Гуапэ ирехъу!
2013-06-27
- Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщу сабий 64-рэ мы махуэхэм ягъэкIуащ «Гуэл щхъуантIэ», «Къурш псынэ», «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм къыщызэIуаха гъэмахуэ лагерхэм. А гупым хиубыдащ сабий зеиншэхэр, адэ-анэхэм здамыпIыжхэр, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэмрэ бынунагъуэшхуэхэмрэ къахэкIахэр.
- ЦIыкIухэр лагерым зэрыщыIэну пIалъэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнущ, я нэгу зрагъэужьынущ. Ахэр дунеяплъэ яшэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэхэм. Апхуэдэу абыхэм драгъэкIуэкIынущ джэгу зэпеуэхэр, я акъылым зезыгъэужь гъэлъэгъуэныгъэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр.
- Бжьыхьэ хъухукIэ ди санаторэхэм щылэжьэну лагерхэр сабийхэм зыхуей хуэзэу зегъэгъэпсэхуным сыт и лъэныкъуэкIи тещIыхьауэ къызэрагъэпэщащ. Шэч хэлъкъым абыхэм ящыщ дэтхэнэми я узыншагъэр ефIэкIуарэ я нэгуи зиужьауэ унэм зэрагъэзэжынум.
- Шэрэдж Дисэ.