Дунейм и гъуджэ «Гузэрыдзэ»
2023-06-17
- «Дея» кинотеатрым иджыблагъэ япэу щагъэлъэгъуащ режиссёр Хьэмокъуэ Олег и «Гузэрыдзэ» («Узлы») фильм драмэр.
- Фильмыр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэджэм щIыналъэм щытрахащ. Ар адыгэбзэкIэ зэрекIуэкIыр узыгъэгуфIэщ. Лэжьыгъэм купщIэшхуэ щIэлъщ. Фильмым и сценарийр зытхар «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэщ. Дэрбзэр цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ игъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэр лIыхъужьхэм я пкъым изэгъэнтэкъэ?! Нэрылъагъущ артистхэр дэрбзэр Iэзэм и IэрыкI щыгъынхэм, кином щIэт макъамэм нэхъри зэрагъэдахэр.
- И лэжьыгъэкIэ щIыпIэ жыжьэхэм ежьэ Берд илъэс 17 зи ныбжь Динэ щхьэгъусэ хуохъу. Берд цIыхум яхэмыхьэ, губжьыр къызытекIуэ цIыху Iэлщ. Динэ пщIантIэм димыгъэкIыну пеубыд, абы зыгуэр къыкIэлъыкIуэуи хуидэркъым. ЩIалэм и гъащIэр зытеухуар жылэм ефIэкI и лъапсэр и кIэм нигъэсынырщ. И инагъкIэ къуажэ псом къыхэщ, къатитIу зэтет унэшхуэр унагъащIэ зэщхьэгъусэхэм яухуэ. Ауэ езы лIыхъужьхэм къагурыIуэжыркъым я гъащIэм щагъэнэхъыщхьэм и зэранкIэ я зэхущытыкIэр зэрекIакIуэр, зэпэIэщIэ зэрыхъур. Зэдэпсэун щIэзыдза зэщхьэгъусэхэм кIуэ пэтми гузэрыдзэ зэхуащI. Ар икIэм-икIэжым зыхуэкIуэжыр езы фильмымкIэ зэвгъэлъагъумэ нэхъыфIщ.
- Кином хэтхэр къыхэщыпыкIауэ артист Iэзэхэщ. «Гоголь центр» театрым и артисткэ Мамрэш Светланэ игъэзащIэ роль нэхъыщхьэм (Динэ) лъабжьэ хуэхъуар лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэщыж Iэдииху и образырщ. Сэралъп Роберт и ролыр (Берд) фIыуэ къехъулIащ, нэхъапэIуэкIэ игъэзэщIахэм пэжыжьэми. Фильмым щоджэгу дуней псом щыцIэрыIуэ артист ХъуэкIуэн Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Тэмазэ Iэулиятрэ Хъыдзэдж Борисрэ, нэгъуэщIхэри.
- Фильмыр Урысейм и къалэ куэдым я кинотеатрхэм иджыпсту щIэупщIэшхуэ иIэу щагъэлъагъуэ. КъыжыIапхъэщ, накъыгъэм и кIэуххэм Чуваш Республикэм и къалащхьэ Чебоксары щекIуэкIа XVI лъэпкъ кинофестивалым абы Гран-при саугъэтыр къызэрыщыхуагъэфэщар.
- — Нарт IуэрыIуатэр IущыгъэкIэ гъэнщIа ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэщ. Сызэрысабийрэ абы сыщIапIыкIами, къытезгъэзэжурэ мызэ-мытIэу сыпхыджыкIыжащ. Дуней псом щапхъэ яхуохъу абы къыщыхьа хъыбар Iущхэр, — жеIэ Хьэмокъуэм. — ЯпэщIыкIэ артистыр зызогъэцIыху. ИужькIэщ абы и ролым сыщегупсысыр. Урысейм и къалэхэм фильмыр щыщыдгъэлъагъуэм урысыбзэри абы зэрыщIэтлъхьар яжетIат, арщхьэкIэ адыгэбзэкIэ еплъмэ нэхъ къащтащ, ди анэдэлъхубзэм и IукIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ ар IэмалыфIу къалъытэри.
- Кино нэужьым абы еплъахэр тепсэлъыхьыжащ ар къазэрыщыхъуам. ЖаIахэр къызэщIэпкъуэжмэ, фильмыр ягу дыхьащ, языныкъуэхэр поплъэ режиссёрым абы иджыри къыпищэну, лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр ирагъэфIэкIуауэ, я щыуагъэхэр ягъэзэкIуэжауэ иджыри ди пащхьэ къихьэну.
- — Кином зыкъысхуэмыщIэжу сигъэундэрэщхъуащ. Нэхъыбэу сыкъэзышар ар адыгэбзэкIэ зэрытрахарщ! Адыгэ гъащIэм адыгэбзэкIэ къыхыхьа кином ди анэдэлъхубзэмкIэ дытевгъэпсэлъыхь! Кинор зытеухуа унагъуэм я гъащIэм насыпыншагъэшхуэ щокIуэкI. ЛIыхъужь нэхъыщхьэм — Берд и цIэм деж щегъэжьауэ и вакъэри, и плъэкIэри, и унэри хьэлъэщ. Апхуэдиз илъэс къигъэщIами, зы щIыпIэ деж ар къэзыгъэщэбэн, и гур нэхъ махэ къэзыщIын щрихьэлIакъым, илъэс 17 фIэкIа мыхъуу езым къыхиха и щхьэгъусэми ар хузэфIэкIыркъым, — жиIащ Урыху (Къуэгъулъкъуей) дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Рае. — Фильмыр гъащIэм и гъуджэщ. Абы еплъхэр дыкъыхуреджэ ди хъуреягъкIэ зыщытплъыхьыжу дызыщIэгупсысыжыну, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми дыдэIэпыкъуну, дегуэпэкIыну. КIэщIу жыпIэмэ, фильмым дыкъыхуреджэ цIыхухэм хуабагъэ, щабагъэ къытпкърыкIыну. Зи адэ-анэр зыщхьэщымытыжу пасэу зеиншэу къэна цIыхуитIым я гъащIэм урегъэгупсыс благъэ, Iыхьлы е гъунэгъу-жэрэгъу ирехъуи, а тIум насыпыфIэкIэ езыгъэщIэн гуэр я хъуреягъым щхьэ иримыхьэлIарэ жыпIэу. НасыпыфIэкIэм сабийр егъэсэн, абы и щапхъэм щIэпIыкIын хуейщ.
- — Фильмым зыкърезыгъэхьэлIахэм адыгэбзэр зэрапэгъунэгъур нэрылъагъущ, — жиIащ Къаныкъуэ Заринэ. — Творчествэр псы къэукъубеящ. Олег зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым шэч къытрихьэркъым и анэм. Сэри ар си фIэщ хъуащ икIи гу лъыстащ фильмым и художник Сэралъп Мадинэрэ абы щыджэгуа Робертрэ ар я фIэщ зэрыхъум. Ди адыгэбзэр гулъытэ лей щыхуэныкъуэ ди нобэм тщыщ дэтхэнэми ттеухуа фильм анэдэлъхубзэкIэ дунейпсо утыку Олег зэрыщрихьэфар гугъэ уэзыгъэщIщ! ЩIа-лэр дызэрыщыгугъам хуэдэу къыщIэкIащ! Дызэрыгушхуэ ди артист Iэзэхэр Тхьэм фытхуигъэпсэу!
- — Хэт и гугъэнт зэгуэр адыгэбзэкIэ мыпхуэдэ фильм деплъыну!? — жиIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, усакIуэшхуэм и фэеплъ медалымкIэ Хьэмокъуэм щыхуэупсэм!
- Олег къыдеджа икIи и ныбжьэгъу ЗекIуэрей Беслъэн и псалъэм къыхигъэщащ я курсым щIэсахэм и ныкъуэр адыгэми, адыгэбзэкIэ хуиту зэпсалъэу яхэсар Олег зэризакъуэр, пасэрей IуэрыIуатэр зи лъабжьэ фильм нобэрей зэманым къезэгъыу утыку къипхьэныр зэрыуасэншэр, апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр къызыхэпхын хъыбаркIэ ди лъэпкъыр зэрыбейр. Ар и ныбжьэгъум гуапэу ехъуэхъуащ я япэ лъэбакъуэр угъурлы хуэхъуну!
- Фильмым теухуауэ къэпсэлъахэр къытеувыIащ анэдэлъхубзэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын, таурыхъхэр, псысэхэр лъэпкъыбзэкIэ ягъэIун, сабийхэр абыхэм щIапIыкIын зэрыхуейм.
- Хьэмокъуэ Олег фIыщIэ яхуищIащ фильмым хэлэжьыхьахэмрэ абы еплъыну къэкIуахэмрэ, ар щытраха унэр зей Алохэ зэадэзэкъуэм.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.