ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыуэпсым и щэнхабзэ телъыджэ

2023-06-17

  • Мэкъуауэгъуэм и 14-м Налшык щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием къызэригъэпэща щIэныгъэ зэIущIэ. «Зи хуэдэ щымыIэ адыгэ уэщIкъэхъугъэ (экологие) щэнхабзэ» зыфIаща Iуэхугъуэм хэтащ ЩIДАА-м и академикхэр, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым и лэжьакIуэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIэныгъэлIхэмрэ.

  • ЗэIущIэр къызэIуихащ ЩIДАА-м и япэ вице-президент, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым и унафэщI ЛIэужь Iэдэм:
  • — ЦIыхумрэ уэщIкъэхъугъэмрэ пхузэкIэщIэмыхыну зэпыщIащ. Ар фIыуэ къызыгурыIуэу щыта пасэрей адыгэм щIыуэпсым пщIэшхуэ хуищIырт. Абы щыхьэт техъуэ хъыбархэр нобэ къихьэсыжащ ди IуэрыIуатэм. Псалъэм папщIэ, адыгэм къыгурыIуэрт щIыуэпсым ириха лейр гъэнщIыжын зэрыхуейри, унэ щищIкIэ къигъэсэбэпыну ириха жыгым хуэдиз дыдэ хисэжырт. Хабзэм идэртэкъым удзыр къипчу. «Уи адэшхуэм и пащIэр къытыбофыщIыкI», — жаIэрт. Ди лъэпкъым апхуэдизу пщIэ зыхуищI нэхъыжьым ирипэ- сынкIэ хъуну икIагъэм хуигъадэрт удз къичыныр, апхуэдизкIэ щIыуэпсым лей ирихынкIэ шынэрти. КъищынэмыщIауэ, щакIуэхэм шабзищ нэхъыбэ ямыIыгъыу мэзым кIуэрт. Абы къикIыр ямылейуэ псэущхьэ къиукI зэрымыхъунур арат. ЗэрыхуагъэфащэмкIи, адыгэ ныпым тет шабзищыр къызы- техъукIыжар а хабзэ дахэрщ. Адыгэм зэи щIэжьеймрэ псэущхьэ дахэхэмрэ къиукIыртэкъым. А псори лъабжьэ хуэхъужауэ жыпIэ хъунущ уэщIкъэхъугъэм ехьэлIауэ ди адэжьхэм яхэлъа щэнхабзэ телъыджэм, — жиIащ абы.
  • КъыкIэлъыкIуэу къэпсэлъащ ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ, КъБР-м и Парламентым и депутат, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Щхьэгъэпсо Сэфар-бий. Ар тепсэлъыхьащ пасэрей адыгэм и хьэл-щэныр, псэукIэр, дуней тетыкIэр зыхэпсэукI щIыуэпсым елъытауэ зэ- рыщытам, абы къэзыухъуреихь дунейр иригъэфIакIуэу, ихъумэу къызэрыгъуэгурыкIуам.
  • — Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, лъэпкъыр гугъу нэхъ ехьыху, ар зыхэпсэукI щIыуэпсым пщIэ нэхъ хуищIырт. Пасэрей адыгэ лъэпкъхэр псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр куэду зыщIэс мэз Iувхэм я Iэхэлъахэм, хьэуар щынэхъ къабзэ, щIымахуэр щымыуае, сытым дежи бдзэжьей щигъуэтыну хы Iуфэм, щетIысэхырт. ЩIыуэпсым и мыхьэнэмрэ абы хуэсакъын зэрыхуеймрэ къызыгурыIуа адыгэ лъэпкъ-хэм къадекIуэкIырт «цIыху-уэщIкъэхъугъэ» зэпыщIэныгъэм ехьэлIа хабзэшхуэхэр. Хы фIыцIэм къыщыщIэдзауэ Хъэзэр (Каспий) тенджызым нэс я зэхуаку дэлъ щIыналъэр яIыгъащ адыгэхэм. Илъэс мини 6-м щIигъуа и тхыдэр зыщIэж ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуащ щIым телэжьэныр, Iэщ зехуэныр, бдзэжьей ещэныр, жыг-хадэ хэсэныр, бжьэ гъэхъуныр. Ахэр псори щIыуэпсым ехьэлIа Iуэхугъуэщ икIи абы адыгэм пщIэшхуэ хуищIу зэрыщытам и нэщэнэщ «анимизм» жыхуэтIэ фIэщхъуныгъэр. КъэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ псэ яIуту зи фIэщ хъу адыгэхэм пщIэ хуащIырт Тхьэгъэлэдж, Лъэпщ, Ахын, Къуэдэс, Мэзытхьэ, Псыхъуэгуащэ, нэгъуэщI тхьэхэм. Урыс тхыдэмрэ IуэрыIуатэ литературэмрэ къахощыж пасэрей адыгэхэм дунейм и щытыкIэм, абы зэрызихъуэжым, гъэм и зэманхэм зэрызэблахъум фIыуэ хащIыкIыу, щхьэж ехьэлIа лэжьыгъэхэм щыгъуазэу зэрыщытар. Абыхэм ящIэрт щIыуэпс насыпыншагъэхэм зэрыпэщIэт, къэкIыгъэхэр, Iэрысэхэр, Iэщыр зэрагъэбагъуэ Iэмалхэр. Адыгэ профессор цIэрыIуэ БакIуу Хъанджэрий зэритхамкIэ, сыт хуэдэ лъэкъми хьэмтетыгъуэрэ егъэзыхыгъуэрэ иIэщ. Адыгэм егъэзыхыгъуэ хуэхъуар Урыс-Кавказ зауэжьырщ. Абы адыгэм и щэнхабзэри экономикэ-ри зэтрикъутауэ, а зауэм хабзэ куэд дэкIуэдауэ жыпIэ хъунущ. Ди лъэпкъыр апхуэдизу зэпха щIыуэпсыр къигъанэу, хэкур ибгынэн хуейт. Зауэм зэхикъута ди щыIэкIэ-псэукIэр щызэтраублэжар илъэс 30 дэкIауэщ. Арами, 1953 гъэм Лабэ Iуфэ и Iэхэлъахэм къыщахутауэ щытащ илъэс 560-рэ зи ныбжь псей жыг! Абы метр 64-рэ и лъагагът, сантиметри 190-рэ и бгъуагът. КъищынэмыщIауэ, илъэс 718-рэ зи ныбжь уэздыгъей, илъэси 100-м щIигъу щиху, нэгъуэщI жыг телъыджэ куэд къыщагъуэтат адыгэ щIыналъэм. Ар хъума зэрыхъуар зи фIыщIэр, дауи, ди лъэпкъым зэрихьа уэщIкъэхъугъэ щэнхабзэрщ, — къыхигъэщащ Щхьэгъэпсом.
  • Адыгэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуа шы зехуэным-рэ зекIуэмрэ уэщIкъэхъугъэм къыхэкIа лэжьыгъэу, дуней тетыкIэу зэрыщы-там, абы ди адэжьхэр лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэкIэ зэрипсыхьыжауэ щытам тепсэлъыхьащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым этнологиемрэ лъэпкъ гъуазджэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэткъуэ Самир. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым биологиемкIэ и къудамэм и доцент, биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хьэтыхъу Iэубэчыр и гугъу ищIащ иужьрей зэманым Налшыкыпсым къытехьа леймрэ кърикIуэнкIэ хъуну щIыуэпс насыпыншагъэмрэ. Адыгэ этноботаник цIэрыIуэ Хьэкъун Бэрасбий щIэныгъэм хуилэжьамрэ абы и лэжьыгъэхэр нобэм къыздэсым ди гъуазэу зэрыщытымрэ тепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» тхылъ тедзапIэм и адыгэ къудамэм и редактор нэхъыщхьэ Джэрыджэ Арсен.
  • УэщIкъэхъугъэ щэнхабзэр къызэгъэпэщыжынымкIэ этно-экологием игъэзащIэ къалэным, а Iуэхум епха философие еплъыкIэхэр къагъэнэIуащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтымрэ Адыгэ къэрал университетымрэ я лэжьакIуэхэу Щауэ Асфаррэ Нэхей Вячеславрэ.
  • Бзэ щIэныгъэхэм я къэхутэныгъэшхуэхэмкIэ зэIущIэм къекIуэлIахэм ядэгуэшащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ ли- тературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав:
  • — ЩIыуэпсым щилъагъу, щызэхих макъхэр лъабжьэ ищIу цIыхум игъэбзэрэбза адыгэбзэм хэтщ пасэрейхэм уэщIкъэхъугъэм хуащIу щыта пщIэр, ахэр къэзыухъуреихь дунейм елъытауэ зэрыщытар къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр. Абыхэм ящыщщ «пщIэн», «вэн», «тIэн» глаголхэр. ГъэщIэгъуэныщэщ «пщIэным» къытехъукIыжа псалъэхэм щIэлъ мыхьэнэр. «ПщIэнтIэн» жиIэмэ, псы къокIуэн къокI. Псы къыщокIуэр ущылажьэм дежщ. Апхуэдэу, пасэрейр егупсысащ: «УпщIэмэ, утIэмэ — укъоплъ, псы къожэх. Ауэ щыхъукIэ, а щытыкIэр къыпхуэгъэлъэгъуэнущ «пщIэнтIэн» псалъэмкIэ. Апхуэдэщ «пщIэнтIэпс» щыIэцIэри — ущыпщIэкIэ, ущытIэкIэ къокIуэ псы. Мы гупсысэ- кIэм утету бзэм уриплъэмэ, щIыуэп- сым епхауэ адыгэбзэм псалъэ куэд дыдэ къыхэдгъуэтэфынущ. УмыгъэщIагъуэн плъэкIыркъым пасэрей адыгэм удзхэм, къэкIыгъэхэм цIэ зэрыфIищу щыта щIыкIэр. Псалъэм папщIэ, чистотелым щхьэкIэ нобэкIэ шейтIан удз жыдоIэ. И фIэщхъуныгъэрэ и дуней тетыкIэрэ зиIэжа адыгэм сытым дежи ищIакъым хьэрыпыбзэм къыхэкIа «шейтIан» псалъэр. Бзэм и хъумакIуэхэм къызэрахутамкIэ, нэхъапэм а удзым дызэреджэу щытар пцIащхъуэдэхъущ. Ар пцIащхъуэхэм я къэлъэтэжыгъуэм къыхэкIырт, я лъэтэжыгъуэм гъужырт. Пасэрейм абы гу лъитэри, пцIащхъуэдэхъу фIищащ. Ар и щыхьэткъэ адыгэр щIыуэпсым кIэлъыплъу, абы щIэныгъэрэ Iущыгъэрэ къыхихыу зэрыщытам?! Апхуэдэщ шалфей мускатный жыхуиIэ удзри. Шалфейр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, ауэ а псоми уахэплъэжмэ, фо нэхъыбэ зыпищIэр мускатный зыфIащарщ. Ари адыгэм ицIыхурти, «фоудз» фIищащ. Нэхъ телъыджэщ розэм и Iуэхур. Куэдым я гугъэщ а удз дахэм и цIэр апхуэдэ ды-дэу ди бзэм къыхыхьауэ. Ауэ ар пэжкъым. Удз гъэгъауэ щыIэм я нэхъ да- хэу зэрыщытыр къалъытэри, адыгэхэм розэм «гуащэ напщIэ» фIащащ. Бзэр лъэпкъым и тхыдэм, и щэнхабзэм, и дуней тетыкIэм и хъумалъэщ. Ар зэпкърыпхын щIэбдзэмэ, куэдыщэ къызэротIэпIыкI. Нэхъыщхьэращи, адыгэмрэ щIыуэпсымрэ зэкIэщIэпх мыхъуну зэпхауэ зэрыщытам и щыхьэт пэжщ, — жиIащ УнэлIокъуэм.
  • ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ культуролог, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ, Адыгэ къэрал университетым педагогикэмкIэ и кафедрэм и доцент, педагогикэ щIэныгъэ-хэмкIэ кандидат Блэгъуэжь Нафисэт, КъБКъУ-м и лэжьакIуэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Надзырэ Ранетэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгэ Республикэм и институтым философиемрэ социологиемкIэ и лэжьакIуэ ГъукIэлI Зухра.
  • Фырэ Анфисэ.