ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Краснодар адыгэхэр щызэхохьэ

2023-03-16

  • Иджыблагъэ Краснодар къалэм щызэхэтащ Екатеринодар япэ адыгэ зэхуэс зэрыщащIрэ илъэси 115-рэ зэрырикъум теухуа Адыгэ щIалэгъуалэ пшыхь. Абы кърихьэлIащ щIалэрэ пщащэу 160-рэ. ЗэIущIэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуар   Краснодар крайм щылажьэ Адыгэ Хасэрщ. Iуэху дахэм кърихьэлIащ Краснодар администрацэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэхэмрэ щылажьэхэмрэ, Адыгейм, Армавир къалэ къикIа хьэщIэхэр. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ МэшылI Руслан.

  • — Ди адэжьхэм хабзэжьу къытхуагъэнащ лъытэныгъэмрэ псапэ щIэнымрэ. Апхуэдэуи лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ щыIэн папщIэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри ди гъусэу пIалъэ-пIалъэкIэ дызэхуэсыным мыхьэнэшхуэ иIэщ ди дежкIэ. Абы ипкъ иткIэ, дэ мурад тщIащ Краснодар мыпхуэдэ зэхуэс- хэр щIэх-щIэхыурэ щедгъэкIуэкIыну, — жиIащ МэшылIым. Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ жылагъуэ, щIэныгъэ, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Краснодар щылажьэ лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я тхьэмадэхэр.
  • — Нобэ утыку кърахьа сурэтым итыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы къощ мы къалэм япэ дыдэу щрагъэкIуэ- кIа адыгэ зэхыхьэр. Ар дэ зэрытфIэтелъыджэм хуэдэу, къытщIэхъуэну щIэблэм дэ дращапхъэу щытыпхъэщ, абы папщIэ пщIэ диIэу дунейм дытетын, дызэбгъэдэтын хуейщ, — жиIащ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ я Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и лIыкIуэ Тхьэркъуахъуэ Аскер.
  • МэшылI Руслан къызэхуэсахэм яжриIэжащ Краснодар иджырей Адыгэ Хасэр къызэрыщыунэхуам и тхыдэр, абы иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ дяпэкIэ и мурадхэмрэ.
  • — Къапщтэмэ, ди Хасэм и лъабжьэр къыщежьэр Успен районым хыхьэ адыгэ къуажищырщ. ЯпэщIыкIэ ди зэгухьэныгъэр Армавир къалэм щыIэу щытащ. Ар 2004 гъэм къызэIуахащ. Япэ тхьэмадэу щытар Шыкъуэ Аслъэнщ, итIанэ Шанэ Рэмэзан унафэщIу лэжьащ. Нэгъабэ Адыгэ Хасэр крайм къэтхьыжри, нэхъри зедгъэубгъуащ. Илъэс 12-м къриубыдэу Iуэхуи 142-м дыхэтащ, абы щыщу 56-р къызэзыгъэпэщар дэращ. Иджыри зэгухьэныгъэр нэхъ жыджэру лажьэхэм ящыщщ, адыгэ щэнхабзэм теухуа зэхыхьэхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ выставхэр къызыдогъэпэщ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр къыдогъэблагъэ, джэгухэр, пшыхьхэр дощIри, щIалэгъуалэр яфIэфIу къокIуалIэ. ЗэIущIэ нэгузыужьхэм къадэкIуэу, къыдэкIуэтей щIэблэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щрагъащIэ дерсхэр диIэщ, зи щIалэгъуэхэм я щIэныгъэм, IэщIагъэм щыхагъэхъуэн зэхуэсхэр идогъэкIуэкI, IэщIагъэлIхэр къедгъэблагъэурэ. Апхуэдэуи ди зэгухьэныгъэр грант къыщахь проектхэм хэтщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, нэгъабэ апхуэдэ зы Iуэхум ди проектыр щытекIуащ, икIи ар иридгъэзэщIэну мылъку тхухахащ, — жеIэ МэшылIым.
  • Адыгэ зэхуэсхэр къегъэжьэжыным теухуа гупсысэм МэшылIыр хуэзышар щIэны-       гъэлIхэрауэ жыпIэ хъунущ. Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр, нэхъыжьхэр псэуху абыхэм я еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ ди гъащIэм хэпщэн хуейщ. Зыгуэрым зыщIэгъэкъуэн хуей хъуами, къикIуэтыркъым Хасэм хэтхэр. Езыхэм я къарукIэ зэфIэмыкIынуэмэ, пшыхьхэр ящIри, къыхэкI ахъшэр хуэныкъуэм ират. Ар хабзэфIу хэлъащ адыгэм, зи мылъкум хэзытыкIым псапэ къихьу дэхуэхам е гугъуехь пэщIэхуам щIэгъэкъуэн хуэхъуу. Иджыблагъэ Тыркумрэ Сириемрэ къыщыхъуа щIыхъейм бэлыхь хидзахэм папщIэ сом мелуан 1,6-рэ зэхуихьэсащ Хасэм.
  • Краснодар, Екатеринодар, пасэм адыгэхэр зэрыщызэхуэсу щытам къызэхуэсахэм и гугъу яхуищIащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Нэфлъашэ Наимэ.
  • Адыгэ дыщэидэр зыхуэдэм хьэщIэхэр щагъэгъуэзащ Хутым Заремэрэ ХъуакIуэ Рузанэрэ. Ахэр илъэсипщIым щIигъуауэ пылъщ а Iуэхум, я IэщIагъэмкIи куэдым ядэгуэшэну хунэсащ. «Дэ мызэ-мытIэу Адыгейм мастер-классхэр щедгъэкIуэкIащ, сабийхэмрэ студентхэмрэ хуабжьу дехьэх мы Iуэхум, яфIэгъэщIэгъуэну лекцэхэм йодаIуэ, дыщэидэм и тхыдэр зэрагъащIэ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм нэхъыбэ-     рэ утыку къыщихьэн хуейщ адыгэ IэщIагъэжьхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэмкIи хъума мэхъу ди лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, IэщIагъэхэмрэ дуней тетыкIэмрэ.
  • Пщащэхэм хуабжьу ягу дыхьащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет хьэпшыпхэр щагъэлъагъуэ выставкэри. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Гуней Беллэт. Беллэ и IэщIагъэ дахэм хуэзыгъэсар и анэшхуэращ.
  • Адыгэ генеалогиемрэ щэнхабзэмкIэ лекцэхэм къеджащ Кубань къэрал университетым и магистрхэр.
  • Уи лIакъуэ жыгыр зэхэбгъэувэжын папщIэ архивхэмрэ хъыбар зэхуэхьэсыпIэхэмрэ нэхъ тыншу узэрыщылэжьэнур щIалэгъуалэм яхузэпкърихащ Барчо Рустам.
  • Адыгэ джэгукIэхэр щIалэгъуалэр зэхуэзышэс Iэмал гъуэзэджэу зэрыщытам и гугъу ищIащ Кубань къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым и магистратурэм щIэс Дыгъужь Хъейрэт.
  • Зэхыхьэм и кIэухым псори зэгъусэу еплъащ Сирием щыщ адыгэхэм ятеухуа фильмым.
  • Лъэпкъ IуэхукIэ иджырей щIалэгъуалэр къыдэпхьэхыну гугъущ. Ауэ Краснодар щекIуэкIа зэхыхьэр псоми  ягу дыхьащ, иджыри къэкIуэну жаIэу зэбгрыкIыжащ.
  • НэщIэпыджэ  Замирэ.