ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

  Теплъэгъуищ, гъащIэ  псо къызэщIаубыдэу

2023-03-16

  • «ЛIыхъужьыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща
  • адыгэ щIалэ Гъуэтыж Азэмэт и фэеплъу
  •  «ЦIыхуфэр Iувщ, и гур лъащIэншэщ»… Куэдрэ зэхыдох мы псалъэхэр, зыгуэрым къытепсыха гуауэр, е апхуэдэм и гум щызэригъэзахуэ гупсысэ хьэлъэ- хэр кърырагъэлъагъуэу. Ауэ къохъу гуауэмрэ гуIэмрэ щыз ящIа гум и узыр цIыхуфэми щыхущIэмыхъумэ. Апхуэдэт Гъуэтыжхэ Муратрэ Марьянэрэ я гуауэр — я къуэ закъуэ Азэмэт гуузу дунейм зэрехыжар. Ар къызэрыпIуэтэфын псалъэ зы бзэми хэткъым, Iэмал гуэри щыIэкъым. Сэри абы сыпэлъэ-щынукъым, илъэс 25-кIэ журналисту сылэжьами. Стхыжыну сызыхуейр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэхэм ди Iэгум къихъукIа адыгэлI хахуэм теухуа теплъэгъуищ къудейщ, сэ езым си нэгу щIэкIауэ, ауэ гъащIэ псо я ныбжьу.

  • Япэ теплъэгъуэ. 2006 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм и кIэуххэм дежт. Дунейр нурт. И Iэпэр иIыгъыу Азэмэт цIыкIу Марьянэ университетым къэкIуат. Сабийм псори дыпежьащ, дыхуогуфIэ, хэт сыт хуэдэ IэфIыкIэ иIыгъми хуеший. Езыр укIытауэ йоплъых, зи лъэдакъэпэр пыпIытIыкIа сандал цIыкIумкIэ пэш лъэгум йопэщэщыхь. Сэри япэу къыщIыхьа цIыкIум сом гуэр хузоший:
  • — Морожнэ къэщэху, си щIалэ!
  • — Хьэу, — жи, и щхьэр къызэримыIэтым хуэдэу. — Марьянэ Iисэхунус, школ форми Iисэхунус…
  • Зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIауэ Азэмэт аргуэру къытхуэкIуащ, и анэм и Iэпэр иIыгъыу. Марьянэ и къуэр «Дыгъэ цIыкIу» школ-гъэсапIэм къришыжырт. Иджы ди пащхьэ къитт школ фащэр зэкIупс, зи туфлъэ фIыцIэр къызыщыцIуукI, зи тхылъылъэр зэщIэлыдэ сабий дыгъэ. Езы цIыкIур къытхуэгуфIэрт… насыпыфIэт.
  • Ди Iуэхур къэдгъэнауэ, псори сабийм допсалъэ, дыдоуэршэр. Сэри псалъэмакъым сыхыхьауэ соупщI школыр къиухмэ, зыхуеджэну IэщIагъэмкIэ.
  • — Защитникыу! — кIэщIт Азэмэт и жэуапыр.
  • — Хэт и защитникыу, си щIалэ?
  • — IыбгурыIуэIэIэ, Iау, родинэм!
  • — А-а, иджы къызгурыIуащ, уи папэм хуэдэу, уэри дзэ къулыкъур къыхэпхащ. Тхьэм ухущIигъэхьэ!
  • Сэ сабийм и щхьэм Iэ дэслъащ, и губзыгъагъэр згъэщIагъуэу. Зи анэм и Iэпэр зыIыгъ цIыкIур и нэ пIащитIымкIэ гуапэу къызэплъырт… Абыхэм я щIыбагъ къыдэтт Мурат, пыгуфIыкIыу.
  • Зэманыр езыр жэрыгъэ защIэкъэ! Илъэсхэр блэлъэтри, Азэмэти къэжэпхъащ. Иджы ар фIы дыдэу щеджэрт Налшык дэт 4-нэ гимназием и 9-нэ классым. Ар къиухмэ, Азэмэт военнэ училищэм щIагъэтIысхьэну я мурадти, «урысыбзэмкIэ тIэкIу нэхъ сигу хуэныкъуэщи, ди егъэджакIуэхэр къыкIэлъызгъэплъынут» жиIэурэ, и къуэр Марьянэ университетым къишэрт. Лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманыр къаймы-            хьэлъэкIыу ныбжьыщIэм                               хухахырт ди егъэджакIуэхэми. Гъэ еджэгъуэр и кIэм нэсри, ОГЭ-р щIалэм фIы дыдэу итащ икIи и тхылъхэр Сухой П. О. и цIэр зэрихьэу Ахтубинск дэт школ-интернатым игъэхьащ.
  • ЕтIуанэ теплъэгъуэ. 2014 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм и кIэухырт. Дунейр нурт. Физическэ хуэхьэзырыгъэмкIи, урысыбзэмкIи, математикэмкIи школ-интернатым щIэтIысхьэну къекIуэлIахэм драгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм ехъулIэныгъэкIэ пхыкIа Азэмэт еджапIэм зэрырагъэблагъэ тхылъыр къыхуэкIуат. Гъуэгу теувэну щIалэм сэлам къыдихыжыну кафедрэм къыщIыхьат. Иджы ди пащхьэм къитт зауэлI фащэ екIу зыщыгъ щIалэ псыгъуэ кIыхь цIыкIур. ЛэжьапIэм щыIэхэр ныбжьыщIэм дехъуэхъуащ, псалъэ гуапэ жетIащ. Сэри къыпызощэ:
  • — Сытуи ущIалэ екIу, уи фащэри сыту дахащэ!
  • — Уей, Марьянэ къысхуищэхуам. Езы еджапIэм ей дыдэм хуэдэ!
  • Марьянэ къыбгъурыт сабийр псоми къытхуэгуапэт… насыпыфIэт. Абыхэм я щIыбагъ къыдэтт Мурат, пыгуфIыкIыу.
  • Марьянэ щIэх-щIэхыурэ и къуэм и гугъу къытхуищIырт — езыри гуфIэрт, дэри дыщыгуфIыкIырт щIалэм и ехъулIэныгъэхэм. Апхуэдэу илъэситIыр ежэкIри, Азэмэт школ-интернатыр фIы дыдэу къиухащ. Абы къыкIэлъыкIуащ ущIэтIысхьэну егъэлеяуэ гугъу, конкурсышхуэ здэщыIэ еджапIэр — Маргелов В. Ф. и цIэр зэрихьэу Рязань дэт хьэуа-десант команднэ училищэ нэхъыщхьэр.
  • ЩIалэр псынщIэу хэзэгъащ зыхыхьа гупым, и ныбжьэгъухэми, егъэджакIуэхэми, командирхэми фIыуэ закъригъэлъэгъуащ. Зы илъэсым (2017) къриубыдэу фIыуэ зэреджэм, дзэ къулыкъум къызэрыхэжаныкIым папщIэ Азэмэт тIэунейрэ къратащ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъхэр. 2018 гъэм абы къыхуагъэфэщащ ТекIуэныгъэм и махуэм Москва и   Утыку Плъыжьым щекIуэкIыну парадым хэтыну, абы теухуа щIыхь дамыгъэр.
  • 2021 гъэм Гъуэтыж Азэмэт диплом плъыжькIэ къиухащ еджапIэ нэхъыщхьэр, лейтенант цIэри къыфIащащ. Абы иужькIэ кIэщIу лейтенант щIалэр дзэ къулыкъур щрихьэкIыну Новороссийск ягъэкIуащ.
  • ФIыуэ еджа ныбжьыщIэр гугъу демыхьу есащ зыпэрыува IэнатIэм. Адэ-анэми я гур нэхъ зэгъат, Азэмэти щIэх-щIэхыурэ къэпсалъэрт, пIалъэ гуэр къыхудэкIамэ, къэкIуэжырти адэ-анэр, и благъэ-Iыхьлыхэр илъагъурт. Иджы Марьянэрэ Муратрэ я хъуэпсапIэр зыт — щIалэр унагъуэу гъэтIысыжынырт. Ауэ уэ уи гугъэм хуэдэу Iуэхур хъууэ щытамэ… 2022 гъэм и мазае мазэм и кIэм Украинэм щыщIидзащ зауэ операцэ щхьэхуэм.
  • Азэмэт лэжьыгъэм зэрыпэрыувэрэ зы илъэс ирикъуатэкъым, хуитт къэнэну. Ауэ адыгэ щIалэм и напэ хутегъэхуакъым. Хэкур къыщеджэм къикIуэтыжыну е зигъэпщкIужыну. Ар ящыщщ япэу Украинэм кIуахэм. Азэмэт и ужь иту зауэр щекIуэкI щIыпIэм ираджащ Мурати.
  • Адэмрэ къуэмрэ зэрылъагъуртэкъым. Азэмэт зыхэтыр гуп щхьэхуэти, пыщIэныгъэ лъэпкъ хуаIэ хъуртэкъым, Мурат зэзэмызэ къэпса-лъэрт. Мазищым нэблагъэкIэ и къуэм и хъыбар анэм иIакъым. Дэ тлъагъурт Марьянэ и псэм телъ бэлыхьыр зихуэдизыр, зыщIыпIэкIэ «цырхъ» къиIукIамэ, абыкIэ даIуэ зэпыту, и псэр дзапэкIэ зэрихьэу псэурт. Сэри си лэ-жьэгъухэм селъэIуат Марья-нэ кафедрэм щIэсу зауэ хъыбар ямыщIыну. Апхуэдэу екIуэкIыурэ я контрактхэм я пIалъэр къэсауэ яхъуэж языныкъуэ зауэлIхэм Новороссийск къагъэзэжу хуежьащ. Абыхэм ящыщ зым Марьянэ телефонымкIэ къыхуитхащ: «Гъуэтыж Азэмэт псэущ, узыншэщ, хуэпащ, и ныбэ ягъэныкъуэркъым». Дуней гуфIэгъуэ иIэу Марьянэ къыIэрыхьа хъыбар кIэщI цIыкIур къыджиIэжри, дэри дигъэгуфIащ. ИужькIэ Азэмэт и Iуэху зытетыр щIэх-щIэхыурэ анэм къыIэрыхьэ хъуащ, телефонкIэ адэмрэ къуэмри зызэпащIащ.
  • Апхуэдэ хъыбар гуфIэгъуэт Азэмэт лейтенант нэхъыжь цIэр къызэрыфIащар. Абы къыкIэлъыкIуащ «Хахуагъэм папщIэ» медалыр, гвардием и лейтенант нэхъыжь цIэр. Зи ныбжьыр илъэс 24-рэ мыхъуа адыгэ щIалэр 3-нэ парашют-десант ротэм и командирым и къуэдзэу ягъэуващ. Мазэ хуэдиз дэкIри, Азэмэт дзэ къулыкъумкIи драгъэкIуэтеящ: япэщIыкIэ 3-нэ парашют-десант батальоным и командирым и къуэдзэу, иужькIэ Вагъуэ Плъыжь орден зезыхьэ 108-нэ Кубань къэзакъ гвардейскэ десант-ебгъэрыкIуэ полкым и командирым и къуэдзэ къулыкъур къыхуагъэфэщащ.
  • Мази 8-кIэ зэуапIэ IэнатIэм пэрыта щIалэр пIалъэ кIэщI-кIэ къаутIыпщыжри, я деж къэкIуэжат. Ауэ пIащIэрт игъэзэжыну, зэгупсысри зытепсэлъыхьри къигъэна и ныбжьэгъухэрт. ЖиIэрт езым нэхъыжь зэрахэмытыр, и унафэм   ахэр     къазэрыхуэныкъуэр. И анэми щэхуу къыжриIат «ЛIыхъужьыгъэ» орденыр къратыну командованием тхылъ зэрагъэхьэзырар.
  • Ещанэ теплъэгъуэ. 2023 гъэм щIышылэ мазэм и 23-т. Дунейр уфат, уафэр къегъыхырт. Гъуэтыжхэ Азэмэт и жэнэзыщIым хэтыну къызэхуэсахэр пщIантIэм дэхуэртэкъым, уэрамри яуфэбгъуат. Абыхэм яхэтт къэрал унафэщIхэри, зауэлIхэри, Азэмэт дзэ къулыкъур щрихьэкIа Новороссийск къикIа лIыкIуэхэри. ЖэнэзыщIым хэтхэм яIуатэрт щIалэ лIыхъужьым и кIуэдыкIам теухуа хъыбар кIапэлъапэхэр. ЗэрыжаIэжымкIэ, ар тIасхъэщIэх кIуат, гуп и гъусэу. Губгъуэм кIуэцIрыкIри, псы Iуфэм нэсауэ зыгуэр къэкIиящ: «Лагъым!» — жиIэри. Азэмэт псынщIэу унафэ яхуищIащ зырызурэ къызэрыкIуа лъагъуэмкIэ, зым и лъэмбым адрейр иувэурэ икIуэтыжынхэу. Унафэр псынщIэу ягъэзэщIащ, шынагъуэм зауэлIхэр къришащ, ауэ езыр ажалым тетт…
  • Новороссийск къикIа дзэ къулыкъущIэм Азэмэт теухуауэ фIы куэд жиIэрт, «ЛIыхъужьыгъэ» орденри пхъуантэ цIыкIум къыдихауэ щIалэм и адэ-анэм яхуишийрт… Зыри зыхэзымыщIэж анэр щытт, абы и щIыбагъ къыдэтт гуауэм зэблиIуэнтIыкIа адэр, ауэ Азэмэт ягъусэжтэкъым. Дунейр къегъыхырт… Псори насыпыншэт — гъатхэпэм и 15-м Азэмэт и ныбжьыр илъэс 24-рэ ирикъуну арат…
  • «Ей, дунеижьурэ зи лъабжьэр мыф!» — жиIэгъащ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Бэчмырзэ. Тхьэм ещIэ усакIуэм абыкIэ жиIэну зыхуеяр, ар куэду къыбгурыIуэ хъунущ. Ауэ мы псалъэхэр пэжмэ, дэнэ здэщыIэр гугъапIэр?!
  • … Иджы куэд мыщIауэ Марьянэ и сайтым кърилъхьауэ слъэгъуащ мы псалъэхэр: «Къыхыхьэ, ди щIалэ цIыкIу, щIэх-щIэхыурэ уи адэ-анэм я пщIыхьым…»
  •  
  • ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
  • филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и адыгэ
  • кафедрэм и унафэщI, профессор.