зэрытетащи, «Кавказыр Италием IуощIэ» Iуэхум епхауэ екIуэкI V зэIу­щIэм хэтыну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэ­­кIуащ Италием Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм щиIэ консул нэхъы­щхьэ Лодиджиани Пьерпаоло зи пашэ гуп.
  •   
  • ХьэщIэхэр япэщIыкIэ щыIащ «Бахъсэн и хадэхэр» холдинг компанием итальян IэмалхэмкIэ игъэкI жыг хадэм. Мэкъумэшым епхауэ ди республикэм щащIэ Iуэхухэр зыунэтI Балъкъыз Замир хьэщIэхэм гуапэу къапе­жьащ.
  •  — Итальян IэщIагъэлIхэм ди лэжьыгъэр и кIэм нэсу тхузэтраухуауэ жыпIэ хъунущ, — жиIащ абы. — Къищынэ­мы­щIауэ, адэкIэ щыуагъэ зэрытIэщIэмыкIыным, къэд­гъэкIа жыгхэм пхъэщхьэмыщхьэ бэв къызэрыдатыным хуэунэтIауэ чэнджэщ къыхалъхьэ, дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу. Псалъэм пап­щIэ, мы гъэм гектар къэс мыIэрысэу тонн мин 60-м нэблагъэ къытетхыну худогъэфащэ.
  •  ХьэщIэхэм ирагъэлъэ­гъуащ хуабэщхэмрэ жыг хадэхэм къыщагъэсэбэп щIэ­гъэ­къуэнхэм­рэ щагъэхьэзыр заводыр, Шэджэм куейм хиубыдэ «Агро-Ком» хуабэщыр, пхъэщхьэмыщхьэхэр зралъхьэ икIи щахъумэ матэшхуэ­хэр къыщы­щIа­гъэкI «Строймаш» ООО заводыр, хадэ­хэкIхэр щахъумэ «Холод» фирмэр.
  •  ИужькIэ хьэщIэхэр щыIащ Прохладнэ къалэм итальян-испан IэмалхэмкIэ щIэры­щIэу къыщызэрагъэпэщыжа «CISMAC» чырбыш заводышхуэм. ХьэщIэхэм цеххэр кърагъэплъыхьащ. Жэщи-махуи зи лэжьыгъэр къэмыу­выIэ заводым цIыхуу Iутыр зэрыхъур 52-рэ къудейщ. Лэ­жьыгъэ хьэлъэ псори роботхэм ягъэзащIэ. Заводым чырбыш зэмылIэужьыгъуэу 8 къыщIегъэкI. Зы сменэм къриубыдэу чырбыш мини 100 хьэзыр мэхъу. Заводым и унафэщI Шутов Александр зэрыжиIэмкIэ, чырбышым щIэупщIэшхуэ иIэщ.
  •  КъыкIэлъыкIуэу Налшык дэт «Синдика» интур-хьэ­щIэщым итальян хьэры­чэты­щIэхэм щаIущIащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Хьэсанэ Руслан, министерствэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэм я тхьэмадэхэр, республикэм и муниципальнэ куейхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэта­щхьэхэр, нэгъуэщIхэ­ри.
  •  Зэхуэсым хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ я Iуэху еплъы­кIэхэмкIэ щызэдэгуэшащ. Абыхэм къыхагъэщащ иужьрей илъэс зытIущым къриубыдэу итальян хьэрычэты­щIэхэмрэ ди республикэмрэ зэхуаIэ хъуа зэхущыты­кIэхэм арэзы къызэрищIыр, дяпэкIэ нэхъыфIыжу зэдэлэжьэну мурад зэраIэр.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс зыбжанэ хъуауэ Италием щыщ хьэрычэтыщIэхэм ядолажьэ, — жиIащ Хьэсанэ Руслан. — Итальянхэм я фIы­гъэкIэ, ди республикэм мэкъу­мэш IэнатIэм зыщеужь, куэд щIакъым Прохладнэ къалэм чырбыш къыщы­щIагъэкI заводышхуэ къы­зэрыщызэIуахрэ. Догугъэ дяпэкIи нэгъуэщI Iуэхухэри зэдэтщIэну.
  •  Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхухэр итальянхэм я лэжьэкIэм, я Iуэху зехьэкIэм арэзы къызэрищIыр гуапэ зэрыщыхъур къыхигъэщащ хьэщIэхэм я пашэ Лодиджиани Пьерпаоло:
  •  — Дэ лэжьыгъэм хуэIэижь лъэпкъыу дыкъызэрыфлъытэр ди гуапэщ, — жиIащ абы. — Фи гупэр къызэрытхуэвгъэзари зыхыдощIэ. Китайм ди хьэрычэтыщIэхэр илъэси 10 хъуауэ щыIэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыдэлэжьа мащIэм къриубыдэу лъэныкъуитIми ехъулIэныгъэу къытхудэкIуам хуэдиз абы щытлъэгъуакъым. Къыхэзгъэщынут фи хьэрычэт щIэкIэр дэркIэ зэрыщIэщыгъуэр. Дызэрызэдэла­жьэм зедгъэубгъуну ди гу­гъэщ. Псалъэм папщIэ, гидроэнергетикэм, ухуэны­гъэм, туризмэмрэ курортхэмрэ ехьэлIауэ лъэны­къуи­тIым зэдэтщIэфынур мы зэманым доубзыху.
  •  Пресс-конференц нэужьым загуэшри, зэIущIэм хэтахэр щхьэж и Iуэху теухуауэ зэпсэлъащ.
  •  КЪУМАХУЭ Аслъэн.